ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КIыщ Мухьэдин: Сурэт  щIэсщIыр  нэгъуэщIу зэрысхуэмышэчырщ

2021-06-08

  • УФ-м щIыхь зиIэ и художник, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием хэт, ЩIДАА-м, европей академием и академие зыбжанэм я академик КIыщ Мухьэдинрэ и арт-унафэщI Жаклинрэ ди гуапэу захуэдгъэзащ. Испанием щыпсэу, щIэх-щIэхыурэ Налшык къэкIуэж ди хэкуэгъу художник цIэрыIуэмрэ и щхьэгъусэмрэ уепсэлъэну сыт щыгъуи щIэщыгъуэщ. Иужьрей илъэсхэм сурэтыщI Iэзэм гъуазджэм хуищIа хэлъхьэныгъэхэм, и лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр дунейпсо утыку зэрыщигъэлъагъуэм, и ехъулIэныгъэ- хэм, пандемием зригъэува щытыкIэм, гъуазджэм хуиIэ лъагъуныгъэм теухуа и гупсысэхэмрэ и мурадхэмрэ гъэщIэгъуэн тщыхъуащ.

  • — Мухьэдин, уи лэжьыгъэхэм куэд къызэрызэщIаубыдэм гу лъыботэ. Иужьрей зэманым сытхэм нэхъ уелэжьрэ?
  • — Зытеухуа темэ елъытауэ серие-сериеу зэхэдза лэжьыгъэ щхьэхуэхэр си мащIэкъым. Абыхэм яхэтщ Къэбэрдейм, Iуащхьэмахуэ, Африкэм и щIыпIэхэм, цIыхубзхэм, сабийхэм, къафэхэм, псэущхьэхэм, къуалэбзухэм, удз гъэгъахэм, лъагъуныгъэм, нэгъуэщIхэм ятеухуа сериехэр, дэтхэнэми лэжьыгъэ 30-50-м нэблагъэ хыхьэу. Пэжыр жыпIэмэ, темэми плъыфэми къытезгъэзэжыну сфIэфIкъым. Аращ гъуазджэм и щхьэхуэныгъэ хъужыр. Серие пыухыкIам хыхьэ темэм къытезгъэзэжми, еплъыкIэщIэ сиIэущ сызэрыбгъэдыхьэр, сыту жыпIэмэ, сщIыну сурэтыр зэлъытыжар сиIэ гукъыдэжырщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, кактусым теухуа лэжьыгъэ зыбжанэ сиIэщ икIи банэ зытет а удз телъыджэм теухуа сурэтищэм щIигъу си Iэдакъэ къыщIэкIащ, я гъэгъэкIэкIи, теплъэкIи, къыщыкI щIыпIэкIи зэрызэщхьэщыкIыр къэзгъэлъагъуэурэ. ИтIанэ, Испанием шухэри лъэсырызекIуэхэри зэхыхьэурэ лъэпкъ уэрэдхэмрэ къафэхэмрэ я махуэхэр жэщ-махуэкIэ зэпамыгъэууэ тхьэмахуэм нэблагъэкIэ зэрыщагъэлъапIэм теухуа, тхыдэ гъэщIэгъуэн къызыдекIуэкI махуэшхуэм и теплъэгъуэр къызэрыщ сурэтышхуэ сиIэщ. Апхуэдэ карнавалхэм хорхэм уэрэдхэр щыжаIэ, къэрал унафэщIхэм хуаIэ еплъыкIэхэр къыхэщу, гушыIэр къагъэсэбэпурэ я ныкъусаныгъэхэм гу лърагъэтэжу. Къэнжал зауэр илъэс 300 щрикъум ирихьэлIэу лъэпкъым и нэгу щIэкIа а къэхъугъэр уи нэгу къыщIэзыгъэхьэ сурэт сщIащ. Ар «Трек» шхапIэм и блыным пIалъэкIэ фIадзауэ фIэлъщ. КъищынэмыщIауэ, натюрморт, портрет сериехэр, абстракт лэжьыгъэхэр сиIэщ.
