Адыгэхэр: блэкIар, нобэр, къэкIуэнур
2021-05-26
- Ди газетым зэрытетащи, накъыгъэм и 18-м КъБКъУ-м щызэхэтащ «Адыгэхэр: блэкIар, нобэр, къэкIуэнур» фIэщыгъэм щIэт дунейпсо щIэныгъэ-практикэ конференц. Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэм ирихьэлIэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм къызэригъэпэща а Iуэху щхьэ-пэм хэтащ Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм, Мэздэгу къикIа лIыкIуэхэр. Онлайн мардэм иту Тыркум, Сирием, Иорданием, Европэм щыIэ адыгэ хасэхэри къеблэгъащ.
- ЗэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, КъБКъУ-м и ректорым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Алътуд Юрий, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэрэшей — Шэрджэс институтым и унафэщI Тхьэгъэпсэу Рэмэзан, Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэуIу советым и тхьэмадэ Къалмыкъ Жылэбий сымэ, нэгъуэщIхэри.
- ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэр къыщызэIуихым жиIащ блэкIар зыщыдмыгъэгъупщэу, къэкIуэнум дытелажьэу дыпсэун зэрыхуейр.
- — Кавказ зауэр зэриухрэ мы гъэм илъэси 157-рэ ирокъу. «БлэкIар зымыщIэжым къэкIуэну иIэкъым», — жаIэ адыгэхэм. Кавказ зауэм лъы куэд щагъэжащ, ар адыгэ лъэпкъым и тхыдэм хэт лъэхъэнэ нэхъ хьэлъэхэм, гущIыхьэхэм ящыщщ. А гузэвэгъуэшхуэм къелауэ, я щхьэ яхъумэжыфауэ лIакъуэ 8-нэ къытщIохъуэ иджыкIэ. УзэплъэкIыж зэпыту упсэу мыхъунуми, блэкIар тщIэжрэ, апхуэдэ дяпэкIэ къызэрыдмыгъэхъужыным дытелажьэу дыпсэупхъэщ. Ди бзэ, хабзэ, гъэсэныгъэ, тхыдэ зыщыдгъэгъупщэнкIэ Iэмал иIэкъым. Уи гуапэ мыхъуу къанэркъым, дуней псом щызэбгрыпхъа хъуа адыгэхэр зыхэс къэралхэм пщIэ ин къызэрыщыхуащIыр, абыхэм я цIэр фIыкIэ къраIуэу яхуэфащэ увыпIэ зэраубыдыжыфар.
- Мы зэманым дунейр щытыкIэ гугъум итщ, гузэвэгъуэшхуэм хэт къэралхэр щыIэщ. Ди тхыдэм хэта гуIэгъуэр тщIэжрэ, апхуэдэ нэщхъеягъуэм адрей лъэпкъхэр зэрыщытхъумэным дыхущIэкъун, къыхуедджэн хуейщ. Дэ фIыуэ къыдгуроIуэ, лъэпкъым илъэгъуа гузэвэгъуэр тегъэщIапIэ ящIу дызыгъэжэкъуэну хуейхэри зэрыщыIэр, апхуэдэхэм задевмыгъэшэхыну фыкъыхузоджэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, лъэпкъым зыгуэр хуэпщIэн е абы и цIэкIэ утыку уихьэн папщIэ, акъыл гъэтIысакIэ мызэ-мытIэу уегупсысын хуейщ. КъэкIуэну щIэблэм, лъэпкъым и пщэдейм и жэуаплыныгъэ ин дэтхэнэми зэрытхьыр зыщывмыгъэгъупщэну сыныволъэIу, — захуигъэзащ ДАХ-м и тхьэмадэм къызэхуэсахэм.
- КIуэкIуэ Казбек и цIэкIэ конференцым кърихьэлIахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём.
- — Лъэпкъым и тхыдэм, щэнхабзэм зегъэужьынымкIэ, абы хэт зэIумыбзхэр наIуэ къэщIынымкIэ мы зэIущIэр щхьэпэну сыщогугъ. НобэкIэ адыгэхэм зыкъагъэлъэгъуэну, езым я увыпIэ къагъуэтыжыну, зэрызаужьын хэкIыпIэхэм лъыхъуэну IэмалыфI ягъуэтащ. Кавказ зауэм адыгэхэм къытхуихьа гузэвэгъуэ иныр, хэщIыныгъэм и Iэужьыр зылъагъухэм фIыуэ къыдгуроIуэ лъэпкъым и ефIэкIуэныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ дуней мамырым фIэкI зэрыщызыIэрумыгъэхьэфынур. Апхуэдэ дыдэу зыхэтщIыкIын хуейщ, ди зыужьыныгъэр нэгъуэщI лъэпкъхэм зэран яхуэхъункIэ Iэмал зэримыIэр. Конференцым хэтхэм ирагъэкIуэкI псалъэмакъыр псом хуэмыдэу мыбдеж къыщызэхуэса щIалэгъуалэм къахуэщхьэпэну сыщогугъ, — жиIащ Къуэжей Артём.
