ЩIэблэм яхуэгъэпсауэ
2021-04-29
- Налшык къалэм дэт «Принт Центр» типографием КIэрашэ Михаил къыщыдигъэкIащ тхылъитIу зэхэт — «Белэмыкъуэ», «Къыншыуей» — и лэжьыгъэр.
- КIэрашэм и сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ и балигъыпIэри къиубыду и гъащIэм къыщыхъуа Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн куэд хъыбару итхыжащ. Тхылъым ахэр итщ урысыбзэкIи адыгэбзэкIи. Къэбгъэлъагъуэмэ, рассказхэм яхэтщ сэ зэздзэкIахэри. Ахэр «Си къуажэ лъапIэу Къаншыуей», «Мэзджэд», «ЩакIуэхэр» фIэщыгъэхэр зиIэхэрщ.
- Япэ хъыбарым Михаил къыщалъхуа и къуажэм и теплъэр къыщыщигъэлъагъуэкIэ абы и дахагъэм зэрызыщимыгъэнщIым наIуэу топсэлъыхь. Щапхъэу къехь жылэм къыщыщIэж псынэпсым и сэбэпынагъыр, гъэм и зэманхэм я гъусэу, къуажэм и теплъэми дахащэу зэрызихъуэжыр, уи нэгу къыщIегъэхьэ абы узыщрихьэлIэ къэкIыгъэхэр, Курп псы цIыкIум и къарур.
- «Мэзджэд» рассказым удихьэхыу ар щытопсэлъыхь джэдкъуртыр зэщымыщу джэдыкIэ тIощIрэ щым зэрытесам, къришам тхур бабыщу, щыр шылэджэду (цесаркэу), пщыкIутхур езы мэзджэдым ейуэ къызэрыщIэкIам икIи щIэжьей зэмыщхьхэр зэримыгъэшхыу зэгурыIуэу къызэригъэхъуам.
- Ещанэ рассказым («ЩакIуэхэр») КIэрашэм къыщегъэлъагъуэ я сабиигъуэм зэрахьа хахуагъэр, зэклассэгъу цIыкIуиблыр щIымахуэ уаеу щакIуэ кIуауэ зэрыщытар, щхьэж и унагъуэ тхьэкIумэкIыхь яхьу ягъэтхъэжыну я гугъэу. ЩэкIуэну ежьахэм къащыщIахэр теплъэгъуэ хьэлэмэтхэмкIэ Михаил ди нэгу къыщIегъэувэ, языныкъуэми сабийхэм къащыщIынкIэ хъунум утогузэвыхь.
- КIэрашэ Михаил апхуэдэ хъыбар хьэлэмэтхэр и тхылъым щызэхуихьэсыжащ, сабийхэм зэрафIэгъэщIэ-гъуэнынум егупсысу, бзэ шэрыуэкIэ тхауэ.
- Багъэтыр Луизэ.