Адыгэ бзылъхугъэ
2021-07-08
- Щэнхабзэ
- Архэст Иринэ: СыкъыщыфэкIэ, дуней псор сщогъупщэ
- Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Ингуш Республикэмрэ щIыхь зиIэ я артисткэ Архэст Иринэ «Кабардинка» къэфакIуэ гупым зэрыщылажьэрэ илъэс 23-рэ мэхъу. Налшык къалэм дэт ГъуазджэхэмкIэ колледжри Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтри диплом плъыжькIэ къэзыуха Иринэ и гуращэ нэхъыщхьэ дыдэр арати, и гъащIэр ансамбль цIэрыIуэм ирипхащ.
- Къэфэным лэжьыгъэшхуэ епхьэлIэн зэрыхуейм зыми шэч къытрихьэркъым, ауэ Иринэ ар къехьэлъэкIыу зэи зыхищIакъым. Бзылъхугъэм къыгурыIуэрт цIыхур мурад ищIым хуэпэжмэ, зримыгъэхъулIэфын зэрыщымыIэр.
- «Къафэм псэщIэ къыпхелъхьэри, зэпымыууэ нэхъыфI хъуным ухущIегъэкъу. КъэфакIуэр абы нэгъуэщI цIыху ещI. Сэ сыкъыщыфэкIэ, дуней псор сщогъупщэ. ГуфIэгъуи, нэщхъеягъуи, губжьи, лъагъуныгъи, нэгъуэщI гурыщIэ куэди кърыбоIуэтэф къафэ гъуазджэм. А Iуэхум хэмыт цIыхуми къафэбзэр къыгурыIуэну къызолъытэ, ар зыгъэзащIэр гурэ псэкIэ утыку итмэ», — жеIэ Архэстым.
- Абы къыхегъэщ зэчиймрэ ерыщагъымрэ зэщIымыгъумэ, гъуазджэм узэрыхэмызэгъэнур.
- — Сигу къокIыж «Хьетхэр» къафэр щыдгъэува махуэхэр. Сэ утыкум ину сыщыдэлъеин хуейуэ къыспэщылът. Ар зэзгъэхъулIэн папщIэ, зыщызгъасэм Iэмал Iэджи къэзгупсысауэ къэзгъэсэбэпырт: шэнт згъэувырт икIи, еш симыIэу, абы нэхъ екIуу сызэрыщхьэпрылъыным и ужь ситт. Куэдрэ сылъэпэрэпащ, си щхьэр и щIагъыу Iэджэрэ сыщхьэпридзащ. «Ирэ, ар пхузэфIэкIынукъым», — жаIэрти, си гъусэхэми сытрагъэгушхуащэртэкъым, ауэ зэзгъэхъулIащ а «трюкыр»… Къэсат утыкум сыщихьэн хуей дакъикъэр, ауэ егъэлеяуэ сыгузавэрт. Ди хореограф Атэбий ФатIимэ си щытыкIэм гу къылъитати, чэнджэщ къызитащ си партиер тIэкIу нэхъ тынш сщIыну. Сэ сыхуейтэкъым сыкъикIуэтыжыну. Си ерыщагъыр арами сщIэркъым къыздэIэпыкъуар, къафэр сигу хуэзэгъауэ згъэзэщIат».
- Архэстым и гукъэкIыж нэхъыфI дыдэхэр зрипхыр «Кабардинка» ансамблращ. Абы хэту ар къэрал куэдым щыIэну хунэсащ: Франджым, Израилым, Италием, Алжирым, Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм, Сирием, Тыркум, Эстонием, нэгъуэщI щIыпIэхэми. Япэу здэщыIа хамэ къэралыр Франджырат.
