Анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ гъащIэмрэ
2021-04-06
- КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм Педагогикэ IэщIагъэлIхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ и центрым иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ семинар гъэщIэгъуэн.
- «Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэм къэралым и егъэджэныгъэ IэнатIэм щаубыд увыпIэр» фIэщыгъэр зиIа а зэIущIэм хэтащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор, абы и къуэдзэ Мысост Екатеринэ, УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм анэдэлъхубзэхэмрэ лъэпкъ щэнхабзэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Тимофеевэ Аннэ, УФ-м Адэ-анэхэм я лъэпкъ зэгухьэныгъэм и ЗэзыгъэуIу советым жэуап зыхь и секретарь Гусев Алексей, а советым хэтхэу Галановэ Иринэ, Хачикян Еленэ сымэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, нэгъуэщIхэри. Псори зэгъусэу цIыху 70-м щIигъу кърихьэлIащ зэIущIэм, онлайн щытыкIэкIэ лэжьыгъэм зыкърезыгъэхьэлIахэри къэплъытэмэ. Интернетым и Iэмалхэр къагъэсэбэпу, зэIущIэм кIэлъыплъащ ди республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм, курыт щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм, курыт еджапIэхэм я IэщIагъэлIхэри, анэдэлъхубзэр школхэм щезыгъэджхэри, лъэпкъыбзэхэм я Iуэхум ирипIейтей цIыху куэди.
- ЗэIущIэр къызэIуихащ министр Езауэ Анзор. Семинарым зыкърезыгъэхьэлIа псоми фIыщIэ яхуищIа нэужь, Езауэм къызэхуэсахэм яригъэцIыхуащ лэжьыгъэм хэт хьэщIэ лъапIэхэр. АдэкIэ ар кIэщIу къытеувыIащ анэдэлъхубзэхэр джын и лъэныкъуэкIэ ди республикэм щыщыIэ щытыкIэм, лъэпкъыбзэхэмрэ щэнхабзэхэмрэ хъумэным дапщэщи гулъытэ хэха хуащIыну зэрыхущIэкъум.
- Семинарым жыджэру хэтащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Куэдым гунэс ящыхъуащ абы «Анэдэлъхубзэр лъэпкъ щэнхабзэр, тхыдэр, хабзэр зэрыпхъумэн Iэмалщ» и доклад купщIафIэр.
- — Нобэрей зэхуэсым и утыку къитхьа Iуэхур ди къэралышхуэм хыхьэ лъэпкъ щIыналъэхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Зи цIыху бжыгъэр мащIэ лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэр хъумэныр, абы зегъэужьыныр дуней псом гулъытэ щызыгъуэт Iуэхущ. Аращ Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я зэгухьэныгъэм дызэрыт илъэсипщIыр анэдэлъхубзэхэр хъумэным я лъэхъэнэу щIиубзыхуари, — жиIащ Сэхъурокъуэм. — Ди республи- кэр, куэд зэрыщыгъуазэщи, лъэпкъ куэд щыпсэу щIыналъэщ. Ди деж ущрихьэлIэнущ абхъаз-адыгэ, тырку, романо-германскэ, дагъыстэн, ермэлы бзэ гупхэм зи псэлъэкIэр къитIасэ цIыхухэм. Бзэр хъумэныр, абы зегъэужьыныр, шэч хэмылъу, я къалэнщ лъэпкъым щыщу зыкъэзылъытэж дэтхэнэми. А Iуэхухэм жэуаплыныгъэ ин зыхащIэу щолэжь щIэныгъэ-къэхутакIуэ, гъэсэныгъэ-егъэджэныгъэ IэнатIэхэм. Мыхьэнэшхуэ абы ират лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм. Абыхэм ящыщщ дунейпсо Адыгэ Хасэр. Анэдэлъхубзэр хъумэным, ар къытщIэхъуэ щIэблэхэм екIуу яIурылъыным гулъытэшхуэ хуэтщIу, дэ дадолажьэ абы Iуэху хузиIэ министерствэхэм, фонд зэмылIэужьыгъуэ- хэм, лъэпкъ-щэнхабзэ центр-
- хэм.
