ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ди  тхыдэмрэ ди  къалэнымрэ

2021-05-21

  • ДАХ-м  и  тхьэмадэм  и  псалъэ
  • Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрми дуней псоми щыпсэу адыгэхэм (шэрджэсхэм) ягу къагъэкIыж тхыдэ мыхьэнэ зиIэ Iуэху — илъэс куэдкIэ екIуэкIа Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 157-рэ зэрырикъур. А зауэ шынагъуэм теухуауэ ятхари жаIари мащIэкъым. Апхуэдэу щытми, лIэщIыгъуэ псокIэ екIуэкIа зауэм цIыхубэр гузэвэгъуэу зыхигъэтар лъэпкъым нобэми щыгъупщэркъым.

  • КIыхьу екIуэкIа зауэ гущIэгъуншэм кърикIуаращи, зи щхьэ бжыгъэкIэ куэд дыдэ хъууэ щыта адыгэ лъэпкъыр дуней псом щикъухьа хъуащ.
  • Дэ дигу илъынущ къыщалъхуа адэжь щIыналъэр яхъумэурэ зауэ губгъуэм зи псэхэр щызытахэр, ди щхьэхэр яхудогъэщхъ Кавказ зауэм хэкIуэда псоми, абыхэм я фэеплъыр дгъэлъапIэу. Апхуэдэу щытми, уи блэкIам ухуеплъэкIыж зэпыту, уIэгъэжьхэр къэбгъэятэжу упсэу хъунукъым. Дэ дыкъызытехъукIа нэхъыжьхэми къытщIэхъуэну щIэблэхэми я пащхьэ щIыхь зыпылъ къалэн щыдиIэщ — а илъэсхэм къытхуахьа гуауэр тщымыгъупщэну икIи апхуэдэ афIэкIа зэи къэдмыгъэхъуну.
  • Сыт хуэдэ гугъуехь Iумыуами, адыгэхэр къызэфIэщIакъым, цIыхуфэм дэмыхуэн жыхуаIэхэм хуэдэ бэлыхьхэм къыпхыкIыфащ, я бзэр, щэнхабзэр, дунейм тет нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэзыгъэщхьэхукI я дуней тетыкIэ дахэр, Адыгэ хабзэр яфIэмыкIуэдауэ. Нобэ адыгэхэр (шэрджэсхэр) дэнэ щIыпIэ имысми, урысхэми, къызыдекIуэкI нэгъуэщI лъэпкъхэми ягурыIуэу ядопсэу. Хэхэс адыгэхэми пщIэшхуэ къыщыхуащI зэрыс къэралхэм. Абыхэм къахэкIащ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа куэд — щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр, тхакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, Нобель и саугъэтым и лауреатхэр, олимп чемпионхэр. Абыхэм къулыкъу лъагэхэр щаIыгъщ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум хыхьэ къэралхэм я правительствэхэм, дзэхэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм. Къапщтэмэ, Иорданием и пащтыхьым и хъумакIуэхэр ди лъэпкъым къыхэкIа щIалэхэрщ. Лъэпкъым апхуэдэ пщIэ дэнэкIи къызэрыщыхуащIыр я фIыгъэщ ди нэхъыжьыфIхэу щIэблэм щапхъэ дахэ языгъэлъэгъуахэм икIи абыхэм дэ нобэ фIыщIэ мыухыж яхудощI.
  • ДызэплъэкIыжмэ, ди тхыдэм къыхэщыж гузэвэгъуэшхуэхэм нэмыщI, абы IуэхуфIхэмкIэ гъэнщIа, лъэпкъым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIа напэкIуэцIхэри зэрыхэтыр, Кавказ зауэм щIидзэн ипэкIэ урысхэмрэ адыгэхэмрэ яку дэлъа зэпыщIэныгъэфIхэр зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Урысей къэралыгъуэм дызэрыхыхьар хуэщхьэпащ адыгэхэр хамэ къэрал зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэтыфыным, апхуэдэуи лъэпкъым и лъэр щIэзыуду лIакъуэхэм яку дэлъа зэгурымыIуэныгъэхэмрэ зэныкъуэкъухэмрэ, Кавказым кIэ имыIэу щекIуэкIа зауэхэм щахъумащ.
  • Адыгэхэм я тхыдэм ущызрихьэлIэ нэщхъеягъуэхэм я гугъу щытщIкIэ, дэ тщыгъупщэркъым нэгъуэщI лъэпкъхэми я блэкIам апхуэдэ гузэвэгъуэ лъэхъэнэхэр зэрыхэтар.
  • А къэхъукъащIэхэм дерс къыхэхын хуейщ, Урысейм щыщ лъэпкъ куэдым ягъэвыну къахуихуа гузэвэгъуэхэмрэ гуIэгъуэхэмрэ хуэдэхэм афIэкIа къытрамыгъэзэжын папщIэ.
  • Ди нэхъыжьхэм я фэеплъхэр дгъэлъапIэкIэрэ, абыхэм фIыщIэрэ щIыхьрэ яхуэтщIкIэрэ, къэкIуэнуми дегупсысын хуейщ, ди республикэмрэ къэралымрэ щызэдэпсэу лъэпкъхэм яку дэлъ фIыр, дахагъэр хъума хъун, зэныбжьэгъугъэр дгъэбыдэн, лъэпкъхэм заужьын папщIэ.
  • Зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ нэхур догъэлъапIэ. Ахэр сыт щыгъуи дигу илъынущ, абыхэм фIыщIи яхуэтщIынущ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым ис цIыхубэр, адыгэ псори узыншэу, мамыру, зэхуэгуапэу, зэIузэпэщу псэуну ди гуапэщ. Псоми ди зэхуэдэ унэм сыт щыгъуи зэгурыIуэныгъэрэ зэкъуэтыныгъэрэ, мамырыгъэрэ гупсэхугъуэрэ ирырелъ.
  • СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий,
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.