- — Ар лъагъуныгъэм и къэралщ, — жеIэ абы. — Париж зыми хуэмыдэ къалэ дахэщ: Сенэ, Лувр, Париж Соборыр, уэрам бгъуфIэхэр, пщыхьэщхьэ зэщIэпщIыпщIэхэр — псоми удахьэх, уагъэпIейтей. КъищынэмыщIауэ, ансамблыр а къэралым дыщыщыIа лъэхъэнэм къалащхьэм Дунейпсо IуэрыIуатэ фестиваль ин дыдэ щекIуэкIырт. СфIэгъэщIэгъуэнт нэгъуэщI лъэпкъхэм я щэнхабзэр абы щызэзгъэцIыхуну… Нэхъ иужьыIуэкIэ, Испанием дыщыкIуами, си насып кърихьэкIри, «Фламенко» спектаклым сеплъауэ щытащ. А дакъикъэхэм зыхэтщIа къомыр псалъэ къудейкIэ къыпхуэIуэтэжынукъым. Израилыр сигу къызэринэжар адыгэ хэхэсхэр гуапэу къызэрытIущIарт, Рихьэниерэ Кфар-Камэрэ дэс ди лъэпкъэгъухэм я унагъуэхэм дазэрыхэсарщ. КIэщIу жыпIэмэ, къэрал къэс дигу къинэн щытлъэгъуащ. А псор зи фIыщIэр «Кабардинка» гупым дыхэхуэну ди насып къызэрырихьэкIарщ, абы хэтхэр зы унагъуэм дыщIэсым хуэдэу дыкъызэрызэдекIуэкIарщ. Бацэхэ Аскэррэ Анжелэрэ, ДзыхьмыщI Джульеттэ, Кучменовэ Олеся, Мэрзей Iэсият, Къуэныкъуейхэ Алимрэ Иринэрэ, Щоджэнхэ Ксенярэ Виталийрэ, Атэбий ФатIимэ, Битокъу Оксанэ, пшынауэхэу Сэхъу Хьэсэнрэ Хьэпажэ Заудинрэ — псоми я цIэ къыпхуиIуэнкъым, дэ илъэс куэдкIэ дыкъызэдэгъуэгурыкIуащ.
- «Кабардинка»-м зэрыхэтым хуэдэу, Иринэ «Насып» прогимназием щеджэ цIыкIухэр игъэсэн щIидзэри, зи вакъэ лъэпсыр иджыри тэмэму зымыпхэжыф ныбжьыщIэхэр уей-уей жаригъэIэу къэфэфу хуэгъэсат.. «Сабий къафэу тлъэгъуат дэ, ауэ мыпхуэдэу дахэу, екIуу — зэи!» — ягъэщIагъуэу жаIат Америкэм къикIа гуп прогимназием щеблэгъам.
- Къафэ гъуазджэм хэт артист куэдым къызэралъытэмкIэ, лъэпкъ фащэм уи зыIыгъыкIэмрэ щытыкIэмрэ еузэщI. Ар щыптIэгъамэ, узыхуэсакъыжын, узыкIэлъыплъыжын хуейщ. «Ар пэжщ, — жеIэ Архэст Ирини. — Лъэпкъ фащэм адыгэ хабзэри епхащ, абы и пкъым уиту мыхъумыщIагъэ блэжьынри емыкIушхуэщ. Псом япэу къэбгъэлъэгъуэн хуейщ узыщыщ лъэпкъым и гъэ- сэныгъэр… Пэжыр жысIэнщи, си дежкIэ нэхъ гугъур «Уэркъ къафэрщ». Хореографие и лъэныкъуэкIэ абы хьэлъэ хэлъкъым, итIанэми «Къафэм» хьэл-щэн зэпIэзэрыт къыщыбгъэлъэгъуэн зэрыхуейм жэуаплыныгъэшхуэ зыхыуегъащIэ».
- Иджыпсту Иринэ «Кабардинка» къэфакIуэ гупым зэрыхэтым хуэдэу, Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ сабий центрми, Аруан къуажэм дэт гъуазджэхэмкIэ школми щолажьэ, щIэблэр къэфэным хуегъасэ.
- И ныбжьыр илъэситху зэрыхъурэ къафэ бзылъхугъэр и IэщIагъэм и лъагапIэм зэрынэсам шэч хэлъкъым.
- КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
- ЩIыуэпс
- Ди щIыналъэм и хъугъуэфIыгъуэхэр тхуэхъумэрэ?
- КIарэ Галинэ Сэрмакъ дэт курыт еджапIэ №1-м биологиер щригъэджу лэжьащ, абы къыщызэригъэпэща «Си щIы хъурейр» гупжьейм щигъасэ ныбжьыщIэхэр дунейм и зэхэлъыкIэм теухуауэ республикэ, район зэпеуэхэм па-шэ щыхъуу къэгъуэгурыкIуащ. 2005 гъэм КIарэр Илъэсым и гъэсакIуэ нэхъыфIу къалъытащ, ныбжьыщIэхэр щIыуэпсыр хъумэным зэрыхуэбгъасэ хъунум теухуауэ игъэлъэгъуа лэжьыгъэм япэ увыпIэр къыщихьри. Иджы ар «ЩIыуэпсыр ди гъащIэщ» щIыналъэ зэхуаку жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и унафэщIым и къуэдзэщ. Бзылъхугъэр ирагъэкIуэкI лэжьыгъэр зыхуэдэм тедгъэпсэлъыхьащи, къыджиIахэм ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.
