ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ВЭРОКЪУЭ Владимир Хъалид и къуэр

2020-11-07

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэмрэ жылагъуэмрэ хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтащ. И ныбжьыр илъэс 85-м иту 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 5-м дунейм ехыжащ документальнэ, актёрхэр щыджэгу кинохэм я режиссёр, тхакIуэ, РСФСР-мрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Вэрокъуэ Владимир Хъалид и къуэр.

  • Владимир Хъалид и къуэр 1936 гъэм щIышылэм и 2-м Налшык къалэм къыщалъхуащ. 1960 гъэм абы лэжьэн щыщIидзащ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Къэрал телерадиом икIи 1989 гъэ пщIондэ абы щыIащ, редактор, редактор нэхъыжь, кинорежиссёр IэнатIэхэр щызэблихъуащ, телевизионнэ проект куэд утыку къыщрихьащ. Абыхэм ящыщ куэд щытекIуащ дунейпсо, къэрал теле-кино-фестивалхэм. Псори зэхэту Вэрокъуэм трихащ документальнэ, художественно-публицистикэ фильми 150-м щIигъу. Владимир Хъалид и къуэм и зэфIэкIыр лъэныкъуэ куэдкIэ къигъэлъэгъуащ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ тхылъ 20.
  • И къулыкъукIэ и пщэ къыдэхуэ къалэнхэмрэ и творческэ лэжьыгъэхэмрэ къадэкIуэу Владимир Хъалид и къуэр жылагъуэм щекIуэкI Iуэхухэми жыджэру хэтащ. Ар ящыщщ Урысейм и Кинематографистхэм я зэгухьэныгъэм и къудамэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэзыгъэпэщахэм, Урысей Федерацэм и Кинематографистхэм я зэгухьэныгъэм и секретару, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Кинематографист-хэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу лэжьащ, ТворчествэмкIэ дунейпсо академием и вице-президенту, ТворчествэмкIэ дунейпсо академиемрэ Телевиденэмрэ радиомрэ я дуней- псо академиемрэ я академикыу, Урысейм Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ и академием щIыхь зиIэ и академикыу щытащ. 1989 гъэм къыщыщIэдзауэ ар и унафэщIу щытащ КъБР-м и лъэпкъхэм я тхыдэ-щэнхабзэ щIэинхэр къэгъэщIэрэщIэжыным, ахэр хъумэнымрэ хэIущIыIу щIынымрэ къыхузэрагъэпэща, республикэм и лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм унэтIыныгъэ куэдкIэ ядэлажьэ IуэхущIапIэм — Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩэнхабзэмкIэ и фондым.
  • Вэрокъуэ В. Хъ. 1996 гъэм къыщыщIэдзауэ лэжьащ «Налшык» жылагъуэ радиотелевизионнэ компание ОАО-м и генеральнэ директору.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и закъуэкъым Вэрокъуэ В. Хъ. щыжыджэрар. Абы и творчествэм гулъытэ щигъуэтащ Урысейм и щIыпIэ куэдым, ар къыщацIыхурт, пщIэи къыщыхуащIырт ди республикэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ япэжыжьэ щIыналъэ-хэми.
  • Вэрокъуэ В. Хъ. и зэфIэкI къызэрымыкIуэм папщIэ къэрал гулъытэ лъагэхэри игъуэтащ. Абы къыхуагъэфэщащ Зэныбжьэгъугъэм и орденыр, Урысей Федерацэм и Президентым и ЩIыхь тхылъыр, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр, къыфIащащ «РСФСР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Осетие Ищхъэрэ — Алание республикэхэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэщ. Абы мызэ-мытIэу къратащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэрал саугъэтыр, Налшык, Шэджэм, Тэрч къалэхэм щIыхь зиIэ я цIыхуу щытащ.
  • Вэрокъуэ Владимир Хъалид и къуэм, зи гъащIэр щэнхабзэм хуэлэжьэным тезыухуа цIыху щыпкъэм, хэкупсэ нэсу, IэщIагъэлI Iэзэу икIи зэчиифIэу щытам, и фэеплъ нэхур игъащIэкIэ дигу илъынщ.
  • КIуэкIуэ К. В., Егоровэ Т. Б., Мусуков А. ТI., Къуэдзокъуэ М. М., Мэкъуауэ Т. Э., Алътуд Ю. Къ., Амщыкъуэ Ф. Къ., Аттаев Ж. Ж., Ахъуэхъу Т. Б., Бажэнэ Б. Ю., Берд Хь. А., Беппаев М. А., Беппаев С. У., Быф А. Ж., Бозий Н. М., Геккиев З. Д., Геляхов А. С., Говоров С. А., Губин Г. С., Жанатаев С. А., Зумакулов Б. М., Зумакуловэ Т. М., Къэзанш Л. Б., Къанокъуэ А. Б., Канунников А. Д., Къардэн М. Н., Къармокъуэ Хь. М., КIуэкIуэ Ю. А., Конаревэ Н. И., Къумал З. М., Къумахуэ М. Л., Къуныжь М. А., Логоватовский Ю. С., Марьяш И. Е., Молэ В. Л., Нэхущ З. А., Опрышкэ О. Л., Рахаев А. И., Сэхъурокъуэ Хь. Хь., Тау П. Къ., Темыркъан Г. Ж., Тхьэгъэзит Ю. М., Ульбашев М. М., Федченкэ Л. М., Фырэ М. Д., Хьэжу В. Щ., Хьэщхъуэжь А. Б., ХьэIупэ Дж. Къу., ХьэфIыцIэ М. М., Хъубий М. Б., Щхьэгуэш А. Л.