АБЕИКЪУЭ Шухьэиб: ХЭКУ псалъэм и мыхьэнэр абрагъуэщ
2021-06-16
- Кавказ щIыналъэм 1763 гъэм къыщылыду илъэси 101-кIэ екIуэкIа зауэм ди лъэпкъым къыхуихьауэ щыта бэлыхьхэмрэ гугъуехьхэмрэ, щыщIэныгъэ инхэмрэ насыпыншагъэшхуэмрэ адыгэхэм зэи тщыгъупщэнукъым. Урысей пащтыхьыгъуэм ди щIыналъэ дахэм щригъэкIуэкIа зауэ политикэм къытхуихьащ лъапсэрыхыр. Ди лъэпкъым къыкIэлъызэрахьа леймрэ залымыгъэмрэ я лъэужьщ адыгэхэм тщыщ куэд нобэ дунейм щызэбгрыдза зэрыхъуар. Лъэпкъ тхыдэм щыщ а напэкIуэцI фIыцIэм, куэд-мащIэми, щыгъуазэ, Хэкум теухуа хъыбархэр я адэхэм, нэхъыжьхэм я нэпсыр къекIуэу зэгуэр къызыжраIэжа щIэблэхэр, шэч хэмылъу, щIохъуэпс адэжь щIыналъэм къагъэзэжыну, абы и щIыгум тету и хьэуа къабзэмкIэ, IэфIымкIэ хуиту бэуэну.
- А лъыгъажэр зэриухрэ илъэси 157-рэ дэкIа пэтми, зыкIи нэхъ кIащхъэ хъуакъым Урыс-Кавказ илъэсищэ зауэм кърикIуа хьэзабыр адыгэпсэм ноби зэрызыхищIэр. Абы и щыхьэтщ ди нэхъыжьыфI Абеикъуэ Шухьэиб Мэзан и къуэм и гъащIэр. ХамэщIыр псэупIэ зыхуэхъуа истамбылакIуэхэм къащIэхъуа бынщ ар. Адэжь хэкум щыпсэуныр зи хъуэпсапIэ нэхъыщхьэ дыдэрэ гъащIэ джэлэсу псэуа Шухьэиб а гурылъ IэфIыр зэзыгъэхъулIэу нахуапIэ япэу зыщIыфа адыгэхэм ящыщщ. Ди щIыналъэм къызэригъэзэжрэ илъэс 50-м нэсами, езым зэрыжиIэмкIэ, иджыри зигъэнщIакъым фIыуэ илъагъу хэкумкIэ. «ИкIута из хъужыркъым», — жиIащ пасэрейм. Адыгэм и бын псэ къабзэр ноби хуэнэхъуеиншэщ ди къурш уардэхэм, тафэ хуитышхуэхэм, псы уэрхэм, лъахэрыс цIыхухэм — ХЭКУ псалъэм къызэщIиубыдэ псоми. Зи ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 85-рэ ирикъу тхьэмадэм и илъэсхэр, щыпсэуа щIыпIэм елъытауэ, ипэрэ иужьу егуэш. И гъащIэм щыщ дэтхэнэ Iыхьэми щытепсэлъыхькIэ, абы и гур къызэфIонэ, и нэхэм нэпс къыфIыщIокI. Ар гурыIуэгъуэщ, атIэми хамэщI щихьа илъэсхэр игу къыщигъэкIыжкIэ, къыпфIощI а дадэм и нэхэм къащIэж нэпсыр нэхъ шыугъэу, гуащIэу, пщтыру щыту, епсэлъылIэми и гур кърасыкI абыхэм. И хэкум зэрыщыпсэум щытепсэлъыхькIэ, ахэр гуфIэ нэпс щабэхэм, къабзэхэм хуокIуэж, къыздигъэзэжа щIыпIэми лъэпощхьэпо куэд щыIууами. Ауэ, «жэм лъакъуэ шкIэ иукIыркъым», и гур куэдрэ зыхуеIам и псэр къихьэсыжащи, псоми щогуфIыкI, ихъуреягъыр дапщэщи и щIэщыгъуэщ.
- НэхъыжьыфIым и махуэшхуэм ипэ къихуэу зыхуэдгъэзащ, и гъащIэ гъуэгуанэм иридгъэплъэжыну, лъэпкъым и зыужьыныгъэм епха и гупсысэхэмрэ гукъеуэхэмрэ дыщIэдэIумэ тфIэигъуэу.
-
- Гугъэмрэ хъуапсэмрэ адэжь щIэинщ
- — Шухьэиб, уэ уащыщщ Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм гузэвэгъуэ къызылъэIэсу бэлыхь куэд зыгъэва ди лъэпкъым къыщIэхъуа щIэблэ минхэм. Фи лъэпкъым и нэхъыжьхэм сытхэр я икIыкIэу ябгынат Хэкур?
