2021-05-21
- Гъыбзэм и купщIэр зыхэдмыщIэжрэ?..
- Илъэс къэс накъыгъэм и 21-м дунейм щикъухьа адыгэхэм я бзэгум телъщ мы псалъэхэр: «Истамбыл гъуэгу гущэри, уэ унашэкъашэти. Адыгэ бэракъ гущэри, жьыбгъэм къызэрехьэри, ди дежхэм я хъыбархэри хэт фэ къыфхуихьыну».
- «ИстамбылакIуэ»-кlэ зэджэ мы гъыбзэр, Къэбэрдейм и мызакъуэу, адыгэ псоми, абазэми, шэшэнми, осетинми яйщ… Кавказ лъэпкъхэм я зэхуэдэ гуауэр къеlуатэ. Ар къызыхэкlыр лъэпкъгъэкlуэд зращlылlа лъэпкъхэм къэкlуэным зэрызыпищlэ, гуауэшхуэр игу къэзыгъэкlыж нэщэнэу, нагъыщэу зэрыщытырщ.
- Тыркум щыпсэухэм ящыщу гъыбзэ жыlэным хуэIэкIуэлъакIуэ Къущхьэ Догъэн, Рахшан Ердоган Йылмаз, Метин Гюн («Вайнах» гупыр къызэзыгъэпэщар), Алтан Гюлджан сымэ «Жьынэпс» газетым и упщlэхэм жэуап къратащ.
- — Адыгэ гъыбзэхэм сыт къытхуаlуатэр? Гъыбзэхэм кавказ лъэпкъ гъащlэм теухуауэ сыт хуэдэ мыхьэнэ яIэр? Хэт е сыт гъыбзэ щlызэхалъхьэр?
- Къущхьэ Догъэн: Адыгэ уэрэдхэр lыхьищу бгуэш хъунущ: уэрэдхэр, уэрэдыжьхэр, гъыбзэхэр. Ауэ къохъу, тыркубзэмкlэ зэрыгупсысэм къыхэкlыу, уэрэдыжьымрэ гъыбзэмрэ щызэхамыгъэкlыфи. Уэрэдыжьыр зыхуаусыр зауэм лlыхъужьыгъэ къыщызыгъэлъэгъуахэращ. А гууз уэрэдхэм лъэпкъым и гум иригъэхуркъым зытепсэлъыхь лlыхъужьым и цlэр. Гъыбзэр зытраусыхьыр къэхъуа гуауэшхуэхэращ. Дауи ирехъу, мы псоми лъэпкъым ди щэнхабзэр, тхыдэр къэкlуэну лъэхъэнэхэм ирапхащ. Уэрэдыжьри гъыбзэри тхыдэ дэфтэрщ. Псоми къаlуатэр адыгэм ди щхьэ кърикlуар, лей къытлъысар аращ. Мыхэр тхъумэн хуейщ. Ауэ хэхэсым мы гулъытэр тхэлъыжу сыгугъэжкъым.
- Алтан Гюлджан: Гъыбзэ зытражыlыхьыр цlыхум е лъэпкъым и гъащlэм къыщытехьэлъа къэхъугъэхэращ, гуауэхэращ. Лlэныгъэм, зауэм хэкlуэдахэм, лъэпкъ гуауэм, хэку бгынэным, щlыуэпсым къихь мыхъумыщlагъэхэм е лъагъуныгъэ зыфlэкlуэдхэм теухуауэ зыхалъхьи щыIэщ.
- Лъабжьэ куу иlэщ адыгэ щэнхабзэм. Нобэм къэса а усэхэм къаlуатэ зауэр, ем пэщlэтыныр, лъэпкъгъэкlуэдыр, абы къыхэкl гуауэхэр. Ди адэжьхэм я щхьэ кърикlуа мыгъуагъэм и гуауэр дэ ноби гукlэ зыхыдощlэ. Мыбыхэм лъэпкъым и гукъэкlыжхэм увыпlэшхуэ щаlыгъщ.
- Рахшан Ердоган Йылмаз: Илъэс lэджэкlэ екlуэкlа хэку зауэжьым къыхэкlыу адыгэмрэ кавказ лъэпкъхэмрэ я гъащlэм мыужьыхыжыну хэпща хъуащ абы хэкlуэдахэм, лlыхъужьыгъэ къэзыгъэлъэгъуахэм, лъэпкъым пэрыт хуэхъуахэм ятеухуа гъыбзэхэр. lуэрыlуатэм, уэрэдхэм, гъыбзэхэм лъэпкъым и гукъэкlыжым хэту къаlуэтащ гуауэр, лlыхъужьыгъэр. Анатолиер тlысыпlэ зыхуэхъуа адыгэм гукъыдэж хуиIэкъым ищхьэ кърикlуам и гъуазэр къиlуэтэным. Ауэ и гъыбзэхэм къаlуатэ лъэпкъым гущlыхьэ хуэхъуа гуауэр. Лажьэ имыlэу лей зылъыса е яукlа дэтхэнэ зы нэрыбгэми и гуауэр хэтщ абыхэм. Кlэщlу жытlэмэ, гъыбзэхэращ лъэпкъым гукъинэ хуэхъуа дэтхэнэ и зы гуауэри зыхъумар.
- Метин Гюн: Шэшэн щэнхабзэмкIэ, зи хэку имысыжым ар игу къыщридзам деж, зауэм хэкlуэда я lыхьлы-благъэхэм, фlыуэ ялъагъу яфIэкlуэдахэм щхьэкlэщ гъыбзэ щlаусыр. Гъыбзэр гуауэр къыщыхъуа лъэхъэнэм къриубыдэу усэбзэкlэ жаlэ. lуэрыlуатэ и зы lыхьэщ ар. Илъэс lэджэ дэкlами, дэ нобэ ди гъыбзэхэм дыщедаlуэкlэ, дыхиубыда хуэдэу, а гуауэр гукlэ зыхыдощlэ. Ди жагъуэ мэхъу, псэкlэ къыттохьэлъэ. lуданэ зырызу зэхэхъам хуэдэу, гъыбзэхэм щызэхэлъщ литературэбзэкlэ ухуа лъэпкъ тхыдэр. Абыхэм дедаlуэмэ, лъэпкъым ишэча гуауэр дигу къагъэкlыж, тщагъэгъупщэркъым. Илъэсищэм щIигъу къызэранэкlа пэтрэ, лъэпкъым игъэва гуузыр дэри зыхыдощIэ.
- — Гъыбзэм гу лъыптэныр сытым къыхэкlа?
- Къущхьэ Догъэн: Ди щlалэгъуэм хуэзэу, дунейм ехыж дэтхэнэ зы нэхъыжьыфIми щэнхабзэм щыщ зы lыхьэ дэкlуэду гу лъыстащ. Си сабиигъуэм, си щlалэгъуэм си насыпу къызэхъулlащ ди нэхъыжьхэм я уэршэрым сыщlэдэlуныр. А уэршэр кlыхьхэм сыщедэlуащ Кавказ зауэм къыщыхъуахэм, лъэпкъым ди щхьэ кърикlуахэм. Ахэр къыщаlуатэкlэ, уэрэдхэри жаIэрт, псори дежьууэ. А псори зэрыкlуэдыжым гу лъыстэри, ахэр къэзугъуеижыным яужь сихьащ. Сэ макъамэм сыхуемыджами, ар lуэху зыщысщlыжат.
- Алтан Гюлджан: Дэ мы щlэиным дыхалъхуауэ, ди лъым мы щэнхабзэр хэту къызолъытэ. Лейм пэщlэувэныр, ебэныныр ди лъым хэту, ди гум илъу аращ дызэрыщытыр. Гъыбзэхэм сыщlэдэlумэ, а гуауэр зыхызощlэ икlи си щхьэр къызоlэт. Гъыбзэр щыжысlэкlи, ар щызэхалъхьа лъэхъэнэм сыщыпсэуауэ къысщохъу.
- Рахшан Ердоган Йылмаз: Уэрэд жыlэным цlыхур гъащlэм зэрыпищlэм хуэдэу, къысщохъу гуауэр къэlуэтэнри. Си къуэпсым хэту къыслъэlэсауэ къызолъытэ щхьэ къэlэтэнымрэ шыщхьэмыгъазэмрэ. Лей куэд зылъыса, гуауэ lэджэ зыгъэва лъэпкъым сызэрыщыщыр си гум илъ зэпытщ. А гуауэшхуэр цlыхухэм яхуэсlуатэу, аддэ куууэ ягукlэ зыхезгъэщlэну сыхуейщ. Апхуэдэ лъэпкъгъэкIуэд къэмыхъужын щхьэкlэ, ар ягу къэзгъэкlыжынущ, я гум изгъэхунукъым.
- Метин Гюн: Шэшэн макъамэм япэ сыщыlущlар 1978 гъэращ. Абы ипэ хэкум зэи зыпысщlатэкъым. А лъэхъэнэм тфlэгъэщlэгъуэну магнитофонкlэ дедаlуэрт, хэкум къраха кассетэхэм. А илъэсхэм хэкум зыпыпщlэныр нобэ хуэдэу тынштэкъым. Телефон, телевиденэ, интернет щыlэтэкъым. Кирилл алыфбейм тет тхыгъэхэри 1980 гъэхэращ япэу къыщытлъэlэсар. Си щхъуэфэцыр тэджат япэу гъыбзэ сыщедэlуам. Сыбырым яхуа си лъэпкъэгъухэм теухуауэ 1994 гъэм зы гъыбзэ седаlуэри, сигъэгъат. Апхуэдизу гущlыхьэ сщыхъуати, зэи сыздэмыкlуа, сымылъэгъуа си адэжь хэкур си нэгу къыщlыхьат.
- — Бзэр хъумэным сыткIэ хуэщхьэпэрэ гъыбзэхэр?
- Къущхьэ Догъэн: Куэду и фlыгъэшхуэ хэлъу къызолъытэ бзэр хъумэным. Сыту жыпlэмэ, адыгэбзэкlэ уэрэд жызыlэм бзэр фlы дыдэу ищlэн хуейщ. Бзэр умыщlэу мы уэрэдхэр, гъыбзэхэр пхуэгъэзэщIэнукъым.
