ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Бадзэуэгъуэм и 17-р Этнографым и махуэщ

2021-07-17

  • А щIэныгъэр япэ дыдэу дунейм къытезыгъэхьауэ къалъытэр Пасэрей Алыджым щыпсэуа тхыдэтх цIэрыIуэ Геродотщ, Фригием, Тавридэм (иджырей Кърымым) иса лъэпкъхэм, скифхэм я гъащIэмрэ хабзэу зэрахьахэмрэ ятетхыхьауэ щытарщ.

  • Совет къэралыгъуэм Этнографым и махуэр гъэлъэпIэн щыщIадзар 1970 гъэхэращ. АбыкIэ жэрдэмыр ейт Ленинград (Санкт-Петербург) дэт къэрал университетым тхыдэмкIэ и факультетым этнографиемрэ антропологиемкIэ и кафедрэм и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI Iэзэу къэгъуэгурыкIуа Итс Рудольф. А еджагъэшхуэм и жыIэкIэ зи гугъу тщIы Iуэхур ирырагъэхьэ-лIащ Урысей географ зэгухьэныгъэм хэта этнограф икIи антрополог цIэрыIуэ Миклухо-Маклай Николай (1846 — 1888 гъэхэр) къыщалъхуа махуэм, бадзэуэгъуэм и 17-м.
  • ЛIэщIыгъуэ блэкIахэми дриплъэжу къыхэдгъэщынщи, сытым щыгъуи дунейм тетащ нэгъуэщI щIыналъэхэм, абыхэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэхэтыкIэр, щыIэкIэ-псэукIэр, хабзэу зэрахьэхэр зыхуэдэр зыфIэгъэщIэгъуэну къэгъуэгурыкIуа цIыхухэр.
  • Этнографхэр макIуэ зи щыIэкIэ-псэукIэм, щэнхабзэм, хабзэ-бзыпхъэу зэрахьэхэм щыгъуазэ зыхуащIын хуейуэ къалъытэ лъэпкъхэм я деж, ахэр щыпсэу щIыналъэхэм зыщаплъыхь, гъунэгъухэм къыхуаIэ зэхущытыкIэр зыхуэдэр зрагъащIэ.
  • Дызытепсэлъыхь Iуэхум дихьэххэм зрагъэщIэн хуейуэ я пщэ къыдохуэ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я блэкIари, бзэуэ яIурылъам, ди нобэми зэрахьэм я лъабжьэгъухэр зищIысыр сыт хуэдэхэрами. А псоми зэхуэхьэсыжауэ ириплъэж щIэныгъэлIхэм утыку кърахьэ жылагъуэм, лъэпкъхэм адэкIи зэрызаужьыну щIыкIэм теухуауэ яIэ хъуа Iуэху еплъыкIэр зыхуэдэри.
  • Экологхэр щолажьэ щIэныгъэ институтхэм, музейхэм, тхылъ тедзапIэхэм, турист компаниехэм, нэгъуэщIхэми.
  • КЪУМАХУЭ Аслъэн.