- — Галинэ, щIыуэпсым епха жылагъуэ Iуэхум дауэ удихьэха?
- — ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием бгы щIыпIэхэм я щытыкIэхэр джынымкIэ и институтым, Тембот Аслъэнбий и цIэр зезыхьэм, срищIэныгъэ лэжьакIуэщ. Ди щIыналъэм, къапщтэмэ, Кавказым хиубыдэ щIыпIэ псоми, псэ зыIуту дунейм тет лIэужьыгъуэхэр хъумэным ехьэлIауэ гугъуехьхэр зэрыщыIэр нэрылъагъут. Арати, «ЩIыуэпсыр ди гъащIэщ» зыфIэтща жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм щIыналъэ зэхуаку мыхьэнэ иIэу къызэдгъэпэщащ, абы и унафэщIым и къуэдзэу сэ сагъэуващ. Ди лэжьыгъэр зыхуэдунэтIыр щIыуэпсыр хъумэным цIыхухэр къыхуедджэнымрэ хэхауэ зи нэIэ трагъэт щIыпIэхэр зэрахъу-мэ Iэмалхэр едгъэфIэкIуэнымрэщ. Апхуэдэуи, сэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм НКО-хэм я IуэхухэмкIэ и унафэщIым и къуэдзэу сыхахащ.
- — Сыт хуэдэ проектхэр къохъулIа?
- — Пэжыр жысIэнщи, проект куэд згъэзэщIащ, федеральнэ мыхьэнэ зиIэхэри яхэту. Иужьрей илъэсищым сызэлэжьахэм я гугъу сщIымэ, абыхэм я цIэхэр къыфхуисIуэнщ: «ЩIэныгъэлI цIэрыIуэ Тембот Аслъэнбий и Iуэху бгъэдыхьэкIэр и лъабжьэу дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным цIыхур къыхуеджэным теухуауэ», «Заповедная Кабардино-Балкария», «Кавказым и щIэинхэр дывгъэхъумэ» (мыр Урысейм и WWF-м и гъусэу къызэдгъэпэща Iуэхущ). Президент саугъэтхэр зыт фондым и проектхэм ящыщщ «Гъуэтыгъуей хъуа хьэкIэкхъуэкIэхэр тхъумэн папщIэ, цIыхумрэ абыхэмрэ зэрызэдэдгъэгъуэгурыкIуэнур» Iуэхур. Абыхэм къищынэмыщIауэ, Азием узыщрихьэлIэ леопардым хуэдэхэр Кавказым къэгъэIэпхъуэным теухуа программэм селэжьащ, «ЩIыуэпсыр зэгъусэу дывгъэхъумэ», «Тхылъ плъыжьым и лъагъуэкIэ: Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу хьэкIэкхъуэкIэхэм ящыщу Тхылъ плъыжьым ихуахэр» Iуэхухэр дгъэзэщIащ.
- — Фи жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм республикэм щригъэкIуэкI лэжьыгъэм арэзы укъищIрэ?
- — Иужьрей илъэс зыбжанэр къапщтэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэхугъуэ зэхуэмыдэу 500-м щIигъу къыщызэдгъэпэщащ. Сабий нэхъ цIыкIу дыдэхэм я деж къыщыщIэдзауэ дыкъэзыухъуреихь дунейм и щытыкIэмрэ щIыуэпсыр хъумэн зэрыхуеймрэ теухуауэ щIэныгъэ конференцхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, зэхьэзэхуэхэр, джэгукIэхэр зэпымыууэ идогъэкIуэкI. Щысабийм щегъэжьауэ цIыхум я гупсысэр къабзагъэм, шынагъуэншагъэм хуэгъэушыным, ди лъахэм и къулеягъым, мыбы къыщыкI къэкIыгъэ лIэужьыгъуэхэмрэ узыщрихьэлIэ псэущхьэхэмрэ хуэгъэсакъыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Псом хуэмыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым хуэдэ щIыналъэхэм дежкIэ — щIы мащIэ фIэкIа къамыубыдми, зи теплъэ къулеймрэ апхуэдиз псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэрэ зиIэм — цIыхумрэ щIыуэпсымрэ я зэпыщIэныгъэр нэрылъагъуу щытын хуейщ.