- Алтан Гюлджан: ФIэкlыпlэншэщ. Уэрэдхэр къэугъуеижын хуейщ. Уэрэдыщlэхэри утыку къитхьэпхъэщ. Уэрэд щыжыпlэкlэ, псалъэхэр нэхъ псынщlэу гум къонэ, бзэ зэгъэщlэныр нэхъ тынш мэхъу. Сэ си анэбзэр нэхъ лъэщ сщlыну яужь ситщ.
- Рахшан Ердоган Йылмаз: Бзэр зымыщlэм дежкlэ гъыбзэхэмрэ уэрэдхэмрэ бзэм ирилъэlэсыну зы хэкlыпlэщ. Гъыбзэ-уэрэд щыжыпlэкlэ нэхъ къыбгуроlуэ бзэм и зэхэлъыкlэмрэ и лэжьэкlэмрэ. Мыбы теухуауэ жыlэпхъэщ бзэр зэзыгъэщlэну яужь ихьэм гъыбзэхэмрэ уэрэдхэмрэ дэlэпыкъуэгъу къызэрыхуэхъунур. Дгъэунэхуащ мы жысlар, сабийхэм уэрэд едгъэщlэну яужь дыщихьам.
- Метин Гюн: Дэри ди щlэблэщlэми анэбзэр е тщlэркъым, е мащlэущ зэрытщlэр. Зымыщlэхэм я бжыгъэри махуэ къэс хэхъуэурэ макlуэ. Апхуэдэу щыт пэтрэ, ди макъамэм, уэрэд-гъыбзэхэм гулъытэ нэхъ зэрагъуэтыр нэрылъагъущ. Анэбзэм иримыпсалъэхэми, зымыщlэхэми lэджэ къахокl уэрэд зэзыгъащlэрэ жызыlэрэ. Зи мыхъуми, жиlэну яужь зэритыр фlыкъэ?! Анэбзэр къигъэсэбэпыну зэрелlалlэр хъарзынэкъэ?! Цlыхухэм ягу ирихьа уэрэдым е гъыбзэм и псалъэхэр зыгурагъэlуэну, зрагъэщlэну яужь итхэщ. Абы къыхокl бзэ зэгъэщlэным гущlэкъу зэрыхуищlыр. Аращи, бзэ зэгъэщlэным теухуауэ зэфlэкl якъуэлъу къызолъытэ уэрэд-гъыбзэхэм.
- — Гъыбзэщlэ, уэрэдыщlэ ноби утыку къихьэрэ хьэмэрэ блэкlа лъэхъэнэм къыщына уэрэд-гъыбзэ зэхэлъхьэныр? Абы нэмыщlу ди гукъеуэмрэ ди зыхэщlэмрэ къызэрытIуатэр тыркубзэ хъуа?
- Къущхьэ Догъэн: Хэхэсхэм уэрэдыщlэ зэхалъхьэжыркъым. Закъуэтlакъуэщ… Щlалэгъуалэр яужь итщ зыгуэрхэр ялэжьыну. Ауэ мелуани 4 — 5 хъууэ жыхуэтlэ лъэпкъым уэрэд нэхъыбэ къакъуэкlын хуейт. Дэ лъэпкъ узыншэу дыщытамэ, нобэ хэкурысым зэхалъхьэ уэрэд бжыгъэр 4 — 5-кlэ нэхъыбэ хъунут. Ар къызыхэкlыр ныбжьыщlэхэм я анэбзэр зэрамыщlэжыр аращ. Дахошыпсыхь дызыхэсхэм, щlэгъэхуэбжьауэ. Щэнхабзэ лэжьыгъэу утыку къитхьэр нэхъ мащlэ мэхъу. Щыхупlэм дытетщ. Дыкъафэурэ дыджэгуурэ дыхокlуэдэж. Бзэр пlурымылъыжмэ, уи гурыщlэри, уи гупсысэри, уи гукъеуэри пщlэ бзэм хуокIуэ.
- Алтан Гюлджан: Си щхьэ теухуауэ жысIэнщи, си lэ къызэрихькlэ, уэрэдыщlэхэр утыку къисхьэным яужь ситщ. «Си псэ, си адыгэ», «Егъэджакlуэ»… Нэхъыбэж стхынуи сыхуейщ. Ди хэку дисыжамэ, ди псэукlэр нэхъ тынш хъуну къыщlэкlынт. Гугъущ хэхэсу упсэуныр, уи хабзэр зепхьэныр, уи бзэр пхъумэныр. Дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми илъщ пшынэ, пхъэцIыч е нэмыщl lэмэпсымэхэр, ди къуэпсым дыпищlэу. Ахэри хызобжэ ассимиляцэм дыпэщlэтынкlэ къытхуэщхьэпэхэм. Ар щапхъэу къэсхьу аращи, уэрэд зытхыфым ирыретх, бзэр зыщlэм нэгъуэщlхэр иригъэджэнщ, литературэм хэтым тхылъ итхынщ, зыхузэфlэкlым фильм трихынщ. Дауэ хъуми, зыгуэрхэр утыку къитхьэфын хуейщ, дыхэмыкlуэдэжын щхьэкlэ, ди къэкlуэнум здиунэтlын гъуэгу игъуэтын щхьэкlэ…
- Рахшан Ердоган Йылмаз: Ди бзэр тlэщlэкlмэ, гъыбзи уэрэди къэнэжынукъым. Пэжщ, ди гурылъхэр, ди гукъеуэхэр ди бзэмкlэ къэтlуэтэжыркъым. Ауэ мыбы щхьэкlэ дыкъимыкlуэту, лъэпкъым и гухэлъхэр зыIэрыдгъэхьэным дыхущlэкъупхъэщ. Сэ тыркубзэкlэ стха си уэрэдхэр, бзэр зыщlэхэм зызогъэдзэкl. Мыбыкlэ згъэунэхуну сыхэтщ тфlэкlуэдхэр къызэредгъэлыфынур. Бзэншэм лъэпкъ гупсысэкlэри фIокlуэд икlи хэшыпсыхьыжыныр щlегъэпсынщIэ. Кlуэурэ дызэрыкlуэдыжыр нэрылъагъу мэхъу.
- Метин Гюн: Гъыбзэр щаусыр щхьэм гуауэ кърикlуа иужьщ. 1994 гъэм екlуэкlа Урыс-Шэшэн зауэм иужь къихуэу гъыбзэ lэджи яусащ. Я хэку зыхэкъутам, сабий зеиншэу къэнахэм, я хэку яхъумэн щхьэкlэ зи псэр хэзылъхьахэм ятеухуащ ахэр. Цlыхум зыри химыщlыхьыфу и гур щlоуз а гъыбзэхэм щедаlуэкlэ.
- Щаус, щызэхалъхьэ хэкум уэрэдыщlэхэр. Ауэ хэхэс шэшэнхэм иджы къыздэсам макъамэм теухуауэ зыри утыку кърахьэфакъым. Иджы нэужьи, сыгугъэжкъым. Хэхэсхэм уэрэдыщlэ щIызэхамылъхьэжым и щхьэусыгъуэу къызолъытэ хэкум щыlэ уэрэдхэр интернеткlэ занщlэу къазэрыlэрыхьэр. Анэбзэр зыфlэкlуэдам и пщlыхьэпlэри хамэбзэ хъунущ.
- Си сабиигъуэм си анэм къысхуиlуэтэжат илъэс 30-кlэ Либям щыпсэуа зы шэшэн нанэ гуэрым жиlэжар: «Зыщызмыгъэгъупщэн щхьэкlэ, си закъуэу сыкъызэрынэу, шэшэныбзэкlэ сыпсалъэрт сэр-сэру». Зы лъэныкъуэмкIэ дызыхэт гъащlэм къытхуигъэува гугъуехьхэр щытщ, адрей лъэныкъуэмкIэ зэи тфlэмыкlуэдыпхъэ ди гугъэхэр къыщытщ.
- Мамхэгъ Хьикмэт.
- Адыгэбзэкlэ зэзыдзэкlар Къэрэшей
- Сэбэхьэттинщ.
- НэпсыкIэ щIаутхыкIыурэ, жьэгу
- пащхьэм и хуабэм щыгугъырт
- Жан мыгъуэм хьэкъугъыр къреш,
- Шэ пIэнкIри къыщелъэлъэхым,
- Жан и нэпситIыр къыфIолъэлъэх.
- Джаурыдзэр гум къыщилъэлъым,
- Жан гущэр къызэфIомахэ,
- ХэщIапIэм хэта и дэлъхур
- ФочпэбжкIэрэ кърахулIэжыр,
- ЛIы щауэм и псэуныгъэр
- А щIыпIэм щрагъэух.
- Сэ си дэлъхуу данагъуэ пащIэ,
- УмыпIащIэуэ зыпшыIэфатэмэ,
- Уи псэ тIэкIур IэщIэкIыфынт.
- Уи пыIэщхъуэр дыгъэм полыд,
- Къантэлэууэ уи ержыбыжьыр
- Къэзэуатым кIэлъызэрахьэт,
- Зэман кIыхькIэ къыщIепхьэкIар
- Нобэ махуэм къебгъэлэжьащ.
- Дэ лажьэшхуэу нобэ тлъэгъуахэр
- Ди бын къэхъухэм щаремыгъупщэ.
- Къулътынуэрэ куэншыбэ дахэр
- ФочыпэкIэ зыщыдагъэхыр,
- Гу зыхуэтщIауэ уэркъ щауэ щIалэхэм
- Зыщедгъэхыным дыхунагъэскъым,
- Сыт мыгъуэр дэ ди махуэж!
- Щхьэгъусэу псэм емыблэжым
- Хьэзырыбгъэу зэIулъ пщыкIухыр
- Уэрамыпэм щатреухэр.
- Инжыдж псыхъуэу Тхьэр зыдэбгэным
- Лъы бахъаер щызэрызохьэр,
- Муслъымэныр дызэрызехьэуэ
- Джаурыдзэм хьэлэч дыкъащI.
- ЩIыгу гущэуэ дызыщалъхугъэр
- ЛъыпсаекIэ къытхураIащ,
- МыдэкIэрэ дэ ди гум къеIари
- Сабий гъащIэу дэ тIэщIаударщ.
- Удын бзаджэу дэ къытлъысахэм
- Гуауэ гъыбзэр дагъэусыр.