- — Дэ лъэпкъкIэ Ислъэмей дыщыщщ. Си адэ Мэзан хэкужьым хыхьэ Ислъэмей къыщалъхуащ. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и пэщIэдзэ дыдэхэм (нэхъ пасэнкIи хъунущ ар къыщыхъуар) си адэшхуэ Абеикъуэ Мухьэмэдрэ абы и шынэхъыщIэмрэ я унагъуэхэр я гъусэу хэкум икIащ. А лъэхъэнэм зауэр зэрыувыIэри куэд дэкIат, ауэ цIыхур иджыри гуитIщхьитIт, я къэкIуэнумрэ зэрыс хъуа къэралым щызекIуэ хабзэхэмрэ яхузэхуэмыгъакIуэу, зэрахьэ диныр зэрахъумэным тегужьеикIарэ къэзызэуа лъэпкъышхуэм и цIыхухэм яIэ фIэщхъуныгъэм залымыгъэкIэ бэр зэщIрагъэщтэным щыщтэу. Нэхъыжьхэм жаIэжу зэрыщытамкIэ, си адэшхуэри абы и къуэшри а щхьэусыгъуэрат хэкум щIикIар. ХьэжыщI кIуэ щIыкIэу лъахэр ябгынащ, къызэрамыгъэзэжынур хьэкъыу япхыкIауэ.
- Си адэшхуэм и къуиплIыр, си адэшхуэм и къуэшым и зы къуэр, я щхьэгъусэхэр я гъусэу гъуэгу теуват ахэр. Зы илъэскъым икIи илъэситIкъым гъуэгу зэрытетар. Иорданием щынэсар 1905 гъэрщ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, хэщIыныгъэ ямыIэу, уеблэмэ гъуэгум иджыри зы щIалэ си адэшхуэм къыхуалъхуауэ нэсащ ахэр псэупIэ яхуэхъуа щIыпIэм. Абы щыгъуэ си адэм и ныбжьыр илъэс 13 — 15-хэм нэсат.
- Апхуэдэу адэжь хэкур IэщIыб ящIащ Абеикъуэ зэкъуэшитIым. Тыркум ди деж щригъэкIуэкIа политикэм къытхуихьащ ар. А къэралыр бгырысхэм къыщIытхуейр гъащIэ дахэ, тынш къытпагъаплъэу, фIыуэ дыкъалъагъуу аратэкъым, атIэ хахуагъэшхуэрэ лIыгъэ инкIэ зи цIэр Iуа адыгэ щIалэхэр къагъэсэбэпурэ Балкан хытIыгуныкъуэм хиубыдэ къэралхэр лъэгущIэт ищIыну арат. Бгырысым хэкур нэгъуэщIу пхуегъэбгынэнутэкъыми, диныр зи лъабжьэ пропагандэ ин Кавказым щригъэкIуэкIащ Тыркум, «муслъымэныгъэ щытемыпщэ къэралым фыкъизэуащи, абы и цIыхухэм зэрахьэ диныр залымыгъэкIэ къывагъэщтэнущ, джаур щIыналъэр фымыбгынэмэ, жыхьэнмэ мафIэр къыщыфпоплъэ адрей дунейм» жиIэ щIыкIэу. ЦIыху, унагъуэ куэд текIуэдащ а политикэм къыпкърыкIа Iуэхугъуэхэмрэ гупсысэхэмрэ.
- Хэкужьым Iуэхур щызэтеуIэфIэжа хъумэ, къагъэзэжыну я мурадат куэдым, дауи. АрщхьэкIэ абы ежьэу зыри щысакъым: псэун, шхэн, быныр пIын хуейтэкъэ? А хъуэпсапIэр гу лъащIэм щагъафIэ зэпытурэ, ар щIэблэм щIэин нэхъыщхьэу къыхуагъанэурэ, илъэсхэр кIуащ.
- — Адэжь хэкум уэ уяпэ къэзыгъэзэжаи щыIащ, арщхьэкIэ хамэщI къиIэпхъукIыжауэ Къэбэрдейм иджыпсту щыпсэухэм уэращ я нэхъыжь дыдэр. Зи Хэку къэзыгъэзэжыну лIыгъэ къызыкъуэкIа япэ адыгэхэм яхэта уэ а гупсысэхэм уащыхуэкIуар сыт хуэдэ ныбжьым уиту?
