ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КIуэкIуэ  Казбек  Ищхъэрэ флотым и  хыдзэлIхэм ящIыгъуу  адмирал Головко  Арсений  и  фэеплъ жыгхэр хесэ

2021-04-27

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Ищхъэрэ флотым и лIыкIуэхэм ящIыгъуу хэтащ адмирал Головко А. Г. и цIэр зезыхьэ скверым жыгыщIэ цIыкIухэр щыхэсэнымрэ абы и фэеплъым деж удз гъэгъахэр щыгъэтIылъынымрэ теухуа Iуэхухэм. Фэеплъыр дзэзешэ цIэрыIуэм хуагъэувауэ щытащ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъу илъэсым.

  • Зэхыхьэр къыщызэIуихым КIуэкIуэ Казбек гуапэу фIэхъус ярихащ Ищхъэрэ флотым щыщ хыдзэлIхэм. Ахэр мы махуэхэм Налшык щыIэщ Урысейм регби-7-мкIэ и чемпионатым и кIэух зэIущIэу ди щIыналъэм щекIуэкIым хэту. ЩIыналъэм и УнафэщIым хьэщIэхэм фIыщIэ яхуищIащ адмирал щэджащэ Головко Арсений Григорий и къуэр зэращымыгъупщэм, флотым и хабзэфIхэр зэрахъумэм папщIэ икIи щIалэхэм ехъуэхъуащ спортым ехъулIэныгъэ лъагэхэр щызыIэрагъэхьэну.
  • Ищхъэрэ флотым и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъу, полковник Кошкарев Павел КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къритыжащ Ищхъэрэ флотым и командующэ, Урысейм и ЛIыхъужь Моисеев Александр къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъыр. «Ушаковым и орденыр зыхуагъэфэща, Бэракъплъыжьзехьэ Ищхъэрэ флотым и Дзэ советым, а щIыпIэм къулыкъур щезыхьэкI хыдзэлI псоми, си щхьэми къыдбгъэдэкIыу фIыщIэшхуэ пхузощI ди зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным хуэунэтIауэ зэфIэбгъэкI IуэхуфIхэм папщIэ. «Эльбрус» тенджыз кхъухьым къулыкъу щызыщIэхэм ягъэлъапIэ республикэм хуаIэ зэныбжьэгъугъэ зэхущытыкIэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ щIалэхэм щIыхь пылъу къулыкъу щащIэ Ищхъэрэ флотым хыхьэ кхъухьхэмрэ частхэмрэ, ди нэхъыжьхэм я лIыхъужьыгъэ хабзэхэм къыпащэу», — щыжеIэ тхыгъэм.
  • Удз гъэгъахэр фэеплъым деж щызыгъэтIылъахэм яхэтащ Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз, Урысейм РегбимкIэ и федерацэм регби спорт лIэужьыгъуэм УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэмрэ къарузехьэ IэнатIэхэмрэ зыщегъэужьынымкIэ и комитетым и спорт унафэщI Дубинэ Богдан, республикэм щыщ жылагъуэ лэжьакIуэ Байсиев Темыржан.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
  • Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.