- Къэралышхуэм и дзэ пакIэшхуэр
- Нэхущ мыгъуэм дэ къытщIотаджэ,
- Сабий цIыкIуу къэмытэджахэр
- ФочпэбжкIэрэ нызэбгырадзыр,
- КъуэкIий нэфым ныдадзэжахэр
- Анэ мыгъуэм зэщIащыпэж,
- Анэ бгъафэм къыщIаудахэр
- Сыт емынэм ящигъэгъупщэн?!
- Мы пычыгъуэр къызыхэтха «Жан и гъыбзэр», зэрынэрылъагъущи, зытеухуари зэхьэлIари Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм лъэпкъым и щхьэ кърикIуа хъугъэщIагъэ гуауэхэм языхэзщ. «Джаур зауэжькIэ» адыгэхэр зэджэу илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа лъэпсэрыхыр лъэпкъ щIэжым куууэ къызэрыхэнар, абы нэщIэбжьэу къыхэкIахэм я лъэужьыр удын бзаджэу абы зэрекIар къызыхэщыж уэрэдыжьхэр тхыдэм и гъуджэм хуэдэщ, блэкIар IупщIу уи нэгу къыщIагъэхьэу, ар пщыгъупщэ зэрымыхъунур дэтхэнэ зы псалъэми къаIуатэу. Тхыгъи тхыбзи зимыIа лъэпкъым и дунейри, и тхыдэри зэрихъумэр гукIэт, зы щIэблэм къыбгъэдэкIыу адрейм деж зэрынихьэсыжри IуэрыIуатэкIэт. Фэеплъым ужьых иIэкъым, ар зейм упыщIауэ, уигу щIэузу, укIэлъыIэбэрэ зэбгъэзэхуэжыну ухущIэкъуу дунейм утетыху.
- Хуэфащэ гулъытэ имыгъуэтами, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, къыдигъэкIыгъат тхылъ гъэщIэгъуэн, къызэщIиубыда IуэхугъуэкIи зытеухуакIи тхыдэ къэхутэныгъэшхуэхэм япэшачэу, IуэрыIуатэ щIэныгъэр къыщыгъэнауэ, лъэпкъ щIэныгъэм увыпIэшхуэ щиубыдыну къылъысу. «Пащтыхь зауэжьым и зэманым къежьа адыгэ уэрэдхэр» — аращ зэреджэр а тхылъ фафIэшхуэм. Урыс-Кавказ зауэм къыдэунэхуа, лъэпкъым и щхьэ кърикIуэ тхьэмыщкIагъэхэм траусыхьа уэрэдхэм я зэужьщ ар. Абыхэм ящыщ гуэрхэр мызэ-мытIэу совет лъэхъэнэм дунейм къытехьауэ щыта IуэрыIуатэ тхылъхэм ихуауэ щытами, мы къыдэкIыгъуэм хуэдэу а илъэс жьыуейхэм екIуэкIа псор нахуэ ищIу, куэд къызэщIиубыдэу щыIакъым жыпIэми егъэлея хъуну къыщIэкIынкъым.
- Псом япэрауэ, къыхэгъэщыпхъэщ Урыс-Кавказ зауэм къыдежьа уэрэдыжьхэмрэ къыщаIуатэрэ зытеухуа IуэхугъуэкIэ абыхэм япэгъунэгъуу зэхалъхьа IуэрыIуатэхэмрэ къызэрымыкIуэу куэд зэрыхъур. Дунейм къытемыхьауэ, архив гъэтIылъыгъэхэм щызэбгрыпхъауэ хэлъу, къытетхыкIыжын хуейуэ фонотхыгъэхэм тету щыIэр бжыгъэншэщ. Мис абыхэм ящыщщ зи гугъу тщIы тхылъым пкъы хуэхъуа уэрэдыжьхэр. IуэрыIуатэ щIэныгъэм къыIэрыхьэжащ къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр къызылъыкъуэкIыну тхыгъэ купщIафIэ куэд.
- ЕтIуанэрауэ, IуэрыIуатэкIэ фIэкIа дызыщымыгъуазэу щыта Iуэхугъуэхэм хэлъ пэжым тхыдэтххэмрэ тхыдэхутэхэмрэ къатIэщI архивхэр кIуэ пэтми лъэныкъуэ куэдкIэ щыхьэт къабзэ тохъуэ, тхыдэ тхылъымпIэу къыкъуэкIыжхэри я шэсыпIэу къоув. А лъэныкъуэмкIэ укъеплъмэ, лъэпкъ тхыдэр зэфIэгъэувэжын и IуэхукIэ уэрэдыжьхэр узыблэплъыкI мыхъун фIыгъуэщ.
- Ещанэрауэ, уэрэдыжьхэм яхъумащ лIыхъужь куэдым я цIэхэр. Лъэпкъым и тхыдэр къэзыгъэщIыр цIыхущ, Iущыгъэ, щIэныгъэ, лIыгъэ хилъхьэкIэрэ. Франджы тхыдэтх Ардуэн Жан зэрыжиIащи, «къыщыхъуарэ щекIуэкIакIэ тхыдэр пщIэныр хъарзынэщ, ауэ а псор къэзыгъэхъуахэмрэ къэзыгъэщIахэмрэ ущыгъуэзэныр хьэлэмэт дыдэщ — ар къэзыхутэм тхыдэ зэрищIым и мызакъуэу, зыбгъэдилъхьэж цIыхубэр а тхыдэм пещIэ, блэкIамрэ къэкъуэнумрэ нобэрей махуэхэмкIэ зэрепх. ЦIыху зыхэмыт тхыдэр лъэмыж зытемылъ псыежэхым ещхьщ: дахэщ, узыIэпешэ, ауэ ухыхьэну узытригъэгушхуэркъым. Ауэ а тхыдэм нэгу зиIэ цIыху къыщыхэпшкIэ, гушхуэныгъэ къозыт щапхъэ жылэм ибот, фIым и фIыжыр гъуазэ абы хубощI». Арэзы узытемыхъуэнкIэ Iэмал зимыIэ еплъыкIэщ. Адыгэ тхыдэр къэзыгъэщIа ди лIыхъужьхэм ягъэлъэгъуа хахуагъэмрэ зэрахьа лIыгъэмрэ и мызакъуэу, цIэкIэ тщIэнри щIэжыр зыхъумэ, зэхэщIыкIыр нэхъ лъагэу къэзыIэт Iуэхугъуэщ. ФIэщ щIыгъуейщ уэрэдым зи лъэпкъыцIэ хэту ирихьэлIа ныбжьыщIэм ар зыщигъэгъупщэныр, уеблэмэ къызэщIиIэ-тэу тхыдэм хуригъэплъэкIыныр зыхуэIуа щыIэкъым.
- Урыс-Кавказ зауэм къыдэунэхуа уэрэдыжьхэм я бжыгъэр куэд зэрыхъум, Iуэхугъубэм я щхьэфэм зэриIэбэм, хэкум и дэнэ къуапи ахэр зэIэпахыу къызэрыгъуэгурыкIуам къегъэлъагъуэ а хъугъэщIагъэ бзаджэм адыгэхэр ину зэрызэридзар. ЦIыхубэ IуэрыIуатэм псалъэ хэплъыхь ищIыркъым, къэрал унафи иIэкъым. Уэрэдыр лъэпкъым зыхуиусыр ар зыхуэфащэу къилъытэ Iуэхумрэ цIыхумрэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ убгъэдыхьэмэ, гузэхэщIэу хэлъыр гуащIэу къыплъэIэсми, джаур зауэжьым и лъэхъэнэм къежьа уэрэдхэр лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэшхуэщ, цIыхум и зэхэщIыкIыр здынэсу щытар къыбгурыIуэну, екIуэкIым зэрыхэплъар зэхэпщIыкIыну Iэмал къыуату.
- ЗэрыгурыIуэгъуэщи, щалъхуа адэжь щIыналъэмрэ зыдапIыкIа жьэгумрэ зэрипхъуэну бийр къыщыкIуэкIэ, гу зыкIуэцIылъ дэтхэнэ цIыхури абы пэувынущ, къыдалъхуахэмрэ къилъхуахэмрэ къащыжыну яужь итынущ. Зауэм къигъэщIа гъыбзэхэмрэ уэрэдхэмрэ зыхуэунэтIари аращ — зэуакIуэ къэкIуам, зэрыпхъуакIуэм пэщIоувэ, ар зэримыдэр къеIуатэ. Тхылъым ихуа уэрэдхэр зытеухуакIэ зэщхьэщыбгъэкIмэ, урихьэлIэнущ жей Iувым хэт адыгэ къуажэ лажьэншэхэр зэрызэтрагъэсхьам, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щекIуэкIа зауэхэм, псэемыблэжу зэуа лIыхъужьхэм, бэлыхь мыухыжым хэхуа цIыхубзхэм, хэкукъутэм, псыикIыжым теухуа уэрэдхэм. Дэтхэнэ уэрэдми, гущIэм зригъэгъазэу, къатепсыха насыпыншагъэр егъей, щхьэегъэзыпIэр къилъыхъуэу апхуэдиз гуIэгъуэр Тхьэм къащIритам щIоупщIэ, итIани, гугъэр къаруушхуэкъэ-тIэ, шыIагъэр зытрагъакIуэу, фIым щыгугъыу уэрэдкIэ фэбжь шынагъуэр ягъэужьыхыну, нэхъыкIыж къамыгъэхъуну хущIокъу.
- Зэгуэр лъэпкъышхуэу щыта, зауэр щиухым Iэбжьыб фIэкIа къызыхэмына лъэпкъым, гъэщIэгъуэнращи, сыт хуэдиз щхьэкIуэ имышэчами, къатегуплIэу и хэкур зэхэзыфыщIахэм лъагъумыхъуныгъэ яхуищIакъым, бийм къыхэнэ щымыIэу зэтеукIэн, я лъапсэр ихын хуейуэ къыхуриджэу зы уэрэди зэхилъхьакъым. Ар щыгъэтауэ, хабзэрэ напэкIэ бийр къихьэхуну, илэжь щIэпхъаджэм иригъэгупсысыну хэтащ. Сыт и уасэ, псалъэм папщIэ, адыгэ зауэлIхэм я щхьэр пихрэ бжэгъу лъагэм пызыIуу щыта урыс генерал Засс Григорий зрагъэцIыхужын щхьэкIэ, и пхъур яхьу, ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт Iэшэ, Ажджэрий и къуэ Кушыкупщ, Жанджатэ Хъырцэжь Алэ, Щоджэн Шумахуэ сымэ абы кIэлъызэра-хьа цIыхугъэр. Мазэ бжыгъэ къызэрытам къриубыдэу а бзылъхугъэ цIыкIум адыгэм и бзэр ирагъэщIащ, и фащэр щатIэгъащ, и хабзэхэм щагъэгъуэзащ. Засс и пхъум къилъэгъуат адыгэ дунейр и кIуэцIкIэ, къэзылъхуа и адэм щыхуашэжми, и гупсысэр зэрихъуэкIыну хэта щхьэкIэ къикIа щыIэкъым — ар системэм и цIыхут, Нало Заур и жыIауэ, лъы гъэжэныр зыIурыIэфIа, зауэм хэужьыныхьа цIыхут.