  • «Адыгэ псалъэм» и редакцэм къеблэгъащ. 2006 гъэ

  • Мадрид щекIуэкI еплъыныгъэм кърихьэлIа хьэщIэ гуп. 2016 гъэ

  • Пщащэ-сурэтыщIым йохъуэхъу. Налшык, 2019 гъэ

     

  • — БлэкIа илъэсхэм уи лэжьыгъэхэр дэнэ щыбгъэлъэгъуа?
  • — Нэгъабэ си лэжьыгъэхэр дуней псом и щIыналъэ 16-м, Мадрид, Москва, Налшык къалэхэри къызэщIиубыдэу щызгъэлъэгъуащ. Псори зэхэту си щхьэзакъуэ выставкэ 49-рэ утыку къисхьащ икIи абы и лъэныкъуэкIэ Урысейм етIуанэ увыпIэр щысIыгъщ. Си гъэлъэгъуэныгъэхэр къыщызэIуахкIэ хуабжьу цIыхушхуэ къызэрекIуалIэр гуапэщ. ЕкIуу къызэрагъэпэщ, щIэщыгъуэу икIи гукъинэжу ирагъэкIуэкI. КъыжыIапхъэщ си сурэтхэм къызэрытезмыгъэзэжыным иужь сызэритыр.
  • Ди жагъуэ зэрыхъунщи, республикэм выставкэхэр махуэращ щылажьэр балигъхэр IэнатIэ пэрыту, ныбжьыщIэхэр еджапIэм иджыри щыIэу. Гу зылъыстаращи, гъэлъэгъуэныгъэхэр къыщызэIуахкIэ цIыхушхуэ къекIуалIэ щхьэкIэ, ар зэхуащIыжыху махуэ къэс мащIэ дыдэщ щыIэр. Выставкэм, сурэтыщI гъуазджэм цIыхухэм мыхьэнэ нэхъыбэ иратын хуейщ. Нэхъыбэр музейхэм кIуэркъым, телевизоркIэ тлъэгъуат, радиокIэ зэхэтхат жаIэ мыхъумэ. Псори къыхузоджэ гъуазджэм хуэфащэ гулъытэ хуащIыну.
  • Илъэс 30-м щIигъуауэ си выставкэхэр къызэзыгъэпэщыр, зи пщэрылъыр Жаклинщ икIи аращ зи фIыгъэр си гъэлъэгъуэныгъэхэмрэ сурэтхэмрэ я бжыгъэм хуэдитIкIэ зэрыхэхъуар.
  • СурэтыщI гуэрым газетым къытригъэдзауэ щытащ: «Жаклин хуэдэ щхьэгъусэ сиIам сэри Мухьэдин нэхърэ мынэхъ Iейуэ сурэтхэр сщIынт» жиIэу. Абы и жэуапу фейсбукым щыстхащ: «Нобэ Жаклин къыщалъхуа махуэщ. СурэтыщI псоми Жаклин зырыз Тхьэм къывит!». Ар щIыжысIэращи, Жаклин ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ, ХудожествэхэмкIэ Урысей академиехэм щIыхь иIэу хэтщ икIи си менеджерщ. БзиплI къабзэу ещIэри ахэр къигъэсэбэпурэ си выставкэхэм теухуауэ куэд зэфIегъэкI. КъищынэмыщIауэ, зы лэжьыгъэ гуэр ящэхуауэ егъэхьын, зыгуэр зэгъэзэхуэжын, псэукIэм ехьэлIа Iуэхухэр зэфIэгъэкIын хуейми зи пщэ дэлъыр аращ.
