Езанэ госпиталри зэхуащIыж
2021-04-06
- СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ ебэнынымкIэ центрыр, узыфэ зэрыцIалэ нэхъ шынагъуэхэм япэщIэтыным хуагъэпса госпиталь №1-р щылэжьар, иджы нэхъапэм зытета мардэм техьэжу и лэжьыгъэм пищэж хъунущ.
- Медицинэ IуэхущIапIэм мы махуэхэм дезинфекцэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIынущ, и кIуэцIи, и щIыби тэмэму ягъэкъэбзэжынущ, иужькIэ а лэжьыгъэхэр зэрырагъэкIуэкIа щIыкIэри къапщытэжынущ. Лабораторэм къэпщытэныгъэхэр иригъэкIуэкIынущ сыма-джэщым кIуэцI узыфэхэр, COVID-19-р къэзыгъэхъейхэр щыIэрэ щымыIэрэ къахутэу. Апхуэдэ ныкъусаныгъэхэр щымыIэ нэужь, сымаджэщым и лэжьыгъэр зытеухуахэм, коронавирус зыпкърытхэм нэмыщI, еIэзэн щIадзэжынущ.
- Мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэщ узы-фэ зэрыцIалэ нэхъ шынагъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ госпиталитI — Налшык къалэ клиникэ сымаджэщ №1-мрэ Нарткъалэ дэт, щIыналъэхэм зэдай сымаджэщымрэ къыщызэIуахауэ щытахэр. Абыхэм гъуэлъыпIэ 310-рэ щIэтщ. Госпиталхэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ щагъуэт сымаджэ 242-м.
- А узыфэр нэхъ зыхуэлъэр зи ныбжьыр илъэс 60-м щIигъуахэрщ икIи коронавирусыр абыхэм нэхъ къохьэлъэкI.
- COVID-19-м зэрызыщыпхъумэну Iэмал нэхъыфIу къалъытэр вакцинэр зыхегъэлъхьэнырщ. Мастэр цIыхум щызыхригъэIу хъунущ езым нэхъ фIэтынш щIыпIэм. А Iуэхутхьэбзэр зыхуригъэщIэн папщIэ зыщригъэтх хъунущ «Госуслуги» порталым е цIыхур зэпха поликлиникэм и регистратурэм.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.