ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэпкъыр зыгъэбжьыфIа

2021-06-16

  • Дэтхэнэ цIыхури къалэн пыухыкIахэр и пщэрылъу дунейм къытохьэ. Я нэхъ гугъур зылъысыр къызыхэкIа лъэпкъым псэкIэ хуэлэжьэныр зи натIэу къигъэщIхэрщ. Щэнхабзэм зегъэужьыныр, бзэр хъумэныр, лъэпкъым и цIэр фIыкIэ гъэIуныр мытыншми, мылъкурэ щIыхьрэ къыпэкIуэнкIэ узыщыгугъыну щымытми, Iуэху щхьэпэщ, нэхъ къалэн лъапIэ дыдэхэм ящыщщ. А «IэнатIэм» псэемыблэжу пэрытахэм, зи къэухькIэ, зэчийкIэ лъэпкъыр зыгъэбжьыфIахэм я зы пашэщ усакIуэ-уэрэдус, макъамэтх, уэрэджыIакIуэ, пшынауэ Iэзэ, адыгэ макъамэ гъуазджэм и лъабжьэгъэтIылъ, РСФСР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ (1966), РСФСР-м и цIыхубэ артист (1990), Адыгей Республикэм и цIыхубэ артист (1992), 1976 гъэм къыщыщIэдзауэ СССР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм хэта Тхьэбысым Умар Хьэциц и къуэр. Ар 1919 гъэм августым и 16-м Адыгей Республикэм и Куэшхьэблэ куейм хыхьэ Хуэдз жылэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, Тамбов дэт, Бэракъ Плъыжь зезыхьэ дзэ училищэм 1939 — 1941 гъэхэм щеджащ. 1941 гъэм зауэ IэнатIэм Iухьащ икIи ар иухыхукIэ лIыгъэ зэрихьэу хэтащ. Зэрихьа лIыхъужьыгъэхэр къалъытэри, орденрэ медалу пщыкIуз къыхуагъэфэщащ, абыхэм ящыщщ Вагъуэ Плъыжь орденри.

  • 1946 гъэм Тхьэбысым У. Хуэдз дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI ящIащ, абы къыдэкIуэу, Куэшхьэблэ куейм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщIуи щытащ. А илъэсхэм абы IуэрыIуатэр зэхуихьэсыжу, макъамэхэр, уэрэдхэр итхыжу Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр хэгъэгухэр къызэхикIухьащ: лъэпкъ уэрэдыжьу мин ныкъуэм щIигъу итхыжащ, нэгъуэщI IуэрыIуатэ тхыгъэхэри къиугъуеижащ.
  • 1952 — 1954 гъэхэм Тхьэбысымыр Римский-Корсаков Н.А. и цIэр зэрихьэу Ленинград дэт консерваторием щеджащ. А пIалъэм къриубыдэу абы макъамэмкIэ щIэныгъэ зригъэгъуэтащ, фIыуэ илъагъу IэщIагъэм нэхъ хуэIэрыхуэ хъуащ. АрщхьэкIэ бынунагъуэшхуэ зэриIэм (а лъэхъэнэм быниплI игъуэтакIэт) къыхэкIкIэ, и хэку къимыгъэзэжу хъуакъым. ЕджапIэр къигъанэу къэкIуэжа нэужь, и лэжьыгъэм щыпищащ Куэшхьэблэ куейм ЩэнхабзэмкIэ и унэм. ИужькIэ илъэс зэхуэмыдэхэм ар гуп щхьэхуэхэм я солисту, концертмейстеру щытащ, уэрэдымрэ къафэмкIэ Адыгейм и ансамблым, апхуэдэуи Адыгеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я филармоние- хэм щылэжьащ.
  • 1947 гъэм Тхьэбысым У. и япэ лэжьыгъэр — «Пщэдджыжьыр къуажэм» жыхуиIэ къызэрыфэ сюитэр — итхащ. Абы къыкIэлъыкIуэу дунейм къытехьащ «Сэлэтым и письмо» (пс. Жэнэ Къ.), «Си Адыгей» (пс. ЯхулIэ С.), «Сыт къэхъуар иджы?» («Сыда къэхъугъэр джы?»; пс. Жэнэ Къ.), «Мэлыхъуэм и уэрэд» (пс. Пэрэныкъуэ М.), нэгъуэщI куэди. «Сэлэтым и письмо» уэрэдыр 1957 гъэм адыгей литературэмрэ гъуазджэмрэ я махуэхэр Мэзкуу щыщагъэлъапIэм ирихьэлIэу япэу цIыхубэм я пащхьэм щыIуауэ щытащ, зэхэзыхахэми гунэс ящыхъуащ.
