Архив IуэхущIапIэм къыдигъэкIа махуэгъэпс
2021-02-04
- Республикэм и тхыдэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа цIыху цIэрыIуэхэмрэ жылагъуэ гъащIэр фIым хуэзыунэтIа къэхъукъащIэхэмрэ я тегъэщIапIэу, КъБР-м и Архив IуэхущIапIэм дызытехьа илъэсыщIэм и махуэгъэпс къыщыдагъэкIащ.
- СурэткIэ гъэщIэрэщIа адрей махуэгъэпсхэм я жыпхъэм иту зэхалъхьащ зи гугъу тщIы къыдэкIыгъуэр: блыным фIэбдзэмэ, удэзыхьэхын сурэт къытещу, IэкIэ пIыгъмэ, узэджэн бгъуэту. Ауэ езым ещхь куэдым мыр къахегъэщ тхыдэр тегъэщIапIэ зэрыхуэхъуамрэ цIыху дахэхэм, махуэ къэс узримыхьэлIэ сурэтыжьхэм, уеблэмэ, дэфтэр лъапIэхэр зэрыт тхылъымпIэхэм я фэеплъ зэрихуамрэ.
- ЗэрыгурыIуэгъуэщи, мы гъэм 1-рэ 6-кIэ иух илъэс бжыгъэхэм я ныбжь хъурейщ. Мазэ-мазэкIэ дриплъэмэ, псалъэм папщIэ, щIышылэм хухаха напэкIуэцIым дигу къегъэкIыж 1926 гъэм щIышылэм и 6-м Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар щIэныгъэхэмкIэ и институтыр къызэрызэIуахар.
- Мазаем хуозэ КъБКъУ-м и япэ ректор Бэрбэч ХьэтIутIэ илъэси 105-рэ зэрырикъур. Абы нэмыщI, 1936 гъэм и мазаерт Кэнжэ щыщ пионер щIалэ цIыкIу Хьэмгъуокъу Барэсбий адыгэш гъэхъун ехъулIэныгъэкIэ къэрал утыку ихьэу, «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденыр къыщратар.
- Гъатхэпэм КъБКъУ-м и медицинэ факультетым и гуфIэгъуэ махуэр хуозэ: ар къызэIуахауэ щытащ 1966 гъэм и гъатхэпэм.
- Мэлыжьыхь мазэм илъэси 175-рэ ирикъунущ Iимам Щамил Къэбэрдейм къызэрыкIуэрэ. А мазэ дыдэм дигу къегъэкIыж КъБР-м и цIыхубэ артист, тхыдэ фильм куэдым хэта Мулей Барэсбий 2011 гъэм мэлыжьыхьым и 14-м дунейм зэрехыжар.
- Накъыгъэм ирихьэлIэ махуэшхуэхэм хохьэ 1991 гъэм накъыгъэм и 19 — 20-хэм Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэрызэрагъэпэщар. А мазэ дыдэм 2011 гъэм Мэз Каринэрэ Ольмезов Абдул-Хьэлымрэ Эверест бгым дэкIуеяуэ щытащ.
- ГукъэкIыж гуапэхэр пыщIащ дэтхэнэ мазэми, ауэ а псоми нэ лейкIэ уащхьэпрегъэплъ мэкъуауэгъуэ мазэм хухаха «Тхыдэм и шэрхъым». Абдежым итщ 1921 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м Къэбэрдей автоном областыр Бгырыс республикэм щхьэхуэу къызэрыхэкIым теухуа, Къалмыкъ БетIал и Iэ зыщIэлъ Унафэр. А мазэ дыдэм и япэ махуэрщ нобэ «Кабардино-Балкарская правда» цIэр зезыхьэ «Къэбэрдей Плъыжь» («Красная Кабарда») газетым и япэ номерыр къыщыдэкIари.
- Чэрим Марианнэ.