- — Дызытепсэлъыхьым теухуауэ сыт хуэдэ гугъуехьхэр щыIэ республикэм? Уи хъуэпсапIэхэми дыщыбгъэгъуэзэну сыхуейт.
- — Ухэзыгъаплъэ Iуэхугъуэ зыбжанэ диIэщ. Ахэр епхащ хьэуар, псыхъуэхэр зэрауфIейм, жыгхэр ираупщIыкIыурэ мэзхэр зэрагъэкIуэдыжым, щIыгулъым и зэхэлъыкIэмрэ къэкIыгъэхэмрэ нэхъыкIэ зэрыхъум. Абы къыхэкIыу къэрал унафэщIхэми щIыпIэ унафэр зезыхьэхэми нобэ нэхъыщхьэ дыдэу я нэIэ зытрагъэтын хуейхэм ящыщу къызолъытэ, зэрыжысIауэ, цIыхубэм я гъэсэныгъэм гулъытэ хуащIыныр, етIуанэрауэ, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэныр зи лъабжьэ иджырей Iэмалхэм ятещIыхьауэ ди щIыналъэм зрагъэужьыныр. Иужьрейм ехьэлIауэ законхэр, программэ хэхахэр къэщтэн хуейщ.
- ХъуэпсапIэу сиIэращи, Къэбэрдей-Балъкъэрыр зыгъэпсэхупIэ щIыналъэ хъуну сыхуейт. КъэкIыгъэ гъуэтыгъуейхэр кърамычу, хьэкIэкхъуэкIэхэр къамыукIыу, псыхъуэхэм пхъэнкIий дамыкIутэу, нэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхум и зэран щIыуэпсым емыкIыу слъагъуныр насыпышхуэт.
- — Дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ хьэкIэкхъуэкIэхэмрэ хъумэным иджыпсту хуэфащэ гулъытэ ягъуэтрэ?
- — Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дызыхуэкIуаращи, къэкIыгъэ, хьэкIэкхъуэкIэ псэущхьэ куэд ди Тхылъ плъыжьым ихуащ, щымыIэжыххэхэм хабжэу е кIуэдыжынкIэ шынагъуэ пылъу. Абы къегъэлъагъуэ цIыхур щIыуэпсым зэрыщымысхьыр. Дунейр хъумэным теухуауэ унафэщIхэм Iэмал ткIийхэр къамыгъэсэбэпауэ хъуну къыщIэкIынукъым.
- — КъБР-м и Тхылъ плъыжьым ихуахэм укъытезгъэувыIэнут.
- — Япэ къыдэкIыгъуэр 2000 гъэм дунейм къытехьауэ щытащ икIи абы хьэкIэкхъуэкIэ зэмылIэужьыгъуэу 138-рэ (шэрыпIхэм ящыщу 26-рэ, къуалэбзууэ — 53-рэ, бдзэжьей лIэужьыгъуэу — 14, хьэпщхупщу — 3, щIыми псыми щыпсэу псэущхьэу — 3, гъудэ-бадзэу — 39-рэ), къэкIыгъэ зэхуэмыдэу 100, жыглыцрэ Iэгъэбэгуу 5 къызэщIиубыдэрт.
- КъБР-м и Правительствэм 2017 гъэм жэпуэгъуэм и 4-м къыдигъэкIа УнафэмкIэ щIэгъэбыдауэ етIуанэу къыдагъэкIа ди Тхылъ плъыжьым ихуар псори зэхэту 372-рэ мэхъу: къэкIыгъэрэ Iэгъэбэгуу лIэужьыгъуи 175-рэ (Iэгъэбэгуу — 15, жыглыцу — 37-рэ, мэзбийуэ — 3, удз гъагъэу 110-рэ), хьэкIэкхъуэкIэу 197-рэ (тхы къупщхьэншэ псэущхьэу 87-рэ, тхы къупщхьэ зыхэлъхэм ящыщу 110-рэ).
- Тхылъ плъыжьым и къыдэкIыгъуитIри щапхъэу къыщIэсхьар иужьрей илъэс 20-м абы ихуа псэущхьэхэм лIэужьыгъуэ 59-кIэ зэрыхэхъуар (2000 гъэм 138-уэ щытамэ, иджы 197-рэ хъуащ) нэрылъагъу хъун щхьэкIэщ. Нэхъ яцIыхухэм щыщу я цIэ къыфхуисIуэнщ: къущхьэхъушейр, Iущхьэр, къэлэрдэгур, къэлэрыр, леопардыр, къуршыбгъэр, къущхьэхъубгъэр, мысырджэдыр, европей щыхьыр, нэгъуэщIхэри.
