ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЛIэщIыгъуитIым зи лъэужь къытена цIыхуищэ

2021-04-10

  • Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тедзапIэм къыщыдагъэкI тхылъхэм махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу дытопсэлъыхь. Апхуэдэ щхьэусыгъуэ щIэх-щIэхыу къыдэзыт IуэхущIапIэ зэрыдиIэр езы щIыналъэр щIэныгъэм пщIэ щыхуащI щIыпIэу зэрыщытым и щыхьэтщ. Мис, аргуэру Виктор езым и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъыщIэкIэ дегъэгуфIэ: XX — XXI лIэщIыгъуэхэм лъэужьыфI къыхэзына, республикэм фIыуэ щалъэгъуа цIыху пэрытхэм я гъащIэ гъуэгум зэгъусэу дриплъэжыну дрегъэблагъэ.

  • Дунейм щыпсэуа цIыху къэс къызэринэкIын хуей къыщIэкIынщ апхуэдэ тхылъ. Уи егъэджакIуэхэр, жыжьэу фIэкIа умыцIыхуа цIыху цIэрыIуэхэр, уи цIыкIугъуэм щегъэжьауэ балигъ ухъуху щапхъэу уиIа, зи псалъэ ущIэдэIуа нэхъыжьхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ я цIэ къыщипIуэ, фIыщIэкIэ гъэнщIа гукъэкIыжхэр щызэхуэхьэса тхылъ. Хэт ищIэрэ, илъэс блэкIам бжыгъэншэу фIыуэ тлъагъухэр тIэщIэзыха уз бзаджэм игу къигъэкIа ар тхакIуэм? Сыт имыщхьэусыгъуами, Котляров Виктор и къалэмыр зытригъэпсам техуащ икIи тхыдэм къыхэнэну зыхуэфащэ цIыху куэд нэгум къыщигъэщIэрэщIэжащ.
  • Хэт и гуапэу кIэлъымыплъыжынур зи егъэджэгъуэ сыхьэтхэр спектакль щIэщыгъуэм ещхьу иухуэрэ, уэрамым тет тетIысхьэпIэм къыбдытесым ещхьу узыIэпишэу, и лекцэхэр езыгъэкIуэкIыу щыта Сокъур Мусэрбий? Университет кIуэцIым литературэм и дуней щхьэхуэ щызыухуа, тхылъым пщимыгъэпсынщIэфын гуныкъуэгъуэрэ къыбдимыгуэшын насып лIэужьыгъуэрэ зэрыщымыIэр и бзэ къулеймкIэ уи фIэщ зыщIыфу щыта Смирновэ Наталье? Зи губзыгъагъым хуэдиз зи тэмакъкIыхьагъ Щэрдан Iэбу? Бзэм тебгъэпсэлъыхь закъуэмэ, нэгъуэщI зыри хуэмейуэ къыпфIэщIу щыта Балъкъэр Борис сымэ?
  • Тхылъым ихуащ КъардэнгъущI Зырамыку, Темыркъан Юрий, Зумакуловэ Танзиля, Кулиев Къайсын, КIуэкIуэ Валерэ, Къэшэж Иннэ, нэгъуэщI куэдым ятеухуа тхыгъэхэр. Ауэ гъэщIэгъуэну Виктор и гупыжым хэлъыр псэухэмрэ дунейм ехыжахэмрэ, куэд щIауэ димыIэжхэмрэ дыгъуасэ хуэдэм тфIэкIуэдахэмрэ зы тхылъым зэрыщызэхуигъазэрщ. «ГъащIэр напIэзыпIэщ, ухуэмыбэлэрыгъ», — жиIэ хуэдэщ тхакIуэм. Аращ дэтхэнэ зыми фIыкIэ игу илъ и лъахэгъу, ар адыгэ, балъкъэр, урыс е журт ирехъу, мыбы зэрихуар щIэмыгъэщIэгъуэныр.
  • Мы тхылъым гулъытэ щигъуэтащ ди лъэпкъ газетми.
  • «Адыгэ псалъэр» хъыбарегъащIэ къудей мыхъуу, — щетх Виктор ХьэфIыцIэ Мухьэмэд хухиха напэкIуэцIхэм, — узэщIакIуэ, егъэджакIуэ хъуащ. Хэкум и географиемрэ и тхыдэмкIэ, и бзэмрэ и литературэмкIэ егъэджакIуэ, щхьэусыгъуэ куэдым къыхэкIыу иджыри къэс газетеджэм деж гъуэгу хупхызымышыфа тхыгъэхэр къыщытрадзэ къыдэкIыгъуэ. НапэкIуэцI псохэр бзылъхугъэхэм, диным, щIалэгъуалэм, литературэм, сабийхэм яхухэхарэ, республикэм щызекIуэ псэущхьэ-
  • хэмрэ къэкIыгъэхэмрэ уэзыгъэцIыху географием деж щиухыжу.
  • «Газет кIуэцIым итыж газет», — хужыпIэфынущ абы, — пещэ Котляровым. — И нэкIубгъуэхэм куууэ, нэфI-ней хэмылъу, лъэныкъуэ псомкIи къеплъурэ хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм щатепсэлъыхькIэ, а щIыпIэхэм фIыкIэ зи цIэ щы-    Iуахэр щыуигъэцIыхукIэ, бжыгъэшхуэкIэ уи пащхьэ кърилъхьэ сурэтхэмкIэ укъыщигъэуIэбжькIэ. Тхыдэм епха махуэшхуэхэм яхухэха, напэкIуэцI зыбжанэ хъу газетыр республикэм и щэнхабзэм щхьэхуэу хэувауэ пхужыIэнущ. Нобэрей «Адыгэ псалъэр» Кавказ Ищхъэрэм къыщыдэкI газетыфIхэм яз къудейкъым, я нэхъыфI дыдэщ. Лъэпкъ гупсысэкIэм, цIыхубэ узэщIыныгъэм а газетым хэлъхьэныгъэу хуищIам и гугъу пщIымэ, ар уасэ зыхуумыгъэувыфын гуэрщ».
  • Чэрим  Марианнэ.