Дунеягъэ гъуэгуитIым я зэхуакум
2021-07-01
- Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цІыхубэ тхакІуэ МэшбащІэ Исхьэкъ и ныбжьыр илъэс 91-рэ ирикъуащ иджыблагъэ. Ар СССР-м, Урысей Федерацэм, Адыгэ Республикэм я къэрал саугъэтхэм, Шолохов Михаил и цІэр зезы-хьэ, ДАХ-м я дунейпсо саугъэтхэм, Островский Николай и цІэр зезыхьэ саугъэтым я лауреатщ, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкІэ и ЛІыхъужьщ. Тхылъи 100-м щІигъу зи Іэдакъэ къыщІэкІа тхакІуэшхуэм лъэпкъ литературэм хуищІа хэлъхьэныгъэр къыпхуэмылъытэну инщ, абы и тхыгъэхэм ящыщ куэдыр хамэбзэкІэ зэрадзэкІауэ щыІэщ. МэшбащІэм и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэд цІэрыІуэ куэд нобэ ягъэзащIэ. И махуэщIым ирихьэлIэу тхьэмадэм дедгъэкIуэкIа псалъэмакъым щыщ зы пычыгъуэ «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ къитлъхьэмэ тфIэфIщ.
- — Исхьэкъ, укъыщыхъуар Щхьэщэхужщ. Сыт уэркIэ Щхьэщэхужым къикIыр, уи гъащIэм сыт мыхьэнэуэ абы щиIэр?
- — ЦIыху къэс илъытэу, игъэлъапIэу, лъагэу иIэту Хэку иIэщ. Абы имызакъуэу, щалъхуа щIыпIи иIэщ. Ухуеймэ, адэжь лъапсэкIэ еджэ, ар нэхъыфIмэ — адэ-анэм я жьэгужь жыIэ, къохуэбылIэ, псэр зыгъэушэ, укIэлъыщIэмыхьэжу гур зыгъапхъэ дэтхэнэ апхуэдэ зы псалъэми къокI ар. ИкIи арауэ къыщIэкIынущ зыми хуимыгъадэу цIыхум псэкIэ игъафIэри, нэхъыфIу илъагъури. Апхуэдэ щIыпIэ гъэфIэну, зыпэсщI щымыIэу сэ сиIэр сыкъыщалъхуа си къуажэжьырщ, си Щхьэщэхужырщ. Къысщохъу дыгъэр зыми хуэмыдэжу мыбдеж нэхъ гуащIэу къыщепс, дунейм и курыкупсэр здэщыIэри си жылэжьрауэ къызолъытэ.
- Тхыдэшхуэ зиIэ, куэд зи нэгу щIэкIа къуажэщ Щхьэщэхуж. ГъэщIэгъуэнращи, ар зытес щIыгур адыгэ хэгъэгуищым языхэзми хиубыдакъым, щхьэхуэ хуэдэщ, япэIудзащ. И хъуреягъкIэ хамэ лъэпкъхэр къетIысэкIауэ къуажищ дыщызэкIэщIэсщ Ермэлыхьэблэ деж — си къуажэ гупсэу Щхьэщэхуж, гъунэгъу беслъэней жылэжьхэу Бэчмырзейрэ тIэкIу тпэIудзауэ Псыжь и Iуфэ Iус Кургъуокъуейрэ. Къуажищми адыгэбзэ дахэр нобэми щызэрахьэ, я псэукIэ-щыIэкIэр Адыгэ Хабзэм тещIыхьащ. Гуауэми гуфIэгъуэми жылищыр зэлъоIэс, зэхохьэ, зэроIыгъ, зэкъуэтщ. Апхуэдэу щыт пэтми, адыгэ дунейм дринэбзийщ икIи дриIыхьэщ, ди щIыпIэрэ увыпIэрэ хэхауэ щыдиIэжу.
- Хьэлэмэтщ ди Щхьэщэхуж къуажэ мащIэм и тхыдэр. УзэплъэкIыжу абы къикIуа гъуэгуанэм ущриплъэжкIэ, лъэпкъ псом и тхыдэр гъуджэм хуэдэу къощ. Зэгуэр ермэлы сатуущIэхэм я деж Iута адыгэхэм я щхьэр къащэхужри, Уарп псы Iуфэм деж, Бэчмырзей ищхъэрэIуэкIэ, щетIысэхащ, иужькIэ ЩхьэщэхужкIэ зэджэ къуажэри къэунэхуащ. Урыс-Кавказ зауэр увыIа нэужь, адэкIэ-мыдэкIэ щызэбгрыпхъауэ бгылъэхэм, къуакIэбгыкIэхэм, къуэладжэхэм къикIыжурэ, пащтыхьыдзэм зыщызыгъэпщкIугъауэ щыта адыгэхэр къуажэм къетIысылIэжурэ, ар нэхъ ин хъуащ. 1866 гъэм унагъуэ 47-рэ фIэкIа хъууэ щымыта ди жылэ цIыкIум 1875 гъэм ирихьэлIэу унагъуэ 206-рэ дэст, цIыху 1620-рэ хъууэ. А лъэхъэнэм Хэкум ита адыгэ къуажэхэм Щхьэщэхужыр я нэхъ ину къыщIэкIынт. Тхьэм ирещIи, ИстамбылакIуэр мыхъугъамэ ди къуажэр нэхъри бэгъуэнт… 1895 гъэм унагъуэ 302-м щыщу 126-м, цIыху 2114-рэ хъууэ, адэжь лъахэр ябгынащ. Къэнаращ нобэ Щхьэщэхужыр зыгъэпсэури щызыгъэIэри.
