ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ФыкъакIуэ къудей

2021-06-24

  • Италием щыпсэухэм илъэс мин бжыгъэхэр зи ныбжь щIэинышхуэ яхъумэ, музей, архитектурэ и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэхэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэмрэ къэралым фIыуэ зыщызыужьа промышленность псынщIэмрэ иджыри къэс тыншу къигъэгъуэгурыкIуащ щIэблэхэр. АдэкIи апхуэдэу екIуэкIыну къыщIэкIынущ, ауэ зэкIэ пандемиер зэран яхуохъу.

  • Италием къилэжьыфым, хэхъуэу иIэм и процент 13-р къезытыр туризмэрщ. ЦIыхухэр зыгуэрурэ зрамышэлIэжмэ, «гъуазджэм и къалэхэр» хэхъуэншэу къэнэнущи, зыплъыхьакIуэхэр къызэрыдахьэхын Iэмалхэр къагупсыс. Псалъэм папщIэ, Флоренцием и Iэтащхьэр хьэзырщ хамэ хэку къикIхэм я къэралым и щIыпIэ дахэхэр езыгъэцIыхуу лэжьэну. Ар егъэгузавэ туриндустрием щылажьэ цIыху мин 20-м я унагъуэхэр зэрыпсэун ямыIэу къэнэнкIэ зэрыхъунум. ИкIи къулыкъущIэхэр къыхуреджэ цIыхухэр зыплъыхьакIуэ къахуэкIуэу хъужынымкIэ яхузэфIэкI къамыгъэнэну. Къапщтэмэ, езым франджыхэм яригъэлъэгъуащ Флоренцием и музейхэр. И лэжьыгъэм зыкъыдигъахуэурэ мы Iуэхум пищэну и мурадщ.
  • Къалэм и унафэщIым и жэрдэмыр цIыху цIэрыIуэ куэдым даIыгъащ. Нэхъыщхьэращи, зыплъыхьакIуэхэм гъэщIэгъуэн ящыхъун Iуэхухэр яублащ. Абыхэм ящыщ зыщ Флоренцием и унафэщI Нарделлэ Дарио къалащхьэ цIэрыIуэхэм кIуэну зэрытриухуар, Москваи Санкт-Петербурги хэту. Абы лъэIуэну и мураду аращ пандемиер зэран зыхуэхъуа къалэм дэIэпыкъуну. УнафэщIым жеIэ къадэIэпыкъухэм хэIущIыIу защIыну хуэмеймэ, я цIэр зэрабзыщIынур, ауэ дэтхэнэми «дыщэ флорин» зэрыратынур. Ар тхыдэм хыхьэжа флорентин ахъшэщ.
  • КъулыкъущIэм и зекIуэм къикIынур къэщIэгъуейщ, ауэ уи Iэр зэтедзауэ ущыси зэрымыхъунум и щапхъэу къыщIэкIынщ абы игъэлъагъуэр.