ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сымаджэхэр нэхъ мащIэ мэхъу

2021-01-28

  • Коронавирус узыфэ зэрыцIалэм щеIэзэ госпиталитI республикэм щызэхуащIыж. Иужьрей махуи 10-м узыфэм хьэлъэу игъэсымаджэхэм я бжыгъэр щIыналъэм нэхъ мащIэ щыхъуащ. Абы къыхэкIыу КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм унафэ къищтащ Налшык къалэ клиникэ сымаджэщ №2-мрэ Республикэ сабий клиникэ сымаджэщымрэ епхауэ щыIэ госпиталхэм я лэ-жьыгъэр къызэтрагъэувыIэну.

  •  Мы зэманым а медици-нэ IуэхущIапIэхэм я узыншагъэр щызэфIагъэувэж цIыху 211-м, нэгъуэщI сымаджэхэр щIагъэгъуэлъхьэнукъым. Ахэр къыщIатхыкIыжа нэужь, госпиталыр санитар хабзэхэм тету къыщIагъэкъэбзыкIыжынурэ IуэхущIапIэхэр нэхъапэм зэрылэ-жьам техьэжынущ.
  • Узыфэр хьэлъэу зыпкърытхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ щIэхъуам и щхьэусыгъуэу IэщIагъэлIхэм къагъэлъагъуэ эпидемиологие щытыкIэр зэрефIэкIуар, цIыхухэм я шынагъуэншагъэм гулъытэ нэхъ ират зэрыхъуар, жылагъуэм хуащIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр хъарзынэу зэрызэтраублар, коронавирус узыфэр зэрапкърытыр пасэу къахутэу и чэзум еIэзэн зэрыщIадзэр, вакцинэр гупурэ зэрырахьэлIэр.
  • Дохутырхэр щогугъ узыфэ зэрыцIалэ шынагъуэм ущызыхъумэ мастэхэр цIыхухэм зыхрагъэлъхьэн зэрыщIадзам и фIыгъэкIэ зэман кIэщIым къриубыдэу коронавирусыр зиIэу къагъэлъагъуэ сымаджэхэм я бжыгъэр куэдкIэ нэхъ мащIэ хъуну.
  • ЩхьэщэмыщI  Изэ.