- Зауэжь блэкIам унагъуэ куэд зэригъэгуIар, абы и удынхэр иджыри Iэджэрэ зэрымыкIыжар, пэжыр жыпIэмэ, узыфэу адыгэм ноби тпкърытщ, ди анэ тхьэмыщкIэм дэслъэгъуа зы гукъэкIыжым нахуэу къегъэлъагъуэ. Къыщыхъу щыІэт, си анэм ди гъунэгъухэм я деж сригъэжэкІрэ, я пшынэр къыщрызигъэхьэкІ. Си анэр пшынауэу аратэкъым, ауэ пшынэ Іэпэм теІэба нэужь, гум щIыхьэу макъамэ гууз гуэрхэр къригъэкIырт, уемыдэIуэнкIэ Iэмал имыIэу узыIэпашэу. Апхуэдэт ди анэр — зэIусэ псори къыдэхъурт. Зэзэмызи къысфІэщІырт а пшыналъэхэмрэ гъыбзэхэмрэ си анэм и Іэпэхэр мыхъуу, и псэр теІунщІэурэ къагъэщІу. А гъыбзэ нэщхъейхэр ди анэм и адэ шыпхъу Хэкум икІам тригъэІукІырт. И бгырыпхыпІэм пылъ чысэм щІыгулъ тІэкІу ирикІутэу зэрырихьэжьар ди анэм псэуху щыгъупщакъым, гъыбзэр щигъэш къэси ар хэлъу жиІэрт. Хамэ щІыпІэ кІуахэм сыт я щхьэ кърикІуами, я Іуэхур дапхуэдэу хъуами, зыри хэтщІыкІыркъым…
- НэгъуэщI кIуапIэ щыIэтэкъыми, къуажэм къыдэнар зыч-зы бжэгъуу зэкъуэувэжащ. ЕджэкIэрэ тхэкIэрэ зыщIэу жылэм дэсыр мащIэ дыдэт. Ауэ абы пэбгъэув хъун нэгъуэщI щIэныгъэшхуэ къыщекIуэкIырт — гъунэ зимыIэ акъылрэ Iущыгъэрэ кърихэпхыну IуэрыIуатэшхуэ щызэрахьэрт. ПщыхьэщхьэкIэрэ, лэжьыгъэ нэужьым, зи нэгур дыгъэм ипхъэха, зи Iэгуфэхэр Iуэху хьэлъэм пхъашэ ищIа лIыжь-хэр си адэшхуэм и хьэщIэщым щетIысэххэрти, зэпадзыжу жаIэ уэрэдыжьхэм я джэрпэджэжым, Уарп псыхъуэ дэз хъууэ пIэрэ жыпIэну, зыщиIэтырт, хъыбархэращи, къыкIэлъыкIуэнум ухуагъэпабгъэрт, абы хэт лIыхъужьхэм ящхь узэрыхъунум ущIагъэхъуэпсырт.
- Зэрыплъагъущи, къебгъажьэмэ пхуэмыухыну, зым нэхърэ зыр нэхъ гукъинэжу Iэджэ гъэщIэгъуэни щыслъэгъуащ икIи щызэхэсхащ Щхьэщэхуж къуажэжьым. Ди анэм гъыбзэм хилъхьа кІэтІий кІапэм и гыз макъри, ди нэхъыжьхэм IуэрыIуатэхэм халъэгъуа хъуапсэхэри сэркІэ си гугъапІэхэр къызэщызыгъэу Іуэхугъуэ защIэт — дыгъэ къепсым хуэдэу, зэми къызэгуапэу, зэми, къыщыкъуэмыкІым хуэ-дэу, зыгуэр сфІэкІуэдыным ещхьу си щІыфэм щІыІэу ирижэу. Щэхуурэ яІуатэурэ гъыбзэкІэ зэпагъэжьыуж тхыдэжьхэм я джэрпэджэжыр къыслъэІэсырт, къысхэпща хъурт, гъуэгу сытеувэну къызэджэрт.
- Си ныбжьым уеплъмэ, зылIкIэ мащIэкъым къэзгъэщIар. А гъащIэм сыщызекIуэну гъуэгуитI Тхьэм къыщысхуигъэфэщащ. Зыр — Щхьэщэхуж къыщожьэ. Илъэс 16 фIэкIа сыхъуатэкъым абы сыщытехьам, си насып къихьами уэ жыIэ, кIэщIтэкъыми, сришажьэри дунейм сытришащ, Iэджэ щIыпIэми сынихьэсащ, куэди сигъэлъэгъуащ, нэхъыбэжи си нэгу щIигъэкIащ. ЕтIуанэ гъуэгури — дунейм сыщехыжа махуэм Щхьэщэхуж сезышэлIэжынуращ. Абы сыщыщIалъхьэжын хуейщ. Мыдэ, зэкъым икIи тIэукъым зэрызэхэсхар, цIыху цIэрыIуэхэм нэхъ щIыпIэ гъэщIэгъуэнтэкъэ яхуэфащэр, я кхъащхьэ хэмыгъуэщэжу, цIыхухэр екIуалIэрэ я фэеплъыр щагъэлъапIэу жаIэу. Къэзлэжьар си Iыхьэщ, пэжу. Ауэ сэ апхуэдэ лъапIэныгъэ сыхуэныкъуэкъым. Си гъуэгур къыщежьам, лъэкъуапцIэрыхьу къыщызжыхьа къуажэм екIуэлIэжын икIи щиухын хуейщ.
- Щхьэщэхужым и хъыбарыр хъыбар кIыхьщ, ауэ кIыхьым и кIэщIыр аращи, къуажэжьыр си къежьапIэщ, си дуней къуэпсщ, си гупсэ лъапIэщ.
- — Зи гугъу пщIы гъуэгуитIым я зэхуакум литературэ дунеишхуэ щыбухуащ уэ, Исхьэкъ…
- — Тхэн щезгъэжьар дапщэщми пыухыкIауэ схужыIэнукъым. Ауэ абы сытезыгъэгушхуар ди къуажэ щыщ, тхэнымрэ еджэнымрэ гу хузэзыгъэщIа, си япэ егъэджакIуэ ПщыунэлI Исуфщ. И гугъу куэдрэ сощI, жысIэри сфIэмащIэу сытопсэлъыхь а лIы хьэлэмэтым. Ещанэ классым дыщIэсу арат, адыгэбзэкIэ дызэрыгупсысэр къихутэн, къыдгурыIуэр къызэрытIуэтэф щIыкIэр зэхигъэкIын щхьэкIэ, «нобэ уэшх къошх», «нобэ дыгъэпсщ» псалъэхэм хуэдэхэм дапыусыхьыну е псалъэ зэгъэпэща кIэщI къапыдгъэувэну дыкъыхуриджэу щыхуежьам. Сэри зыгуэрхэр «суцIырхъыу» щыщIэздзар абы щыгъуэу къыщIэкIынщ. Хилъэгъуар Тхьэм ищIэнщ, ауэ Исуф гурыхь щыхъуащ си псалъэ зэгуэдзэкIэхэр. Абдеж къыщригъажьэри, и нэIэ зэи стригъэкIакъым, тхэным сытригъэгушхуэу, псалъэхэм къарыкIым гу лъызигъатэу, и ущие къызихьэлIэу къэгъуэгурыкIуащ. Исуфщ еджэн Iуэхур си гупсысэм къыхэзылъхьар. Пысщэну сытезыгъэгушхуари аращ. Си акъыл хуэкIуэу тхэным зестыпа нэужьи Исуф сыкъыкIэрыкIакъым, си гупсысэхэр есхьэлIэу, езыми абыхэм яхуэфащэ псалъэ къахуищIыжу дызэбгъэдэтащ. Куэдрэ сигу дахэкIэ къокIыж, сщыгъупщэркъым.
