Анэдэлъхубзэм хуиIащ лъагъуныгъэ ин
2021-02-04
- УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ Куэшбей Пщымахуэ къызэралъхурэ мы махуэхэм илъэс 85-рэ ирокъу.
- Теувэж Дзыгъуэ и цIэкIэ щыIэ литературэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь Андырхъуей Хъусен и журналист саугъэтхэр зыхуагъэфэща Куэшбей Пщымахуэ и творческэ къежьапIэм щытепсэлъыхькIэ, псоми я лъабжьэ хъуар IуэрыIуатэрауэ жеIэ. Пщыхьэщхьэ къэс хьэщIэщым къуажэ лIыжьхэр щызэхуэсыурэ хъыбар, таурыхъ телъыджэхэр къаIуэтэжу зэхэсти, езыр иджыри цIыкIу дыдэу, бжэ къуагъым зыкъуигъапщкIуэу-рэ, щIэдэIурт. КъыдэкIуэтея иужькIи, IуэрыIуатэм хуиIэ фIылъагъуныгъэр зыкIи нэхъ мащIэ хъуакъым. Пщымахуэ зэхихахэр и ныбжьэгъухэм яхуиIуэтэжырт.
- 1956 гъэращ абы и япэ тхыгъэр дунейм къыщытехьар. А лъэхъэнэм ар щеджэрт Адыгейм и педагогикэ институтым и филоло-гие факультетым. Газетхэм очеркхэр къытригъадзэу езыгъэжьа Куэшбей Пщымахуэ художественнэ теплъэгъуэ хьэлэмэтхэр итхын щIидзат. 1960 гъэм, институтыр къиуха иужькIэ, ар «Социалистическэ Адыгей» газетым и редакцэм лэжьыгъэм щыпэрыуващ. Тхэным, псалъэм къызэ-рымыкIуэу щыхуэсакъ, щызэрагъэзахуэ редакцэр щIалэщIэм и творческэ зыузэщIыныгъэм хуабжьу къыхуэщхьэпащ. А лъэхъэнэращ абы и япэ Iуэтэжхэр дунейм къыщытехьар.
- 1966 гъэм Куэшбей Пщымахуэ и IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса «Сэтэней» япэ тхылъыр къыдэкIащ. Абы тхакIуэ щIалэр нэхъыбэжым тригъэгушхуащ. Илъэсищ докIри, ар ягъакIуэ тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я V Союзпсо зэIущIэу Москва щекIуэкIым. Шэч хэмылъу, ар щыхьэт техъуэрт Куэшбейм и зэфIэкIыр къызэралъытам.
- Пщымахуэ нэхъ пасэу итхахэм ящыщу я мыхьэнэкIэ, IэзагъкIэ, гупсысэкIэ къыхэбгъэщхьэхукI хъунущ 1969 гъэм дунейм къыте-хьа «Гум папщIэ гу ят» лъагъуныгъэ повестыр.
- ЩIэджыкIакIуэмрэ литературэджэхэмрэ гулъытэ щхьэхуэ зыхуащIахэм ящыщщ «Махуибл уае» повестыр. Ар 1971 гъэм «Современник» тхылъ тедзапIэм къыдигъэкIа сборникым ихуат. ИужькIэ а тхыгъэр и лъабжьэу ягъэува спектаклым цIыху куэд къыпэджэжат.
- Езыр сабийуэ хиубыдами, зауэ лъэхъэнэм и нэгу щIэкIахэм Пщымахуэ и творчествэм увыпIэ щхьэхуэ щиубыдащ. 1976 гъэм абы къыдигъэкIа «Жыг уджхэр» тхылъым ихуа «ЩIыхуэ» повестым цIыхум и блэкIар зэпритхъыу щIэрыщIэу псэун зэрыхущIэмыдзэр, ар мывэ шыкъыру цIыхум и плIэм зэрилъыр Iуданэ плъыжькIэ щыпхышащ. Абы щелэжьым тхакIуэр мызэ-мытIэу Хэку зауэшхуэм хэтахэм яхуэзащ, епсэлъащ. Арагъэнщ тхыгъэр хэIущIыIу хъуа иужькIэ куэдым зыкъыхуагъазэурэ: «Ди къуажэ щыщкъэ узытетхыхьар?» къыщIыжраIар.
- ТхакIуэм и IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэм халъытэ «Щыпкъэу къыщIэкIыжа псалъэ» фIэщыгъэм щIэту 1984 гъэм и Iэдакъэ къыщIэкIа повестыр. Абы щытопсэлъыхь зи насып къэзылъыхъуэж адыгэ пщащэ Сариет. КъыжыIапхъэщ а хъыджэбзым и хьэл-щэн тхакIуэм дигъэлъагъухэр лъэхъэнэр зэмысауэ, ипэкIэ литературэм къыщамыгъэлъэгъуауэ зэрыщытыр.
- 1986 гъэм Iуэтэжхэмрэ повестхэмрэ щызэхуэхьэсауэ «Гъуэгу зэхэкIыпIэм деж» тхылъыр абы къыдигъэкIащ. Лъагъуныгъэр и лъабжьэт Куэшбейм 1995 гъэм адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ и Iэдакъэ къыщIэкIа «Уэ фIыуэ уралъагъу» повестыр.
- КъыжыIэпхъэщ Пщымахуэ зэдзэкIынми хуэIэижьу зэрыщытар. Абы адыгэбзэм къригъэзэгъащ Лихоносов Владимир, Зубенкэ Иван, Цагарели Авксентий, Щэуджэн Iэюб сымэ, нэгъуэщIхэми я тхыгъэхэр.
- Куэшбей Пщымахуэ и анэдэлъхубзэм хуиIэ фIылъагъуныгъэр и творчествэм щынэIурытщ. «Тхэн зэрыщIэздзэрэ нобэм къэс, сэ къалэн нэхъыщхьэу зыхуэзгъэувыжыр адыгэбзэм и дахагъэр, абы и къарур, абыкIэ цIыхум и гурыгъу- гурыщIэ псори къызэрыпхуэIуатэр къэзгъэлъэгъуэнырщ. Бзэ тхьэмыщкIэ щыIэкъым, тхьэмыщкIэр — а бзэр зыхуэмыхъумэ, зезымыгъэужьыф дэращ»,- итхауэ щытащ Пщымахуэ.
- Лъэпкъ щэнхабзэм къыдэкIуэтей щIэблэр драгъэхьэхын мурадкIэ сурэтыщI Iэзэ Дыгъужь Мыхьмуд и гъусэу 1991 гъэм «Сабий джэгукIэхэр» фIэщыгъэм щIэт тхылъ телъыджэ къыдагъэкIащ.
- И творчествэм щытепсэлъыхькIэ, щхьэщытхъуныр зи жагъуэ тхакIуэм етх: «Си гъащIэр апхуэдизкIэ псынщIэу, сыхущIэмыхьэурэ блэлъэтащи, ухуейуэрамэ, цIэрыIуэ сыщыхъуар къэсщIакъым… Стхахэм ящыщу зыбжанэщ сигу ирихьыжыр. Зэгуэр яфIэгъэщIэгъуэн хъурэ, стхам еджэмэ, арагъэнщ си щIэджыкIакIуэхэм къыхахынури».
- Щомахуэ Залинэ.