  • — Сыт хуэдэ IэщIагъи ирехъуи псынщIэу зызыужь зэманым удекIун папщIэ зэпымыууэ уи щIэныгъэм хэбгъэхъуэн, техникэ, Iэзагъэ, бгъэдыхьэкIэ жыпIэми, щIэ гуэрым ухуеджэн хуейщ. Абы и лъэныкъуэкIэ сыт къыджепIэн, Мухьэдин?
  • — Сызыщытхъужынщи, Урысейм искъым айпадым профессиональнэу ирилажьэ сурэтыщI. А техникэм зыхуэзгъэсэным илъэсищ-плIы текIуэдащ. Фейсбукым къислъхьэ си лэжьыгъэ псори а Iэмалыращ зэрысщIыр. ДагъэкIи, акварелкIи, къэрэндащкIи апхуэдэ сурэтхэр пхуэщIынукъым. ИужькIэ узыхуей цIыкIуагъ-инагъым тету ахэр къыдэбгъэкIыжыфынущ. А техникэмкIэ темэ щхьэхуэм хухэсха серие зыбжанэ сиIэщ. Псори къызэщIэпкъуэжмэ, а Iэмалыр къэзгъэсэбэпурэ лэжьыгъэ мин бжыгъэ зыбжанэ сщIащ.
  • СурэтыщI псори сурэтыщIкъым. Къапщтэмэ, зэфIэкI зиIэ художникыу ирехъуи, стIолым бгъэдэтIысхьэрэ хьэпшып гуэрым сурэт трищIыкIкIэ ар сурэтыщI нэскъым, зыпэрыт лэжьыгъэм и еплъыкIэ, и гупсысэ гуэр химылъхьэмэ, художникым и IэщIагъэм творческэ и лъэныкъуэкIэ лъагъуныгъэ хуимыIэмэ, гъуазджэ къыхуэгъэщIынукъым. Ди IэщIагъэм хуемыджами, Тхьэм кърита Iэзагъ зыбгъэдэлъхэри щыIэщ, сурэт щIыным ирилажьэу, ирипсэууэ.
  • — Нобэ зым и дежкIи щэхукъым литературэм, художественнэ тхыгъэхэм хуэдэу гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ, абы я цIыхухэм я пщIэр зэрехуэхар. ЩытыкIэм зихъуэжын, цIыхубэм а унэтIыныгъэхэм хуаIа лъапIэныгъэр къэIэтыжын и лъэныкъуэкIэ сыт хуэдэ Iэмалхэр щыIэ?
  • — Гъуазджэм и Iуэху зэIумыбзхэм я гугъу щыпщIкIэ, ди республикэм щхьэхуэу укъытеувыIэн хуейщ, сыту жыпIэмэ, ди щIыналъэм и закъуэщ Иджырей гъуазджэхэм я музей щымылажьэр. Дэнэ щIыпIи апхуэдэ IуэхущIапIэхэр щаухуащ, къэбгъэлъагъуэмэ, Владикавказ музеитI къыщызэIуахащ.