- — Егъэджэныгъэ IэнатIэхэм ныбжьыщIэхэр дунейм зэрыщыхагъэгъуазэм теухуауэ сыт къыджепIэн?
- — Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и член-корреспондент Тембот Аслъэнбий зэрыжиIащи, «Бгылъэ щIыпIэхэм щыIэ гугъуехьхэм щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ гулъытэ яхуэщIыныр XXI лIэщIыгъуэм и Iуэхугъуэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщ хъун хуейщ, псэ зыIутхэм я тIасхъапIэр цIыхумрэ абы и IэрыкIхэмрэ елъытауэ щытщи». Сэри сызэреплъращи, сабийхэм я лъахэр фIыуэ ялъагъуу, яхъумэу гъэсэныр егъэджэныгъэ IэнатIэм нэхъ мыхьэнэшхуэ щызиIэ и къалэнхэм ящыщ зыщ. Къыхэдмыгъэщу хъунукъым биологиер зэрырагъэджым къалэнышхуэ зэригъэзащIэр, дыкъэзыухъуреихь дунейр зэрызэхэлъым, зэрызихъуэжым ныбжьыщIэхэр абы зэрыхигъэгъуазэр. Ауэ а дерсым и закъуэкIэ курыт еджапIэм къыщащIэр мащIэщ. ЖысIэнуращи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт еджапIэ псоми экологием сыхьэт бжыгъэхэр щыхухахакъыми, еджакIуэхэм щIыуэпсым щыгъуазэ защIыну Iэмалу яIэр мащIэщ. Экологием сыхьэт бжыгъэ щхьэхуэ хухэпх хъуну къысщохъу. А Iуэхур нэхъ куууэ зэпкърысхыу тхыгъэ зыбжанэ згъэхьэзырауэ сиIэщ, щIэныгъэ къыдэкIыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэми къытрезгъэдзащ.
- — ЖытIар къызэщIэткъуэжмэ, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъума хъун папщIэ цIыхум сыт ищIэн хуейр?
- — Псом япэу зыщигъэгъупщэ хъунукъым дунейм и зы Iыхьэу ар зэрыщытыр икIи а зэпыщIэныгъэр зэпиудмэ, езым и щыIэныгъэми зэран зэрыхуэхъужыр.
- Епсэлъар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
- Егъэджэныгъэ
- Къэухьым зезыгъэужь
- Дуней псор зэлъэзыгъэщIыса инджылызыбзэр къызэхъулIэ щIалэгъуалэм ящыщщ Дзэгъэл Алёнэ. ПэщIэдзэ классхэм щыщIэсым щегъэжьауэ, абы а бзэр фIыуэ илъэгъуащ икIи ар IэщIагъэу къызэрыхихынум зэи шэч къытрихьакъым.
- — Бзэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэбгъэщIэным уи къэухьым зрегъэужь. Сэ сыт щыгъуи сыщIэхъуэпсу щытащ зэдзэкIакIуэ сыхъуну е туризмэм епхауэ сылэжьэну, — жеIэ Дзэгъэлым.
- Алёнэ ехъулIэныгъэ иIэу къиухащ Пятигорск къэрал университетым Дунейпсо сервисымрэ туризмэмкIэ, хамэ къэрал бзэхэмкIэ и институтыр. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зэрызригъэгъуэту, ар Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм стажировкэ ягъэкIуащ, лэжьэни абы щыщIидзащ. ИлъэсиплIкIэ Дзэгъэлыр щыIащ Дубайрэ Абу-Даби къалэмрэ я хьэщIэщ зыбжанэм, административнэ лэжьыгъэ щигъэзащIэу.
- — Сыкъыщалъхуа лъахэм сыпэIэщIэт, хамэ лъэпкъ сыхэтт, лэжьэн япэу щIэздзэу арат — зэ еплъыгъуэкIэ ар укъизыгъэкIуэтыжынт. АрщхьэкIэ лэжьэгъу къысхуэхъуахэр къыздэIэпыкъуащ, щIэх дыдэуи Iуэхум сыхэгъуэзащ, а щIыпIэр зэрыхуабэми сесат, — жеIэ Алёнэ.