- ПщыунэлI Исуф дин щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэ цIыху хьэлэмэтт, Мысырым щыIэ, «Аль-Азхар» жыхуаIэ еджапIэ цIэрыIуэр къиухыгъат. Къуажэм къигъэзэжа нэужь, еджапIэм адыгэбзэмкIэ, географиемкIэ, тхыдэмкIэ дыщригъэджащ. ЦIыху щабэт, и гулъытэр жант, набдзэгубдзаплъэт, щыпкъэт. Диным цIыхум хэлъын хуейуэ къигъэув Iэдэбыр абы хэплъагъуэрт. Абы къыдэкIуэуи, лъэпкъыр цIыху еджа зэрыхуэныкъуэр гуащIэу зыхищIэрт, щIалэгъуалэм лъэпкъыпсэ яхэлъхьэн зэрыхуейр нэсу къыгурыIуэрт. Абы и IуэхукIэ къуажэ щIалэгъуалэм куэд яхилъхьащ ПщыунэлIым.
- Курыт еджапIэм классиблыр къыщызуха нэужь, Черкесск егъэджакIуэхэр щагъэхьэзы-ру дэт училищэм сыщIэтIысхьащ. Мыбдежщ си фIэщу усэн щезгъэжьари. «ЦIыху лъэщхэр» зыфIэсща си япэ пшыналъэр щыстхар Черкесск сыщыщыIа лъэхъэнэхэрщ. Зэгуэрым, а тхыгъэм щыщ зы пычыгъуэ адыгэ тхакIуэ Уэхъутэ Абдулыхь сыкъыщыхуеджэм, сигъэтIысри къызэущиящ: «Уи тхыгъэм къыщIэIукI макъамэр жьгъырущ, ар зэхыумыхынкIэ Iэ-мал иIэкъым. Ауэ уи адыгэбзэм зебгъэужьыну, абы хэлъ щэху псори къэптIэщIыну ухуеймэ, утхэныр пэжмэ, уи бзэгъу дыдэхэр здэщыIэ Адыгэ Хэкум кIуэж, щIэтIысхьэ Мейкъуапэ дэт еджапIэм». Ар си къэкIуэжыкIэу, нэхъыжьым и псалъэ Iущри си гъуэмылэу мыбы сыкъэкIуэжащ. ИкIи сыщыуакъым.
- Мейкъуапэ нэIуасэ къыщысхуэхъуа тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ адыгэ литературэ дунейм сыхашащ, тхэкIэм и щэхухэм, псалъэ зэпыгъэувэкIэхэм сыхагъэгъуэзащ, си дуней лъагъукIэм зрагъэужьащ. Япэ адыгэ усакIуэхэм ящыщ, Совет Союзым и ЛIыхъужь Андырхъуей Хъусен зэхиша, иужькIэ и цIэр зыфIащыжа литературэ гупжьейм сахэхуащ. Абы сахэзышар адыгэбзэмрэ литературэмкIэ дезыгъэджа цIыхубз телъыджэ ХьэтIанэ ХьэIишэтт. Сыту жьакIуэт, сытуи губзыгъэт ар! Зи IэдакъэщIэкIхэр тегушхуэу утыку къизылъхьэ ныбжьыщIэхэм я щыщIэныгъэхэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ ар апхуэдизкIэ купщIафIэу тепсэлъыхьырти, арэзы утемыхъуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Литературэ гупжьейм хэтхэм я пащ-хьэ сэри си усэ зыбжанэ ислъхьат. Абыхэм ящыщт «ЛIыжь бригадэ» зыфIэсща си япэ усэр. Гурыхь ящыхъуауэ, къытебдзэ хъуну жаIэу гупжьейр ирипсэлъащ абы. Мыр сигу къыщIинар аращи, апхуэдизкIэ зэпаплъыхьу, зэпашачэу ар зы шыбзэ щIагъэкIати, «хэзыщIыкIхэм щыжаIакIэ» жысIэу си щхьэр лъагэу слъагъуж хъуат. Еуэри, «Социалистическэ Адыгей» газетым а усэр къытрадзэ. Мыр къыщыхъуар 1949 гъэрщ. Газетыр къыдэкIа нэужь, щы-плIы къызощэху, си Iыхьлыхэм, си ныбжьэгъухэм яхуэзгуэшу зарихуэзгъэщIэгъуэну. Ар сIыгъыу зыгуэр щхьэкIэ бэзэрым сытохьэри, къэсщэхуар зыкIуэцIашыхь газет кIапэм зыщIэзгъэщIагъуэ си усэр тету гу лъызотэ. УщIалэмэ, уделэщ, жыхуаIэр аракъэ, сигу къемыуаи ар (мэдыхьэшх).
- Уэхъутэ Абдулыхь зэзгъэдэIуауэ щыта си тхыгъэм фIыуэ сыхэлэжьыхьыжыну, нэмыщIысауэ иIэхэр зэзгъэзэхуэжыну Iэмал щызгъуэтар абы иужьщ. «ЦIыху лъэщхэр» зыфIэсща си пшыналъэр иту си япэ тхылъ цIыкIур 1953 гъэм къыдэзгъэкIауэ щытащ. АбыкIэ зи фIагъ къызэкIауэ щытар адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ Еутых Аскэрт. Тхыгъэм еджа нэужь, тхылъ тедзапIэм сишэри, абы и унафэщIу щыта Щоджэн Мэхьмуд пиубыдат: «Жьы Iурыхьэгъуэ къозыт мы тхыгъэр фIэкIыпIэ имыIэу дунейм къытехьэн хуейщ», — жиIэри. Зы тхьэмахуэм и кIуэцIкIэ хьэзыр хъури, тхылъыр къыдэкIауэ щытащ. Дунейр тIэу пкIэгъуэ схурикъуртэкъым, апхуэдизкIэ сыщыгуфIыкIати. Абы лъандэрэ си тхыгъэхэр къытызодзэ, къыдызогъэкI. Сыт хуэдэу щымытми, адыгэ тхакIуэхэм я дунейм сыщыхыхьари, си хъуэпсапIэхэр нахуэ щыхъуари иджыт.
