ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЛIыхъужьхэм  я  щапхъэ

2021-01-28

  • Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъун къуажэм дэт курыт школ №2-м иджыблагъэ щекIуэкIащ зэIущIэ купщIафIэ. Ар теухуауэ щытащ «Урысейм и гугъапIэ» къэралпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм ди республикэм щиIэ къудамэм и пашэ Черновэ Алёнэрэ абы ипхъу Назаровэ Надеждэрэ зэдатха «Унагъуэм и тхыдэр Хэкум и тхыдэм къыхэнащ» тхылъыщIэр утыку къихьэным. Зэхуэсыр щекIуэкIащ школым и «Зыужьыныгъэм и щIэдза-пIэ» IэнатIэм.

  •  Налшык дэт «Принт-Центр» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа  тхылъ купщIафIэм   и лъэтеувэм кърихьэлIат хьэщIэ лъапIэ куэд. Школым  и  егъэджакIуэхэмрэ  еджакIуэ цIыкIухэмрэ, апхуэдэу тхылъым и авторхэм нэмыщI, абы жыджэру хэтащ КПРФ-м и къалащхьэ къудамэм и лIыкIуэхэу Шыдакъ Евгение, Ульбашевэ Светланэ, ВэрылI Сэфарбий сымэ, къуа-жэ администрацэм и Iэтащхьэ Къандэхъу Леонид, Аруан районым и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и пашэ Езий Юрэ, «Унагъуэм и тхыдэр Хэкум и тхыдэм къыхэ-нащ»  тхылъым зи хъыбар ихуа, Фин                       зауэм, Хэку зауэшхуэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ зэрихьэу хэта Албот Даудий Лыкъуэ и къуэм къыщIэна унагъуэм щыщ-хэр, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Къул ФатIи-мэ, нэгъуэщIхэри.
  • Зэхуэсыр къызэIуахыным ипэ къихуэу, хьэщIэхэм удз гъэгъахэр тралъхьащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэда къэхъундэсхэм я фэеплъу къуажэм дэтым. ДакъикъэкIи абыхэм яхуэщыгъуащ.
  • Тхылъым елэжьахэм ящыщщ курыт школ №2-м и еджакIуэхэу тхыдэдж ныбжьыщIэхэм я  «Къэлъыхъуэныгъэ» клу- бым  екIуалIэхэр.  Абыхэм я унафэщIщ тхыдэмкIэ егъэджакIуэ цIэрыIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Шыбзыхъуэ Хъамсинэ. Абыхэм гукъыдэж яIэу зэхуахьэсащ я къуажэгъу зауэлIым теухуа дэфтэрхэр, хъыбархэр, сурэтхэри кърахьэлIащ. Хьэлэмэтрати, Албот Даудийрэ тхылъыр зи къалэмыпэм къыпыкIам и адэшхуэмрэ Фин зауэжьым зэдыхэтауэ щытащ.
  • — Апхуэдиз лэжьыгъэ къезыхьэлIа еджакIуэ цIыкIухэм я деж дыкъэмыкIуэу тхуэшэчакъым. Нэхъ гъунэгъуу зэдгъэцIыхуну дыхуейт ди адэшхуэм зауэ IэнатIэм къыдыIута Албот Даудий къыщIэна унагъуэр, къыщIэхъуа щIэблэр. А зауэлIитIыр бийм пэщIэтащ, зы щIакхъуэ Iыхьэр зэдагуэшу, зэш зэхуэхъуауэ, — жиIащ Черновэ Алёнэ. — Ди мурадыр къыддэзыIыгъыу зэIущIэм зыкърезыхьэлIа псоми фIыщIэ яхудощI. Зи блэкIам щыгъуазэ, зи къэкIуэнум фIы-кIэ хуэлажьэ щIэблэ фи жылэм къыдэхъуэну сыфхуохъуахъуэ.
  • АдэкIэ утыкур хуит хуащIащ тхылъ гъэщIэгъуэным папщIэ тхыгъэхэр зыхуэзыхьэса ныбжьыщIэхэм. Ахэр зэпкърыхауэ тепсэлъыхьыжащ я егъэджакIуэм пщэрылъ къахуищIа къалэныр зэфIэхыным  гукъыдэж яIэу зэрыхэтамрэ Iуэхур зэрекIуэкIамрэ. НыбжьыщIэхэм зэрыжаIамкIэ, къуажэм щыпсэу куэдым яхуэщхьэпэну «Унагъуэм и тхыдэр Хэкум и тхыдэм къыхэнащ» тхылъыщIэм езыхэри хуабжьу щыгуфIыкIащ икIи фIыщIэ хуащIащ ар къахуэзыхьа, тыгъэ къахуэзыщIа хьэщIэ лъапIэхэм. ШколакIуэхэр къызэхуэсахэм къахуеджащ тхылъым щыщ Iыхьэхэм, абы ихуа усэ щхьэхуэхэм.
  • Тхылъыр зи къалэмыпэм къыпыкIа зэнэзэпхъум апхуэдэу гуапэу ехъуэхъуащ Iуэхум кърихьэлIахэр. Псом хуэдэжтэ-къым Албот Даудий и къуэ Сэрэбий, зауитIым я лIыхъужьым къыщIэхъуа щIэблэм ящыщу Чэримрэ Хьэмидбийрэ я къэпсэлъэныгъэхэр
  • Зэхуэсым хэтахэм яфIэхьэлэмэту щыгъуазэ зыхуащIащ Iуэхум къыхузэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэм. Абы хэлът Хэкум и щхьэхуитыныгъэм щIэзэуа, абы папщIэ зи  псэр  зыта къэхъундэсхэм ятеухуа тхылъхэр, тхыгъэ щхьэхуэхэр, сурэт гъэщIэгъуэнхэр, фронтым къратхыкIауэ щы-та письмо щимэхэр, нэгъуэщIхэри. Iуэхур и макъ жьгъыру дахэмкIэ иIэтащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Къул ФатIимэ. Абы къызэхуэсахэм папщIэ жиIащ зауэм, мамырыгъэм ятеухуа хэкупсэ уэрэдхэр.
  • ГъэщIэгъуэну, купщIафIэу екIуэкIа зэIущIэр къызэщIикъуэжу, абы къыщыпсэлъащ а курыт школым и унафэщI Джатокъуэ Хьэуелэ. ХьэщIэ лъапIэхэм фIыщIэ ин яхуищIащ абы, апхуэдэуи жиIащ щIэблэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ мыпхуэдэ зэIущIэхэр хуабжьу щхьэпэу зэрыщытыр.
  • Зэхуэсыр абы хэтахэм я гум гуапэу куэдрэ зэрилъынум шэч хэлъкъым.
  • ЖЫЛАСЭ  Маритэ.