  • Тхьэбысым Умар и уэрэд 46-рэ щызэхуэхьэса «Адыгэ уэрэдхэр» («Адыгэ орэдхэр») япэ тхылъыр I960 гъэм Мейкъуапэ къыщыдэкIащ.
  • 1967 гъэм Тхьэбысымыр Налшык къэIэпхъуэри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и солисту икIи концертмейстеру лэжьащ. А лъэхъэнэхэм абы «Уузыншэм, Кавказ» (1968) фIэщыгъэм щIэту уэрэдхэр щызэхуэхьэса тхылъыр Краснодар къыщыдигъэкIащ. 1969 гъэм адыгей тхакIуэ Мамий Ержыб и IэдакъэщIэкIыу дунейм къытехьа «Щытхъум и гъуэгу» («Щытхъум игъогу») пьесэм Тхьэбысымым макъамэ хуитхащ.
  • Адыгейм игъэзэжа нэужь, Умар и гъащIэр зэрыщыту уэрэд тхыным тригъэпсыхьащ. 80 — 90 гъэхэм къриубыдэу абы и IэдакъэщIэкI уэрэдхэр щызэхуэхьэсауэ «Гум и уэрэдхэр» («Гум иорэдхэр», 1983), «Си хэку — си уэрэд» («Сихэку — сиорэд», 1989) «Дыгъэм уэрэд хужызоIэ» («Тыгъэм орэд фэсэIо», 1993) тхылъхэр дунейм къытехьащ.
  • Тхьэбысымыр усакIуэ цIэрыIуэ куэдым ядэлэжьащ, абыхэм я усэхэм макъамэ щIилъхьащ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Гамзатов Расул, Жэнэ Къырымызэ, МэшбащIэ Исхьэкъ, КIыщокъуэ Алим, Пэрэныкъуэ Мурат, ХьэдэгъэлI Аскэр, Къуиикъуэ Налбий, Куэшбей Пщымахуэ, н. А уэрэдхэм ящыщ куэдыр, адыгэхэр щыпсэу хэгъэгухэм я мызакъуэу, Урысейми хамэ къэралхэми щыIуащ. Нэхъ цIэрыIуэ дыдэ хъуахэм ящыщщ Жэнэ Къ. и псалъэхэр зыщIэлъ «Си нанэ» («Синан») уэрэдыр. Абы и псалъэхэр зымыщIэ, ар дзапэ уэрэду зыIурымылъ зы адыгэ щыIэу къыщIэкIынукъым:
  • КъызэщIэкъуауэ къэбгъэлъагъуэмэ, Тхьэбысым Умар и творчествэм уэрэд 600 къызэщIеубыдэ. Абыхэм я къыщхьэщыкIыныгъэ нэхъыщхьэр, я фIагъыр зыщылъагъупхъэр лирикэ щабэмрэ лъэпкъ зэхэщIыкIымрэ щызэхэухуэнауэ зэрыгъэпсарщ. Апхуэдэ ухуэкIэ гъэ-щIэгъуэн яIэщ «Долалай» (пс. Гамзатов Р.), «Уэ уи нитIыр» («О унитIу»; пс. Жэнэ Къ.), «Пщащэм и гупсысэ» («Пшъашъэм игупшыс»; пс. цIыхубэм ейщ), «Зуридэ» (пс. Джэтэжьокъуэ Б.), н. «Уэ уи нитIыр» уэрэдыр Адыгеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я уэрэджыIакIуэ пажэхэу Дзыбэ Мыхьэмэтрэ Тхьэгъэлэдж Светэрэ къызэдащтауэ ягъэзащIэ. Уэрэдым къыщыIуэта лъагъуныгъэ къабзэм пэджэж макъамэ гуакIуи щIэтщ. Абы и пэщIэдзэ сатырхэр зэрызэхэпхыу, макъамэри уи тхьэкIумэм къоIуэ:
  • О унитIур сыгум итIысхьагъэшъ,
  • Тэ сыкIоми ахэр сэ сигьусэх!
