Лэскэн щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр Инжыджокъуэ Сэфарбий егъэзащIэ
2016-09-28
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и чэнджэщэгъуу зэрагъэувам къыхэкIыу, Лэскэн муниципальнэ щIыналъэм щIыпIэ самоуправленэмкIэ и советым и дыгъуасэрей сессием администрацэм и Iэтащхьэ къулыкъур АфIэунэ Аслъэн щыщхьэщахащ. ЩIыналъэм и унафэщIым и къалэнхэр игъэзэщIэну пщэрылъ щащIащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэу лэжьа Инжыджокъуэ Сэфарбий.
- Инжыджокъуэ Сэфарбий Мухьэмэд и къуэр 1975 гъэм щIышылэм и 28-м Арщыдан къуажэм къыщалъхуащ. Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и учет-экономикэ, и медицинэ факультетхэр къиухащ.
- 1999 гъэм Урысейм и Пенсэ фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм лэжьэн щыщIидзащ. 2003 — 2015 гъэхэм Арщыдан къуажэ администрацэм и Iэтащхьэщ, УФ-м Социальнэ страхованэмкIэ и фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм — Къэрал IуэхущIапIэм и унафэщIщ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Тхьэмадэм и чэнджэщэгъущ.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.