- Жылэкъутэ хъуа адыгэм IупщIу къилъэгъуат лъы нэпсу щIагъэкIыр пащтыхьыдзэм хэт къызэрыгуэкI зауэлIхэм я деж щыплъагъу зэрымыхъунур, атIэ апхуэдиз лъыгъажэмкIэ жэуап зыхь унафэщIхэр зэрыщыIэр. Аращ адыгэ уэрэдыжьхэм цIэ пыухыкIахэр къыщIриIуэр — уэрэдыжьхэм яумыс икIи ягъэмысэ урыс генералхэр, адыгэхэм къахэкIауэ пащтыхьыдзэм хыхьа дзэзешэ гущIэгъуншэхэр, тIасхъэщIэххэр, бзэгухьхэр, епцIыжакIуэхэр. Мыри къызыхэкIыр лъэпкъым игъэв узыфэ шынагъуэр игъэIэсэн, мыхъумыщIагъэ къэхъухэм дунейм гу лъаригъэтэн щхьэкIэщ. Бэлыхь хэту хэт щIэмыхъуэпсыр гущIэгъу, гулъытэ, гукъаскIэ?
- Урыс-Кавказ зауэм къыдежьа уэрэдхэм къазэрыхэщщи, адыгэхэри ди лъахэм щыпсэу лъэпкъхэри мывэ щхьэлым къыдэхутат — пащтыхьым хым екIуалIэу дунейм хэзышэ гъуэгу къилъыхъуэрт, адыгэхэр хуиту я щIыгу тесыжыну щIэхъуэпсырт. Ауэ абы и закъуэтэкъым Iуэхур здэщыIэр. Уегупсыс зэрыхъунумкIэ, адыгэхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къадэгъуэгурыкIуа зэхэтыкIэ-псэукIэри гъащIэм къемыкIуж хъуат, абы Iэмалыншэу зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн зэрыхуейр нахуэт. ЖыпIэпэнуращи, лъэпкъыр гъуэгу зэхэкIыпIэм къытехутащ. Абы къыхихын хуейт: е хьэрып-тырку жьыбгъэр щызепщэ къуэкIыпIэ жылэ зэхэтыкIэр, е европейщIэплъу щыт урысей жылэ зэхэтыкIэр…
- ЗэрыжаIэщи, адыгэ унафэр кIыхьщ. Зи геополитикэ Iуэхухэр псынщIэу зэфIэзыхыну хэт Урысейм а унафэр кIэщIу ищIащ. Абы къишар хэкукъутэм и закъуэкъым, атIэ адыгэм и дуней еплъыкIэми, и псэукIэми, и хабзэ зехьэкIэми зригъэхъуэжащ. Нобэр къыздэсамкIэ уеплъмэ, сыт хуэдиз щыщIэныгъэ хэмылъми, адыгэм и гъуэгур европейщIэплъу щыт урысей жылэ зэхэтыкIэм итущ зэрыпхыкIыр, нэгъуэщIи къилъыхъуэркъым. Ауэ абы зиубгъунри, щIегъуэж къыхэмыкIыу ипэкIэ кIуэнри елъытащ лъэпкъ тхыдэм къэралыр зэрыхущытыр. Пэжым нэхъ IэщэфI щыIэкъым. Зэи бгъэзахуэ хъунукъым лъыгъажэмрэ хьэкIэкхъуэкIагъэмрэ, пIэт хъунукъым лъэпкъхэр зэтезыукIа пащтыхь дзэзешэхэмрэ абыхэм зэрахьа хъуагъэщагъэхэмрэ. Зыр зым хуэсакъмэщ, щыпкъагъэр гъуазэу щытмэщ захуагъэр щытепщэ хэгъэгу щыбухуэфынур.
- «Пащтыхь зауэжьым и зэманым къежьа адыгэ уэрэдхэр» зи фIэщыгъэ тхылъхэр гупсысэр куэдым нэзыгъэс тхылъ гъэщIэгъуэнщ. Уэрэди 130-м нэблагъэ зэрыт зэужьыр хамэщI къыщыхута тхьэмыщкIэхэм я щIэблэм щыщ зы нанэ и псалъэ шэрыуэкIэ жыпIэмэ, «нэпсыкIэу щIаутхыкIыр жьэгу пащхьэм и хуабэм щыгугъыу яуса уэрэдщ», нэгъэсауэ тхыдэм и фэеплъщ.
- Тхылъыр зэхэзыгъэува гупым лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкIащ уэрэдыжьхэр архивым къыхэхыжыным, ахэр тедзэным хуэгъэхьэзырыным, еIуэлIапхъэхэмрэ псалъэ гурыIуэгъуейхэм я псалъалъэр зэхэгъэувэным, адыгэ текстхэр урысыбзэм илъхьэным и IуэхукIэ.
- Уэрэд зэужьыр адыгэ щIэныгъэм, лъэпкъ щэнхабзэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэу зэрыщытым шэч хэлъкъым.
- ТАБЫЩ Мурат,
- «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.
- Эсадзе Семён зэритхыжамкIэ
- Кавказ зауэр и кIэм нэблэгъауэ, 1864 гъэм и гъатхэм, убыххэр къиувыхьауэ щытащ генерал Гейман Василий зи пашэ дзэм. Абы и хъыбар итхыжащ полковник Эсадзе Семен («Покорение Западного Кавказа и окончание Кавказской войны». Тифлис. 1914):
- Гупищ зращIыкIри, хы Iуфэм Iутурэ, дзэр гъатхэпэм и 5-м (1864 гъэм) Лазарев фортым нэсащ. Абдеж щыщIадзэн хуейт убыххэм ебгъэрыкIуэн.
- Убых тхьэмадэхэм ящыщу абы щыгъуэ нэхъ пщIэ зиIар Бэрзэджхэ Дэгумыкъуэ, Джырандыкъуэ, Бабыкъу Алим-Джэрий, Хьэпакъ Елбэз, Бэрэкъей Дзэпщ сымэт. ЦIыху къулейт ахэр, Бэрэкъейм Тыркум благъэ щикуэдт, убыххэр европей къэралхэм щигъэгугъ зэпытт; аращ европей хьэгъапхъэхэр убыхыщIым къизышар. Джырандыкъуэ хьэжыр дзэпщ цIэрыIуэт, абазэхэхэм, убыххэм, шапсыгъхэм пашэ яхуэхъурейуэ щытат.
- А махуэ дыдэм генерал Гейман убыххэм яхуитхащ: «Фэ фIыуэ фощIэ абазэхэхэмрэ шапсыгъхэмрэ Iэщэр ягъэтIылъауэ Тыркум зэрыIэпхъуэр; ди IэмыщIэ зыкъизылъхьахэм Лабэрэ Псыжь Iуфэрэ щIы щадот. Фи закъуэщ къэнар, убыххэ. Фхудимурадым фыхуеймэ, мыращ фпэдубыдыр: гъэр фщIа урысхэр икIэщIыпIэкIэ къыдэфтыжынщ; Тыркум Iэпхъуэн зи щIасэхэр, пIалъэ къыхэвмыгъэкIыу, бгым фыкъикIынщи, Шахэ, Уэрданэ, Сочэ псыхэр хым щыхэхуэм деж фыщызэхуэсынщ, абдежым тырку кхъухьхэр къекIуэлIэнущи, фи гъуэгур занщIэщ. Ди IэмыщIэ зыкъизылъхьэхэр Псыжь дгъэIэпхъуэнущ. ЦIыху губзыгъэ къызэрыфхэтыр сощIэ, зывмыгъэунэхъуж, абазэхэхэм къащыщIарщ фэри къыфпэплъэр. Фэращ абазэхэхэр къызэщIэзыгъаплъэурэ зыгъэунэхъуар. ФыкъыдэмыдаIуэмэ, фыкъэдувыхьынурэ, бгым фыкъитхунущ, фи пщылIхэр къыфтетхынурэ, Iузэв тенджызым и Iуфэм фыIудгуэнущ».
- Абы убыххэр игъэшынагъэнущ. ЕтIуанэ махуэм убых тхьэмадэхэр къэкIуащ генералым деж, ахэр цIыху пщыкIутI хъурт, Бэрзэдж Елбэз я пашэу, Бабыкъу хьэжыри ящIыгъут. Гейман хъыбар къызэрырагъэщIамкIэ, затын щхьэкIэтэкъым ахэр къыщIежьар, урыс дзэпщым епсэлъэн папщIэт.
- — СлIо, убыххэ, — япежьащ Гейман абыхэм, — щхьэ фыкъэкIуа? Дэнэ щыIэ Iэджэ щIауэ фызыпэплъэ европейхэр? Къыфхуашакъэ топрэ топышэрэ? Фи дзейхэм утыкум фыкърана?
- — Ди щхьэм фIэкI, нэгъуэщIым дыщыгугъ зэрымыхъунур ди фIэщ хъуащ, — жаIащ убых тхьэмадэхэм. — Утыкум дыкъранар пэжщ, я щIыб къытхуагъэзэжащ псоми. Ауэ дэ дылъэпкъщ иджыри, ди щхьэ дыхуитщ, дывэпсэлъэн щхьэкIэщ дыкъыщIэкIуар, дызыщIэлъэIур вжетIэнщ.
- — Фэра къыдэпсэлъэнур? Убыххэра? Фыкъыдэзауи, дефхужьэж. Фэ фылъэщщ, ар фхузэфIэкIынущ.
