Анэхэмрэ сабийхэмрэ зэрызыщIагъакъуэ
2021-07-08
- Мы мазэм и 1-м щыщIэдзауэ къэралым ахъшэ къарет уэндэгъухэмрэ илъэси 8 — 17 ныбжьым ит сабийхэмрэ. ЗэдыщIэкIыу псоми хуагуэшыркъым, атIэ упсэун щхьэкIэ я нэхъ мащIэу уиIэн хуейм хуэдиз хэхъуэ унагъуэм къимыхьэмэщ.
- Пособие зратыпхъэм щыщым и лъэIу тхылъыр къэрал хуэIухуэщIэмкIэ порталым е Пенсэ фондым иригъэхьын хуейщ.
- Бзылъхугъэ уэндэгъухэм пособиер къаIэрыхьэу щIадзэнущ, медицинэ учётым щыува махуэм къыщыщIэдзауэ махуэ 30-м къриубыдэу лъэIу тхылъыр итхыу щIилъхьамэ. А пIалъэр блигъэкIамэ, лъэIу тхылъыр щыщIилъхьа мазэм щегъэжьауэ.
- Илъэси 8 — 17 ныбжьым итхэм хуагъэбелджыла пособиер ират зи закъуэу сабий зыпIхэмрэ (адэр е анэр лIащ, хъыбарыншэу кIуэдащ, адэу е анэу сабийм и документым иратхакъым) судым и унафэкIэ алимент зытхэмрэ. Мы пособием хеубыдэ сабий зеиншэхэри. Апхуэдэ зыпIым (опекуным) и къалэнщ пособием теухуа лъэIу тхылъыр ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа IуэхущIапIэхэм я зым щIилъхьэну.Иджыри зэ къыхэдгъэщынщи, пособиер зратынур балигъым, сабийм я нэхъ мащIэу яIэн хуей хэхъуэм хуэдиз (прожиточный минимум) зыIэрымыхьэращ. ЩIыналъэ къэс езым егъэбелджылы а я нэхъ мащIэр зыхуэдизыпхъэр.
- Бзылъхугъэ уэндэгъухэм мазэ къэс иратынущ хэхъуэм я нэхъ мащIэм и зэхуэдитIыр. Япэм зэ тыгъуэу сом 700 иратырти, абыкIэ зэфIэкIырт.
- ФщIэн папщIэ: фи хэхъуэр зыхуэдэр зэхагъэкIынущ, пособие фхуагъэувын ипэкIэ. Псалъэм папщIэ, унагъуэм фэтэр, унэ, машинэ, дачэ иIэщ, ауэ ахъшэ Iэрылъхьэу къыхэхъуэр мащIэщ. Апхуэдэ унагъуэм щыщ бзылъхугъэр хохуэ пособие зратынум. Я псэукIэр зэпэщмэ, иратынукъым, хэхъуэкIэ я Iуэхур мыщIагъуэу къэзыгъэлъагъуэ справкэ яIэми.
- Мыри къыхэлъытапхъэщ. Пособие зратыр унагъуэм ис балигъхэм пенсэу, стипендиеу, улахуэу е и хьэрычэтым къыпэкIуэу зыгуэр къащыIэрыхьэм и дежщ. Хэхъуэ ямыIэххэмэ, абы и щхьэусыгъуэр жаIэн хуейщ. Псалъэм папщIэ, цIыхур лэжьэну хуейуэ, апхуэдэ Iэмал имыгъуэтмэ, ар гурыIуэгъуэщ. Ауэ лэжьыгъэм щыужауэ, Iуэхуншэ къабзэмэ, къэралым и къалэну къилъытэркъым апхуэ-дэм дэIэпыкъуну.