- — НтIэ. Сэ схуэдэу лъагъуэ хэзышахэм ящыщащ АфІэунэ Абдул, Тхьэбысым Сэмихь, Хъуажь Мухьэмэд-Хъер, Кхъуэжь Яшар, Нартокъуэ Инал сымэ. Абыхэми гурэ псэкIэ зыхащIат хэкум и IэфIагъыр. Уэрэдым зэрыщыжыIащи, «лыуэ ттелъыр дыдымейми, къупщхьэу диIэр Хэкум ейт»… Ар пэж дыдэщ: зигу щызыгъэтIылъ адыгэ куэд щыпсэуркъым адрыщI щIыпIэхэм…
- Иорданием и къалащхьэ Амман 1936 гъэм сыкъыщалъхуащ сэ. ХамэщI дыкъыщалъхуами, дызэрыадыгэр, Къэбэрдейм дызэрыщыщыр тщIэжу дыкъагъэхъуащ нэхъыжьхэм. ЗэшыпхъуитIрэ зэкъуэшиплIрэ дыхъурти, ди адэ-анэр ди анэдэлъхубзэмкIэ фIэкIа зэи къыдэпсэлъакъым, лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ ди гъащIэ гъуазэу дыкъагъэтэджащ. Абыхэм дэ щIэмычэу къыдгурагъаIуэрт, хьэрып къэралым дыщыпсэуми, дызэрылъэпкъ щхьэхуэр.
- Сэ хьэкъыу си фIэщ мэхъу адыгэхэм хуэдэу зи хэкур фIыуэ зылъагъу куэд зэрыщымыIэр. Я Iуэху нэхъыфIу къыщикI щIыпIэм я лъэ щагъэбыдэу куэд щыIэщ. Щхьэщытхъугъэ хъунуми сщIэркъым, атIэми сэ къысщохъу адыгэпсэмрэ адыгэгумрэ адрейхэм емыщхьу: ахэр сытым дежи хуопабгъэ щалъхуа хэкум, и анэдэлъхубзэр щыхуит, и лъэпкъыр щыпсэу щIыналъэм. Аращ и купщIэр «хэкупсэ» псалъэми. Хэкури псэри зы чысэм илъщ, хэкури укъэзылъхуа анэри а зы къуэпсымкIэщ адыгэгум зэрыпыщIар. Абыхэм зэхэдз лъэпкъ яIэкъым.
- Зауэм и Iэужьу адыгэхэр дунейм щызэбгрыдза, лъэпкъымрэ Хэкумрэ зырыз, зэпэIэщIэ хъуами, ди адэжьхэм лIыгъэ къакъуэкIащ ди лъэпкъ хабзэр, ди адыгэбзэр фIыгъуэ инхэу тхуахъумэну, унагъуэхэм къихъуэ бынхэр абыхэм дыщIапIыкIыну. Ерэ фIырэ щызэхагъэкI ныбжьым сызэрит лъандэрэ зы махуи сщIэжыркъым Къэбэрдейм сыкъэкIуэжыну сыщIэмыхъуэпсауэ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, ар къызэхъулIащ.
- — Ар фIыгъуэшхуэт. Хьэзабрэ бэлыхь куэдкIэ гъэнщIауэ щыта а истамбыл гъуэгужьым ирикIуахэм, шэч хэмылъу, яхэтагъэнкъым уэ пхуэдэу адэжь щIыналъэм гур икъузу къыхуемыплъэкIыжа. Адэжь щIыналъэм теухуа хъыбархэм хэт сымэ ущIагъэдэIуа?
- — ХамэщI сыкъыщалъхуами, си псэр мыбыкIэ къеIэн зэи щигъэтакъым. А гурыщIэр лъым хэт адэ щIэину къытхуэнауэ къыщIэкIынт… Си адэшхуэ Абеикъуэ Мухьэмэд и быныр ипIащ, хэхэс гъащIэм хигъэуващ, ауэ зэи ящигъэгъупщакъым хы адрыщIымкIэ Хэкурэ лъэпкърэ зэрыщаIэр. Апхуэдэу дэри дыкъигъэхъуащ ди адэм. Хуэмейуэ ирашат а тхьэмыщкIэр. Унагъуэм зызэщIакъуауэ, я шыгу-выгури зэщIэщIауэ ежьэнрэ пэт, Мэзан уэбзэх-щIыбзэх хъуащ. Ар къалъыхъуауэ щытащ зы жэщ-зы махуэкIэ. КъызэрыщIэкIамкIэ, щIалэ цIыкIур и анэшым, Дыгулъыбгъуей къуажэм Абазэхэ, кIуэсауэ абы зыщигъэпщкIурт. Абыхэ къуэ яIэтэкъыми, я пхъум и щIалэхэм ящыщ зы къагъэнэну я мурадат, арщхьэкIэ ди адэшхуэм ар идакъым. Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, а зы адэ-анэм къалъхуахэм ящыщу Мэзант КъэбэрдеймкIэ зи псэр къыхуэпабгъэр. Абы быни 6 дриIати: Шэрифэ, Шэхьирэ, Iэдиб, Шыхьбан, Шухьэиб, Башир сымэ — псори дыщIипIыкIащ хэку лъагъуныгъэм, абы нэхърэ нэхъ къару лъэщ псэм зэрыхэмылъым.
