ПщIэншэу ират
2013-07-13
- «Урысей Федерацэм и цIыхухэр псэупIэ езэгъырабгъукIэ, тыншыпIэ зиIэкIэ къызэгъэпэщыным, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и Iуэхутхьэбзэхэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ» 2012 гъэм накъыгъэм и 7-м УФ-м и Президентым къыдигъэкIа Указ №600-р ягъэзэщIэн мурадкIэ, КъБР-м и Правительствэм къищтащ псэупIэ щаухуэн папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкум щыщ щIы Iыхьэхэр цIыху щхьэхуэхэм пщIэншэу зэрыхупачыну щIыкIэм теухуа унафэ.
- Къалэ округхэмрэ муниципальнэ районхэмрэ щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ я IуэхущIапIэхэм муниципальнэ мылъкум хыхьэ щIы Iыхьэхэр цIыхухэм пщIэншэу иратын щхьэкIэ зыхуей пщалъэ правовой актхэр ягъэхьэзыращ. Мы зэманым гъунапкъэхэр ягъэбелджылыурэ, къэрал кадастрым щатх, щIы Iыхьэ зратынухэр учетым ягъэув.
- Республикэм дежкIэ япэ игъэщыпхъэ къалэнхэм ящыщщ унагъуэшхуэхэм хухах щIыпIэхэм я инженер инфраструктурэр зыхуейхэмкIэ къызэгъэпэщыныр. ПсэупIэ хуэныкъуэу, бынищ е нэхъыбэ зыпI унагъуэшхуэу 10.017-рэ муниципалитетхэм я учетхэм щытщ. Апхуэдэхэм ящыщу хуейхэм щIы Iыхьэхэм я пIэкIэ ахъшэ иратынущ. ПсэупIэ езэгъырабгъум и рынокыр убзыхуным, мыкоммерцэ псэупIэхэм зегъэужьыным елэжьыну гуп республикэм къыщызэрагъэпэщащ.
- КъБР-м и Парламентым къищтащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым псэупIэ кредитхэр зрат цIыху щхьэхуэхэм къэралыр социальнэу зэрадэIэпыкъунум и IуэхукIэ» законым и проектыр. Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, цIыху щхьэхуэхэм ипотекэ щIыхуэхэр къыщащтэкIэ, къэралым защIигъэкъуэнущ.
- Апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм къищтащ «КъБР-м и республикэ бюджетым и хьэкъкIэ анэ мылъкум и къэрал сертификат зрата цIыхухэм хухах ипотекэ кредитым щхьэщатыкIыпхъэхэм щыщ Iыхьэ зэрыхуатыжыну щIыкIэм и IуэхукIэ» унафэ. Ар къызэрагъэпэщ щIыхуэ къэзыщтэмрэ банкым и лIыкIуэмрэ кредит зэгурыIуэныгъэ щызэращIылIэ зэманым хуэзэу УФ-м и Банк нэхъыщхьэм игъэувам и процент 50-р абы зэрыхалъхьэм тещIыхьауэ.
- Унафэр гъэзэщIэным республикэ бюджетым щыщу сом мелуани 3 мы гъэм хухахащ.
- Къэрэщей Элеонорэ.