- — ТхузэфIэкIыжынукъым. Ди щхьэр хэтлъхьэу дывэзэуэфынущ — абы щхьэкIэ дыкъикIуэтынукъым. Удын фэддзынущ, ауэ дэри дыхэкIуэдэнущ. А псом дыхэмытын щхьэкIэ, дызэвгъэпсалъи, дызэгурывгъаIуэ. Мазищ пIалъэщ дызыщIэлъэIур: Тыркум дыIэпхъуэнущ псори. Сымаджэ, уIэгъэ диIэщ, нэхъыбэр бгым исщ, хым пэжыжьэщ. Ди мылъкури икъухьащ. ПIалъэ къыдэфти, апщIондэху ди хэкум фынимы- хьэ.
- — Шапсыгъхэм къывжаIауэ фощIэ фэ къыфпэплъэр, — жиIащ генералым. — Гъуэгу фытехьэнумэ, хущIыхьэгъуэ фиIащ. Фэр щхьэкIэ дышынэркъым дэ, къыдэфщIэфыни щыIэжкъым: абазэхэхэмрэ шапсыгъхэмрэ нэхърэ нэхъ гугъу дывдехьынукъым. ГущIэгъу фхуэтщIынкIэ, дыфщысхьынкIэ фыкъытщымыгугъ… АфIэкIа сывэпсэлъэн мурад сиIэкъым. Фпэзубыдыр ныфхуэстхакIэщ, си псалъэм фемыувалIэмэ, дзэр несшэжьэнурэ фи хэкум сынихьэнущ
- — Ар къыдгуроIуэ дэ. Абазэхэхэмрэ шапсыгъхэмрэ ятекIуам дызэрыпэмылъэщынур дощIэ, итIани гущIэгъу къытхуэфщIынкIэ дыфщогугъ, — жиIащ Елбэз.
- — Фи щхьэр къэвмыгъэпцIэж абыкIэ, — яхуэгубжьащ генералыр убых тхьэмадэхэм. — Сэ фызоцIыху фэ, фызэщэри сощIэ. Хы Iуфэм фыщызэхуэсынумэ, гъуэгур фоцIыху. ЗымыцIыху къыфхэтмэ, шапсыгъхэмрэ абазэхэхэмрэ иреупщI. АфIэкIа фхудэсчыхынукъым.
- Ар жери, генералым лъэныкъуэ зригъэзыжащ. Убых тхьэмадэхэм къагурыIуащ я лъэпкъым и унафэмкIэ зэригъуэтар».
- Щэхур нахуэ къохъу
- 1836 гъэм жэпуэгъуэ мазэм Лондон щежьэри, Шэрджэсым кIуащ «Виксен» кхъухьыр, шыгъу ишэри.
- Кхъухьыр зейр зиусхьэн Белл Джорджщ. Ар щэкIуэгъуэ мазэм и 25-м урысхэм Суджыкъу къалэ щаубыдащ, шэрджэсхэм шыгъу къахуишэну хуимытауэ жаIэри. Белл и кхъухьыр ятхьэкъуащ, абы и капитанымрэ экипажымрэ Севастополь яшащ, зыкъомрэ щаIыгъа нэужь, къаутIыпщыжащ.
- Лорд Пальмерстон сабэ дрипхъей зищIащ Британием и кхъухь Урысейм зэриубыдам щхьэкIэ: «Ар дигу техуэ хъунукъым, Британиер хуитщ дэнэ сату щищIынуми, абы и щIыхьыр зэрытхъумэн къару диIэщ дэ!» — ар жиIэри парламентым и пащхьэм иуващ лорд Пальмерстон. Британием и щIыхьым тегузэвыхь лордым зыщигъэгъупщащ Шэрджэсым лей къызэрылъысар: ар зыми IэщIэмылъ хэкущ — аращ лорд Пальмерстон игу къэмыкIыжар.
- Урысхэм жаIэр нэгъуэщIщ: Шэрджэсыр ди империем щыщщ, дэ хуит дымыщIауэ адыгэ хы Iуфэм зы кхъухьи къекIуалIэ хъунукъым. АбыкIэ хъыбар кърагъэщIа лорд Пальмерстон? Ар ибзыщIащ хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министрым. «Виксен» кхъухьым и Iуэхум къитэджыкIа псалъэмакъыр щIэх щызэпыуакъым Британием и парламентым, щIэх къахуэумысакъым лорд Пальмерстон. ИкIэм-икIэжым, 1838 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм и 21-м щэхур нахуэ хъуащ.
- Лорд Пальмерстон 1836 гъэм Урысейм еныкъуэкъун мурад ищIатэми, ар абы хузэфIэкIынутэкъым: министр къулыкъур къызэрыIэрыхьэххэу, 1831 гъэм, ар арэзы хъуауэ щытащ Урысейм Кавказыр зыIэщIилъхьэн мурад зэрищIамкIэ, ар (лорд Пальмерстон) Урысеймрэ Тыркумрэ Адрианополь щызэращIылIа зэгурыIуэныгъэм зэреувэлIарат абы къикIыр. Шэрджэс хы Iуфэр Урысейм хуит щыхуэпщIакIэ, адыгэхэм я нэщIыбагъкIэ Урысеймрэ Тыркумрэ Адрианополь щызэращIылIа зэгурыIуэныгъэмкIэ (1827 гъэм) акъылэгъу ухъуауэ аращ — нэгъуэщI къикIыркъым абы. Езы адыгэхэм я пщIыхьэпIи къыхэхуакъым, дауи, лорд Пальмерстон апхуэдэ хьэгъэщагъэ къакIэлъызэрихьауэ — хамэ къэрал IуэхухэмкIэ Британием и министрым зыщиумысыжар 1838 гъэрщ — парламентым щыхагъэзыхьа нэужь.
- 1827 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм и 6-м Урысеймрэ Тыркумрэ щызэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Урысейм къалэн зыщищIыжауэ щытащ и къэрал гъунапкъэм зримыгъэукъуэдиину. А псалъэр игъэпэжакъым Урысейм, абы къыхэкIкIэ Британиер акъылэгъу хъун хуеякъым Адрианополь зэгурыIуэныгъэмкIэ. Тыркур хуитакъым езым IэщIэмылъа Шэрджэсыр Урысейм иритыну. Урысейри хуитакъым ар Тыркум «къыIэщIихыну». Тырку пащэр Анапэ щыдэса зэманми Шэрджэсыр Портэм IэщIэлъакъым, Урысейм и IэмыщIэ зрилъхьэн муради иIакъым, абы и нэщIыбагъкIэ щызэрахьэ хьэгъэщагъэр сэтей къэхъуащ, «Виксен» кхъухьыр къайгъэ хэхуа нэужь.
- МАРКС Карл.
- Гъаблэ
- Гъаблэ къатехъуэри (1845 гъэм), бгырысхэр гузэвэгъуэ хэхуащ. Гъэ кIуами я гъавэр щIэгъуакъым, ари къаIэщIэухауэ гъатхэм ирихьэлIащ. Шэджэладжэ зэтехъуащи, цIыхур зэтолIэ, я Iуэхур екIакIуэ зэпытщ, зыщыгугъыни яIэкъым — сату зыдащI тырку кхъуафэхэр хым къызэпрагъэкIыркъым.
- ЕрыскъыкIэ гугъу ехь бгырысхэр нэхъ IумпIафIэ хъункIэ мэгугъэ урыс дзэпщхэр, арщхьэкIэ, гузэвэгъуэ хэхуами, убых-хэм къэубзэн мурад яIэтэкъым.
- Урыс быдапIэхэм я щIыбкIэ щызэхыхьэ бэзэрхэм бгырыс куэд махуэ къэси къокIуэ, яубыдауэ щыта сэлэтхэр, Iэщэ-фащэ сыт хуэдэхэр гъавэкIэ яхъуэжын щхьэкIэ. Сату дащIми, урысхэм я IэмыщIэ зралъхьэн мурад зиIэ яхэткъым бэзэрхэм къакIуэ убыххэм.
- Сэшхуэ дэгъуэр е дыжьын къамэр хьэжыгъэ къэпкIэ къуахъуэжынущ. Сочэ бэзэрым сыщрихьэлIащ адыгэ сэшхуэ телъыджэ. Ар зейм дыщэ хуэзгъэлъэгъуащ: «Сэшхуэр дыщэкIэ къызэщэ», — жысIэри. Дыщэр къыфIэIуэхуакъым убыхым.
- — Хьэжыгъэ къэп къэгъэуви, сэшхуэр ууейщ, — къызжиIащ абы…
- Гъэмахуэр къихьащ, арщхьэкIэ убыххэм я Iуэхур нэхъ щIагъуэ хъуакъым — зэрыгъавэншэщ. НэгъуэщI къахуэнэжатэкъыми, бгырыс тхьэмадэхэр урыс дзэпщхэм я деж щIэх-щIэхыурэ къакIуэ хъуащ, ягурыIуэнкIэ гугъэрти. Бэрзэдж-Бейрэ (Хьэжы Джырандыкъуэ) урыс дзэпщымрэ (генерал Раевский) щызэпсэлъам щыгъуэ сэри срихьэлIащ.
- — Дэ дызэпэувауэ дызозауэ, — жиIащ Бэрзэдж-Бей. Лъы дгъажэми, икIагъэ зэкIэлъызетхьэну тхуэфащэкъым. Ди лъэпкъыр гузэвэгъуэ зэрыхэхуар уолъагъу — ар фэращ зи лажьэр. Iэщэм къевмыгъэхьыфыр гъаблэм къевгъэхьын фи гугъэмэ, къывэхъулIэнукъым. Фи деж сыкъыщIэкIуар фи IэмыщIэ зислъхьэн щхьэ-кIэкъым, сыкъыщIэкIуар дэ къытпэвубыд мыхъунумрэ напэншагъэ зефхьэну зэрыфхуэмыфащэмрэ уигу къэзгъэкIыжын щхьэкIэщ. Ара фи пащтыхьым и напэм къитIасэр — шхын щхьэкIэ дызэтригъалIэу ди хьэдащхьэхэм тепщэ захуищIыныр? Дэ фи гъавэм дыщIэлъэIуркъым, факъырэIуси дыхуейкъым, дызыхуейр сату тщIыну аращ. Фи бжьым дыщIэувэн зэрыдмыдэр къуаншагъэу къыддыволъагъу — ар ффIэзахуагъэкъым. Захуагъэ дыкъэвувыхьауэ шхын щхьэкIэ дызэрызэтевгъалIэр? Шым узытримыгъэтIысхьэмэ, Iус щхьэкIэ укIын хуей? Псэущхьэми иращIэркъым дэ фэ къыдэфщIэр.