  • Си сурэтхэр илъэс зыбжанэ хъуауэ Налшык къыдошэ, гугъуехьхэр пылъу, мылъкушхуэ текIуадэу, си хэкуэгъухэм къахуэзгъэнэн мурадкIэ. Си ныбжьыр хэкIуэтэхукIэ си лэжьыгъэхэр си хэкуэгъухэм нэхъ яхуэщхьэпэну къызолъытэ. Лъэпкъ музейм сурэтхэр щахъумэу зы пэш цIыкIу яIэу аращи, абы си лэжьыгъэхэр щIэхуэртэкъыми, си мастерскойм сшащ. ХъумапIэ къагъуэтыху ахэр цIыхухэм ялъэгъунукъым икIи я сэбэп екIынукъым. Илъэс пщыкIузкIэ узэIэбэкIыж- мэ, Шэджэм районым и Iэтащхьэу щыта Мамбэт Михаил сыкъигъэгугъат музей схуищIыну. Ар республикэм и Iэтащхьэу щыта Къанокъуэ Арсен, иужькIэ КIуэкIуэ Юрий сымэ даIыгъауэ щытащ, арщхьэкIэ псалъэмрэ Iуэхумрэ зы хъуакъым. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, пэши къагъуэтыфакъым, музеи яхуэухуакъым. Къэгъэгугъэ къудей мыхъуу, а Iуэхур зэфIагъэкIыну жаIа пэтми…
  • Мылъку зэгъэпэщыным дихьэхахэр гъуазджэм пэжыжьэщ. Абы пэгъунэгъухэм сурэт къызэращэхун ахъшэ яIэкъым. Аращи, ди лэжьыгъэхэм щIэупщIэр мащIэщ. Мыхьэнэ зиIэ тхыдэ лэжьыгъэ сурэтыщIым ищIыным мазэ бжыгъэ токIуадэ, уаси иIэщ. Ауэ, ар зыщэхун зэрыщымыIэм къыхэкIыу, художникым щIэупщIэ зиIэ удз гъэгъа натюрмортхэр псынщIэ-псынщIэу ищIын хуей мэхъу. ИтIанэ, куэд зытемыкIуадэ къэрэндащхэмкIэ сурэтхэр ящIын хуей мэхъу, сыту жыпIэмэ краскэхэр зэрылъапIэм къыхэкIыу. Нэхъапэхэм ЩэнхабзэмкIэ министерствэм ди лэжьыгъэхэр ищэхуу щытащ. Иджы министерствэри цIыху щхьэхуэхэри апхуэдэу щIэупщIэжыркъым. Художникым и лэжьыгъэхэр пуду ищэжыныр къезэгъыркъым. Аращи сурэтыщIыр хуэм-хуэмурэ творчествэм пэIэщIэ мэхъу. Ди IэщIагъэм фейдэ къызэрыпэмыкIуэм къыхэкIыу Iэщ фермэ зэзыгъэпэща художникхэри си цIыхугъэщ. Си щхьэкIэ сурэт щIэсщIыр си IэщIагъэр псэкIэ зэрыспэгъунэгъурщ, сымыщIу зэрысхуэмышэчырщ. Искусствоведхэр хуэм-хуэмурэ кIуэдыжащ, художникхэр критикэм зэрыхуэхейм къыхэкIыу.
  • Гъуазджэм пэжыжьэ цIыхухэм я пащхьэм мыхьэнэ зимыIэ хьэпшыпхэр аукционхэм лъэпсейуэ щащэ щыIэщ, зыхуэбгъадэ хъун щымыIэу къалъытэу. Апхуэдэу мелуан бжыгъэкIэ ящащ спиртым хэлъ акулэр, шыщхьэр, шыд лъакъуэр, нэгъуэщIхэри. Ар зыхуэфащэ гъуазджэ лэжьыгъэхэм гу лърамыгъэтэным тещIыхьа политикэщ. Псом хуэмыдэу а Iуэху зэIумыбзыр Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щызокIуэ.
  • — Жаклин, Мухьэдин и лэжьыгъэхэм я хъумапIэ музей Испанием  къызэрыщыхузэIуахыр хъыбарырыфIщ. Абы ехьэлIа лэжьыгъэхэр здынэсам дыхэбгъэгъуэзам ди гуапэт.
  • — Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, Барбаты къалэм и Iэтащхьэм музей къыщызэIутхын папщIэ IуэхущIапIищым языхэзым дыщыхагъадэм нэхъапэм кинотеатру щыта IуэхущIапIэр къыхэтхащ, театрхэр, кинохэр зэрыщагъэлъагъуэм къыхэкIыу цIыху кIуапIэу зэрыщытар къэтлъытэри. Ауэ, пIалъэ куэдкIэ зэрымылэжьам къыхэкIыу метр зэбгъузэнатIэ 600 хъу а ухуэныгъэр зэгъэпэщыжын хуейщ. Коронавирусым а лэжьыгъэр зэпигъэуащ. Мыгувэу зэтраублэжыну дыщогугъ. ГуфIэгъуэ щытыкIэм иту ар мы гъэм къызэIуахыну яубзыхуащ.