- Дзэгъэлыр лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэдым щыщхэм ядэлэжьащ, фIэгъэщIэгъуэну я щэнхабзэхэр зригъащIэу, езыми ди адыгэ хабзэм хигъэгъуазэу. «СфIэхьэлэмэту сыкIэлъыплъащ ОАЭ-м щыпсэухэм я псэукIэ-щыIэкIэм. А къэралым и зыужьыкIэм укъимыгъэуIэбжьу къанэркъым, апхуэдизкIэ псынщIэу зехъуэжри. ИтIани, сыхуейт сыкъэкIуэжыну», — пещэ хъыджэбзым.
- Алёнэ Къэбэрдей-Балъкъэрым гукIи псэкIи пыщIати, нэгъабэ къигъэзэжащ икIи зэман имыгъэкIуэду и ужь ихьащ и IэщIагъэр къыщигъэсэбэпын лэжьыгъэ къызэригъуэтыным. Тэрч къалэм «Hogwarts» центрыр къызэрыщызэIуахыр щызэхихым, хъыджэбзыр абы кIуащ. Иджыпсту абы ирегъаджэ я ныбжькIэ гуэша гуп зыбжанэ, зырызу зыдэлажьэхэри яхэту. Иужьрейхэр цIыху 15 мэхъури, я щIэныгъэм хагъахъуэ зэпытщ, Дзэгъэлым деж кIуэн зэрыщIадзэрэ.
- — «Hogwarts» IуэхущIапIэр къызэрызэIуахрэ куэд мыщIами, кIуэ пэтми ди гъэсэнхэм къахохъуэ. Мыбдеж инджылызыбзэм къищынэмыщIа, франджыбзэри испаныбзэри щрагъащIэ, апхуэдэуи сабийхэм нэхъ пасэу заужьын, курыт школым хуагъэхьэзырын щхьэкIэ щадолажьэ. Гъэмахуэ зэманым центрым лагерь къызэрегъэпэщри, абдежи сабийхэм Iэмал яIэщ хамэ къэрал бзэхэр зрагъащIэурэ я нэгу зрагъэужьыну. ИкъукIэ срогушхуэ зи Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIхэм садэлэжьэну си насып къызэрырихьэкIам, — жеIэ абы.
- Тэрчокъуэ Iэдииху.
- Гъуазджэ
- Кавказым адрыщIкIи щыцIэрыIуэу зэрыщыта IэщIагъэ
- Лъэпкъ IэпщIэлъапщIагъэр пасэ зэман жыжьэм къыщожьэ, унагъуэм къыщагъэсэбэп хьэпшыпхэр я IэкIэ ящI зэрыхъурэ. АрщхьэкIэ нэхъ иужьыIуэкIэщ лъэщапIэхэр къэунэхуу хьэпшып зэмылIэужьыгъуэ дахэ куэд дунейм къытехьэу щыхуежьар. Ахэр зэмыщхь зыщIыр лъэпкъ къэс я гупсысэ зэрыхалъхьэфырщ.
- Адыгэхэм я хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщщ лъэпкъ фащэр къызэрагъэщIыфамрэ дыщэидэ IэщIагъэр зэрызрагъэгъуэтамрэ. Зи Iэпэм дыщэ къыпыщ зыхужаIэм хуэдэщ Iумых Залинэ. Ар лъэпкъ IэщIагъэхэм илъэсихкIэ щыхуеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Декоративно-прикладной гъуазджэмрэ цIыхубэ IэпщIэлъапщIагъэхэмкIэ и къудамэм. Ещанэ курсым щегъэжьауэ, Залинэ куууэ иджащ адыгэхэм я дыщэидэр. Иджыпсту ар йолэжь пэшым, машинэм фIадзэ хьэпшыпхэм, чысэхэм, фэилъхьэгъуэхэм лъэпкъ дамыгъэхэр тету хэдыкIыным, апхуэдэуи махуэ къэс зетхьэ щыгъынхэм къыщегъэсэбэп лъэпкъыр «къозыгъэцIыху» нэгъуэщI тхыпхъэщIыпхъэхэри.