- И псалъэр нигъэсыху, Бэрзэдж-Бей пэрыуакъым генералыр, зишыIащ, жэуап щритыжми, къэтэмакъкIэщIакъым. Дзэпщым шым щхьэкIэ жиIар игу ирихьагъэнти, ар къигъэсэбэпащ генералым: шы мыгъасэр къэбгъэдэIуэн хуей хъумэ, Iус щыбгъащIэкIэ ягъэ кIынукъым — нэхъ щIэх хъунущ Iэсэ, жыIэдаIуэ… Урыс пащтыхьым и жьауэм щIэувэмэ, бгырысхэр гузэвэгъуэ хэтыжынукъым, шхын щхьэкIи гугъу ехьыжынукъым. Езыхэращ хьэзабыр зытезылъхьэжар, куэд щIат зи гущIэгъур ин пащтыхь дотэм и IэмыщIэ зралъхьэн зэрыхуейрэ — зыми щыщIэнутэкъым убыххэр итIанэ…
- ПщIэшхуэ зиIэ генералт Бэрзэдж-Бей зэпсалъэ урыс дзэпщыр, цIыхугъэ далъэгъуауэ, убыххэм ящIэрт ар зэрымылъыифыр, гущIэгъу гуэри зэрыхэлъыр. И гум илъыр нэгъуэщI хъунт абы, ар иджыпсту хэIущIыIу имыщIыфми.
- СыхьэтиплIым щIигъукIэ зэпсэлъащ генералымрэ Бэрзэдж-Бейрэ. Адрей тхьэмадэхэми яIущIэн хуейти, псалъэм кIэ иритащ генералым.
- — Бэрзэдж-Бей, — жиIащ абы, — уэ фи лъэпкъым урипашэщ, уIущщ, зы псалъэ бжесIэжынущи, къызэдаIуэ. ВжетIэм фыкъеувалIэрэ ди акъыл зэтехуэмэ, итIанэщ дыщызэгурыIуэнури фи хьэтыр щытлъагъунури. АпщIондэху мыращ си унафэр: сату зыдэфщI тыркухэр фи хы Iуфэм къедгъэкIуэлIэнукъым — аращ ди пащтыхьым фIэзахуэр. Ауэ лей фкIэлъызетхьэу жывмыIэн щхьэкIэ, фи цIыхухэр хуит сощI: быдапIэм къакIуэурэ щрелажьэ — лэжьапщIи шхыни еттынущ. БыдапIэм лэжьакIуэ къакIуэм я зы щхьэц налъэ хэхунукъым — абыкIэ псалъэ узот.
- Бэрзэдж-Бей фIыщIэ хуищIащ генералым, абы и псалъэр убыххэм я деж зэрынигъэсыжынур жриIащ, ауэ цIыхур абы еувэлIэнкIэ зэрыщымыгугъыщэри ибзыщIакъым.
- ЕтIуанэ махуэм быдапIэр къэзбгынэн хуейти, кхъухьым ситIысхьэри сежьащ. ТхьэмахуитI хуэдиз дэкIа нэужьщ къыщызгъэзэжар. Генералымрэ бгырыс тхьэмадэхэмрэ зэIэпаха псалъэм кърикIуам сыщIэупщIащ. Бгырысхэм я тхьэкIумэм ирагъэхьакъым генералым и унафэр. ЦIыху пщыкIущщ урыс быдапIэм лэжьакIуэ кIуэн мурад зыщIар. Я мурадыр къайхъулIакъым абыхэм — я лъэпкъэгъухэм къаумысри, быдапIэм нэмыс щIыкIэ зэтраукIащ…
- БОДЕНШТЕДТ Фридрих,
- нэмыцэ щIэныгъэлI, тхакIуэ.
- 1847 гъэ
- Сыт апхуэдэу щIыжаIэр?
- «Емынэм къелар хъумбылейм ехьыж»
- Пащтыхьым и дзэлIхэм зэрахьэ леймрэ залымыгъэмрэ ягу темыхуэу, XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм къэбэрдейхэм зыбжанэрэ зыкъаIэтащ, я хэкур яхъумэн папщIэ. Кавказым и дзэпщ Цициановым къэбэрдейхэм къахуитхащ: «Си лъыр къокъуалъэ, мафIэм пэрыт лэгъуп хуэдэ, си пIэ сизагъэркъым, сыкъытреч, фи лъахэр сэхъуахэм ялъкIэ згъэнщIыну… Фыпэплъэ, вжызоIэ сэ, мыжурэмрэ топышэмрэ, псыхьэлыгъуэм хуэдэу згъэжэнущ фи лъыр — аращ сэ си хабзэр. Фи лъахэм псы утхъуакъым щежэхынур, атIэ фи лъымкIэ иIа псы плъыжьыбзэщ».
- Цициановым и псалъэр игъэпэжащ: дзэ къариутIыпщащ къэбэрдейхэм, ялъ игъэжащ. Генерал Глазенап 1804 гъэм дзэшхуэ къришажьэри, къэбэрдейхэм зауэ гуащIэ къащрищIылIащ Хъумбылей псым и Iуфэм. Абы иужькIэ Къэбэрдейми кIахэ адыгэхэми къезэуащ генерал Булгаковыр — абы и дзэм зэтрикъутащ, игъэсащ адыгэ къуажэ щитI, цIыху минипщI зэтраукIащ. Хъумбылей псыр лъыкIэ иIауэ ежэхащ тхьэмахуэм щIигъукIэ. Абы ипэIуэкIэ емынэ узым лъэрыщIыкI ищIа къэбэрдейхэр Хъумбылей деж зэрыщызэтраукIам къыдежьащ «Емынэм къелар хъумбылейм ехьыж» псэлъафэр.
- Зыми емыщхь хъэтI зиIэ Бещтокъуэ Хьэбас
- УсакIуэ телъыджэ, публицист, журналист Бещтокъуэ Хьэбас Къарней и къуэр 1943 гъэм мэкъуауэгъуэм и 5-м Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм къыщалъхуащ. КъБКъУ-м и филологие факультетым щеджащ, МКъУ-м журналистикэмкIэ и факультетыр 1968 гъэм ехъулIэныгъэ иIэу къиухащ. Зы зэманкIэ лэжьа нэужь, ар Москва аспирантурэм щыщIэтIысхьащ. Ар къиухри, Бещтокъуэр Налшык тхылъ тедзапIэм, къалэ библиотекэм щылэжьащ.
- Бещтокъуэ Хьэбас илъэс 50-м щIигъуауэ адыгэ литературэр егъэбжьыфIэ. А зэманым къриубыдэу абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ усэ тхылъ куэд: «Ракетодромхэр» (1969), «Розэм и чэзущ» (1973), «Адэжь щIыналъэ» (1978), «Нарт макъамэхэр» (1978), «Напэ» (1985), «ФIылъагъуныгъэ тхылъ» (1988), «Псым щхьэщыт жыг закъуэ» (1991), «Лирикэ» (1993), «Тенджыз Iуфэ гъуэгуанэ» (1998), «Дуней телъыджэ» (2003), «Бжьыхьэ дыщафэ» (2006), «Дыщэхурэ фIамыщIрэ» (2012), «Иджырей дуней» (2019). 2011 гъэм Хьэбас и усэхэр Къуий Лидэ адыгэбзэм и кIэмыргуей диалектым иригъэзагъэри, Мейкъуапэ къыщыдэкIащ. «Чъыг закъу» — («Жыг закъуэ») — аращ тхылъым фIащар. Апхуэдэуи, 2009 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Бещтокъуэм и литературэ-критикэ статьяхэр щызэхуэхьэса «Анэдэлъхубзэм и псынащхьэ» тхылъыр. 1977 гъэм Москва дунейм къыщытехьащ «Красный всадник» усэ тхылъ цIыкIур.
- Бещтокъуэр и зэфIэкI щеплъыжащ литературэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэм: лирикэм, лиро-эпикэм (усэу тха «Мывэ лъэхъэнэ» роман-мифыр), прозэм («УIэзэмэ — куэдрэ!» Iуэтэжыр), драматургием. Апхуэдэуи абы и гуащIэ хилъхьащ литературэ критикэмрэ публицистикэмрэ. КъищынэмыщIауэ, усакIуэм зрипщытащ нэгъуэщIыбзэкIэ ятха тхыгъэхэр зэдзэкIыным икIи ар къехъулIауэ къэплъытэ хъунущ. ЦIыкIухэм папщIэ абы зэридзэкIащ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм (инджылызхэм, шотландхэм, португалхэм, хорватхэм) я таурыхъхэр («Джек насыплъыхъуэ зэрыкIуар», «Дреглин Хогни Иныжьыр», «Жьындур ишхащ», «ШейтIанымрэ зауэлIымрэ», нэгъуэщIхэри), Шекспир Уильям и «Пащтыхь Лир» тхыгъэ цIэрыIуэр.
- Бещтокъуэм и IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэм ящыщщ критикэми литературэ щIэныгъэми увыпIэшхуэ щызыубыда «Мывэ лъэхъэнэ» роман-мифыр. Лъэпкъ литературэм и хэлъхьэныгъэ хъуащ абы и драматургие тхыгъэхэр: «Имыс», «Нэсрэн ЖьакIэ» (1983 — 1986), «КхъуафэжьейкIэ хым зэпрысыкIхэр» (1986 — 2004), «Истамбыл къикIа джэду» (2004 — 2005); IыхьитIу зэхэлъ «Сэроробот» (1992 — 1995) поэмэр.
- ЗэфIэкI ин зыбгъэдэлъ Бещтокъуэ Хьэбас лъэпкъ литературэр зыгъэбейщ, ар ипэкIэ зыгъэкIуатэщ. Нэхъыщхьэращи, усакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIа, гупсысэ куукIэ гъэнщIа и тхыгъэхэм лъэпкъ, анэдэлъхубзэ, хэку гупсысэхэр щыпхышащ. Усэр фIыуэ зылъагъухэм ягу, я псэ дыхьэ, щIэщыгъуэ ящыхъу, зыми емыщхь хъэтIкIэ адыгэбзэ дахэр абы зэригъэшэрыуэр хэплъхьэжмэ, Бещтокъуэ Хьэбас езым хуэдэ усакIуэ уигъэлъыхъуэнщ!
- ТекIужь Заретэ.
