ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Бзэр кIуэдыркъым, абы иримыпсалъэрщ кIуэдыр

2021-03-02

  • Дуней псор зэщIэзыщта пандемием цIыхухэр зэхэмыхьэу унэм зэрыриубыдам ещхьу, лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэми я лэжьыгъэр яхуемыгъэкIуэкIыу къызэтригъэувыIащ, шэщIауи къахузэмыгъэпэщ ищIащ. ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм утыку кърихьэ лэжьыгъэхэр, COVID-19 узыфэм и ягъэкIэ пэIудзауэ иригъэкIуэкIын хуей хъуами, щIэупщIэ яIэр нэхъ кIащхъэ хъуакъым, джэгурэшхэр, бэрэIущ зэныкъуэкъухэр, тхыгъэ зэпеуэхэр онлайн Iэмалхэр хэлъу зэхешэ. Апхуэдэу, Iуэтэж тхыным теухуауэ хамэщI щыпсэуа адыгэ тхакIуэ, гупсысакIуэ цIэрыIуэ Натхъуэ Къадыр и цIэкIэ къызэрагъэпэща зэпеуэр пэIудзауэ иригъэкIуэкIащ. Зэпеуэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ я ГъэфIэж пшыхьыр иджыблагъэ Адыгэбзэ Хасэм и Унэм щекIуэкIащ.