- — Дыщэидэ IэщIагъэр куэд щIакъым къызэрыдахыжрэ, икIи абы зезыгъэужьыжахэм ящыщщ си егъэджакIуэхэу Дагъыр Мариннетэрэ Шэт Джульеттэрэ, — жеIэ Iумыхым. — ЦIыхубзитIми фIыщIэ яхузощI езыхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIыр я гуи я пси етауэ къызэрытхалъхьэным зэрыхущIэкъуам щхьэкIэ. ЕджапIэр къэдуха нэужьи, сыт хуэдэ IуэхукIэ захуэзмыгъэзами, сэ ахэр къыздэIэпыкъуащ. Дыщеджэ зэманым адыгэхэм я лъэпкъ фащэм и тхыдэр тфIэгъэщIэгъуэну дджащ (си диплом лэжьыгъэри аращ зытеухуауэ щытар), мынэхъ мащIэу хэдыкIынми гулъытэ хэха худагъэщIащ. Абыхэм къадэкIуэу, сурэт щIынми и ужь сихьэри, абы щыгъуэщ тхыпхъэхэмрэ дамыгъэхэмрэ сыщыдахьэхар. Дыщэидэм и гугъу пщIымэ, ар адыгэхэм я тхыдэм къыгуэхыпIэ имыIэу епха IэщIагъэщ, зы щIэблэм адрейр а IэпщIэлъапщIагъэм хигъэгъуазэу къыдэгъуэгурыкIуауэ. ЗэрытщIэщи, хъыджэбз цIыкIухэм я гъэсэныгъэм увыпIэшхуэ щиубыду щытащ хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр езым я IэкIэ ящIыфу къэгъэхъуным. СызэрыщыгъуазэмкIэ, унагъуэ хэIэтыкIахэм исхэрат нэхъыбэу а Iуэхум елэжьыр. Къэбгъэлъагъуэмэ, дыщэидэм бзылъхугъэр нэхъ бэшэчу, шыIэ хэлъу, лэжьыгъэм пщIэ хуищIу къигъэхъурт. Зыми и дежкIэ щэхукъым адыгэ бзылъхугъэхэр я IэпщIэлъапщIагъэмкIэ Кавказым адрыщIкIи щыцIэрыIуэу зэрыщытар.
- Залинэ лъэпкъ фащэхэри хедыкI, къищынэмыщIауэ, адыгэхэми Кавказ Ищхъэрэм и адрей щIыналъэхэм щыпсэухэми я лъэпкъ дамыгъэхэр иджын щIидзауэ ахэр и лэжьыгъэхэм къыщегъэсэбэп. Iумыхым и сыт хуэдэ IэдакъэщIэкIми (къэлътмакъ хъуми Iэпщэхъуми) щIэупщIэ яIэ хъуащ, и лэжьыгъэхэр мызэ-мытIэу щагъэлъэгъуащ республикэм къыщызэрагъэпэщ зэхыхьэхэмрэ зэхьэзэхуэхэмрэ. Апхуэдэуи хъыджэбзым и ехъулIэныгъэу жыпIэ хъунущ и Iэдакъэ къыщIэкIа адыгэ фащэр Москва выставкэм хэтыну яшауэ зэрыщытар, щытхъу псалъэхэр къызэрыхужаIар.
- — Дыщэидэм илъэсий хъуауэ сролажьэри, ар зыфIэзгъэкIуэдыну сыхуейтэкъым. Ар щIыжысIэрщи, а IэщIагъэм махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу уримылажьэмэ, уи Iэм IэщIогъупщыкI, — дыщегъэгъуазэ бзылъхугъэ IэпщIэлъапщIэм. — Иджыпсту зыщызогъэгъуазэ Урысейм ис нэгъуэщI лъэпкъхэм я техникэхэми, псалъэм папщIэ, илъэс и пэ Челябинск щекIуэкIа зы Iуэху сыхэтати, дэ къэдгъэсэбэп Iэмалхэм ещхьу зы бгъэдыхьэкIэм зыщезгъэсащ. Ауэ сфIэфIыр адыгэм ди дыщэидэращ. Ар нэхъ гугъущ, ауэ абы и хэдыкIыр нэхъ дахэщ, нэхъ къулейщ. Куэд щIауэ пхужыIэнукъым нысащIэмрэ щауэмрэ ди лъэпкъ фащэхэр щатIэгъэн зэрыщIадзэжрэ. Ауэ иужьрей зэманым цIыхум нэхъ зыхащIащ адыгэм и IэпщIэлъапщIагъэмрэ лъэпкъ фащэмрэ я мыхьэнэр, я дахагъэр. Ар цIыкIуи ини иджы ящыгъщ. Пэжщ, ди фащэм и теплъэкIэ фIыуэ зихъуэжащ, ауэ абы щхьэкIэ ар нэхъыкIэ хъуауэ къэслъытэркъым.