- Мыри жызмыIэн слъэкIынкъым, Мурат. ЗэрыпщIэщи, ди къуажэ цIыкIум адыгэ лIакъуэхэр псори щызэхэсщ — хьэтыкъуеи, къэбэрдеи, беслъэнеи, абазэхи, шапсыгъи, бжьэдыгъуи… Адыгэ жыIэкIэ щыIэхэр щызэхэгъэткIухьауэ ди къуажэм Iурылъщ, абы ди бзэри гъэщIэгъуэн дыдэ ещI. Сызэрытхэр кIэмыргуеибзэр зи лъабжьэу щыт литературэбзэрами, мо жыIэкIэхэм я хуэмэбжьымэ абыхэм хыумылъэгъуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Еутыхым жьы Iурыхьэгъуэ жыхуиIари арат — бзэм зэрызиужьыфыну гъуэгур хилъэгъуати, тхыгъэр щIэхыу дунейм къытригъэхьэнут. КIуэ, бзэм и закъуэу къыщIэкIынкъым Еутыхым гу зылъитар. ЦIыхум усакIуэ къыхэкIынущ жыпIэу зыгуэркIэ ущыгугъыу и тхыгъэм гъуэгу ептын щхьэкIэ, гупсысэм и къэкIуэтэкIэм хэлъ къаруми, ар еджэм къызэрищтэнуми, и зэхэщIыкIым зэрытелэжьэнуми уеплъын хуейщ. Апхуэдэ гуэрхэр хилъэгъуагъэнт си япэ усыгъэхэм Еутых Аскэр. «ЦIыху лъэщхэр» тхылъ цIыкIур дунейм къытехьэн щхьэкIэ гугъу къыздехьахэм къысхалъхьа фIэщхъуныгъэращ сэ адэкIэ сызыгъэкIуари, Мэзкуу дэт, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институт цIэрыIуэм сыщеджэным сытезыгъэгушхуари.
- Дауи, сэркIэ Литературэ институту дунейм тетыр а сызыщеджам и закъуэщ. Сыпсэухуи сигу илъынущ абы щызгъэкIуа илъэсхэр. ИпэкIи сфIэфIт усакIуэ-тхакIуэ цIэрыIуэхэм я тхыгъэхэм седжэну, ауэ абыхэм я IэфIыр, къызыхураджэр, узыщIагъэхъуэпсыр мыбдежщ щызыхэсщIэпар. Хьэлэмэтращи, зи тхыгъэхэр зэIэпытхыу деджэ усакIуэ-тхакIуэхэр езыхэр къыщопсалъэм, я гупсысэр къыщыуахьэлIэм деж уи еплъыкIэри уи зыхэщIэкIэри нэгъуэщI мэхъу. Дезыгъэджа, ущиякIуэу диIа Леонов Леонид, Паустовский Константин, Иванов Всеволод, Лидин Владимир, Симонов Константин, Твардовский Александр, Чуковский Корней, нэгъуэщI куэди сигу фIыкIэ къызогъэкIыж. ПщIэрэ, сэ стеухуа тхыгъэу дунейм къытехьахэм псоми къыщыхощ мы цIэхэр, зыгуэрхэми жаIэнкIэ хъунущ, гъэщIэгъуэн-тIэ ахэр плъэгъуамэ, уахуэзамэ, урагъэджамэ, жаIэу. Мыр нэхъыбэу щIыжысIэр ди щIэблэращ. Си щIалэгъуэм цIыхухэр дызэпсалъэрт, дызэрыщIэрт, гурыгъу-гурыщIэхэмкIэ дызэдэгуашэрт, зым и щыуагъэм адрейм гу лъедгъэтэжыфу, зым къехъулIэм адрейр дыщыгуфIыкIыфу дыщытт. Мо зи цIэ къисIуа нэхъыжьхэр езыхэр литературэм дежкIэ зы лъэхъэнэ псо ирикъурт, хэлъхьэныгъэшхуи хуащIат, абы уфIэкIыжмэ, я нэгу щIэкIамрэ къакIуа гъуэгуанэмрэ удихьэхыу жаIэжы-фырт, ахэр гъэсэпэтхыдэ ирикъурт, пщэдейрей махуэхэм пщIэфынухэмрэ щыпщIэ хъунухэмкIэ упщIэж хъарзынэ къыуахьэлIэрт. ЦIыхур и IэнатIэ теухуауэ цIэрыIуэ хъуамэ, и псалъи и IуэхущIафи хуэсакъыу и дуней Iы-хьэр ехь. Мыхэр апхуэдэти, дызыхуаущия псор ди гъащIэм и бзыпхъэу къэтхьащ. Иджырей щIалэгъуалэр интернетщ зэрызэрыщIэр. Ари дызыхэпсэукI гъащIэм и нэщэнэхэм ящыщщи, ухущIэджэ закъуэм пэж хэлъкъым. Ауэ узэмыбэкъуэжыну зы щыIэщ — цIыхур цIыхуу къэзыгъэнэжыр цIыхугъэрщ, Тхьэм къарита бзэмкIэ щызэпсалъэрщ, я гумэщIыгъуэ-гуфIэгъуэхэмкIэ щызэдэгуашэрщ. КъысфIощI ахэр мащIэ хъуауэ. Дауэ цIыхум пщIэ зэрыхуэпщIынур ар къыумыцIыхуауэ, зыхыумыщIауэ, зэгупсы-сым щыгъуазэ захуумыщIауэ. Си фIэщ хъуркъым интернетым ар хузэфIэкIыну.
- Зы курсым дыщызэдеджами, зы лъэхъэнэ дыщызэрихьэлIами, Литературэ институтыр кIыщ тхуэхъуащ Рождественский Роберт, Исаев Егор, Евтушенкэ Евгений, Севак Паруйр, Казаков Юрэ, Нурпеисов Абуджамил, Ахмадулинэ Беллэ, Джусойты Нафи, нэгъуэщIхэми. Къытхуэза цIыхухэр зэрыбэлыхьлажьэрами, лъэхъэнэр 60 гъэхэм зэрыхуэкIуэрами, хэт ищIэн, лъэпкъыбэ литературэр къыщызэщIэрыуар абы щыгъуэщ. Сэ си щхьэкIэ абы сыхиубыдэну къызэрысхуиухамкIэ си махуагъэу къызолъытэ.