- Адэжь хэкум теухуауэ ищIэж псори къигубзыгъыжурэ къыджиIэжырт ди адэм. Сэри сигури си псэри етауэ сыхущIэкъурт апхуэдэ хъыбар нэхъыбэIуэ абы къызэрыпкърысхыным. Езыми ар и гуапащэ хъурти, зэман хэхаи имыIэу игу къыщыдридзей дакъикъэм иублэрт и хъыбархэр. И ныбжьым теухуауэ куэд имылъэгъуами, щIалэ цIыкIуу хэкур зрагъэбгына Мэзан и гукъэкIыжхэр мащIэтэкъым. Ар тепсэлъыхьырт Бахъсэн аузыр гъунапкъэншэу къызэрыпщыхъум, щIымахуэм псыр щыщтым деж, абы зэныбжьэгъухэм чын къыщрахуэкIыу зэрыщытам, адэкIэ-мыдэкIэ къыщыкI щхъуантIагъэм хуэдэ адэжь хэкум фIэкIа нэгъуэщI щIыпIэ зэрыщымыIэм, и цIыхухэм хуэдэ зэрыгъуэтыгъуейм… Апхуэдэхэм деж сэ къысщыхъурт зэи сымылъэгъуа псыхъуэшхуэм мывэ абрагъуэхэм сателъэ-сатепкIэу къыщызжыхьу, сыщIэхъуэпсырт, си адэм хуэдэу, сэри мыл гущIыIум чыныр вууэ къыщесхуэкIыну, мэракIуащхьэм сытесу ихъуреягъыр къэсплъыхьу, къудамэхэр си хъыринэу сыфIэлъыну… КъысфIэщIырт си адэм зи гугъу къысхуищI Iуащхьэмахуэ къыщIэж псынэ щIыIэр зэнзэныпсу си джийм ежэхыу, акъужь къабзэмкIэ тхьэмбылым щызу сыбауэу… Си щхьэм гупсысэрэ хъуэпсапIэу щызэблэжым щIэи гъуни яIэтэкъым. Абдеж си гум къыщыушыпащ Хэкум Iэмал имыIэу къэзгъэзэн мурадыр. Иджы сызэрыадыгэр сщIэ къудей мыхъуу, ар си гумрэ си псэмрэ, си Iэпкълъэпкъым и лъынтхуэ псоми щыгъэбыдауэ хэлъ лъы налъэт си дежкIэ. А псоми къадэкIуэу гушхуэныгъэ ин къысхилъхьэрт спкърылъ хэкупсэ гурыщIэ лъэщым. Адэжь щIыналъэм и теплъэр, ар зэи сымылъэгъуами, пщIыхьым хэмыкIт, нэгум щIэмыкIт.
- Ди адэр езыри апхуэдизкIэ щIэхъуэпсырт хэкум къигъэзэжынуи, «лъэс мыгъуэми, сыкIуэжынт», жиIэрт. Абы зэи къызжиIакъым хэкум гъэзэж жиIэу. Ар щыгъуазэтэкъым абы щекIуэкI Iуэхугъуэхэм, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, щыщтэу къыщIэкIынут абы щытепщэу жыхуаIэ Iиманыншагъэм. ИтIани, Къэбэрдейм щытепсэлъыхькIэ, абы и нэгум ислъагъуэрт зэи зылъэмыIэсыжыну фIыгъуэшхуэ гуэрым пэIэщIэ зэрыхъуам къытригъэуа мыхъур хьэлъэм и лъэужьыр. Сэ сыкъэкIуэжыну сызэрыхуейр нахуэу къыздимыIыгъми, шэч хэлътэкъым: ар щэхуу абы иригуфIэрт, иригушхуэрт. Хэт ищIэрэ, «силъ зыщIэт гуэр адэжь щIыналъэм щеувэхми, ари куэд и уасэщ си дежкIэ», жиIэу пIэрэт?..
