ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэужь  дахэ гъащIэм  къыщызыгъэна

2021-02-18

  • ЦIыхур къыщалъхуамрэ щылIэж махуэмрэ зэпэблагъэщ жаIэ. ГъащIэр абы куэдрэ щыхьэт тохъуэ. Мы гъэм и щIышылэ мазэм и пэщIэдзэм дунейм ехыжащ сабий хирург, эндоскопист цIэрыIуэ Елъчэпар Хьэсэн БетIал и къуэр. Мазаем и 15-м абы и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирикъунут. Къахузэпищакъым Тхьэшхуэм а илъэс бжыгъэ дахэр унагъуэм, благъэ-Iыхьлыхэм, и лэжьэгъухэм, ныбжьэгъухэм зэдагъэлъэпIэну… Ауэ псэ хьэлэлу, IэщIэгъэлI нэсу, цIыху гуапэу дунейм тета лIым теухуа гукъэкIыж дахэхэр ар зыцIыхуу щыта дэтхэнэми, абы и дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэу зыхуэзыгъэза дэтхэнэми и гъащIэм къыхэнащ икIи а дохутыр телъыджэр абыхэм куэдрэ фIыкIэ ягу къагъэкIыжынущ.

  • Республикэм и медицинэ IэнатIэм    и зыужьыныгъэм езэш имыIэу хуэлэжьащ Елъчэпар Хьэсэн. И пщэ къралъхьэ сыт хуэдэ лэжьыгъэри нэгъэсауэ зэфIигъэкIырт, медицинэм щIэуэ къыхыхьэ Iэмалхэр япэу къэзыгъэсэбэпхэм ящыщт, зыхэт гупым чэнджэщкIи IуэхукIи дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуфт. «Сыт хуэдэ лъэIукIи зыхуэгъазэ, ар абы хузэфIэкIыххэнумэ, зэи укъигъэщIэхъунутэкъым, унэм щыIэу, ар жэщуи махуэуи щрырет, «сымаджэщым укъэмысу хъунукъым» жаIэу псэлъауэ, абы «хьэуэ» къыщыхигъэкIа къэхъуакъым», — жаIэ Хьэсэн дэлэжьахэм. Апхуэдэ и Iуэху бгъэдыхьэкIэрщ абы жылагъуэм щиIэ пщIэри къыхуэзыхьар.
  • Хьэсэн дохутыр IэщIагъэм нэхъы-бэу тезыгъэгушхуар и анэрат. Хуемыджами, а Iуэхум тIэкIу хэзыщIыкI бзылъхугъэр цIыхухэми Iэщхэми зэрыхузэфIэкIкIэ еIэзэрт, фIэфIт и сэбэпынагъ зыгуэрым иригъэкIыну. Абы кIэлъыплъурэ къуэми гукъыдэж ищIащ дохутыр IэщIагъэр зригъэгъуэтыну. ИужькIэщ къыщыгурыIуэжар анэм иIа хъуэпсапIэр езым зэрызригъэхъулIар, апхуэдэ щIыкIэкIи къэзылъхуам гупсэхугъуэ зэрыритар. «Медицинэ училищэм щIэтIысхьи, еплъ узэрыхэзагъэм. Уигу ирихьмэ, уи щIэныгъэм адэкIэ хэбгъэхъуэнщ, ухуэмеймэ, нэгъуэщI IэщIагъэ зэбгъэгъуэтыжынщ», — къыжриIат Хьэсэн и анэм, химыгъэзыхьыщэу. АрщхьэкIэ, гъащIэм къызэригъэлъэгъуащи, Елъчэпарыр къызыхуигъэщIар а IэщIагъэрат, и лъэужь дахи IэнатIэм къыщигъэнащ.
