Адыгэбзэм и къару
2020-11-07
- КъШР-м щыщ усакIуэ, «Черкес хэку» газетым и лэжьакIуэ Бемырзэ Зураб испан усэрытх Гарсиа Лоркэ Федерикэ и усэ цIэрыIуэр адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ.
- Илъэс зыбжанэ хъуащ дунейпсо щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэхэр анэдэлъхубзэм къигъэзэгъэнымрэ адыгэ литературэм тхыдэм къыщызэринэкIа апхуэдэ щапхъэфIхэр зэхуэхьэсыжынымрэ телажьэ «Адыгэбзэм и къару» интернет хэщIапIэр къызэрыунэхурэ. Иджыблагъэ абы ихуащ КъШР-м щыщ усакIуэ Бемырзэ Зу-раб и лэжьыгъэщIэ — щIыуэпсым и дахагъэм тетхыхьрейуэ щыта испан усакIуэ Гарсиа Лоркэ Федерикэ «Пейзаж» («Paisaje») зыфIища усэр. Зураби абы адыгэбзэкIэ цIэ дахэ къыхуигъуэтащ: «Дунейнэгу». ЗэдзэкIыгъэм и япэ сатырхэм щегъэжьауэ къыбгуроIуэ адыгэ тэрмэшымрэ испан усэрытхымрэ зэрымыщIэкIэ зэрызэримыхьэлIар:
- Гъуэгум щыгъуэща пшыхьым
- Жьыбгъэр къызрешэкIыр.
- Нэхур я нэгукIэ язу,
- ЦIыкIухэр пхроплъ абдж уахъуэм —
- Йоплъ гъурц гъуэжьыкIхэм я зыр
- Бзууэ зэрыжейбащхъуэм.
- НэгъуэщIым и тхэкIэм хыумыгъэгъуэщэн уней хъэтI зиIэж Бемырзэ-нэхъыщIэм и зэдзэкIыгъэхэр нэхъ пасэуи кърилъхьат тхылъеджэм и пащхьэм. Ауэ иджыри къэс абы анэдэлъхубзэм игъэIэпхъуэр Пушкиным, Лермонтовым, Есениным, Григорьевым хуэдэ урыс усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэрт. Иджы испан усакIуэр адыгэбзэкIэ къызэригъэпсэлъэным иужь ихьащ.
- Гарсиа Лоркэ адыгэ тхыбзэм и ха- мэ дыдэу жыпIэ хъунукъым. Адыгэ Республикэм и театреплъхэм гукъинэж ящыхъуауэ щытащ КъБР-м щыщ режиссёр ЕмкIуж Анзор и жэрдэмкIэ утыку къихьа «ЛъыщIэжыр». Уэрэзей Афлик зэридзэкIа усэ зыбжани къэбэрдей диалектымкIэ щыIэщ.
- ЕтIанэгъэ илъэсипщI ирикъуну «Адыгэбзэм и къарум» щызэхуэхьэсащ ди анэдэлъхубзэм щыщ хъуа нэмыцэ, франджы, инджылыз, тырку, хьэрып, инд, япон, чех, тыркумэн, дагъыстэн, шэшэн, балъкъэр усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ къызэранэкIа тхыгъэхэр. Нало Заур, Уэрэзей Афлик, Бещтокъуэ Хьэбас, Жаным Борис, Бемырзэ Мухьэдин, Мысачэ Пётр, Бер Хьэбалэ, Тхьэгъэзит Зубер, Къэрмокъуэ Хьэмид, Ацкъан Руслан, Къармэ Iэсият, Къармэ Iэуес, ЛIуп Аслъэнбэч сымэ зэрадзэкIа тхыгъэхэм къакIэлъокIуэ Гугъуэт Заремэ, Щомахуэ Залинэ, Шорэ Маринэ, Ныбэжь Таисэ, ТекIужь Заретэ сымэ къэбэрдей адыгэбзэм иралъхьа усэхэр, Iуэтэжхэр, хамэ лъэпкъ псысэхэр, роман хуэдэ тхыгъэ инхэм ящыщ пычыгъуэхэр, къинэмыщIхэр.
- Псалъэм и хьэтыркIэ, нобэ зи гугъу тщIы Гарсиа Лоркэ «КъэсщIэфу щытамэ ар вагъуэкIэ» зыфIищауэ щыта и усэр Уэрэзей Афликрэ НэщIэпыджэ Замирэрэ щхьэхуэ-щхьэхуэу зэрадзэкIауэ диIэщ. Апхуэдэ дыдэщ Руставели Шота и «Къаплъэныфэ зыщыгъ зекIуэлIри». НэгъуэщIу жыпIэмэ, Тхьэгъэзит Зубер — илъэсипщI, Бер Хьэбалэ — илъэс щэщIрэ тхурэ зытрагъэкIуэда куржы усакIуэм и тхыгъэ телъыджэри «адыгэбзитIкIэ» Iуащ. Оригиналыр зы фIэкIа мыхъуми, абы тэрмэш лэжьыгъэ дапщи хуэпщI мэхъу. А Iуэхум и мыхьэнэр къыбгурыIуэн папщIэ, урысыбзэм пщIы бжыгъэкIэ ирагъэзэгъа Шекспир и сонетхэм нэхърэ нэхъ щыхьэт наIуэ ухуейкъым. Зы тхыгъэм хуащIа зэдзэкIыгъэхэр нэхъыбэху, ар здэбгъэIэпхъуэ бзэри нэхъ бей мэхъу, оригиналым и купщIэми зеубгъу, дэри дызэджэн догъуэт.
- Чэрим Марианнэ.