- ГъуэгуитI срикIуэну Тхьэм къысхуиухащ щыжысIэм, къыхэбгъэщат а тIум я зэхуакум литературэ дунеишхуэ щыбухуащ, жыпIэри. Иджыри къэс псыпэ цIыкIуурэ ежэхми, а псор зы псыежэхыу зэхэлъэдэным зи гуащIэ хэзылъхьар литературэ дунейм щыцIэрыIуэ ды-дэ Михалков зэщхьэгъусэхэрщ — Сергейрэ Натальерэщ. Адыгэхэр зыхуэдэр курыхыу ящIэрт мыбыхэм, пщIэшхуи зэрыхуащIыр я щытыкIэ псом къыхэщырт. Институтыр къыщызуха илъэсырщ ахэр къыщысцIыхуар. Зэгуэрым унафэщIыр къызэджэри Михалков Сергей и телефоныр къызитащ, епсалъэ, Iуэху къыпхуиIэщ, жиIэри. Сыщыпсалъэм, телефоныр къэзыщта усакIуэр, игъащIэми дызэрыщIэ фIэкIа умыщIэну, гушхуауэ къызэпсалъэу иригъэжьащ, и хэщIапIэр къызитри сригъэблэгъащ, кIэщIу тездзэу сыкIуэнуи къызжиIащ.
- Сызыхыхьа унагъуэр егъэлеяуэ дахэу къыспыкъуэкIат. Унэгуащэм Iэнэр щIэхыу къиузэдри, сагъэфIащ, сагъэхьэщIащ, еджакIуэрэ зауэлIрэ зэхуэдэщ, жаIэри. Дыздэщысым ахэр зыщIэмыупщIа къэнакъым — сызэреджэм, стхыр зытеухуам, ди хэку тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр зыхуэдэм, сабий литературэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм. Псом нэхърэ нэхъ гукъинэж сщыхъуар си тхыгъэхэм адыгэбзэкIэ сыкъызэрырагъэджарат. («Хышхуэ къэукъубиям ещхьщ адыгэбзэр, узэрехьэ, укърехьэкI, ущIеупскIэ — ауэ гум жьы дригъэхурэ абы» жиIэу мызэ-мытIэу и псалъэм къыхигъэщу щытыгъат Кончаловская Наталье, шэч къытесхьэркъым ар МэшбащIэм кърита гузыхэщIэм къызэрыпкърыкIам — Табыщ М.) СыщIрагъэблэгъа Iуэхури къызбгъэдалъхьащ: СССР-м и тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я III зэхуэсым и лэжьыгъэм сыхэтыну сагъэлъагъуэу арат. КъызэрыщIэкIамкIэ, си усэхэр хэгъэгу псом къыщащIэ зэдзэкIакIуэ цIэрыIуэхэу Алигер Маргаритэрэ Матусовский Михаилрэ зи пашэ, усэ тхыныр зэхъулIэхэм я зэIущIэм я пащхьэ иралъхьэри щрипсэлъат, СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм сыхагъэхьэ хъунуи къысхуагъэфэщат.
- Си бысымгуащэр, Михалковэ-Кончаловская Наталье, зэрыхъумкIэ, а зэгухьэныгъэм хагъэхьэнухэм я тхылъхэм хэплъэ къэпщытакIуэ гупым щыщт. ПIалъэ кIэщIым къриубыдэу си IэдакъэщIэкIхэм еджэщ, щытхъу псалъэхэр хуищIри, утыкушхуэ ипхьэ зэрыхъунумкIэ рецензэ схуитхауэ щытащ. Абы и фIыгъэкIи литературэм уи пщэм къыдилъхьэ къалэныр зэрымыцIыкIур, уемызэшыжу узэлэжьыжын зэрыхуейр, лъэпкъыу сыкъызыхэкIамкIи пщэдэкIыжышхуэ зэрысхьыр зэхэсщIыкIащ.
- Аращи, сотхэ абы лъандэрэ. Ерыщагъ гуэр схэлъу къыщIэкIынт сэ, ауэ тхакIуэхэм я кIыщ сыкъызыщIэкIам къысхилъхьа лъэкIым хуэдэ щыIэтэкъым — псэуэ сиIари арат. Дэтхэнэ тхакІуэми хуэдэу, сагъэпІейтейуэ, псэхугъэ къызамыту Іуэхугъуэ зыбжанэ щыІэщ: сыт дунейм сыкъыщІытехьар, сыт сызыхуэпсэур, дэнэ сыздэкІуэр? А гупсысэхэм я жэуап иджыри къыздэсым къызолъыхъуэ, сызыгъатхэри аращ. Сыщынэхъ щIалэм нэгъуэщI упщIэ гуэрхэр зэстыжу къыщIэкIынт, зыгуэрхэми си усэбзэкIэ жэуап естауэ къысфIощI. Ауэ, сыт абыкІэ си лъэпкъым хуэсщІэфар жызоIэ иджы?..
- Илъэс щэщІым нэблэгъащ усэ зэрызмытхыжрэ. Зэзэмызэ губампІэдэхыу сыкъыпыусыкІми, сызыхилъасэр, сызыІэщІэзыубыдэр нэгъуэщІщ, усэбзэм имытІасэ къэІуэтэкІэ лІэужьыгъуэщ — прозэрщ. Фегупсысыт, сабийр бжыхьым щхьэпрыплъу илъагъу дунейращ гъунэншэу къыщыхъур. КъыдэкІуэтея нэужьи, къуажэ уэрамымкІэ йоплъыхри, къызэрыфІэщІу щытам хуэмыдэу, ар зэрынэхъ иныр къыгуроІуэ. КІуэтэху, щІэплъыпІэм щыІэ дунейм нэсыну хуожьэ. Апхуэдэ зыгуэру къыщІэкІынщ сэри си дуней лъагъукІэм зэрызиужьар. Сызэридзэу сегъэгумэщІ сыкъызыхэкІа лъэпкъым и къэкІуэнум. Сыт хуэдэ ар, блэкІам щыщу сыт абы пхьы хъунур? Мы зызыхъуэж дунейм дыхэмышыпсыхьыжын щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейр? Ди бзэр дауэ зэрытхъумэнур, ди щэнхабзэр дауэ къызэрызэтеднэнур?
- Дауи, гукІэ зэдгъэзахуэ апхуэдиз гупсысэм зэуэ жэуап пхуетынукъым. Абы щхьэкІэ гъа-щІэ къэбгъэщІэн, къэбгъэщІами ухуеплъэкІыжыфу щытын хуейщ. Адыгэ литературэм лъагъуэхэш хуэхъуахэращ здэкІуэнумрэ здаунэтІынумрэ ятеухуауэ упщІэбэ зи пащхьэ къиувэгъар. Абыхэм жэуап къызыхуагъуэта Іуэхугъуэхэм ноби я щІэщыгъуэр икІакъым, дызыхэпсэукІ дунейм елъытауэ пыжытІыхьынур къэтлъыхъуэу докІуэкІ.
