«Ислъэмейм» и пашэныгъэр Джылахъстэнейм щытрах
2021-07-06
- Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым ипкъ иткIэ щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ иужьу зэхэта джэгугъуэм нэхъ къыхэгъэбелджылыпхъэщ Джылахъстэнейм щыIар. Абы и пашэныгъэр щыфIэкIуэдащ иджыри къэс зэхьэзэхуэм бжьыпэр щызыIыгъа «Ислъэмейм».
- Бахъсэн районым иджыпсту и командэ нэхъыфIыр къэдзыхащ гуп нэхъ лъэщхэм зэрахуэзэу. ЯпэщIыкIэ, тхьэмахуитI ипэкIэ, бэнэныгъэ гуащIэ дригъэкIуэкIами, мы гъэм япэу ар къыхигъэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и нэгъабэрей чемпион Прохладнэм и «Энергетик»-м. Иджы «Тэрчым» бжыгъэшхуэкIэ къыпикIуэтащ. Арати, пашэныгъэр фIэкIуэдащ.
- Бжьыпэр иубыдащ Лэскэн районым хыхьэ Урыху къуажэм и командэм. АрщхьэкIэ очко яфIэкIуэдахэр къэплъытэмэ, абы япэ къищыжыфынущ «Тэрчри» «Родник»-ри, ягъэIэпхъуа зэIущIэхэм щытекIуэмэ. Иджыпсту я гуащIэгъуэу ахэр мэджэгу.
- ДызыхуэкIуэ тхьэмахуэм икъукIэ зэIущIэ хьэлэмэт Псыгуэнсу щекIуэкIынущ. Хэгъэрейхэм кърагъэблэгъэнущ сыт щыгъуи ныкъуэкъуэгъу лъэщ къа-хуэхъу Тэрч районым и командэр. КъищынэмыщIауэ, зэхьэзэхуэм бжьыпэр щызыубыда «Урыхум» ар щихъумэну хущIэкъунущ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм. Ари Iуэху тыншкъым.
- Иуан Азрэт («Энергетик»), Суйдым Аслъэн («Урыху»), Глашев Алим («ЛогоВАЗ») сымэ гъуащхьауэхэм я зэпеуэм пашэныгъэр зэрыщаIыгъщ.
- АдэкIэ щыгъуазэ фыхуэтщIынщ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и зи чэзу джэгугъуэм кърикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: «Шэрэдж» (Старэ Шэрэдж) — «Энергетик» (Прохладнэ) — 2:5, «Эльбрус» (Тырныауз) — «ХьэтIохъущыкъуей» (ХьэтIохъущыкъуей) — 2:2, «Малка» (Малкэ) — «Родник» (Псынэдахэ) — 1:7, «Шэджэм-2» (Шэджэм) — «Кэнжэ» (Кэнжэ) — 1:2, «Урыху» (Урыху) — «Спартак-Д» (Налшык) — 3:1, «Нарт» (Нарткъалэ) — «Псыгуэнсу» (Псыгуэнсу) — 1:5, «Тэрч» (Тэрч) — «Ислъэмей» (Ислъэмей) — 4:1, «Шэрджэс» (Шэджэм) — «ЛогоВАЗ» (Бабугент) — 3:5.
- ДызыхуэкIуэ щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ щыIэну зи чэзу джэгугъуэм щызэIущIэнущ: бадзэуэгъуэм и 10-м — «Родник» — «Шэджэм-2», «ЛогоВАЗ» — «Малка», «Ислъэмей» — «Шэрджэс», «Спартак-Д» — «Энергетик»; бадзэуэгъуэм и 11-м — «ХьэтIохъущыкъуей» — «Урыху», «Кэнжэ» — «Эльбрус», «Псыгуэнсу» — «Тэрч», «Шэрэдж» — «Нарт» командэхэр.
- Хьэтау Ислъам.