  • Сэ сшIоигъоу ахэр къахэсхыгъэшъ,
  • Сиорэд пэублэу сафэусэ.
  • О унитIу, о унитIу,
  • Анахь дахэ шымыI.
  • О унитIу, о унитIу,
  • Шъэфы Iаджи къысаIу.
  •  
  • Уэ уи нитIыр си гум итIысхьахэщ,
  • Дэнэ сыкIуэми ахэр сэ си гъусэщ!
  • Сэ сфIэигъуэу ахэр къыхэсхахэщ,
  • Си уэрэд пэублэу сахуоусэ.
  • Уэ уи нитIым, уэ уи нитIым
  • Я нэхъ дахэ щымыIэ.
  • Уэ уи нитIым, уэ уи нитIым
  • Щэху Iэджэ къызжаIэ.
  • (Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм къизыгъэзэгъар дэращ. — Хь.Л.).
  • Тхьэбысымым и уэрэдхэр зытеухуа и лъэныкъуэкIэ, я купщIэкIэ гуп щхьэхуэурэ зэтопщIыкI. «Сыту удахэ» («Сыдэу удаха»; пс. ЯхулIэ С.), «Си къуажэ» («Сикъуадж»; пс. Жэнэ Къ.), «ИлъэсыщIэм дыдощIэрэщIэж» («ИлъэсыкIэм тыдэкIэжьы»; пс. Нехай Р.), «Хуэдз и уэрэд» («Фэдз иорэд»; пс. Iэпщокъуэ А.), «Мейкъуапэ вальс» («Майкопский вальс»; пс. Ашихмин А.) уэрэдхэр хэкум, лъахэм, композиторыр къыщыхъуа жылэм хуэгъэпсащ. Абыхэм цIыхум и лъахэм хуиIэ лъагъуныгъэ мыкIуэщIыжыр япкърыгъэшыпсыхьащ. Ар, псалъэм папщIэ, «Си къуажэ» («Сикъуадж») уэрэдым узыщрихьэлIэ мыпхуэдэ сатырхэм наIуэу къапкърощ:
  • Ипсыхъо Iушъашъэ
  • Гъатхэм къэзэрэгу,
  • Ибжыхьапэ дышъэ
  • Сэ сипкIыхьы лъэгу.
  • О енкъоджэ къуаджэу
  • О сикъоджэ кIас,
  • Сыпсэр зыхэтIагъэу
  • Сыгум щымыкIуас.
  • И псыхъуэ Iущащэр
  • Гъатхэм къызэрокI,
  • И бжьыхьэпэ дыщэр
  • Сэ си пщIыхь лъэгущ.
  • Уэ си къуажэ къуажэу,
  • Уэ си къуажэ щIасэ
  • Си псэр зыхэпщIауэ
  • Си гум щымыкIуэщI.
  • (Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм къизыгъэзэгъар дэращ. — Хь.Л.).
  • Тхьэбысым У. и творчествэм зауэм ехьэлIа уэрэдхэм щIыпIэ ин щаубыд. Апхуэдэхэщ: «Си щауэгъу» («Сишъэогъу»; пс. МэшбащIэ И.), «ТекIуэныгъэ» («ТекIоныгъ»; пс. Куэшбей П.), «Зауэм дыхуейкъым» («Заом тыфаеп!»; пс. Куэшбей П.), «Гъатхэм и цIэкIэ текIуэныгъэ» («Победа во имя весны»; пс. Щелоков Ю.), «ГукъэкIыж хьэлъэ» («Суровая память»; пс. МэшбащIэ И.), «Сэлэт мыцIыхум теухуа балладэ» («Баллада о неизвестном солдате»; пс. Щелоков Ю.), н.