- Пейзаж
- Шэрджэсым и губгъуэ фIыцIэхэм
- Я Iупэр пшэплъкIэ иIащ.
- КъухьэпIэм и пшэ фIыцIэжьхэр
- Топышэ фIейкIэ уIащ.
- Губгъуэшхуэм и къэрэкъурэхэр
- БжыкI улъияуэ зэхэлъщ.
- Iуащхьэжьхэм къакъуэплъ жыг кIащхъэхэр
- Къепэзэзэхыу хэхэсщ.
- 1969
- Адыгэм ди гъыбзэ
- Къэбэрдейуэ дэ тхэлъыжыр мащIэщ,
- КIэнтхъи тхъупси зэхэшыпсыхьащ.
- Ди блэкIам уиплъэфмэ — щIэншэу мащэщ,
- Куэдкъым къытхуэнари дэ
- лъэпкъ гъащIэу.
- Зэм емынэм, зэм гынжьейм дихьащ.
- Дихьыпащ пащтыхьым и топыпэм,
- Мухьэжырхэм хым адрыщI дахьащ.
- Мащэм ущеплъыхкIэ гур зэлымпIу,
- Мащэ куум кIыфIыгъэ ткIийр и ныпу
- Тхыдэм дэ ди Iуэху щызэIыхьащ.
- Хуэлэжьащ адыгэр Iуэху зэIыхьэм,
- ТелIыщIащ адыгэр я бэлыхьым,
- КъамыукIмэ — зэрыукIыжащ.
- Ди лъэпкъ тхыдэ жаIэу зашыIакъым.
- Чыристан гущIэгъуи зэхуаIакъым.
- Муслъымэнуи зэрыIыгъыфакъым.
- Къуэпсу яIэр гъэру ящэжащ.
- Сэ ди тхыдэм гужьгъэжь куу хузиIэщ.
- Езгъэкъух, ухуеймэ зызгъэшыIэ.
- Дауэ сымыщIами къысфIыдеху.
- Дыкъэралу дыхуэхьэзыракъым,
- Лей къызылъысари ди мызакъуэ.
- Дуней псор щыгъуазэщ — ар мыщэху.
- Ауэ уафэм къемыхуэх къэралыр,
- Дапщэрэ ухуейми къытегъалэ,
- Думычыхмэ — пщIыгъуми уемызэгъ.
- Дачыхакъым, зэкъуэувэфакъым,
- Мис ар тхьэхэм къытхуагъэгъуфакъым,
- КъэзыщIар аращ ди гъащIэр зэв.
- ЩэкIуэгъуэ, 1991
- Адыгэ къэралыгъуэ
- I
- Мы ди щIы кIапэ дилъ хэткIуар
- Мылыф дияуэ къыщIокIыжыр.
- ИгъащIэ лъандэрэ гъуэгу къэткIуар
- Гу узу сэ къызофыкIыжыр.
- Адыгэ къалэхэм я сурэт
- Пшэ ежьэжахэм хьэлъэу блахыр…
- Адыгэр мащIэтэкъым — куэдт,
- КъемэщIэкIар акъылщ ди лъахэм.
- II
- Дунейм лъэпкъ Iэджи ехыжащ
- Здахьыжу я хьэл-щэни я бзи.
- Дэ ди насыпыр Iузэу ябзри,
- Ди мэшыр пасэу къахыжащ.
- Ди пIастэм шэпхъ къыхэкIым хуэдэщ,
- Ди шыпсым лъыпс хэплъагъуэу мэхъу.
- Ди нитIым нэпс къыщIэмылъадэу
- Къытхуихуэм — тхьэхэр ди IуэхущIэгъущ.
- ТеплъэкъукIат ди Iуэхум Тхьэшхуэ,
- Махъсымэм тIэкIу тегушхуэIуат…
- Хэт — чэфщ, хэт — фэндщ, модрейри
- хьэшхуэщ,
- Къит уазми «куэду» щIэлъщ къэуат.
- III
- Зи тхыдэр зи псэм хэмылъ цIыхум
- НэщIщ и гур, имыщIэжуи щIы…
- СызэплъэкIыжу псэр щыпыхум,
- СыщогъуэлъыкI зекIуэлIу щIым.
- КъэIэбэм ещхьщ щIы хуабэр Iэзэу,
- БлэкIам и макъхэр псэм къоIус.
- Сабий къелахэр яжьэм хэсу,
- Лъым фызхэр хэлъу гум щоуз.
- Щоуз, щогуIэ, лъынтхуэм къепхъуэу,
- Щхьэфэцыр жэщхэм къысфIаIэт…
- Пагагъэ нэр къыщхьэрызыпхъуэрщ
- ЗыщIар адыгэр лъэпкъгъэкIуэд.
- IV
- Хы тIуащIэр хуитт, аузхэр куууэ,
- И мэзхэр Iувт, и къуршхэр гъущIт.
- Къуршыпсхэр къелъэрт гъуахъуэу, вууэ,
- Я макъыр жьапщэм зэпиупщIт…
- Лъэпкъ куэд я тхыдэр иупщIатэу,
- КъахуокIуэ къуршхэм къару гуэр.
- Ажалыр гынкIэ къигъэбатэу,
- Хы тIуащIэ гущэр ещIыр гъэр.
- Тенджызхэр, плъэкIмэ, къэгъэкъуалъэ,
- ПхузэфIэкIынумэ, къуршхэр къич.
- Уи уафэр гъущIщ, уи гъуэгур — гъуаплъэщ,
- Хуит уамыщIауи бжьиз пхуэмыч.
- V
- Ди къэралыгъуэр пщыIэ папцIэу
- Зэтрагъэсауэ арагъэнт…
- Зы лэу къыщедзэпкъауэм къуацэм,
- Къытенэжакъым пщыIэм бгъэн.
- Е темылъарэ бгъэн а пщыIэм,
- Е лэур а пщыIэмкIэ блэмыкIа?
- А псом, итIани, мы жэщ щIыIэм
- Семыгупсысу слъэмыкIа.
- ЩIыслъэмыкIамкIи къуаншэр сэру
- КъыщIимыдзынуи сымыIуэн.
- Дунейм щытеткIэ щхьэр плъыржьэру,
- Е лэум, е мыщэм къауIэнщ.
- VI
- Делагъэщ, пэжкъэ, уи блэкIам
- УкIэлъыпхъуэжу пхьыну гъащIэр.
- БлэкIар ди тхыдэм къыхэпчам —
- Къыпхуэнэжынур тIэкIущ, зэгъащIэ.
- БлэкIар — мафIэсмэ, лъыпсмэ, шыгъумэ, —
- Уигу шыгъушыпсыпIэу егъуэтыж.
- (БлэкIар къыуцым хуэдэу пщIыгъумэ —
- Уи кIэн къикIащи, нэхъыфIыжщ).
- Дэ нэхъыфIыIуи къытлъысакъым,
- Гуауэжь и тхыдэщ дэ дгъэвар…
- Лъэпкъ укI ныбжьэгъухэм куэд къаващ.
- Къавари сигу лъэзгъэIэсакъым.
- 1989
- Тенджыз
- I
- Тенджызым и нэзыр мыкъабзэ,
- Тенджызым и тхыдэр нэхъ фIейщ.
- Толъкъунхэм заIэт шы мыгъасэу,
- Тхъурымбэр я сокуу къохъей.
- Тенджызыр мэгызыр — ди тхыдэр
- ТкIуэпс-ткIуэпсу иджыжым нэхъей.
- Мы си гум тенджызыр схуимыдэ,
- Мы си гум еIэтри и фIейр.
- 2
- Паромым и хьэлъэр тенджызым
- ЗыхищIэу уфIэщIрэ — мыщэIу.
- Уи тхыдэм и гуауэр а уи псэм
- Макъамэ хьэлъэIуэу егъэIу.
- Лъэпкъ кIуэдыр мыIуэху IуэтэгъуафIэ,
- Лъэпкъ къутэр мыхьэмкъутэж.
- ФIэсщынт мы дунейм лъагъугъуафIэ,
- ЩымыIэтэм зэрыфIэгъэж.
- 1989
- Тенджыз Iуфэ гъуэгуанэ
- I
- Бэлэрыгъа инджылызи
- Къытхуэмея французи
- Дэ къыткIэлъыплът ял мыузу,
- Ди лъэпкъыр мафIэм щисым…
- Жэуап къыщытхуэмыгъуэткIэ,
- Жыг тхьэмпэхэм дыщIэгъэдэIу…
- Дэ къыдэIэнщ илъэс куэдкIэ,
- БампIэжьыр, зэми икIуэтрэ,
- Къигъазэу и шейтIан нэIу.
- 2
- Къытхуегъэгъэзэжынукъым
- Ди тхыдэ яупщIэтам.
- ДыгъкIэ тхуэгъэзэкIуэжынукъым
- Дызэрыхаутар.
- Зэкъуэча мы ди гъащIэми
- Сытхэр худиIэмал?
- Ди гугъэр шагъдий гуащIэмэ,
- Дызэрыхейр и налщ.
- 3
- Дызыхъума ди къуршхэр
- Лъагэу къытщхьэщытыху,
- Къарууэ я щIагъ къыщыушым
- Хыреф адыгэ цIыху.
- Хыреф адыгэ щIэблэр,
- КъэкIуахэр кIуэжынкIи хъунщ…
- Гъуэгуанэр псэкIэ зэщIэблэм,
- Мурадри гъуэмылэ хъуржынщ.
- 4
- ДэIэпыкъуэгъур къыщыкIуэр
- Узышхыр щыцIантхъуэм деж?
- Дэ дызышхар зи лIыкIуэм
- Ари имыгъэпэжт.
- КъыщIишхыкIащ и куцIыр,
- Лъэпкъышхуэр зригъэзэуэжащ.
- Щалъхуам и гущхьэр уфIыцIу
- И лъапсэр игъэжэщIащ.
- Зыгуэр къытетщ мо уафэм,
- Зыгуэрхэри зрегъэзэхуэж…
- Къохъу текIуа мыщэр мыщафэ
- Хуэзэвым щыкIуэцIыбэгэж.
- 5
- ГъуэгукIэ демызэшыжу,
- ХыбгъукIэрэ дыкъекIуэкIащ.
- ТIэщIагъэкIар дгъеижу,
- Дгъэзэжу дыкъыздикIам.