  • КъыжыIапхъэщ, Испанием Мухьэдин и творчествэм пщIэшхуэ зэрыщыхуащIыр, и лэжьыгъэхэм щIэупщIэ зэрыщиIэр, гъуазджэм, дахагъэм щIэблэр щIэпIыкIыным, щэнхабзэм пэгъунэгъуу къэгъэхъуным мыхьэнэ зэригъуэтыр къазэрыгурыIуэр. А псом къыдэкIуэу Мухьэдин и лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса музейм и фIыгъэкIэ туристхэр нэхъыбэу щIыналъэм къызэрыришэлIэнур къалъытащ. Къэбэрдей-Балъкъэрми хуэдэу, Мухьэдин Испаниеми сурэт 1000-м щIигъу, гъуазджэм ехьэлIа тхылъ, пасэрей хьэпшып куэд щиIэщ. Ахэр цIыхубэм къахуигъэнэну и хъуэпсапIэщ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым Мухьэдин музей къыщыхузэIуахыну дыкъагъэгугъэри илъэс пщыкIузкIэ дыпэплъащ. ДэIэпыкъуэгъу щыдмыгъуэтым мурад сщIащ си адэм къысхуигъэна ахъшэр Мухьэдин и творчествэм хэлъхьэныгъэ хуэсщIыну икIи Налшык щыIэ и лэжьыгъэхэр щытхъумэн щIыпIэ къэзгъуэтащ. Ар музей е галерее мыхъуу, КIыщ Мухьэдин и цIэр зезыхьэ Гъуазджэ унэу щытынущ. Абы и бжэр зэпымыууэ зэIухауэ щытынукъым, атIэ ар зэлъытауэ щытынур иIэну щIэупщIэрщ. Гъуазджэ, литературэ, макъамэ пшыхьхэр, концертхэр щекIуэкIыну, художникхэр, тхакIуэхэр, музыкантхэр къедгъэблэгъэну, пианинэ щыдгъэувыну ди мурадщ.
  • — Пандемием кърикIуа гугъуехьхэр зылъэмыIэса щIыналъэ къэгъуэтыгъуейщ. Абы цIыхухэр зыхуиша щытыкIэм къыхэкIыу лэжьыгъэ куэд къызэтригъэувыIащ, IэщIагъэ зыбжанэм я щIэупщIэм пIалъэкIэ кIэригъэхуащ. Абы ижь зыщIихуахэм фэри фащыщ?
  • — Китайм хуэдэу Испаниеми пандемием псынщIэ дыдэу зыщиужьащ. ЦIыхушхуэ зэуэ сымаджэ хъуат, нэхъыбэр узым ихьырт. Абы щыгъуэ дэ Париж дыщыIэт, Венецием выставкэ сыщиIэти. ПсынщIэ-псынщIэу Испанием дылъэтэжыну дыхуейт, кхъухьлъатэхэр къызэтрамыгъэувыIэ щIыкIэ. ЗэрыхъукIэ нэхъ псынщIэу Испанием дыкIуэжащ. Сыт хуэдизу демыпIэщIэкIами, Жаклини сэри сымаджэ дыхъуащ. Тыншу узыфэр тщIэкIауэ жыпIэ хъунущ. КIуэ пэтми Испаниер лIэныгъэ нэхъыбэ зиIэ къэралхэм ящыщ зы хъуащ. Уэрамым лейуэ дыдыхьэну нобэр къыздэсым хуитыныгъэ диIэкъым. Испанием лIэныгъэр, Урысейм сымаджэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрыщыхъуам къыхэкIкIэ тхьэмахуэм зэ ди кхъухьлъатэхэр Урысейм къэлъэтэну хуит ящIащ. КъыдэмыхъулIэу билетыр тхуэ-хэ ттыжын хуей хъуащ. ДыкъызэрыкIуэжами гугъуехь куэд пыщIащ. Гъунапкъэ къэс, къэралым дыкъихьэжа нэужь, аргуэру зэ тест ттыным дыпхыкIа нэужь, карантин дыщысын хуей хъуащ. Илъэсрэ ныкъуэрэ ипэкIэ дыкъэкIуэжыну ди мурадащ, ауэ иджыщ ар къыщыдэхъулIар. Апхуэдизу пIалъэ кIыхькIэ республикэм дыкъэкIуэжыну Iэмал дыщимыIа къэхъуакъым.