- — Исхьэкъ, жыпIам пысщэнщи, иужьрей илъэс тIощIырыпщIым уэ нэхъ укъызэращIэр тхыдэр зи тегъэщIапIэ тхыгъэшхуэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа тхакIуэущ. Совет лъэхъэнэм зыдищIурэ къекIуэкIащ, ар щыкъутэм, зыкъызэридзэкIыжащ, тхыдэти, лъэпкърэ къупщхьэти, жиIэу хъужащ, жаIэу зэхыбох. Ар пэжу къэплъытэрэ?
- — 1945 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм комсомолым сыхыхьэри, Советыр щыIэхункIэ абы къызыхуриджэ дуней гупсысэкIэм дезгъащтэу сыкъекIуэкIащ. Си фIэщ хъурт ар захуагъэм, пэжыгъэм, зэхуэдэныгъэм я телъхьэу зэрыщытыр. Ауэ идеологиеми си нэр къыщхьэрип-хъуэу си щытыкIэм зригъэхъуэжакъым. Сыт хуэдэ идеологиеми гъунэрэ мардэрэ иIэщ. Литературэм и гугъу пщIымэ, абдеж Iуэхур гъэщIэгъуэнущ къызэрыщекIуэкIыр. СиIэщ сэ партым, Лениным, социалист псэукIэм ятеухуауэ усэ заул. Нэхъыбэ пхуэтхынукъым, тхэным хэлъ псор абы къыхэплъытэмэ. Егъэлея мэхъу, гущыкI мэхъу.
- ПщIэрэ, укъызыхэкIа лъэпкъым уилрэ уигу-рэ щIэмыузмэ, утхэфынукъым. Узэрытхэр и бзэрамэ, а зэрыгупсысэ бзэращ абы и дунейр зэрызыхэпщIэр. Ар зыхыумыщIауэ, абы къиубыд псор ппкърымыкIауэ, сыт хуэдэ идеологиери уэхьэхьей-уэтэтейкIэ Iэт — къикIынуIакъым. Усыгъэм ар нэхъ гуащIэу щызэхыбощIэ — жыпIэну узыхуейр цIыхугум нэмысмэ, къэмыщI щIыкIэ езыр-езырурэ мэкIуэдыж. Сэ ямылейуэ зыкъысщыхъужыркъым, ауэ ар пасэу къызгурыIуа къысщохъу — стхам и гугъу сщIащи, къытезгъэзэжакъым. Ауэ сэ зыкъызэздзэкIауэ, сызытемыусыхьа е сызытемытхыхьа гуэр, иджырей гъащIэм зыдэсщIу, къэсщтауэ жысIэнкъым. Адыгэм ди щхьэм кърикIуа лъэпкъгъэкIуэдым теухуа усэхэр сиIэщ сэ, ди гурыгъузымрэ ди гумэщIымрэ къыщысIуатэу. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ ахэр традзат, цензурэми блэкIат.
- Си адэшхуэм и хьэщIэщым и гугъу пхуэсщIащ. Си ныбжьыр илъэсий-пщIым иту арат а хьэщIэщым щызэIущIэ лIыжьхэм Уарп псыхъуэ мыр къыщыхъуащ, Хуэдз деж мыр щекIуэкIащ, ТIуапсыпэ деж щыпсэухэм я щхьэ кърикIуар мыращ, адыгэхэр Хэкум зэрыра-хуар мыпхуэдэущ жаIэурэ джаур зауэжьым къихьа гуIэгъуэхэм трагъэIукI хъыбархэр щызэхэсхам. А гузэвэгъуэхэр ди лъэпкъым и нэгу щыщIэкIамрэ ахэр къыщаIуэтэжу сэ зэхэс-хамрэ я зэхуаку дэлъышхуэ щыIэтэкъым — удыныр иджыри гъущатэкъым. Ар щыгъэтауэ, ди къуажэ щыщ цIыхушхуэ ИстамбылакIуэ гъуэгу мыгъуэжьым теуват, я хъыбар ямыщIэу мыдэкIэ къэна я Iыхьлыхэри шыгъушыпсы-пIэм хэлът, я гурыгъузым ихьу. Пэжщ, мыхэр зэхэпхами, умыIуатэ къызжаIэрт нэхъыжьхэм. ГурыIуэгъуэт ар къызыхэкIыр. Ауэ ахэр уи нэгу щIэкIауэ, уэ езым усакIуэ-тхакIуэу зыкъэплъытэжу дауэт уазэрытемытхыхьынур, хъатэ пэмыхьэ зэрыпщIынур? СэркIэ мыхъун гуэрт ар. Иужьрейуэ стха романым, «Зэман жыжьэм и джэрпэджэж» зыфIэсщам, щызотхыж а гукъэкIыжхэр, джаур зауэжьыр, хэбгъэзыхьмэ, лъэпкъ тхыдэр зэрыщыту, си гъащIэм къыхэпща зэрыхъуа псор.
- Сыхуейт зы щапхъэ къэсхьыну. «Щхьэл мывэ» зыфIэсща романыр щыстхар къыщыдэкIа илъэсракъым. Ди лъэпкъыр дунеижьым тезыпхъа, щхьэл мывэм ещхьу зыхьэжа илъэсищэ зауэрат ар зытеухуар. Ар щыстх лъэхъэнэм Мэзкуу сыдэст, Адыгэ Хэкум срилIыкIуэу СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм сыхэтт. ИлъэситIрэ ныкъуэкIэ стхащ романыр щэхуу. Стхырти, ар схутезыдзэ бзылъхугъэм деж зы Iэрытхыр, етIуанэ Iэрытхыр къуажэм дэс си къуэш нэхъыжьым деж щызгъэтIылъырт. Сэ сызэреплъыр мыпхуэдэут: зы тхакIуи хуит-къым къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэм щыщ зы Iуэхугъуэ гуэр къищтэу темытхыхьыну. Ар къыдэмыкIынуми, итхыу зригъэтIылъэкIын хуейщ. ПщIэну щыткъым, дунейм зыкъызэблихъурэ игъуэр къэсмэ, къыдэкIынкIи хъунщ.
