Нэхъри зиужьын папщIэ
2021-02-04
- КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ IущIащ ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ АфэщIыж Юрий.
- Ахэр тепсэлъыхьащ хьэрычэт IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым адэкIи зыщегъэужьыным, бизнесым зыщIэгъэкъуэнымкIэ хэкIыпIэхэм, щIыналъэм къыщрахьэжьэ Iуэхухэм инвестицэхэр къыхегъэлъхьэным хуэгъэзауэ лъэныкъуэхэр зэрызэдэлэжьэну щIыкIэм, КъБР-м хьэрычэт щыщIэным ехьэлIауэ щыIэ щытыкIэм.
- ЩIыналъэ омбудсменым къыхигъэщащ экономикэм зегъэужьынымкIэ ехъулIэныгъэ нэрылъагъухэр зэрыщыIэр икIи КIуэкIуэ Казбек фIыщIэ хуищIащ коронавирус узыфэм ебэнынымкIэ пандемием и лъэхъэнэм хьэрычэт IэнатIэ мыиным, курытым защIэгъэкъуэным хуэгъэзауэ ищIа унафэхэм папщIэ.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я пресс-
- IуэхущIапIэ.