ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Иджыри мазихкIэ фыпэплъэ

2016-06-22

  • Социальнэ пщалъэр — уасэ езэгърабгъукIэ нэхъ мащIэ дыдэу токыу хуаутIыпщыр зэрыхъурщ. Абы и лейуэ къагъэсэбэпым нэхъыбэ хуозэ.
  •  
  • 2013 гъэм и бадзэуэгъуэм УФ-м и Правительствэм и Унафэ №614-мкIэ къащтащ электрокъарур къызэрагъэсэбэп социальнэ пщалъэр зэрагъэув, ар зэрызэхуагъакIуэ щIыкIэр. 2013 гъэм фокIадэм и 1-м щегъэжьауэ Урысей Федерацэм и щIыналъих а Iэмалым хуагъэкIуащ: Байкал ЩIыб крайр (киловатт-сыхьэт 65-рэ); Красноярск крайр (киловатт-сыхьэти 110-рэ); Владимир областыр (киловатт-сыхьэти 100); Нижегород областыр (киловатт-сыхьэт 50); Орлов областыр (киловатт-сыхьэти 150-рэ); Ростов областыр (киловатт-сыхьэт 96-рэ).
  • Мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыхухэм токым щыщIатыр къагъэсэбэпым хуэзэм тещIыхьакъым. Мазэм киловатт-сыхьэт фIэкIа зымыгъэсми, мин зыгъэкIуэщIми я тарифыр зыщ. Социальнэ пщалъэм токыу къагъэсэбэпыр фIэкIыпIэншэу игъэбелджылынущ икIи абы тещIыхьауэ уасэр ягъэмэщIэнущ. ЩIезыгъэгъухэм нэхъыбэ щIатынущ.
  • КъищынэмыщIауэ, пэш электрохьэкухэм, зэрагъэхуабэ электроIэмэпсымэхэм, псэупIэр здэщыIэм (къуажэм е къалэм), ар зыхуэдэм (кхъахэ хъуа, и процент 70-м щIигъум и пIалъэр икIа, имыкIа) социальнэ пщалъэр зыхуэдизынур елъытащ.
  • 2016 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым социальнэ пщалъэм щыхуэкIуэну траухуат. Ауэ мазае кIуам и 29-м Урысей Федерацэм и Правительствэм къищта Унафэ №151-мкIэ «Электрокъарур (абы и лъэщагъыр) къызэрагъэсэбэп социальнэ пщалъэр зэрагъэув икIи зэрызэхуагъакIуэ щIыкIэмрэ электрокъарур (абы и лъэщагъыр) къызэрагъэсэбэп социальнэ пщалъэр гъэувыным икIи зэхуэгъэкIуэным и IуэхукIэ УФ-м  и Правительствэм и языны-къуэ актхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» 2013 гъэм бадзэуэгъуэм и 22-м Урысей Федерацэм и Правительствэм къыдигъэкIа Унафэ №614-м зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ. Абы ипкъ иткIэ, УФ-м и щIыналъэм и Iэтащхьэм и унафэкIэ жылагъуэхэмрэ я щытыкIэкIэ абыхэм хуагъадэхэмрэ яхуэгъэзауэ социальнэ пщалъэ ямыгъэувыну икIи къамыгъэсэбэпыну хуитщ.
  • 2016 гъэм гъатхэпэм и 1 пщIондэ социальнэ пщалъэр къызэрагъэсэбэпынум теухуа унафэ щымыIамэ, 2017 гъэм щIышылэм и 1-м ирихьэлIэу а Iэмалым зэрыхуэкIуэнум Урысей Федерацэм и щIыналъэм и Iэтащхьэм унафэ трищIыхьыну хуитыныгъэ иIэщ.
  • Апхуэдэ щIыкIэкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм социальнэ пщалъэм зэрыщыхуэкIуэнум теухуа унафэр къыщащтэнур 2017 гъэм щIышылэм и 1-м ирихьэлIэущ.
  • ГУЗЕЕВЭ  Индирэ.