- «Щхьэл мывэ» романым къыкIэлъыкIуащ «Бзиикъуэ зауэ», «Хъан-Джэрий», «ГъэритI», «Жасус», «ХьэIишэт», «Ридадэ», «Адыгэхэр», «Ирахужьахэр», «КъуэкIыпIэмрэ КъухьэпIэмрэ», иужьрейуэ стха «Зэман жыжьэм и джэрпэджэжхэр», нэгъуэщIхэри.
- Ди щIыналъэм щекIуэкIа Хэку зауэшхуэри тхыдэщ. Нэхъ пасэу «ЦIыхур тIэу къэхъуркъым», «Ягъеижахэм ежьэжыркъым», «ФIы щIэи, псым хэдзэ» романхэр дунейм къытехьащ. Мэзкуу дэтащ урыс икIи совет тхакIуэ-хэм я IэдакъэщIэкIхэр къыщыдэкI «Современник» тхылъ тедзапIэ цIэрыIуэр. Ар къыщызэIуахащIэм къыдэкIа япэ тхылъищыр зейр Шолохов Михаилт, Симонов Константинт, сэрат. ИпэкIэ къэмыхъуауэ, епцIыжакIуэхэм я Iуэхур лъэпкъыбэ литературэм къыщызыIэтар сэрат. «ЦIыхур тIэу къэхъуркъым» романым еджа нэужь, хэту пIэрэ а проблемэр литературэм япэу къыхэзылъхьар, Распутин Валентин хьэмэрэ МэшбащIэ Исхьэкъ жаIэу щIэупщIэрт. Распутиным и тхыгъэр сысейм ипэщ, дауи, дунейм къыщытехьар, ауэ ар урысыбзэкIэт. Хэкум епцIыжахэм я Iуэхур илъэситIкIэ нэхъ пасэу адыгэ литературэм адыгэбзэкIэ къыщысIэтыгъат…
- Аращи, дунейм зихъуэжащ, нобэми зе-хъуэж, ауэ сэ зысхъуэжауэ къысщыхъуркъым. Адыгэр тхыдэм и архъуанэм щыхимылъэса щIагъуэ къэхъуакъым. Ауэ ар абы къызэрикIыжынур зэлъытар блэкIар зэрызыгуригъаIуэрщ, ар упщIэжэгъу (чэнджэщэгъу) зэрищIырщ. Тхыдэр къэзытIэщIыж щIэныгъэми литературэми пщэрылъ зыщащIыжыр зэщхьэщыкIми, зыхуэлажьэр зы Iуэхущ — пэжыр щIэблэм ябгъэдэлъхьэнырщ, псэун икIи щы-Iэн щхьэкIэ.
- — Адыгэм и щыIэкIи, и псэукIи, и зэхэтыкIи дахэ дыдэу къыхощ уи романхэм. Ар дызыхэпсэукI зы Iуэхугъуэщ, и къэIуэтэным пылъ гугъур тхыдэм и пэжыр зэкIэлъыгъэкIуэжыным хуэдэкъым. Тхыдэ роман щыжыпIэкIэ, архивышхуэ зэпрыбгъэзэн, ди хэкум зыплъыхьакIуэ къэкIуахэм я тхыгъэ куэд щIэбджыкIын хуей мэхъу. Уи тхыгъэхэр сыт хуэдизу тхыдэм и пэжым пэблагъэу къэплъытэрэ?
- — Зым дежкIи щэхукъым ди тхыдэм дызэрылъэIэс, дызэрыщыгъуазэ щIагъуэ щымыIэу дыкъызэрекIуэкIар. IуэрыIуатэ зэхэтхахэм ди гур ягъурти, ахэр ди адэжьхэм щIагъэкIа жьакIэпэ нэпсым ди щIэжым къыхинати, дызэраущыкъуеям дыщыгъуазэт. Ауэ къэхъуами екIуэкIами хэтщIыкI щыIакъым — архивхэм ялъэIэсыгъуейт, зауэ блэкIам теухуауэ дунейм зэгуэр къытехьауэ щыта тхылъхэр хъумапIэ зэхуэщIахэм цIыху трамыгъаплъэу щIэлът. Ар щыгъэтауэ, екIуэкIа зауэм игъуэта фIэщыгъэми уигъэгъуащэрт. «Кавказ зауэ» щыжыпIэкIэ, уэр-уэрурэ узэзэуэжа хуэдэу зы бэлыхь гуэр уи нэгу къыщIагъэувэрт. «ПцIым лъакъуэ щIэткъым», жыхуаIэращ — убзыщIынри пэжыр жумыIэнри зэхуэдэщ. Дэ пэжыр къыщIэтлъыхъуэр Iэр дгъэдалъэу, къыдэфщIар фэтщIэжынущ, жытIэу уэрамым дыкъыды-хьэн щхьэкIэкъым. АтIэ тIэщIэкIа щыуагъэхэр зэдгъэзэхуэжын, дяпэкIэ къытщIэхъуэну щIэблэр къэтхъумэн щхьэкIэщ.
- Лъэпкъ литературэм тхыдэр зи тегъэщIапIэ пэжрэ тхакIуэм къигъэщI пэжрэ жиIэу зэхегъэкIри, тIуми дригъуэзэн хуейщ. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт: цIыхум фэр къемышэкIамэ, и къупщхьэр зэрыIыгъын, Iэпкълъэпкъ пщыкIутIыр зэдыщIэмыкIмэ, цIыхур нэсу щыIэфын? Апхуэдэ дыдэщ литературэр: тхакIуэм и гузэхэщIэм ар дэнэ нэс здынишэсыфынур, зэзыпх купкъ имыIэмэ? Дунейр зэрыдахэри, цIыхум я хьэл-щэныр зэрызэмыщхьри жыпIэфынщ, ауэ ар гъащIэм хэмыухуэнамэ, къэхъугъэ пыухыкIа гуэрым емыпхамэ, сыт хьэлэмэт къыпхуэIуэтэныр? Тхыдэ роман тхыным зыщестым, архиву къэстIэщIын хуей хъуар мащIэкъым. Нэхъыбэр зытхар езы урысхэрщ, уэрэ сэрэ дыкъызыхэкIа лъэпкъым зыгуэр ятхыфыну щытами, щхьэлажьэт, ар я Iуэхуакъым. Зыхъумэжын, быныр зауэм къегъэлын, топышэм къызэщIигъэст мафIэм быныр хэшын — мыхэрат я гурыгъузыр.