- А псоми нэхъ быдэж ящIащ си хъуэпсапIэр. Ди адэшхуэ-анэшхуэр, си адэр дунейм ехыжа нэужь, сэ си гугъащ ди анэр къыздэсщтэу хэкужьым сыкъэкIуэжыну. Ар Насыпхэ япхъут. И цIэр Муслъимэтт. ЛъэпкъкIэ ахэр Анзорей щыщт. Си ныбжьыр нэсами (илъэс 30-м сынэблэгъат), унагъуэ сухуэнуи сыхущIэкъуртэкъым: сыхуейт гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ а Iуэхугъуэр си лъахэм сису, си лъэпкъым сахэсу къесхьэжьэну.
- Хэкум сыкъызэрыкIуэжын Iэмалхэр къэзугъуейуэрэ хэнейрэ яужь сихьащ а Iуэхум — къызэхъулIэртэкъым. Ауэрэ си анэр нэхъ сымаджэ къэхъуащ икIи къызэлъэIуащ езыр псэу щIыкIэ щхьэгъусэ зэзгъэгъуэтыну. А тхьэмыщкIэм и лъэIур згъэзэщIащ. Ар зригъэлъагъуу и псэр тыншыжыным ежьэ хуэдэ, мазищ къудейщ ар абы и ужькIэ зэрысхуэпсэужар…
- Гур кIуэдмэ, шыр жэркъым
- — Апхуэдизрэ зяужь уита Iуэхугъуэр дауэрэ зэбгъэхъулIэфа-тIэ, Шухьэиб?«Гур кIуэдмэ, шыр жэркъым», жыхуаIэращи, уи гур имыгъэкIуэду, уи Iуэхур къыбдиIыгъыу хэт сымэ уиIа абы щыгъуэ тегъэщIапIэу, дэIэпыкъуэгъуу?
- — Курыт школыр къэзуха нэужь, электроникэмрэ электротехникэмрэ сыхуеджащ сэ. Политикэ Iуэхуми сыдихьэхащ. Коммунистхэр фIыуэ слъагъуу, а партым хэтхэм я Iуэху еплъыкIэхэр сфIэтэмэму щытти, Иорданием щызэхэт а партым сыхыхьауэ щытащ. Ар нахуэу лэжьэну хуиттэкъыми, гъэпщкIуауэт Iуэхухэр зэрызэфIахыр. СССР-м а лъэхъэнэм коммунистхэм я тетыгъуэ дахэти, абы нрахауэ парт литературэ гуэрхэр къытIэрыхьэмэ, щэхуу зэIэпытхыурэ щIэдджыкIырт. Совет Союзым, псом хуэмыдэу Кавказым никIыу зыгуэр Иорданием нэкIуамэ, абы нэхърэ нэхъ хьэщIэ лъапIэ ди щIыгум нимыхьауэ къытщыхъурт. Хэхэс гъащIэр зи натIэ хъуа адыгэхэм гугъапIэуи хъуэпсапIэуи дапщэщи яIэр хэкурысхэращ. Дэри арат. «ХэкужьымкIэ къикIащ ар», — зыхужаIэм абы щыщ Iыхьэ гуэр къытхуихьа фIэкIа умыщIэну, дигури ди псэри къыхузэIутхырт.
- СССР-м никIа гупышхуэм яхэту Иорданием 1972 гъэм и бжьыхьэм нэкIуат хэкупсэ нэс, жэнэтыр дунейкIэ къэзылэжьа, си гур зымыгъэкIуэду къыздэзыхъума ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. ХьэщIэхэр едгъэблэгъат Иорданием щызэхэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэм. Iуэхур хъунумэ, аракъэ… Сэ сыпэрытIысхьа хъуащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ СССР-м и къэрал консулу Иордание пащтыхьыгъуэм а лъэхъэнэм щыIамрэ зыпэрыс Iэнэм. Хэкум ехьэлIауэ сиIэ гурылъхэмрэ гукъеуэхэмрэ си нэгум къищ къыщIэкIынти, «Фи Iуэхухэр дауэ щыт?» — жиIэу Мухьэмэд къызэрызэупщIу жесIащ си адэжьхэм я лъахэм згъэзэжыну илъэси 6 лъандэрэ яужь сызэритыр икIи ар къызэрызэмыхъулIэр, щхьэусыгъуэ хэхаи къызжамыIэу. Си тхьэусыхафэр къыбгъэдэс посолым жриIэжащ ХьэфIыцIэм икIи елъэIуащ хузэфIэкIымкIэ ар къыздэIэпыкъуну. Консулым абдеж сыкъыщигъэгугъащ мазищым къриубыдэу жэуап къысIэригъэхьэну: хуит сыкъащIми е лъэпощхьэпо щыIэми щхьэусыгъуэр къызжиIэну.