  • — Илъэс зыбжанэ хъуауэ зэщхьэгъусэхэр Испанием фызэрыщыпсэум, фи лэжьыгъэр абы зэрыщыкIуатэм я гугъу фэзгъэщIынут.
  • — Жаклин сэрэ илъэситхукIэ Лондон дыщыпсэуащ. А щIыпIэм щIымахуи, гъатхи, гъэмахуи, бжьыхьи зы махуэ къэмынэу уэшх къыщошх, зэпымыууэ уэтIпсытIщ, икIи мыщIыIэу икIи мыхуабэу. Испаниер щIысфIэфIыр дыгъэпсыр зэрыщыкуэдырщ. Пшагъуэр махуэ зыбжанэ тетуращ. КIуэ аракъэ, гъатхэм уэшх тIэкIу щыIэм сщIэркъым, армыхъумэ зыри къыщешхыхэркъым. Адыгэхэм хуэдэу абыи щыпсэу цIыхухэр гуапэхэщ, хабзэ яхэлъщ, хьэлэлщ. СызэрыцIыкIурэ сыщIэхъуэпст Андалузием сыщыпсэуну. Лондон дэт ди унэр тщэжри, Жаклини сэри дыкъыщалъхуа щIыналъэ мыхъу Испаниер къыхэтхащ. Абы щIапIэ ин къыщытщэхури абы унэ щедгъэщIащ, мастерскойр и гъусэу. Унэшхуэ, жыг хадэ диIэщ. А унэм и щхьэм мастерскойр тету аращ, метрои ситIысхьэркъым, хьэгъуэлIыгъуи фадафи сыкIуэкъым. Махуэ къэс солажьэ. Жаклинрэ сэрэ дызэакъылэгъущ, ди Iуэху еплъыкIэхэр, гупсысэкIэхэр зэтохуэри тыншу дызэдокIуэкI. Апхуэдэу илъэс 25-рэ хъуауэ Испанием дыщопсэу. Абы жагъуэгъуи, фыгъуи щызиIэкъым.
  • Къапщтэмэ, зы махуи сыщIэхъуэпсатэкъым нэгъуэщI къэрал сыщыпсэуну. Ауэ, уи лэжьыгъэм зыгуэр щызэбгъэхъулIэнумэ, зыбгъэпщкIуу улэжьэн хуейуэ аращ. Зэпымыууэ Налшык сыдэсамэ концертхэм сыкIуэн, гъуазджэ, щэнхабзэ зэхыхьэхэм сыхэтын хуей хъунут. Абы сыщIыщыIэм и щхьэусыгъуэр аращ. Сыщыпсэу щIыпIэр мэзым пэгъунэгъу тенджыз Iуфэм Iутщ, дачэ, къалэ цIыкIу хуэдэу. Тенджыз Iуфэм ущылэжьэну щIыпIэфIщ.
  • — Мухьэдин, уэ — уадыгэщ, Жаклин — инджылызщ. Испанием щыпсэу лъэпкъхэм тыншу фадекIуэкIрэ? Лъэпкъ хабзэхэм я зэщхьэщыкIыныгъэр зыхэфщIэрэ?
