«Мы тхылъыр зэрыщыту щIэфэжагъуэхьыр сатыр къэс жиIэр пэжщи аращ…»
2021-04-15
- Налшык къалэ дэт Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ дунейм къыщытехьащ Хамар-Дабанов Е. и тхылъыр. Адыгэ тхыдэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ ятеухуауэ иужьрей лъэхъэнэхэм дызыщымыгъуазэ лэжьыгъэ куэд дунейм къытохьэ зи цIэ къитIуа Котляров зэщхьэгъусэхэм я фIыгъэкIэ. БлэкIам дызэрыхуеплъэкI, ар къызэрытщыхъу щIыкIэр лъэныкъуэ куэдкIэ щыз зыщIыж а къыдэкIыгъэхэм я мыхьэнэр ин ещI дэтхэнэри архив лъапIэныгъэу зэрыщытым, лъэпкъ щIэныгъэм и хэкIыпIэ зэрыхъум.
- «Мэзкуудэсхэмрэ адыгэхэмрэ» — арат 1846 гъэм Лейпциг къалэм нэмыцэбзэкIэ къыщыдэкIауэ щыта романым зэреджэр. Ар лакъырды (памфлет) гъэпсыкIэм иту тхат, зи гугъу ищIри Урыс-Кавказ зауэм къыщыхъу хьэкIэкхъуэкIагъэхэмрэ ахэр къэзыгъэхъу урыс дзэзешэхэм я хьилагъэмрэщ. «Кавказым щызэрахьэ хъуагъэщагъэхэр» («Проделки на Кавказе») цIэр иIэу романыр Урысейм къыщыдэкIат 1844 гъэм. АрщхьэкIэ жандармыдзэм я штабым и тет Дубельт Леонтий и унафэкIэ тхылъ щапIэхэм къыщIахыжри, къанэ щымыIэу ягъэсыжауэ щытащ. МафIэм пэрымыхуэу къэна тхылъ зытIущырщ иужькIэ къыдэкIахэм тегъэщIапIэу яIари.
- ТIэкIу нэхъапэкIэ романым щыщ пычыгъуэхэр 1842 гъэм къытехуат «Зэштегъэу библиотекэ» журналым. Абы щыгъуэ тхыгъэм хуащIа пэублэм мыпхуэдэу итт: «Романыр зи къалэмыпэ къыщIэкIар урыс цIыхубз хьэлэмэтщ. Тхыгъэр зэ еджэгъуэкIэ къызыпхыдзэкъыкIыу къыпщыхъуми, сатыр нэзхэм удэплъыфын хуейуэ ара къудейщ — Кавказым и дуней телъыджэм занщIэу ухелъасэ, абы и цIыхухэр плъагъуну ухуейуэ уохъу, ауэ а псор уи напэр ирихулэкIыурэ укъызэщигъэужам хуэдэу гу лъащIэм ирехух абы дыдейхэм [урыс дзэзешэхэм] щызэрахьэ хъуагъэщагъэхэмрэ напэншагъэхэмрэ я хъыбархэм укъыщеджэкIэ…». Ар дыдэм щхьэкIэ литературэдж Белинский Виссарион етх: «Романым къиIуатэ пэжыр апхуэдизкIэ нахуэщи, узыIэпимышэнкIэ Iэмал иIэкъым».
- ЩIэупщIэ зыгъуэта романыр зытха цIыхубзыр и цIэ дыдэмкIэ Лачиновэ Екатеринэщ, и хъыджэбз унэцIэмкIэ Шапошниковэщ. И щхьэгъусэ флигель-адъютант, полковник Лачинов Николай Кавказым къулыкъу щызыщIэ зы бригадэм и унафэщIт, штабым щIыхьэ-щIэкIхэм ящыщт. Зэщхьэгъусэхэр щыпсэуар Шэткъалэрэ Тифлисрэщ — дзэм и Iэтащхьэхэр нэхъыбэу щыпэкIу къалэхэм. БзаджащIагъэрэ тхьэгъэпцIыгъэу дзэзешэхэм зэрахьэр зи нэгу щIэкI бзылъхугъэми «къалэмыр игъэпсэлъащ». АпхуэдизкIэ игъэпсэлъати, пащтыхь Николай Езанэм дежи нэсащ ар. Абы щыгъуэщ пащтыхьым щыжиIар: «Кавказым теухуауэ дэ тщIэр мащIэ дыдэщ, мы цIыхубзым ди нэхэр къегъэплъэж». Дзэ хуэIухуэщIэхэмкIэ министр Чернышев Александр нэхъ гуащIэжущ къызэрыщыхъуар романыр: «Мы тхылъыр зэрыщыту щIэфэжагъуэхьыр сатыр къэс жиIэр пэжщи аращ…»
- Романым къиIуатэ пэжыр я жагъуэт Кавказым щыIэ урыс дзэзешэхэми, ар къызыхэкIыр зыт — я цIэр нахуэу къыщимыIуами, тхыгъэм хэт лIыхъужьхэмкIэ еджа куэдым зыкъацIыхужат.
- Революцэм ипэкIэ а зэращ романыр къызэрыдэкIар, иужькIэ 1986 гъэм зэ дунейм къытехьащ, блэкIа илъэс 35-м гъуэтыгъуей хъуащ. ЖыIэн хуейщ зи гугъу тщIы къыдэкIыгъуэри дунейм къызэрытехьари бжыгъэ мащIэу зэрыщытыр.
- «Мэкуудэсхэмрэ адыгэхэмрэ» романыр тхылъ тедзапIэм и проектыщIэм — «Тхыгъэ къыхэхахэм я библиотекэ» жыхуиIэм — хэту къыдокI. Фигу къэдгъэкIыжынщи, нэхъапэкIэ а зэужьым хэту Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романыр адыгэбзэкIэ къыдэкIыжащ.
- ШУРДЫМ Динэ.