- «Щхьэл мывэр» щыстхым, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм сызэрыхэтым и фIагъ къызэ-кIащ. Депутат цIэм Iэмал къызитащ цIыху куэдым ямылъэгъуа архивхэм сыхэплъэну, зэмыджа тхылъхэр хъумапIэхэм къыщызгъуэтыну. Бжьэ къэпщIам хуэдэу си щхьэр къызэщIагъэват а псом, ауэ сызыхуейуэ къэслъыхъуэ защIэти, нэпсейуэ къыхэстхыкIырт, Iэмал зиIэхэм сурэт трезгъэхырт, къытезгъэзэжурэ седжэрт. «Щхьэл мывэ» романым хэслъхьа тхыдэ щапхъэхэр зэхуэхьэсыгъуейуэщ зэрызэзгъэуIуар. Дунейр нэхъ хуит хъуа нэужькIэщ адрей си тхыгъэхэм хэзухуэна тхыдэ щапхъэхэр нэхъ къэгъуэтыгъуафIэ щыхъуар. Ауэ дапщэщи си гузэхэщIэр тхыдэм и пэжым и щIыIу сщIакъым. Абы сызэрытемыкIын Iуэхущ сызыхущIэкъуар. Тхыдэр тегъэщIапIэ зыхуэсщIа романхэм а пэжыр процент 90 ныщызэрохьэс жысIэмэ, егъэлея хъунукъым.
- Сыхуейт зы щапхъэ къэсхьыну. «Хъан-Джэрий» зыфIэсща романым и тхыным сыпыхьэн щхьэкIэ, кIыхьу сыкъыкIуэцIрыкIын хуей хъуащ. АбыкIэ фIыщIэ зейр Къэбэрдейм щыщ щIэныгъэлIхэрщ. Десэжауэ пщы-уэркъхэм къыхэкIа дэтхэнэ зы цIыху пэрытри зытелэжьар я щхьэщ, зыхуэпсэуари совет гупсысэкIэм и хамэу щыт буржуазие щыIэкIэрщ, жытIэрт. Я гугъу дахэкIэ пщIыну щыттэкъым. Ауэ щыхъукIэ я зы тхыгъи нэсу демыджауэ, лъэныкъуэ псомкIи зэпкърыдмыплъыхьауэ апхуэдэ псалъэхэр жызыIам дыдежьурт. Хъан-Джэрий теухуауэ Налшык зэкIэлъхьэужьу къэхутэныгъэ зыбжанэ дунейм къыщытехьащ. А лэжьыгъэ купщIафIэхэр ди деж къэсу Хъан-Джэрий зыщыщ дыдэр къызгурыIуа нэужь, хуэсщIа фIылъагъуныгъэм тобэ къызигъэхьыжащ, и цIэм хуэмыфащэ еспэсу сызэрыпсалъэу щытам сыхущIригъэгъуэжащ. Къызэрысхуэгъуну къэслъытари Хъан-Джэ-рий и лэжьыгъэмрэ и IуэхущIафэхэмрэ къадэкIуэу, гу къабзэ зиIэ, зи щIыгумрэ лъэпкъымрэ хуэгупцIанэ цIыху хьэлэмэтлажьэу къэзгъэлъэгъуэнрати, си гуащIэ хэслъхьэри зеспщытащ. ЗэзгъэдзэкIащ архивыбэр, сыщыIащ щалъхуа-щыпсэуа щIыпIэхэм, седжащ тхылъ куэд. ХэкулIым, нэгъэсауэ хэкупсэу щыт цIыхум и дунейр къэзгъэщIауэ къысщохъу, ар романым и бзэм ислъхьэу цIыхум я пащхьэ ислъхьэн ипэ.
- Аращ зэрыхъуар адрей си тхыгъэхэми я Iуэхур. Си щхьэрэ си цIэм я пащхьэ къудейкъым сэ хьэкъ зыщысщIыжамкIэ жэуап щысхьыр. Сэ фIы дыдэу къызгуроIуэ зэрыщымытымрэ зытемытымрэ тету стхыуэ щIэблэр згъэжакъуэ зэрымыхъунур, абы сыхуэсакъын зэрыхуейр. Ар пщэдейрей махуэхэм къыпхуигъэгъунукъыми, зэрысхузэфIэкIкIэ тхыдэм и пэжыр гъуазэ сощI, сымыщIэ гуэр сIэщIэкIми, гъащIэм зэригъэзэхуэжынщ.
- — Исхьэкъ, сыт яжепIэнт уэ иджыпсту щIалэгъуалэм?
- — ПщIэрэ, мы упщIэм и жэуапыр кIэщI дыдэщ. Зи гугъу пщIы щIалэгъуалэм сащемыпсалъэ, зыгуэркIэ защыхуэзмыгъазэ зэи къэхъуакъым. Сэ къэскIуа гъуэгур къызэщIэскъуэжа си гугъэщ. Мис, иджыблагъэ си тхыгъэхэр щызэхуэхьэсауэ тхылъ 25-рэ хъу зэужьыр къыдэкIащ. Абы къыщыбгъуэтынущ гупсысэрэ хъуапсапIэу сиIахэри, гугъапIэрэ плъапIэу сщIауэ щытахэри. СызыхущIэкъу нэхъыщхьэр зыт — адыгэр цIыху нэгъэса щIынырт. КъызэхъулIамэ, си насыпщ. Сэ иджыри сотхэ, упщIэ куэдым я жэуапхэм солъыхъуэри, ныбжьыщIэхэри еш ямыщIэу, я хъуапсэ вагъуэм иужь иту кIуэну сыхуейт. Дызыхэт ду-нейр цIыкIу хъуащ, псынщIэу узэрогъуэт, нэхъ щIэхыжи узэлъоIэс. Ауэ жэрыгъэкIэ кIуэ дунейм умыгъуэтыжыну икIи улъэмыIэсыжы-ну пфIигъэкIуэдхэм ящыщщ ди лъэпкъыщхьэр, ди анэдэлъхубзэр, ди хабзэр. Ахэр зыхъумэн хуейр, абыхэм яхуэсакъын хуейр щIалэгъуалэращи, дуней хъугъуэфIыгъуэ куэдым ипэ ахэр зэритыр къагурыIуэну сохъуапсэ. Иджырей дунейм и Iэщэр щIэныгъэщи, адыгэбзэмрэ лъэпкъ тхыдэмрэ Iэщэу зэрахьэу лъэпкъ гъащIэр къаIэтыфыну, зэтраIыгъэфыну сащогугъ, сахуолъаIуэ.
- ТАБЫЩ Мурат,
- «Адыгэ псалъэ» газетым
- и щIэныгъэ обозреватель.