  • Дзэлыкъуэкъуажэ дэт курыт еджапIэ нэужьым Елъчэпарым и щIэныгъэм щыпищащ медицинэ училищэм. Ар къиухри, Дзэлыкъуэ район сымаджэщым и «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ» IэнатIэм фельдшеру щыщIидзащ. ИлъэсищкIэ абы щылэжьауэ, тегушхуэри Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ факультетым щIэтIысхьащ. ИужькIэ республикэ, къалэ клиникэ сымаджэщ-хэм субординатурэмрэ интернатурэмрэ хиругиемкIэ къыщиухыжри, Шэджэм район сымаджэщым ягъэкIуащ. 1987 гъэм щегъэжьауэ 1990 гъэ пщIондэ а сымаджэщым экстреннэ хирургиемкIэ и IэнатIэм щылэжьауэ, республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм Москва игъэкIуащ сабий хирургиемкIэ и Iэзагъэм хигъэхъуэну. ИлъэситIкIэ абы щыIауэ, 1992 гъэм къигъэзэжри, Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым уващ икIи и иужьрей махуэхэр къэсыху абы щыIащ.
  • Къыхэдгъэщынщи, республикэ сабий клиникэ сымаджэщым эндоскопиемкIэ и IэнатIэр къызэзыгъэпэщар Елъчэпар Хьэсэнщ, аращ а къудамэм и япэ унафэщIуи щытар.
  • Шэджэм район сымаджэщым щыщылажьэ зэманым, 1988 гъэм, Горбачёв Михаил и дэIэпыкъуэгъу гуэрым а щIыналъэм къыбгъэдэкIыу депутату зыкъигъэлъагъуэрт. Зыхуейхэр къахуищIэну къыщигъэгугъэм, Хьэсэн район сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэм жриIащ Японием щащIауэ эндоскоп Iэмэпсымэ гуэр къежьащи, ар къахуищэхуну елъэIуну. Куэд дэмыкIыуи ар къаIэрыхьащ. А зэманым ди щIыналъэм эндоскопиемкIэ япэ IэщIагъэлIу щыта Василенкэ Юрий Республикэ клиникэ сымаджэщым щыIэти, Елъчэпарыр абы и деж кIуэурэ а IэмэпсымэмкIэ лажьэу зригъэсащ. Ди республикэм и район сымаджэщхэм ящыщу Шэджэм щIыналъэм щыIэрщ эндоскопием и Iэмалхэр къагъэсэбэпу цIыхухэм я узыншагъэр къапщытэн щыщIадзар. Шэч хэмылъуи, абы куэдкIэ и фIыгъэ хэлъщ Елъчэпар Хьэсэн. ИужькIэ Москва ординатурэм щыщыIам, сабийхэм я деж а Iэмалыр къыщыгъэсэбэпыным зыхуригъэсащ. Сабий сымаджэщым ува нэужь, сабий эндоскопие унэтIыныгъэр къызэригъэпэщри зригъэужьащ.
  • ЦIыху сымаджэм бгъэдыхьэкIэ къыхуэбгъуэтыныр тыншкъым, ар сабиймэ, абы и Iуэхур нэхъ гугъужщ. Ауэ Хьэсэн фIы дыдэу къехъулIэрт           а Iуэхур. Сабийм и хьэлым ихьэрти,      ар дэзыхьэх Iуэхухэм тригъэпсэлъыхьыурэ, и стIол къыдэгъэжым сытым дежи кIэнфет е зэрыджэгу хьэпшып гуэр дэлъти, абыхэмкIэ яхуэупсэурэ къыдихьэхырт. Апхуэдэу дзыхь зыхуригъэщIырти, итIанэ тыншу еIэ-   зэрт.
  • Дохутырым и IэщIагъэмкIэ Iэзагъышхуэ зэрыбгъэдэлъын хуейр хьэкъщ, абы къыдэкIуэуи цIыхугъэ лъагэ дэплъагъупхъэщ. Ар зыхэмылъ дохутырым и Iэзагъри зэрыщхьэпэнышхуэ щыIэкъым. «Дохутырым къыхуэкIуар тхьэмыщкIэрэ къулейкIэ зэхидзын хуейкъым. Сэбэп зыхуэхъум и жыпым кърихынум щымыгугъыу, дэIэпыкъуэгъу хуэхъуныр и къалэнщ абы», — жиIэрт Елъчэпарым.