- А мазэхэр сэ зэрызгъэкIуар зыщIэр Тхьэшхуэм и закъуэщ. Зи псэр дзапэкIэ зыIыгъым сыхуэдэт. Хъыбарым сежьэрти, си гур тепыIэртэкъым…
- Абы сыщраджа махуэр зэи сщыгъупщэжынукъым. Консулым и деж пщэдджыжьым сыкIуэн хуейуэ пщыхьэщхьэм хъыбар къысIэрыхьат. А жэщым сыту куэд зэзгъэзэхуат сэ. Уо-о-о! Си гъащIэр адэкIэ зэрыхъунур убзыхуа щыхъуну махуэр къэсат: е си хъуэпсапIэм сылъэIэсынурэ дунейкIэ жэнэтым сыкъыщыхутэнут, е гъащIэр схуэзыгъэнэхуу си гум къридз хъуаскIэ закъуэр ункIыфIынут…
- Нэху схуэмыгъэщу сыIухьащ консульствэм и бжэIупэм. Куэд дэмыкIыуи сыIуагъэщIащ сызыхуэкIуа къулыкъущIэм. Абы и нэгум кърих нурымкIэ сэ занщIэу къызгурыIуат си Iуэхур фIы гуэр зэрыхъуар, арщхьэкIэ си гур темыпыIэу бгъэгум икIэзызыхьырт. «Абеикъуэ Шухьэиб Мэзан и къуэ. Нобэ къыщыщIэдзауэ хуитыныгъэ уиIэщ СССР-м ухуеймэ ущыпсэуну, ухуейми пIалъэ гуэркIэ ущыIэу Иорданием къэбгъэзэжыну», — къызжиIащ абы, тхылъ гуэрхэр къысхуишийри.
- Уо-о-о! Сыт хуэдизрэ сежьат сэ а псалъэхэм! Си нэр нэпс шыугъэхэм ягъаплъэртэкъыми, слъагъу щыIэтэкъым, ауэ си тхьэкIумэм зэхахат куэд лъандэрэ сызэжьэу си гущIэм щызгъэфIа псалъэ IэфIыщэхэр! Сэ нэхърэ нэхъ насыпыфIэ дунейм темыту, си адэ-анэр къэтэджыжауэ къысщыхъуат а дакъикъэм!
- — Къоджаи къожьи щымыIэу, къыщыппэплъэри умыщIэу, жэуаплыныгъэ щIэпхь унагъуэри пкIэрыщIауэ адэжь щIыналъэм къытебдзэу укъэкIуэжыныр дзыхьщIыгъуэджэт, шэч хэмылъу. Узэса псэукIэр къызэбнэкIыу нэгъуэщI щIыпIэ, ар адэжь щIыналъэу щытми, гъащIэр щызэтебухуэжынри тынштэкъым, дауи. Адэжь хэкум, абы и цIыхухэр дауэрэ къыпIущIат, сыт хуэдэуи къыпщыхъуат?
- — Хэку лъагъуныгъэр гуащIэщ. Дауи, гугъуехьи лъэпощхьэпо куэди цIыхур хуозэ къэрал дэнэ къэна, фэтэр, лэжьапIэ IэнатIэ щихъуэжкIэ. Абыхэм ящыщ зыгуэри си дежкIэ гугъуехьтэкъым. Нэхъыщхьэр — си Хэку сыщыпсэуну хуитыныгъэ зэрызиIэрт, си адэми, сэри, дэ тхуэдэ хэхэс минхэми диIа хъуэпсапIэр нахуапIэ зэрысхуэхъурт.
- Консулым мазитI хуэдизкIэ хьэзыр сыхъуну жесIами, си щIыбагъ къыдэлъ Iуэху псори мазэм къриубыдэу зэIубз сщIащ. А лъэхъэнэм сэ згъэлажьэрт электроникэ, электротехникэ хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр щащэ тыкуэн. Ди Iуэхур хъарзынэу зэтеувати, щэхуакIуэхэр ди куэдт. Ахъшэ хьэзыр зи мащIэ щэхуакIуэхэм щIыхуэ естырт хьэпшыпхэр. КъыслъыкъуэкIа Iуэхум ипкъ иткIэ, щIыхуэ зытелъхэм захуэзгъэзащ икIи процентхэри яхуэзгъэгъуурэ ахъшэ къызэзытыжыфхэм къызатыжащ, сыкъамыгъэщIэхъуу.
