ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КIуэкIуэ Казбек сабийхэр  гъуазджэм  щыхуагъасэ  еджапIэм  щыIащ

2021-06-04

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ Нарткъалэ щригъэкIуэкIа лэжьыгъэм хэту «Лэгъупыкъу» зи фIэщыгъэ сабий еджапIэми щыхьэщIащ.

  • Аруан щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызегъэкIуэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Ажий Валерэ къызэрыхигъэщамкIэ, абы къокIуалIэ икIи ябгъэдэлъ сэнаущыгъэмрэ зэфIэкIымрэ щыхагъахъуэ зи ныбжьыр илъэситхум щегъэжьауэ илъэс пщыкIуийм нэс сабий 850-м. ЕджапIэм и лэжьыгъэр унэтIыныгъитхукIэ зэщхьэщыхауэ ирегъэкIуэкI. Егъэджэныгъэ лэжьыгъэр тещIыхьащ сурэт щIыным, къафэм, уэрэд жыIэнымрэ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэнымрэ, гъуазджэм пыщIа IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм, эстетикэ гъэсэныгъэм.
  • «Лэгъупыкъу» зи фIэщыгъэ, гъуазджэм щыхуагъасэ сабий еджапIэр щаухуар 1959 гъэрщ. «Щэнхабзэм зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ, ар 2020 гъэм зэрагъэпэщыжауэ щытащ. Апхуэдэу, еджапIэм и унащхьэр зэрахъуэкIащ, пэш кIуэцIхэм я щхьэмрэ дэпкъхэмрэ зэрагъэубыдыжащ, пхъэ лъэгу щар ирахыжри, ламинат иралъхьащ. Программэм къигъэувым тету, IуэхущIапIэм и унэлъащIэхэр къагъэщIэрэщIэжащ, зыхуэныкъуэ IэмэпсымэхэмкIи къызэрагъэпэщащ. ЕджапIэм и хъуреягъымрэ гупэ пщIантIэмрэ жыгхэмрэ щхъуантIагъэхэмрэ щагъэтIысащ, гъущI хъаркIэ къахухьыжащ, тIысыпIэхэр щагъэуващ, къекIуалIэ уэрамхэмрэ лъагъуэхэмрэ гъуэгу зекIуэкIэ хабзэхэм тету еджапIэм кърашэлIащ. Зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэхэм папщIэ щIыхьэпIэм дэкIуеипIэ хэхахэри хащIыхьащ. IуэхущIапIэм мафIэс икIи щытыкIэ къызэрымыкIуэхэр къыщымыгъэхъун щхьэкIэ видеоIэмэпсымэхэр еджапIэ плIанэпэ къэс хагъэуващ.
  • КIуэкIуэ Казбек фIэгъэщIэгъуэну зыщигъэгъуэзащ еджапIэм щекIуэкI лэжьыгъэми: абы сабийхэм ирагъэлъэгъуащ я IэдакъэщIэкIхэр, егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ зыпэрыт IэнатIэр зэтеубла, ипэкIэ гъэкIуэта хъун папщIэ зэрылажьэ методикэм, къагъуэт хэкIыпIэхэм, Iуэхум халъхьэ Iэмалхэм тепсэлъыхьащ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэм илъэгъуар гурыхь зэрыщыхъуар къыхэщу щIэныгъэ гуэдзэм дяпэкIи щIыналъэм зэрызыщиужьынур и фIэщ зэрыхъур жиIащ, дэтхэнэ сабийм бгъэдэлъ сэнаущыгъэм теухуауэ яхузэфIэкI къызэрымынэнуми тригъэчыныхьащ. «Мыпхуэдиз дахагъэр къэзыгъэщI сабийхэращ ди пщэдейри ди къэкIуэнури зэлъытар. ТлъэкI тщIэнущ абыхэм я къэухьым зезыгъэужь щIэныгъэ унэтIыныгъэр нэсу зэтеувэн щхьэкIэ», — жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
  • ШУРДЫМ Динэ.