  • Зэгуэрым бзылъхугъэ гуэрым къуажэм къришри, фошыгъу уз зиIэ, илъэсищ ныбжьым ит и сабийр къишащ Хьэсэн и деж. Еплъри, и Iуэху зыIутыр, адэкIи ищIэныр гуригъэIуащ. «Дапщэ уэстынур?» — жиIэри зыкъыхуигъэзащ бзылъхугъэм дохутырым. И Iуэхутхьэбзэр зэрыпщIэншэр къыщыгуригъаIуэм, ар фIэгъэщIэгъуэн хъуауэ жиIащ: «Апхуэдэу хъурэ?! ДыкъыщыкIуэм къызжаIащ ахъшэ уэстын хуейуэ». «Уэ сыт къыбжаIами си Iуэху хэлъкъым, сэ сщIэращи, иджыпсту пхуэсщIам уасэ иIэкъым», — жриIащ абы Хьэсэн. Мылъкур нэхъыбэу щытепщэ дунейм, зи напэм емыпцIыжахэри зэрытетыр гуапэ щыхъуауэ, цIыхубзым фIыщIэ ищIри, щIэкIыжат. Шэч хэмылъу, абы щыгъуэм Елъчэпарым и нэгу къыщIыхьэжат еджапIэр къызэриухамкIэ дипломыр и адэм щригъэлъэгъуам: «Къэбухамэ, хъарзынэщ, ауэ лэжьэн щIэбдзэрэ сом иумытауэ Хьэсэн узыбгъэдигъэхьэнукъым жаIэу щызэхэсхам и деж къуэуэ узбжыжынукъым», — къызэрыжриIар. И IэщIагъэм теухуауэ и адэм кърита ущием псэуху тетащ къуэр. ЗэрыжаIэуи, къызылъхуахэм я пащхьэм напэ хужькIэ ихьэжащ.
  • Унагъуэ дахи и щIыб къыдэтт Елъчэпарым. Хьэсэнрэ и щхьэгъусэ Людмилэрэ я унагъуэ жьэгум и жьантIэр иIыгът зэгурыIуэм, хабзэм, нэмысым. ЛIым гъащIэ гъусэ пэжу къыдекIуэкIа Людмили и IэщIагъэкIэ дохутырщ, илъэси 10-кIэ Шэджэм район сымаджэщым экстернэ гинекологиемкIэ       и къудамэм щылэжьащ, иужькIэ Налшык къалэ «Эль-Ма» медицинэ центр къыщызэIуихащ. Я щIалэхэу Алимрэ Залымрэ гъэсэныгъэкIи щIэныгъэкIи щапхъэ зытраххэм хуэдэщ. ГъащIэм езым я лъагъуэ щыхашыжри лъэ быдэкIэ абы хэуващ. ТIуми Урысей МВД-м и университету Санкт-Петербург дэтыр къаухащ. Нэхъыжьыр — Налшык, нэхъыщIэр Санкт-Петербург я IэщIагъэхэмкIэ щолажьэ. ЛIы хъупхъэу адэм къыщIэува щIалитIым иригушхуэрт, абы я быныр и щIэблэ гъэфIэнт. Унагъуэм я нэхъыжьыр нобэ яхэмытыжми, и жьауэр жыжьэ едзри, адэкIи къихъумэнущ.
  • Дунейм Iэужь гуэр къытезынар псэу пэлъытэщ. Елъчэпар Хьэсэн и IуэхущIафэхэр куэдрэ ящыгъупщэнукъым, ар зыцIыхуу щыта псоми абы и фэеплъыр яхъумэнущ.
  • ЩхьэщэмыщI  Изэ.