- Къэралым, лъэпкъым, щIалэгъуалэм, щIэныгъэ дунейм дежкIэ конференцым иIэ мыхьэнэм теухуауэ щытащ КъБКъУ-м и ректорым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Алътуд Юрий и къэпсэлъэныгъэр:
- — Мыпхуэдэ зэIущIэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, тхыдэ пэжыр псоми ящIэн хуейщ, иужькIэ зэIумыбз къэмыхъужын хуэдэу. Абы и лъэныкъуэкIэ КъБКъУ-м лэжьыгъэ ин щокIуэкI. Псом япэрауэ, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ хэкумрэ лъэмыж дахуэхъуу жыпIэ хъунущ, КъБКъУ-м хэхэс адыгэхэм я щIэблэ куэд щоджэри. НэгъуэщI къэралхэм ящы-щу лъэпкъ 200-м нэблагъэ щоджэр ди деж. Гъэ къэскIэ абыхэм къахыдогъахъуэ. ЩIэныгъэм, егъэджэныгъэм теухуауэ КъБКъУ-м игъуэт зыужьыныгъэм адэкIи къыпытщэну ди му-радщ.
- Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэрэшей-Шэрджэс институтым и унафэщI Тхьэгъэпсэу Рэмэзанкъыщыпсалъэм жиIащ конференцым и мыхьэнэр зэрыиныр абы кърагъэблэгъахэм яIэ пщIэ лъагэм къызэригъэлъагъуэр. Ар тепсэлъыхьащ лъэпкъыр зыIущIэ лъэпощхьэпохэм, абыхэм я хэкIыпIэу езым къилъытэхэм. Тхьэгъэпсэум зи щхьэ зыхуэмыхъумэжа лъэпкъ мащIэхэм я щапхъэ къихьри, дыдейм апхуэдэ гузэвэгъуэ и щхьэ къримыкIуэн папщIэ, дэтхэнэми хузэфIэкIыр илэжьыну къыхуриджащ.
- КIэрашэ Тембот и цIэр зезыхьэ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Адыгэ институтым и унафэщIым и къуэдзэ Бадынокъуэ Марзият лъэпкъым зихъумэжын, абы зэманым декIуу зиужьын папщIэ Адыгейм щащIэхэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ. Бадынокъуэм зэрыжиIамкIэ, адыгэбзэр джынымкIэ проект офис къызэрагъэпэщауэ, абы кърагъэблэгъахэм унэтIыныгъэ зэхуэмыдэу 7 трагуэшауэ мэлажьэ, Iуэху инхэр къаIэт. Анэдэлъхубзэр зэзыгъэщIэну хуейхэм папщIэ пщIэншэу курс зэхашати, цIыхушхуэ къызэрекIуэлIам къыхэкIыу, иджы апхуэдэхэр щIыналъэхэми щащIыну траухуащ. Нэхъ сабий дыдэхэр бзэм драгъэхьэхын папщIэ, абыхэм фIыуэ ялъагъу таурыхъхэр я ар-тист нэхъыфIхэр къагъэсэбэпурэ адыгэбзэкIэ «къагъэпсалъэ».
- — Сыт длэжьми адыгэхэм я Iэужь дахэр зэрытхъумэным дыхущIокъу. Ди щIалэгъуалэр я нэхъыжьхэм яхуэфащэу псэуну къыхудоджэ, — жиIащ Бадынокъуэ Марзият.
- Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэм езым, псом хуэмыдэу хэхэс адыгэхэм я дежкIэ мыхьэнэ ин зэриIэм, конференцым къыщаIэт псалъэмакъхэм и гуапэу зэрыхэтым теухуауэ и гупсысэ къигъэлъэгъуащ КАФФЕД-м и унафэщI Шекерджи (Мамхэгъ) Йылдыз.
- Адыгэхэм я блэкIар, нобэр, къэкIуэнум теухуауэ зэIущIэм къэпсэлъэныгъэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ тхыдэ щIэныгъэхэм я докторхэу Къэжэр Артур, Къалмыкъ Жылэбий, Къущхьэбий Анзор, Кузьминов Пётр, филологие щIэныгъэхэм я кандидат Дзыбэ Айшэт (КъШР) сымэ, нэгъуэщIхэми.
- Дунейпсо конференцым хэтахэм я докладхэр щызэхуэхьэса тхылъ щхьэхуэ къыдагъэкIыну зэрамурадыр жаIащ къызэгъэпэщакIуэхэм.
- ЩОМАХУЭ Залинэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.