Хы Iуфэм
2021-05-26
- МАХУЭЛI Нарзан
- Телъыджэ щэхукIэ псэр зыхьэхур
- Зи напщIэ телъу къигъэщIа!
- Жэщ уафэм вагъуэу къыIэщIэхур
- Хэз хъууэ зи щIэр из ищIа!
- Уи щIыфэ бзийхэр щызопсалъэ,
- ЩызэфIонэжхэр, щызокIуж.
- Уи пащхьэ ситщи, уи зы налъэ
- Сыхъуауэ си псэр солъэгъуж.
- Зи теплъэр нэсу пхуэмыIуатэм
- Къритми уи псэм гукъыдэж,
- Уэм хы тхьэрыкъуэу щызелъатэм
- КIуа тхыдэр сакъыу къраджэж.
- Сыхуейти гуауэр къэсIуэтэну,
- Къыслъимыгъэсу псыщхьэр магъ.
- Схурикъукъым гур хэзгъэупщIыIуэну
- Спэщылъ хы фIыцIэр зиинагъ.
- Из хъуащи пшэхэр сщхьэщыт уафэм
- ЩIым къохри нэпсу заунэщI.
- ГухэщIхэу си псэр щIэзылъафэм
- ТкIуэпс мащIэу хышхуэр
- къысфIагъэщI.
- Толъкъун къэтэджу темыужхэм
- СапимыкIуэту махуэ къэс,
- Езэш зымыщIэ гукъэкIыжхэм
- Адыгэш къабзэм сагъэшэс.
- Адыгэ ныпым ириIауэ,
- Мес… щхъуантIэу псыщхьэм
- зысфIехъуэж.
- Адыгэ гугъэм хуит ищIауэ
- Толъкъунхэр шууэ гъуэгу тохьэж.
- Адыгэ лIыгъэм и фэеплъу
- БампIэшхуэ щIэлъщи хым и щIагъ,
- Хым и фэ Iувым къыкIэщIэплъу
- Си лъэпкъ и тхыдэр ноби магъ.
- Зы ткIуэпс къэсыхукIэ зы архъуанэ…
- Згъуэтыжкъым IэфIу нэгу щIэлъар…
- Ей, ХЫ ФIЫЦIЭЖЬУ зи щIэр гъуанэ,
- Хей дапщэ уэ щIебгъэлъэфар?!
- Сэ сызей лъэпкъым Iэджэ щIауэ
- Уэ ухуэхъуащи лъапсэкIуэд,
- Зэм сфIощI ди деж сыкъэкIуэжауэ
- Уи лъабжьэм щIэлъщи дэ тщыщ куэд.
- Сэ схэмылъа
- къысхэплъхьэфынкъым,
- СIуумыхыфыни куэду схэлъщ.
- Сэ сызыпыт къудамэр инкъым,
- ИтIани дигухэр зэбгъэдэлъщ.
- УацIыху уэ псоми Iэджэ щIауэ,
- Иджы сэ зыкъозгъэцIыхунщ.
- Зы ткIуэпскIэ хыр нэхъ куу усщIауэ
- Езым уи фIэщ схуэщIынкIи хъунщ.
- Ар сыт губжьыкIэ!.. ТеужыкIэ!..
- Дызэщхьщи си гур къеуэрейщ.
- КъепхуэкI толъкъунхэр шы темыкIэ
- Езыгъэсахэм сэ сарейщ.
- Сарейщ зи гъащIэр лIыгъэ щIапIэу
- Утыку ихьэфхэу махуэ къэс,
- Уанэгу исахэм фIыр я плъапIэу…
- Псэуахэм хуэзэми мафIэс.
- Сарейщ гугъэшхуэр цей пэлъытэу
- Лъэпкъ фащэу я пкъым хэкIэжыху,
- Я дахэр хырамыгъэутэу
- Псэуахэм бийр къапэлъэщыху.
- Сарейщ я гугъэр хъуху
- нып щхъуантIэ,
- Къыжьэдамыкъуэу шы пщIэнтIар,
- Къалъысу тхыдэм и зы жьантIэ
- Гъуэгужь тетахэм… ПщIэжкъэ ар?!
- УощIэж уэ псори… Ауэ гъащIэм
- Куэдыщэ хэлъщи бгъэгъу мыхъун,
- Гугъущ ущысхьыныр уэр
- нэхъ мащIэм…
- Гугъущ щыбгъэIэныр уэр нэхъ ин…
- ИтIани, губжьым уесэжауэ,
- Бзаджагъэр хъумэ уи пкъым щыщ,
- НэкIущхьэм нэпс къытелъэдауэ
- Лъэпкъ псо плъэщIыныр
- зым щымыщ.
- Толъкъун къэсыхукIи лIэкIэ ящIэ,
- Ауэ псым и кум къыщохъуж.
- Ей, хы фIыцIэжьу толъкъун защIэ,
- ТIыпхам щыщ тIэкIу къэдгъэгъуэтыж.
