ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Тхыдэр зи щыхьэт

2021-04-27

  • Ныпыр дамыгъэ къудейуэ щымыту абы мыхьэнэшхуэ егъэзащIэ, лъэпкъым и напэу ялъытэ. А гупсысэм и щапхъэфIщ чэтэн щхъуантIафэр къыхэзыхыу шабзищрэ вагъуэ пщыкIутIрэ къытещу адыгэм зэхалъхьауэ къадэгъуэгурыкIуэ я бэракъыр. Шэч хэмылъу, ди лъэпкъ ныпым тхыдэ псо къытхуеIуатэ.

  • Лъэпкъ музейм къеблэгъа хьэщIэхэр.

  • Лъэпкъ фIыгъуэу щыт адыгэ бэракъым и махуэм ирихьэлIэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэ псоми ар щагъэлъэпIащ, дауэдапщэ зэмылIэужьыгъуэхэр а Iуэхум траухуащ.
  • Налшык къалэми мэлыжьыхьым и 25-м щекIуэкIа Iуэхугъуэхэм ящыщщ КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуаха гъэлъэгъуэныгъэр. IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм егугъуу ягъэхьэзыра выставкэм къыхэщт адыгэм и Iэщэ-фащэу щыта-ри лъэпкъ ныпым и тхыдэри. Гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуахым кърихьэлIат Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, абы и къуэдзэ Щоджэн Iэминат, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, щIэныгъэм и лэжьакIуэхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэсхэр.
  • Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэхуэсахэм яжриIащ ныпым и мыхьэ-нэр, абы и махуэр гъэлъэпIэныр Дунейпсо Адыгэ Хасэм 2010 гъэм къыхилъхьауэ зэрыщытар икIи алъандэрэ гъэ къэс адыгэхэр здэщыIэ щIыпIэ псоми а Iуэхум гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр зэрыщращIэкIыр. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къызэхуэсахэм яхуиIуэтащ адыгэм и ныпым и тхыдэр.
  • КъыкIэлъыкIуэу а махуэм ахэр щыIащ Налшык къалэм дэт Киноконцерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIа пшыхь дахэми. Япэ къатым цIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэм я выставкэ къыщызэIуахати, цIыхухэм Iэмал яIащ лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр нэхъ гъунэгъуу зрагъэцIыхуну.
  • Концертым зыкъыщагъэлъэгъуащ республикэм и артист пажэхэми художественнэ самодеятельностхэм хэтхэми. Пшыхьыр щIэщыгъуэ ящIащ КъБР-м, КъШР-м, АР-м, ИР-м щIыхь зиIэ я артисткэ Къэзан Сэтэней, уэрэдус щIалэ Мэремыкъуэ Резуан, «Шагъдий» сабий къэфакIуэ ансамблым, нэгъуэщIхэми.
  • БАГЪЭТЫР Луизэ.
  • Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.