Iуэрытхым лъэпкъхэр зэкъуегъэувэ
2020-11-07
- Илъэс етхуанэ хъуауэ Урысейм щокIуэкI «Этнографие Iуэрытх ин» щIэныгъэ Iуэхур. Мы гъэм ар онлайн мардэм тету къызэрагъэпэщащ, ауэ щIыналъэ къэс хэщIапIэ зырыз яIащ диктант зытхыну гукъыдэж зиIэхэр екIуэлIэну.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм Мэлбахъуэм и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм щэкIуэгъуэм и 3-м диктантыр щатхащ. Абы кърихьэлIат къэрал IуэхущIапIэхэм, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэу, щIэныгъэм, гъуазджэм, спортым я лэжьакIуэу, студенту цIыху 50-м нэблагъэ. А Iуэхум хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI, Урысей тхыдэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и советым и унафэщI Егоровэ Татьянэ. Къызэхуэсахэм защыхуигъазэм, абы жиIащ:
- — Мыпхуэдэ Iуэрытхыр къызэрыхалъхьэрэ илъэситху мэхъу. Къэбгъэлъагъуэмэ, ар гъэ къэс дунейм и щIыналъэ псоми щокIуэкI. А Iуэхум къыхыхьащ космонавтхэри. Абы къегъэлъагъуэ Iуэрытхым и мыхьэнэр мы зэманым зэрыиныр, — пищащ Егоровэм. — Ди гуапэ мыхъуу къанэркъым а жэрдэмыр ди къэралым къызэрыщыхалъхьар. Урысейр куэду зэхэт къэралыгъуэщ икIи абы щопсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэу 190-м щIигъу. Абы къыхэкIыу нобэ щхьэж и тхыдэрэ щэнхабзэрэ зэрищIэжым хуэдэу, адрейхэми я хабзэхэм щыгъуазэу щытыпхъэщ — ар лъэпкъхэр зэкъуэт дызыщI Iуэхущ. Iуэрытхыр Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу зэрыттхми и мыхьэнэр лъагэ ещI. Дэтхэнэми Iэмал иIэщ и щIэныгъэр здынэсыр къихутэжыну, апхуэдэуи си фIэщ мэхъу щIэ куэди мыбдеж къызэрыщащIэнур. Гу зэрылъыттэщи, гъэ къэс мыпхуэдэ Iуэрытхым хэтыну хуейхэм я бжыгъэм хохъуэ, сэри сфIэфIу абы сыкърохьэлIэ.
- Диктантыр зытхыну къекIуэлIахэм яхэтт лъэпкъ фащэхэр зыщыгъ щIалэгъуалэ куэд, «Кабардинка», «Балкария», «Тэрч къэзакъхэр» ансамблхэм я артистхэр.
- Iуэрытхым упщIэ 30-м нэс къызэщIеубыдэ, дакъикъэ 45-м къриубыдэу жэуап етын хуейуэ. УпщIэхэм ящыщу 10-р щхьэж и щIыналъэм хухэхащ.
- Диктантым хэтыну цIыхухэм Iэмал яIэщ щэкIуэгъуэм и 8 пщIондэ. Онлайн тестыр къыщыхьащ «Большой этнографический диктант»-м и сайтым — www.miretno.ru.
- Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэр Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэмрэ Удмурт Республикэм лъэпкъ политикэмкIэ и министерствэмрэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым ар щезыгъэкIуэ-кIыр ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэращ.
- Белгъэрокъуэ Марьянэ.