Щэбэт щIыхьэху
2021-04-27
- КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ депутатхэмрэ республикэм и хабзэгъэув орган нэхъыщхьэм и аппаратым и лэжьакIуэхэмрэ щIыгъуу щэбэт щIыхьэхум хэтащ.
- — Мыпхуэдэ Iуэхухэм тфIэфIу сыт щыгъуи дыкъыхохьэ. Къапщтэмэ, дэ езым, республикэм щыпсэухэм, дэлъытащ ди щIыналъэр къабзэу щытыныр. Нобэрей щэбэт щIыхьэхум иужькIэ дунейр нэхъ къабзэ хъуным къыдэкIуэу, абы хэкупсэ мыхьэнэи иIэу къызолъытэ. Дауэ щытми, республикэр зэIузэпэщ щIыным мы Iуэхум зыкърезыгъэхьэлIа дэтхэнэми хэлъхьэныгъэ хуещI, — жиIащ Егоровэ Татьянэ.
- Налшык псыхъуэм щыщ километр зыбжанэ КъБР-м и Парламентым ирагъэбыдылIауэ щытати, абы щIымахуэ псом щызэтрихьа кIэрыхубжьэрыхухэр къызэхуэсахэм Iуахащ, тхьэмпэхэр зэщIакъуащ, апхуэдэуи жыгхэр къатIыхьри, сэху иратыжащ, къэхухьа удзыпцIэ щIыпIэхэр зыхуей хуагъэзащ.
- Илъэс къэс депутатхэр жыджэру хэтщ къалэм и зыгъэпсэхупIэхэмрэ жыг хадэхэмрэ зэлъыIухыным, жыгыщIэхэр гъэтIысыным епха Iуэхухэм.
- Налшык къалэм и щIыпIэхэр адэкIи ягъэкъэбзэнущ.
- КъБР-м и Парламентым и
- пресс-IуэхущIапIэ.