  • — Ди нэхъыжьхэм къытхуагъэна адыгэ хабзэм хуэдэу хабзэ дахэ зыдэплъагъу зы лъэпкъи щыIэкъым. ХьэщIагъэ къуахми, шхыныгъуэ хэплъыхьахэр я Iэнэм къытрагъэувэми, цIыху гуапэми, хьэлэлми, Iэнэм узэрыбгъэдэсын, нэхъыжьым пщIэ хуэпщIын зэрыхуейм я щIэблэр щIапIыкIыркъым.
  • А щIыпIэм щыпсэухэм хуабжьу яфIэфIщ сыхьэт бжыгъэкIэрэ псэлъэн. Я шэджэгъуашхэр сыхьэтиплI-тхукIэ йокIуэкI, адыгэ нэчыхьытхым зыкIи къыкIэрымыхуу. ХьэщIэхэр къыщыдыхьэкIэ сэлам язох, садошхэри, мастерскойм сыдокIуеиж. Сышхэн къудей мыхъумэ, сыпсэлъэн щхьэкIэ стIолым зэи сыпэрыскъым, зэпымыууэ Жаклинщ ядэщысыр. Зэману сиIэр сурэт щIыным тызогъэкIуадэ.
  • Испанием щыпсэу цIыхухэр апхуэдизкIэ зэрыIыгъщи, зыгуэркIэ уи Iуэху дэхуэхмэ къэкIуэнурэ къыбдэIэпыкъунущ, зыкъыпщIагъэкъуэнущ. Нэжэгужэу къыпхущытщ, гузэвэгъуэ къызыхукъуэкIами гуфIэгъуэ зиIэми кIэлъокIуэ. Англием щыпсэухэр апхуэдэкъым. Уи Iыхьлы дыдэм я деж узэрыкIуэнум теухуа хъыбар нэхъапэIуэкIэ йомыгъэщIамэ я унэм ущIамыгъэхьэнкIи хъунущ, ауэ испанхэм сыт щыгъуи гуапэу урагъэблэгъэнущ, я стIолри къыпхуаузэдынущ. Англием Iэнэм къытрагъэувэн хуей хабзэм щыщIрагъэгъуркъым. Инджылызхэм, зыгуэрым и Iыхьлы лIамэ, ахъшэ иратынурэ щIрагъэлъхьэнущ, лэжьапIэ кIуэни абы щхьэкIэ къамыгъанэу. ЛэжьакIуэшхуэхэщ, гуащIэдэкIым пщIэ хуащIри IэнатIэм къыпхубгъэдэкIынукъым. АтIэми апхуэдэ гузэвэгъуэ уиIэу лэжьапIэ укIуэныр емыкIущ.
  • — Жаклин, Къэбэрдей-Балъкъэрыр уигу ирихьрэ? Налшык фыкъыщыкIуэжкIэ зэманыр дауэ щывгъакIуэрэ?
  • — Налшык илъэсым зэ е тIэу дыкъокIуэжри, мазищкIэ дыщыIэщ. Благъэхэм, ныбжьэгъухэм, лэжьэгъухэм даIуощIэ, республикэм щекIуэкI гъуазджэ, щэнхабзэ зэхыхьэхэм дызэрыхэтыным дыхущIокъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпсыр, ХьэтIохъущыкъуей жыг хадэр, дыкъэкIуэжыху зыщыдгъэпсэху Шэджэм псыкъелъэхэр, Гуэл щхъуантIэхэр, Iуащхьэмахуэ лъапэ гур хэзыгъахъуэщ. Дуней псом и щIыпIэ куэдым сыщыIащ, ауэ Налшык къалэм и дахагъэр сфIэтелъыджэщ. Кавказыр сэркIэ гугъэпсэхущ.
  • Епсэлъар
  • ТЕКIУЖЬ Заретэщ.