- Залинэ зы мурад и гум щегъафIэ, и IэщIагъэм епхауэ. ДызэрыщигъэгъуэзамкIэ, ар щIохъуэпс Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ Грозный Иван щыхуашэм щхьэрыгъа адыгэ пыIэм трищIыкIыну. Москва музейм щахъумэ пыIэр зэрада щIыкIэм хуэдэ дыдэу, и тхыпхъэхэри хэдыкIри ещхьу, Залинэ къехъулIэмэ, Налшык дэт Лъэпкъ музейм щIилъхьэну и мурадщ. Абы щхьэкIэ пыIэм нэхъ гъунэгъуу уеплъын, тепщIыкIыну хуит узыщI тхылъ уиIэн хуейщи, зэкIэ Iуэхум и ужь ихьэфыркъым, ауэ мурад зиIэм хэкIыпIи къигъуэтынщ, шэч хэмылъу.
- АЛЪХЪО Дыжьын.
- Шэхур хуабэу яхуз, фызыр щIалэу ягъасэ
- Пасэ зэманым нысащIэ къашагъащIэм илъэскIэ Iуэху хьэлъэ ирагъащIэу щытакъым, уеблэмэ ягъэпщафIэртэкъым.
- Ауэ «укъызэрашэ уи шыбэщ, узэралъагъу уи гъуэгущ» жаIэу щIыщытар нысэм укIытэ хэ-лъу, Iэ щабэ-Iущабэу зэрызигъэлъэгъуэн хуейр арат икIи Iуэху мыхьэлъэ зэмылIэужьыгъуэхэри и пщэ дэлът. Арауэ къыщIэкIынщ «Гуащэ темышэрэ пэт жыхапхъэ къещтэ», щIыжаIар. Абы унэр зэлъыIурагъэхырт, пэш кIуэцIым щагъэпхъанкIэрт, дэрбзэр лэжьыгъэ мыгугъухэр ирагъащIэрт.
- Нысэр цIыхубз Iуэху дэтхэнэми нэхъ теубыдауэ еувалIэу щыщытар япэу псыхьэ кIуа нэужьт. АтIэ, нысащIэр япэ дыдэ псыхьэ щыкIуэм деж Iэмал зимыIэу ябжырт Псыхъуэгуащэм пщIэ зэрыхуищIыр игъэлъэгъуэныр. Абы дауэдапщэ цIыкIу гуэрхэр ехьэлIат. Псыхьэ ежьэным ипэкIэ нысащIэм саугъэт зыкъом игъэхьэзырырт: чысэ цIыкIу, бэлътоку, IэфIыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр. НысащIэм пхъэхьыр и дамэм телъу къежьэрт. Абы и гъусэ хабзэт нысэгъу нэхъыжь, пщыпхъу хъыджэбз, пшынауэ, гъунэгъу, хьэблэ сабийхэр. Псым нэблэгъауэ адрейхэр къэувыIэрти, нысащIэм и закъуэ япэ ирагъэщырт. Ар псыежэхым е псынащхьэм бгъэдыхьэрти, къригъэхъуэн ипэкIэ псы Iуфэм щылъ мывэ гуэрым дахэу шхыныгъуэхэмрэ IэфIыкIэхэмрэ трилъхьэрт, Тхьэ елъэIурт. ИужькIэ псыр къригъахъуэрти, пхъэхьым ириужын хуей щыхъум, щIалэ цIыкIу къомыр къежэрт — псыр иракIутыжыну е нысащIэм ираутхыну хэту, псым ятIэ хэзыдзи къахэкIыу. НысащIэр абдеж бэшэчрэ тэмакъкIыхьу къыщIэкIын хуейт. Модрейхэм, ар къызэрымыгубжьар ялъэгъуамэ, къуейщIеин щагъэтыжырт, ауэ нысащIэр къэгубжьамэ, нэхъыжьхэри щIалэ цIыкIухэм я телъхьэ щыхъу щыIэт. Ауэ гуфIэу, сабийхэм ядэджэгуу ялъэгъуа — нэхъыжьхэми и гъусэу къежьахэми нысащIэм и лъэныкъуэр яубыдырти, зыри зэран къыхуэмыхъуу псыр зэрырагъэхьыжыным пылът. Языныкъуэ къуажэхэм щыхабзэу щытащ, нысащIэр япэ псыхьэ щыкIуам къихьа псым щыщ унагъуэм ис псоми зыIуагъахуэу. ЩыхъуахъуэкIэ: «Псым хуэдэу уаулъагъу!» — жаIэрт.