  • Умар и уэрэд щхьэхуэхэм гуащIэдэкI хьэлэлыр щегъэлъапIэ. «Шофёрым и уэрэд» («Шофёрым иорэд»; пс. Гъубж М.), «Афуджан» (пс. Балъкъэр Ф.), «Къэралхъан» (пс. Балъкъэр Ф.), «Мэлыхъуэм теухуа уэрэд» (урысыбзэкIэ: «Песнь о чабане»; пс. Пэрэныкъуэ М.), «Мэлыхъуэ бланэ» («Мэлэхъо блан»; пс. Пэрэныкъуэ М.), «Комбайнёр пэрыт» (пс. ЯхулIэ С.) уэрэдхэм псэемыблэжу зи лэжьыгъэр езыхьэкIхэм я образ уардэхэр къыщыгъэщIащ, абыхэм я фIыгъэкIэ гуащIэдэкI хьэлэлым и лъапIагъыр цIыхубэм яхэпща хъуащ. Апхуэдэ уэрэдхэм ящIэлъ макъамэ гуакIуэм пэджэжу пейзажри IэкIуэлъакIуэу хэухуэнащ. «Мэлыхъуэм теухуа уэрэдым» мыпхуэдэ сатырхэм ущрохьэлIэ:
  • Къэтэбэ шхъуантIэу губгъом зеушъомбгъу,
  • Къэгъагъ зэмышъогьухэр осэпсым егъэкIы.
  • КIэим илъэгуанэ псыхъор щэчэрэгъу,
  • Мэлы Iэхъогъушхор хьузэ ащ рекIокIы.
  •  
  • Къэдабэ щхъуантIэу губгъуэм зеуфэбгъу,
  • Гъэгъа зэмыфэгъухэр уэсэпсым егъэкI.
  • ЩыхупIэ лъэгум псыхъуэр къыщокъуалъэ,
  • Мэл Iэхъушэшхуэр абы щикъухьащ.
  • (Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм къизыгъэзэгъар дэращ. Хь.Л.).
  • Тхьэбысымым и IэдакъэщIэкIхэм гушыIэрэ ауанкIэ гъэнщIа уэрэд гъэщIэгъуэнхэри яхэтщ. Псом хуэмыдэу цIыхубэм гунэс ящыхъуащ «Сыхуейкъым уи «Волгэ» хужьи» («Сыфаеп уи «Волгэ» фыжьи»; пс. Жэнэ Къ.), «ГушыIэ уэрэд» («Сэмэркъэу орэд»; пс. Пэрэныкъуэ М.), «Мы хъулъхугъэхэри»» («Мы хъулъфыгъэхэри!»; пс. Джэдгъэф Б.) жыхуиIэхэр.
  • Уэрэдус Iэзэм сабийхэри гулъытэншэу къигъэнакъым: цIыкIухэм папщIэ абы итхащ «Дахэ ди гухэлъщ» («Дахэ тигухэлъ»; пс. Къуиикъуэ Н.), «Хэт апхуэдэ илъэгъуа?» («Хэт ащ фэдэ ылъэгъугъ»; пс. Шумахуэ А.), «Гущэкъу уэрэд» («Кушъэ орэд»; пс. ЩоджэнцIыкIу Н.), н.
  • Тхьэбысым У. и уэрэдхэм ящыщ зыбжанэм макъамэри усэхэри езым яхуитхыжащ. Апхуэдэхэщ «Си Жэмбэчей» («Си Джамбэчый»), «Сыт абы хэлъыр?» («Сыд ащ фэIуагъ?»), «Адыгэ лъэпкъхэр», «Уэ езыр» («Ор-рэу») жыхуиIэхэр, н.
  • Тхьэбысым Умар и творчествэ гъунапкъэншэр щIыпIэ куэдым щызэлъащIысащ. Абы и уэрэдхэр Адыгей, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я мызакъуэу, къэрал псоми, адыгэхэр щыпсэу хамэ къэралхэми (Тыркум, Сирием, Иорданием, н.) щагъэзащIэ. УсакIуэ-уэрэдус цIэрыIуэм лъэпкъ щэнхабзэми, гъуазджэми, литературэми хэлъхьэныгъэ ин хуищIащ, абы и цIэр адыгэм и тхыдэм дыщэпскIэ хэтха хъуащ.
  • ХЬЭВЖОКЪУЭ Людмилэ,
  • Филологие щIэныгъэхэм  я  кандидат.