- А щIымахуэр мыбыкIэ щыткIийт абы щыгъуэ. ЩIыIэр градус 30-м нэсырт. Сызэрежьэжынум и хъыбар зэхэзыххэм «гъатхэм укIуэжынщ, мы уаем хыумышэ абы емыса сабийри балигъри», жаIэрт, ауэ гъэм и зы зэман дэнэ къэна, зы махуэ лейуэ хамэщI сызэрисыфын щыIэтэкъым, адэжь лъахэм сыкъэкIуэжыну Iэмал къыкъуэкIауэ. Си Къэбэрдейм и щIыIэри и хуабэри, и гъурри и щабэри — псори сысейт, гуэхыпIэ имыIэу…
- «Сежьэжыну сыхьэзырщ», — жысIэу консулым деж сыщыкIуэм, Тхьэм и фIыщIэкIэ, абы къызжиIащ кхъухьлъатэм езым и щхьэкIэ сызэрыригъэтIысхьэжынур. Апхуэдэуи ищIащ: Иорданием и паспортымкIэ кхъухьлъатэм дыкъригъэтIысхьэжщ, езыри трапым къыткIэлъыдэкIуейри, СССР-м дызэрихьэжыну тхылъхэр къыдитыжащ щыми: сэри, си щхьэгъусэми, илъэси 3 зи ныбжь ди хъыджэбз цIыкIу Тамарэ сымэ.
- Кхъухьлъатэм уафэгум зэрызыщиIэтым къыдэкIуэу, сигури хэхъуэу къысщыхъурт, си бгъэчым имыхуэжу. Сэ нэхърэ нэхъ насыпыфIэ уафэмрэ щIылъэмрэ яку къызэрыщамылъхуами шэч лъэпкъ хэлътэкъым!
- Ереван деж дыкъыщетIысэхри, адэкIэ Минводы дыкъэсыжащ. Сэ сяпэ иту къэкIуэжахэм яхэтт си ныбжьэгъуи, абы дыкъригъэблэгъэжащ, Ислъэмей дэса ди нэхъыжьым и дежи дыкъишэжащ. ИужькIэ республикэм и унафэщIхэр къызэупщIат дэнэ жылэ сыщыпсэуну нэхъ къасщтэми, сыт хуэдэ IэнатIэ къысхуалъыхъуэну сыхуейми. «Уэсрэ уэшхрэ къыщыттемышхэнрэ быным езгъэшхын щIакхъуэ Iыхьэ къыщызлэжьыфын IэнатIэрэ сиIэмэ, нэгъуэщI зыри сыхуейкъым», — арат си жэуапыр. Си дежкIэ куэд и уасэт адыгэщIым сытету, абы и хьэуамкIэ сыбауэу, си лъэпкъым сахэту, адыгэбзэр зэхэсхыу сыпсэуныр.
- Тхьэм и фIыщIэкIэ, лэжьапIэ IэнатIи къысхуагъуэтащ, псэупIэ уни къыдатащ. Ахэри иужькIэ едгъэфIэкIуащ. СощIэж: ХьэфIыцIэ Мухьэмэд дзэм къулыкъу щищIэу, лъагъунлъагъу къэкIуэжати, я деж мыкIуэжу си унэм къеблэгъауэ щытащ. Абы и фIыгъэкIэ аргуэру ди Iуэхур ефIэкIуауэ щытащ. Ди псэупIэри нэхъыфI хъуат, Бахъсэн дэта «Лимб» заводми IэнатIэщIэ къыщысхуагъуэтауэ щытащ. Абы сыщылэжьащ илъэс куэдкIэ. ИужькIэ пенсэ сыкIуащ.
- Хъарзынэу сопсэу. ХъыджэбзитI къытщIэхъуащ унагъуэм: Тамарэрэ Муслъимэтрэ (си анэм и фэеплъу фIэсщащ). Абыхэм я щIэбли, Тхьэм и фIыщIэкIэ, тлъэгъуащ. Пхъурылъхуу сабиитIрэ (Амирэрэ Динэрэ) абыхэм къалъхужауэ цIыкIуищрэ (Айдэмыр, Аминат, Алий сымэ) диIэщ нобэ, хэти школакIуэщ, къалъхуагъащIи яхэтщ, Тхьэм и фIыщIэкIэ.
- Хэкури анэри зыщ
- цIыхум и дежкIэ
- — А цIыкIухэм я фIыгъуэ куэд Тхьэм ухигъаплъэ, Шухьэиб. Уэ зэпыпчащ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэдкIэ гъэнщIа гъащIэ гъуэгуанэ. Уи илъэсхэм уариплъэжмэ, сытыт абы нэхъыщхьэ дыдэу хэлъауэ, и купщIэу щытауэ къэплъытэр?