- Тхыдэжь архъуанэм исыкIыфу
- Гугъэшхуэрщ кхъухьу дэ диIар.
- Къыздэсым нобэ Iамыхыфу
- Аращ си лъэпкъым къыхуэнар.
- Хы Iуфэм хэплъэу, зигъэщхъауэ,
- Псы удзым лыду телъ уэсэпс!
- Аракъым хыр уэ къыпщысхьауэ
- УищIакIэ и пкъым щыщ зы ткIуэпс.
- Зэм хыр къысIуоплъэ къысхуэгуапэу,
- Зэм гужьеигъуэу мэуфэрэнкI.
- Тхыдэжь къэслъыхъуэм и зы напэу
- Толъкъун къэсыху зызогъэдзэкI.
- АрщхьэкIэ згъуэткъым
- насып Iуащхьэр.
- ГухэщIмэ цIыкIури сыту ин.
- Толъкъун къиуам ихьа псынащхьэр
- ЩIэрыщIэу хэт къитIэщIыжын?!
- ТемыкIуэдэжу и пшыналъэм
- Бжьэмийр зи Iупэ хуэзыхьар,
- Хэт къеджэжын щымыIэж псалъэм?!
- Хэт къихъумэн лъыхъуакIуэ кIуар?
- ЛIэщIыгъуэ хуабэ зыхуэныкъуэм
- Жыг тхьэмпэр хуэхъуркъым тепIэн.
- ТщабзыщIми гъащIэ щIэлъэныкъуэм
- Тегушхуэу пэжыр хэт жиIэн?!
- Хэт къызжиIэн хущыщIэр си псэм?!
- Ей, хы фIыцIэжьу насып-дыгъу!
- Уи хущхьэ закъуэм хэлъ гупсысэм
- УлъэIэсыныр сыту гугъу!
- Щхьэхуитыныгъэр зыхуэфащэм
- Езым и Iэщэр къегъуэтыж.
- Ар хегъэзагъэри щыгъ фащэм,
- Гупсысэм бжьыпэр иретыж.
- ЕIэтри ныпыр щхьэпэлъагэу,
- ЛIыхъужь псэуахэм ядоплъей.
- ЙокIуэкI и лъэпкъым ирипагэу.
- НэгъуэщI насыпи ар хуэмей.
- Апхуэдэ лIыфIхэм соджэр псэкIэ…
- Ей, Хышхуэу псори къызыхуэгъу,
- Къытлъагъэсынтэкъым IэнэкIэ,
- Зэманым иIэтэм гущIэгъу.
- Уи толъкъун хъушэм сахэплъамэ
- Гъунапкъэм си нэр нэмыплъыс.
- Сигу къеуэ псор ятезгуэшамэ
- Къэнэну пIэрэт зылъымыс?!
- ЦIыху дапщэ дыхъухэми хэт зыщIэр
- Къыпхуеблэгъэжыр гъэ къэсыху.
- КъыпхотэджыкIыр толъкъуныщIэ
- Дэ тщыщхэр щIылъэм ехыжыху.
- Жыг жьауэр ди псэм зэрыфIэфIу
- Гъэмахуэ дыгъэр щыетам,
- Сехьэху къызэджэу, и гур схуэфIу
- Зи тхыдэр пшэхум хыхьэжам.
- НэщI хъуамэ унэр, хэт зиягъэр?!
- Iей псори теплъхьэ хъуркъым бийм.
- Хуэубыдкъым Iупхъуэм
- кIэгъэпшагъэр,
- Пэлъэщу щытми дыгъэ бзийм.
- Дыгъуэспщыхьэщхьэ,
- гур хигъэщIу
- Зы Iыхьэ дыгъэм къыгуэпкIат.
- Я нэпс плъыжьыпсхэр ямылъэщIу
- Бзий пщтырхэр хым щIэтIысыкIат.
- Иджы псы куум яфIыхыхьауэ
- Ипкъ щыщыр дыгъэм къегъуэтыж.
- Гъущабзэу псым къыхихыжауэ
- ЛъэгапIэ жыжьэм ар здехьыж.
- Къыслъысу сэри фIэхъус гуапэр,
- Къысхуэлъэгъужу си толъкъун,
- ДыгъэпскIэ хым щитхьэщIкIэ напэр,
- Хэлъэту хъуаскIэр сохъу нэхъ ин.
- ЗэрокIри си гур хы абрагъуэу,
- КъызэщIигъаплъэу псэм и жьэгу,
- Си гущIэ лъапсэр я лъэслъагъуэу
- НэгъуэщI дунейхэр щIокI си нэгу.
- Ди Iуэху дэкIынуи Тхьэ солъэIур,
- Губжь къемыIэжу си тэмакъ…
- Толъкъун щхьэхуитхэм
- сащIодэIур
- Зэхэсхыу гум и къеуэ макъ.
- Къамлыкъуэ къуажэ.
- 1997 — 2020 гъгъ.