- Зи пашэ ДАХ-м бзэр хъумэн и лъэныкъуэкIэ зэфIих Iуэхугъуэхэм шэщIауэ тепсэлъыхьащ Сэхъурокъуэр. Апхуэдэ лэжьыгъэ купщIафIэхэм я щапхъэу тхьэмадэм къихьащ иджыблагъэ, гъатхэпэм и 14-м, адыгэ псоми зэдэдгъэлъэпIа Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу, екIуэкIа Iуэху щхьэпэр. Ди лъэпкъэгъухэр куэду щыпсэу республикэхэмрэ къэралхэмрэ мы гъэм илъэс ещанэ хъуауэ къыщызэрагъэпэщ Дунейпсо адыгэ диктант. Лъэпкъым и цIыху пажэхэр, бзэмрэ хабзэмрэ зи гурыщIэм щызыгъафIэ хэкупсэхэр къызэщIэзыубыдэ а Iуэхур къыхилъхьауэ щытащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм анэдэлъхубзэмкIэ и къудамэм. Диктантым и мурад нэхъыщхьэщ адыгэбзэм и пщIэр къэIэтыныр, лъэпкъым анэдэлъхубзэмкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэр адэкIи егъэфIэкIуэныр, щэнхабзэр хъумэныр. ДАХ-м нэхъапэIуэкIэ къыхилъхьауэ йокIуэкI «Анэдэлъхубзэр хъума хъунымкIэ си Iуэху еплъыкIэр» сочиненэ зэпеуэр. А IуэхумкIэ цIыхухэм, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэм, яIэ еплъыкIэр кърипщIэну ари хэкIыпIэщ. Сэхъурокъуэм зэрыжиIамкIэ, а лэжьыгъэхэр щагъэзащIэр ди республикэм и закъуэкъым, атIэ абыхэм жыджэру хэтщ Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Краснодар, Ставрополь крайхэм щыпсэу адыгэхэр, ди лъэпкъэгъу-хэр куэду здэщыIэ Тыркум, Иорданием, Мысырым, Сирием, Европэм и къэралхэм.
- — Анэдэлъхубзэр хъумэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ щIэх-щIэхыурэ Налшык щызэхэтшэ щIэныгъэ-практикэ конференцхэм. Иужьрейуэ къызэдгъэпэща «Адыгэбзэр (шэрджэсыбзэр) хъумэным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр» дунейпсо зэхуэсым кърихьэлIат цIыху 200-м нэс. Абы дыщытепсэлъыхьащ бзэр хъумэнымкIэ, абы зегъэужьынымкIэ щыIэ Iэмалхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ, — къыхигъэщащ и псалъэм Сэхъуро-
- къуэм. — Апхуэдэу адыгэбзэм и пщIэр къэIэтыжынымкIэ, хуащI гулъытэм хэгъэхъуэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэ зэпеуэм. Лъэпкъым и тхыдэм, и IуэрыIуатэм, и литературэм, и бзэм, и хабзэм щIэблэр дегъэхьэхынымкIэ лэжьыгъэшхуэ щызэфIокI абы. Анэдэлъхубзэр зэрырагъэдж Iэмалхэр егъэфIэкIуэнымкIэ, и бзэр дихьэхыу сабийм егъэджынымкIэ, лъэпкъым бгъэдэлъ псэкупсэ къулеягъым щIэблэр ешэлIэнымкIэ, и хабзэр, тхыдэр фIэгъэщIэгъуэну иджыным хуэшэнымкIэ зэпеуэм иIэ мыхьэнэр къэлъытэгъуейщ. Апхуэдэщ, къапщтэмэ, хабзэ хъуауэ екIуэкI «Анэдэлъхубзэ — лъэпкъым и псэ», «Бзэм и гъащIэр лъэпкъми и гъащIэщ» зэIущIэхэр, «Ди адэжьхэм я бзэр ирепсэу» зэпеуэр, «Бзэр тхъумэмэ, лъэпкъри хъума хъунщ» «стIол хъурей» зэхуэсхэр, нэгъуэщIхэри.
- ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ узыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэми. Абыхэм я нэхъыщхьэхэм халъытэ лъэпкъыбзэхэмрэ литературэхэмрэ, щэнхабзэхэм дамыхьэх куэд щIэблэм зэрахэтыр. Лъэпкъ мащIэхэр зыгъэгумэщI апхуэдэ Iуэхугъуэхэм къэрал унафэ имыIэмэ, анэдэлъхубзэхэм ящыщ гуэрхэр, абы къыкIэлъыкIуэу ахэр зыIурылъа лъэпкъхэри кIуэдыжынкIэ хъунущ.
- Лъэпкъыбзэхэр хъума зэрыхъуну щIыкIэхэм тепсэлъыхьу, семинарым и утыку я Iуэху еплъыкIэхэр наIуэ къыщащIащ Мысост Екатеринэ, Тимофеевэ Аннэ, Галановэ Иринэ, Хачикян Еленэ сымэ, нэгъуэщIхэми. Зытепсэлъыхьа IуэхугъуэхэмкIэ чэнджэщхэри къыщащтащ зэIущIэм.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.