- Сыти фIэдвгъэщ мы Iуэхум:
- И хъуреягъкIэ хым
- Дэ къыщытлъыхъуэу гупсэхур
- ХэтщIащ ди къуэпсыбэ щIым.
- Гуунхэм дыщракъухьами
- Дыкъэтэджыжыфащ.
- Урысым бэлыхь къыттралъхьами,
- Дыкъэувыжыфащ.
- 6
- Дэри дыерыщыIуэт?
- Тхьэхэри бэлэрыгъат?
- Дыкъэушынуи жьыIуэт?
- Дыжеикъуэнуи гуват?
- Мы дунеижь джэрэзым
- Ди щхьэр хэзэрыхьат?
- Жэщыбги пщэдджыжь нэмэзи
- Хэлъщ псэм бэлыхь къытхалъхьар.
- ХэвыкIыжынкIэ сыгугъэу
- Си щхьэ къыщызгъэпцIэж
- Нэхущым къокIуатэри дыгъэр
- Лъы плъыфэр къызжьэхепIэж.
- 7
- ТыркумкIэ дыныкIуэцIрыкIыу
- ХэтщIащ хьэрыпыщIым ди къуэпс.
- Ди лъэпкъ мыгъуагъэм и дыджым
- ТфIыхэткIуэжащ ди нэпс.
- ТхыдэмкIэ дыкъыкIуэцIрыкIыу
- ТфIыхитхъа гур мэуз…
- Ди гъащIэ ябгэм и дыджым
- ЩIэлъэдэжащ дилъ тенджыз.
- 8
- Зэгуэр йотIысэхыр гуауэр,
- Зэгуэр ерыскъым къыхэх.
- Хы фIыцIэм къыщаубыдауэ
- Бдзэжьей пхуагъэжьамэ, Iуегъэх.
- Лым и лыр щIэузыр фIыуэ
- Адыгэм къыдгурыIуащ…
- КъыдгурыIуатэкъым жьыIуэу,
- Нобэщи — дыгувэIуащ.
- 9
- О, ди тхыдэжь, уи къапхъэным
- Си гур къыпфIыдэсхыжынт…
- Щхьэхьу ныщIэзгъэпхъуэнти,
- ЗыпфIезгъэгъэпщкIужынт.
- СыкъекъукIэ — къысхуэбутIыпщыркъым,
- Нэхъри щыбокъузыкI…
- Ди лъэпкъ уIэгъэри гъущыркъым,
- Дзакъэу къысфIоузыкI…
- Мэкъуауэгъуэ, бадзэуэгъуэ,
- 1993
- * * *
- Къехъуапсэт дипс къэпIейтейм,
- Къефыгъуэт ди къурш дыщащхьэм.
- ДыкъаукIат Къэбэрдейр,
- Дыкъакъутат дыщащэу.
- Къутахуэхэр къыдощыпыж,
- Лъынтхуэ пычахуэ къыхэплъу,
- Ди Тхьэ, къыддэIэтыж,
- Лъэпкъ щIыхь, шэдыпсым хэлъыр.
- 12.06.1994
- * * *
- Адыгэм къалъыса лейм
- И бампIэр къытпкърыхьамэ,
- ТIэкIу тетыгъуейщ мы дунейм,
- Къэнжалу псэр мыпсыхьамэ.
- Къэнжали дэ димыIа,
- БдзапцIэши — дэ дымылъыхъуэ.
- ИгъащIэкIэ къауIа
- Ди лъэпкъым си псэр хуощыгъуэ.
- 02.05.2004
- * * *
- ЗэкIэщIэтIыхьурэ зэрыщIэтIащ
- Адыгэпщ насыпыншэхэр.
- Зыхуей тепщэгъуэм лъапсэр щIатIащ,
- Къуэпсри, лъыпсыр къыпыжу.
- ЩIэныгъэншагъэм къыпхуехь хьэзаб,
- ЩIэныгъэншагъэ бзаджэм…
- Хьэрып хэку жыжьэхэм ди щIэблэр щапI,
- Я псэр Хэкужьым къаджэу.
- 23.04.2007
- * * *
- Мухьэжырхэм я гъуэгуанэ,
- Мухьэжырхэм я тенджыз,
- ЩIэблэ куэдым ди гукъанэ,
- Ди губампIэ, ди гууз.
- Мухьэжырхэм гу кIыргъ макъыр
- Хамэ гъуэгухэм ныщагъэIу…
- Пшахъуэр магъыр, уэгур магъыр,
- Къуршхэр жэщкIэрэ мэщэIу.
- * * *
- Хьэрфищым ипIа щIалэфI гуэрым
- Тхылъ етх Ермоловым и щIыхькIэ.
- Дыхьэшхыу ину, мэуэршэрыр,
- МэIуэщхъу, къулыкъу Iэтам щепщIыхькIэ.
- УнэIутыпсэ къытхалъхьэну
- КъэкIуахэм хэкур тфIагъэсат.
- Къэна ныкъуэсым теубжьытхэну
- УнэIутыкъуи тхуагъэсат.
- 07.08.2007
- * * *
- Зэгуэр Iэтауэ яхьа ныпыр
- Иджы зэмзэму драIэтей.
- ПхущIалъхьэжамэ лъэпкъ насыпыр,
- Ухуеймэ дапщэри пIейтей.
- Гууз-лыузым дыхэмыкIыу
- Дызэрыпсэур хэт къыфIэIуэху,
- Е щIэс уи унэ ущIэмыкIыу,
- Е кIий, Iуэху уащIу уатхьэлэху.
- 07.07.2007
- * * *
- УкъэмыкIуэ ныжэбэ, Булгаков,
- Уи Емынэми зегъэгъэпсэху.
- Ар къызыхуэпхьыжыни къэнакъым,
- Хэмытыж кIэнтхъ къэнар зэуэ Iуэху.
- УкъэмыкIуэ Балъкъ Iуфэ Якоби,
- НыIуахуа шагъдий жэрхэр мэщэIу,
- Я щэIу макъыр къаIусу ди нобэм,
- Теса лIыфIхэм къалъос ди тхьэлъэIу.
- 08.07.2007
- Мазибл зауэр
- Ныжэбэ Якоби пщIыхьэпIэу слъэгъуащ,
- (Тхьэм ещIэ пщIыхьэпIэр къэзыхьыр).
- Зэ уафэр къэхъуэпскIри — етIуанэм
- гъуэгъуащ,
- КъэгъумэтIымэж — изыкухьу.
- ЗыкъеублэрэнкIри пшэр уафэм къохуэх,
- Уанэшхэр щIиIубэрэ здихьу.
- Ухэплъэмэ — плъыжьу Балъкъыпсри
- йожэх,
- ЩэIу макъ къыхэIукIыу кIыхьлIыхьу.
- Шуудзэу щытахэр лъэсыдзэу зэхэтщ,
- Затын хуагъэфащэркъым я щхьэ.
- КъикIуэт мыхъужынхэу шэ
- уэфым пэщIэтщ,
- КъыпыткIуу лъыпс пщтырыр я Iэщхьэ.
- Уэркъ щIалэхэр пагэми, Фабрициан
- Къэзакъи сэлэти и хъушэщ.
- Джэла адыгэлIхэр «ажалым и къанщ»,
- Ажалыр мэщыпэ емышу.
- А махуэм нэхъ фIыцIэ иIа
- Къэбэрдейм?!
- А махуэр мыгъуагъэм и абгъуэт.
- ПщIыхьэпIэр — дыдейщ. Хэкур
- тепщэхэм ейщ.
- Адыгэм ди тхыдэр — мыгъуагъэт.
- 07.08.2007
- Адыгэ гущэкъу уэрэд
- Уи хьэбэжьыр къызэгъэщIи,
- Куууэ IэфIу жей…
- ГукъэкIыжхэм псэр хагъэщIу
- ТIэкIу сагъэгужьей.
- Щхьэгъумыжь Ермолов бзаджэм
- И гум фIы имылъ.
- ЗигъэлIыфIми, бзаджэнаджэщ,
- Ирифынущ дилъ.
- Мес Булгаковыр, емынэр
- Къихьу гъуэгум тетщ,
- Насыпышхуэт къэмысыныр,
- Жейт, си щIалэ, жейт.
- Цициановыр мэдалъэ,
- ДилъкIэ иримыкъу.
- ЯтIэ унэхэр мэлъалъэ,
- Къыхэмынэу бжыкъу.
- Жей, си тIасэ, бжесIэ псоми
- КъикIыр уэ къэпщIэху,
- НасыпыфIэ дыдэу псэуи,
- Си псэр схуэгъэпсэху.
- Дэ, балигъхэм, ди псэхугъуэр
- МафIэм хисхьэжащ.
- Ар тпэIэщIэ пэтми, Iугъуэр
- Псэм къыхыхьэжащ.
- Хэтщ ди гъащIэм а Iугъуэмэр,
- Сахуэр — нитIым щIэлъщ.
- ТхузэфIэкIмэ утхъумэныр
- Дэ ди гущIагъщIэлъщ.
- Жей, зэманым зихъуэжами,
- ГъащIэм бзаджэр куэдщ.
- Лъэпкъыр дызэхатхъуэжами,
- Адыгэгу къытхэтщ.
- Леймыгъэгъу мо уэгум итмэ,
- ПIалъэ гуэр щыIэнщ.
- Лъэпкъыр зэ фызэрубыдмэ,
- Тхьэр къыфщIэрыIэнщ.
- 08.08.2007
- * * *
- Илъэс щэныкъуэ хъуауэ согупсыс
- Адыгэ геноцидым.
- Ар къыттехьэлъэ, тхэмывыкIыж узщ,
- Ди Нобэр къытфIипIытIу.
- Къысхуэнэжами семыгупсысын
- СлъэкIыну къыщIэкIынкъым…
- А геноцидыр къызэмыфыкIын
- Зы удзи кхъэм щыкIынкъым.
- * * *
- Ди партыр хьэхущ, ди
- властыр хьэхущ,
- Ди прокурорри — хьэхущ.
- Лъэпкъ хуитыныгъэр дигу къихьэху —
- Дохъуапсэ, дымыщхьэх.
- Ди щIыгур хьэхущ, ди уафэр хьэхущ,
- Мы дунеишхуэр хьэхущ.
- Адыгэ тхыдэр дигу къихьэху —
- Доплъых, зыдоущэху.
- 06.08.2008
- Теплъэгъуэхэр