  • Нэхъ пасэу ди газетым хъыбар зэрытетащи, мы зэпеуэр Адыгэбзэ Хасэм иригъэкIуэкIами, ар къыхэзылъхьар Хэку гъэзэжынымкIэ Адыгэ Хасэрщ, Канадэм щыIэрщ. Iуэхугъуэ дахэр бзэр лъэпкъым и къэгъэщIыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм зэращыщым щІалэгъуалэм гу лъегъэтэным, абы пщIэ хуэщIын, хуэсакъын икIи ихъумэн зэрыхуейр гурыгъэIуэным, сыт хуэдэ щытыкIэ имыхуами, анэдэлъхубзэкIэ псэлъэныр, гупсысэныр, тхэныр, еджэныр пщIэ зыпылъ Iуэхугъуэу зэрыщытыр и фIэщ ищIыным хуэунэтIат.
  • КъищынэмыщIауэ, къызэгъэпэщакIуэхэм мыхьэнэшхуэ иратырт щIэблэр тхэным тегъэгушхуэнми. Къапщтэмэ, гупсысэр нэхъыбэу къызыпкърыкIар иужьрей илъэсхэм лъэпкъ литературэм къыхыхьэ щIалэгъуалэр зыхэпщIэу мащIэ зэрыхъуарщ, къалэмыр адыгэбзэкIэ зыгъабзэхэр зэрыхэщIырщ. ЖыпIэнуращи, щытыкIэ мыщхьэпэр къызэнэкIыным хуэгъэпсат зэпеуэр.
  • Зэпеуэр зэрекIуэкIын хуей Хабзэм ипкъ иткIэ ныбжьыщIэхэм Iуэтэжыр щатхкIэ къэлъытэн хуейуэ Iуэхугъуэ зыбжанэ щыIэт: зэрытха бзэр, къызэрыIуэта щIыкIэр, гупсысэр куу зэрыщIа хэкIыпIэхэр, фIэщыгъэмрэ текстымрэ зэрызэхуэкIуэр, художественнэ Iэмалхэр къызэрагъэсэбэпар, нэгъуэщIхэри. Ди гуапэ зэрыхъунщи, къыщыхадзам деж щымыужьыхыжу къыпащэнкIэ ущыгугъ хъуну утыкум тхыгъэ хъарзынэхэр къралъхьащ. ФIым я фIыжхэр къыхэпхыну гугъуу къыщIэкIами, а Iуэхугъуэр зи пщэ дэлъа къэпщытакIуэхэр тхыгъэхэм щыхэплъэм, зэпеуэр зэрекIуэкIыну хабзэм и мардэхэм тхакIуэ ныбжьыщIэхэр зэрытетам ткIийуэ кIэлъыплъащ.
  • Зэпеуэм къыхыхьахэр ныбжькІэ зэщхьэщыгъэкІат.
  • ¨курыт еджапIэм щеджэу зи ныбжьыр илъэс 14 — 17-м ит еджакIуэхэмрэ (псори зэгъусэу тхыгъэ 15 къагъэхьат);
  • ¨курыт еджапIэр къаухауэ, адэкIэ еджэу е лэжьыгъэ IэнатIэ пэрыту зи ныбжьыр илъэс 25-м щІимыгъу щІалэгъуалэмрэ (псори зэхэту лэжьыгъэ 11 къыхэкIащ).
  • Курыт еджапIэм щIэсхэм я унэтIыныгъэм къыщыхэжаныкIащ:
  • Щоджэн Самирэ, Къармэхьэблэ дэт, Къамбий Мухьэб и цIэр зезыхьэ 1-нэ курыт еджапIэ. Самирэ япэ увыпIэр къихьащ. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ езыгъаджэр Лыхь Людэщ.
  • Бахъсэн Адэлинэ, Бахъсэн къалэ дэт 6-нэ курыт еджапIэ. Адэлинэ етIуанэ увыпIэр хуагъэфэщащ. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ езыгъаджэр Лосэн Жаннэщ.
  • Къущхьэбий Камилэ, Налшык къалэ дэт 26-нэ курыт еджапIэ. Камиллэ ещанэ увыпIэр къылъысащ. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ езыгъаджэр Къанло Эльбинэщ.
  • Курыт еджапIэр къэзыухауэ IэщIагъэрэ лэжьыгъэм пыщIа хъуа ныбжьыщIэхэм я унэтIыныгъэм щытекIуащ:
  • КъуэщIысокъуэ Елдар, Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и 3-нэ курсым щоджэ, япэ увыпIэр къихьащ.
  • Быхъурэ Камилэ, Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и 4-нэ курсым щоджэ, етIуанэ увыпIэр хуагъэфэщащ.
  • Тэтэр Аминэ, Къуэшыркъуей къуажэ дэт ЩэнхабзэмкIэ Унэм и лэжьакIуэ-къызэгъэпэщакIуэщ, ещанэ увыпIэр къылъысащ.
  • Iуэтэжым балл пщалъэ иIэу ухэплъэныр, уасэ хуэпщIыныр къызэрымыкIуэу хьэлъэщ. Тхыгъэм и бзэр зэгъэпэщауэ щыт пэтми, къэлъытэн хуейт ар зи IэдакъэщIэкIым и гупсысэм и къэухьри, къигъэсэбэп Iэмалхэри, псалъэр зэрызэIуищэ щIыкIэри. Тхыгъэ къыхэкIахэм къагъэлъэгъуащ лъэпкъ литературэм и кIуэцIкIэ зыкъыщызыIэтын IуэхугъуэщIэхэр зэрыщыIэр, ахэр зэпкърыхыным щIалэгъуалэр тегъэгушхуэн хуейуэ къызэрытпэщылъыр. Зэпеуэм къыхэкIа тхыгъэ нэхъыфIхэр дяпэкIэ Адыгэбзэ Хасэм Фейсбукым щиIэ и напэкIуэцIым кърагъэувэнущ, щIалэгъуалэм я гупсысэкIэр зыхуэдэм, къызэщIиубыдэр зыхуэдизым хэти зыщигъэгъуэзэну Iэмал иIэнущ.
  • ГъэфIэж пшыхьым кърихьэлIащ Хэку гъэзэжынымкIэ Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэу Къат Дибрэ ХьэщIэмахуэ Дариерэ. Зи кIэн къикIа ныбжьыщIэхэм абыхэм псалъэ гуапэкIэ зыхуагъэзащ, лъэпкъым и къэкIуэныр я Iэ зэрилъыр, анэдэлъхубзэм и щыIэныгъэр абыхэм зэрелъытар къыхагъэщащ.
  • Къыхэгъэщын хуейщ тхыгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа ныбжьыщIэхэм къадэIэпыкъуа егъэджакIуэхэри гулъытэншэ зэрымыхъуар. ФIыщIэгуапэ тхылъхэм къадэкIуэу, адыгэбзэр щрагъэдж пэшым щхьэкIэ егъэджакIуэхэм тыгъэ хуащIащ адыгэ сурэтыщI Црым Руслан и Iэдакъэ къыщIэкIа, и сурэтхэмкIэ гъэщIэрэщIа «Нартхэр» зи фIэщыгъэ тхылъ фафIэшхуэр. Тхылъым къызэIуих дунейр сурэтыщIым и гузыхэщIэм къигъэщIами, лъэпкъым и къэгъэщIыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэу щыт нарт тхыдэжьхэм хэти зыщигъэгъуэзэну Iэмал иIэ мэхъу.
  • ЗэIущIэр гуапэу екIуэкIащ. КърихьэлIа дэтхэнэми и Iуэхур къыдэхъуу, и гурылъ дахэхэр къехъулIэу, и бзэм, и лъэпкъым щхьэкIэ пщIэрэ щIыхьрэ зыпылъ лэжьыгъэфIхэр зэфIахыу дунейм тетыну дахуохъуахъуэ!
  • ШУРДЫМ Динэ.