- — ЩIалэгъуэ ныбжьым сызэрит лъандэрэ зихъуэжакъым абыкIэ сиIа еплъыкIэм: Хэку уиIэнырщ гъащIэм щынэхъыщхьэ дыдэр! Сабийр зеиншэкъым, адэ имыIэжми. Абы зеиншафэ къыщытеуэр и анэр къыщыщхьэщымытыжым дежщ. Хэкури анэри зыщ цIыхум и дежкIэ. Уи анэм и куэщI щабэ уису узэрипIым хуэдэ дыдэу, IэфIщ уи адэжь лъахэ ущыпсэунри. Балигъ ухъуа нэужь, укъэзылъхуа уи анэм узэрыхуэсакъым хуэдэу, укъыщхьэщыжыфын хуейщ уи Хэкуми. Узыхуей ущыхуэмызи къохъу, нэхъыфI щыхъужри мащIэкъым: ар гъащIэщ.
- Сыт хуэдэ гугъуехьи гуауи згъэвами, си жьыщхьэ сынасыпыфIэу зызолъытэж. Си хэку згъуэтыжащ, си анэдэлъхубзэмкIэ хуиту сопсалъэ, си щIэблэми Iэмал естыфащ адэжь хэкукIэ гуныкъуэгъуэ ямыIэу, я щхьэр лъагэу Iэтауэ, хамэм зыхуамыгъэщхъыу псэуну. А фIыгъуэхэм уахуэмыныкъуауэ абыхэм я уасэр къыбгурымыIуэнкIи мэхъу, атIэми хэти и фIэщ ирещI мыр: псом нэхърэ нэхъыщхьэр лъэпкъ, къупщхьэ уиIэу, уи бзэ, уи хабзэ, уи нэмыс пIыгъыжу дунейм утетынырщ. «Мылъкур уэсэпсщ», — жиIащ пасэрейм. Абы гъащIэр тепщIыхь хъунукъым.
- Сэ си ныбжьыр здынэсам, ноби срикъуакъым ди лъахэм сызэрыщыпсэуамкIэ, абы щыслъагъу псори: цIыхухэри, щIыуэпсри, ди уафэри, ди щIылъэри — нобэ япэу слъагъум хуэдэу си псэм къыщохъу. Адыгэм и дежкIэ ахэр фIыгъуэ мылъытэщ!
- — Куэдрэ дяпэ уитыну, Шухьэиб. Уи быным, абыхэм къащIэхъуэ щIэблэм я насып куэд плъагъуну, узыншэу уащхьэщытыну ди гуапэщ. Уи псэм хэлъ адэжь хэкум Тхьэм гу щыуигъахуэ. Хэку-анэм и куэщIым зи псэр изылъхьэжахэм я нэхъыжь уэ тхьэмадэм хэпша лъагъуэр адрей хьэжрэтхэм гъуэгу бгъуфIэ Тхьэм яхуищI.
- Епсэлъар ЖЫЛАСЭ Маритэщ.
- Абеикъуэ Шухьэиб папщIэ дгъэхьэзыра
- напэкIуэцIым тыдодзэ абы фIыуэ илъагъу усэхэм ящыщ.
- ТIЭШ Хьэмид
- Iуащхьэмахуэ
- Iуащхьэмахуэ уэсу телъым
- Жэщи махуи нэпсыр щIож.
- ЩIым и бынхэр щикъухьащи,
- Магъыр ар, имыщIэу еш.
- Адэжь Хэкум нобэ исыр
- Ди нэ-ди псэу фыдолъагъу.
- Димыягъэу, димылажьэу
- ДыфпэIэщIэщ — къытхуэвгъэгъу.
- Iуащхьэмахуэ дымылъагъуми,
- Я нэхъ дахэу щIэтщ ди нэгу.
- Хамэ щIыпIэ дыщыпсэуми,
- Дрогушхуэ — ар ди хэкущ.
- Ди анэ дахэу ди Хэкужь,
- Ди нэхъыжьхэр димыIэж.
- Хамэ щIыпIэм дыкъыумынэу,
- Дурибынкъэ — дынэшэж.
- Сыт ди лажьэр, ди Хэкужьыр
- Дымылъагъуурэ долIэж.
- Ди адэр лIами, ди анэр псэукъэ?!
- ЦIыкIуи ини дывгъэкIуэж.
- ЛIы зыукIым и бэлыхьыр
- Илъэс бжыгъэкIэ еух.
- Мыухыжу ттелъ бэлыхьым
- Дигу хегъэщIыр, лъыр тфIыщIех.
- Лыуэ ттелъыр дыдымейми,
- Къупщхьэу диIэр Хэкум ейщ…
- Дынэшэж уи деж нэхъ псынщIэу,
- Адэжь лъахэу Къэбэрдей.
- Сирие, КъунейтIрэ жылэ.