Iуэху щхьэпэ
2020-11-03
- Мазэм нэблэгъащ Тыркум, Германием, Иорданием, Сирием, Израилым, Тунисым, Финляндием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ щаджу пэIудза курсхэр зэрызэхашэрэ. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м Граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм. ЖыIэпхъэщ мыпхуэдэ Iуэху щхьэпэхэр къызэгъэпэщыныр министерствэм и дежкIэ зэримыщыпэ лэжьыгъэр. Апхуэдэу, ипэIуэкIэ Сирием къиIэпхъукIыжа адыгэхэр щрагъаджэ курсхэр къызэрагъэпэщат Дунейпсо Адыгэ Хасэм дэщIыгъуу.
- АдыгэбзэмкIэ дерсхэр ирегъэкIуэкI Табыщ Мурат, урысыбзэр ярегъэдж Щоджэн Iэминат. Дауи, тыншкъым къэрал зыбжанэм щыпсэу адыгэхэм хъыбар ябгъащIэу егъэджэныгъэм къепшэлIэну. Мы Iуэхум и гуащIэ хилъхьащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. ГъэзэщIакIуэ гупым и иужьрей зэхуэсым абы захуигъэзащ зи цIэ къитIуа къэралхэм я Хасэ тхьэмадэхэм икIи къыхуриджащ бзэхэр яджыну гукъыдэж зиIэу ди лъэпкъэгъухэм яхэтыр курсхэм кърашэлIэну.
- Интернетым и Iэмалхэр къагъэсэбэпу пэIудзауэ бзэхэр зрагъэщIэну Iэмал зэрагъуэтар хуабжьу ягу ирихьащ ди лъэпкъэгъухэм. Тыркум щызэхэт КАФФЕД-м, Германиемрэ Иорданиемрэ щыIэ «Адыгэ Хасэхэм» я лIыкIуэхэм яхузэфIэкIащ зэман кIэщIкIэ хъыбарыр щIыпIэ куэдым щызэлъагъэIэсыныр, курсхэм къыхыхьэну гукъыдэж зыщIахэр гупу зэхэшэныр. Апхуэдэу, проектым къигъэлъэгъуа цIыху 90-м и пIэкIэ мы зэманым гупхэм еджакIуэу хэтыр цIыху 210-рэ мэхъу. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIамкIэ, къыхыхьэну хуейхэм я бжыгъэр куэдкIэ нэхъыбэт. Абы къыхэкIыу, мы курсхэр иухмэ, адэкIи къыпащэну я гугъэщ.
- Программэр сыхьэти 104-уэ (адыгэбзэмкIэ сыхьэт 52-рэ, урысыбзэмкIи сыхьэт 52-рэ) зэхэлъщ. Дерсхэр щрагъэкIуэкIыр ZOOM интернет утыкурщ. ЖыпIэнурамэ, мыпхуэдэ щIыкIэкIэ бзэр ебгъэджыныр тыншкъым, методикэ щхьэхуэ хуейщ. ЕгъэджакIуэ Iэзэхэм яхузэфIэкIащ дерсхэр купщIафIэу, удихьэхыу еджакIуэхэм я пащхьэ иралъхьэну. Апхуэдэурэ гъэщIэгъуэну екIуэкI дерсхэм къыхыхьэхэр нэхъ мащIэ хъуркъым, еджакIуэхэми жэуаплыныгъэ яхэлъу, жыджэру холэжьыхь. Курсхэр и кIэм нэсмэ, абы къекIуэлIахэм экзамен къыIахынурэ зэреджамкIэ щыхьэт тхылъхэр (сертификатхэр) иратыжынущ.
- Мы лэжьыгъэр щыщщ ди лъэпкъэгъухэр хэкум къешэлIэжынымкIэ Урысей Федерацэм щыIэ программэм. Дыхуейт мы курсхэм къекIуалIэ ди лъэпкъэгъухэм ящыщ куэдым адэжь лъахэм къагъэзэжыну мурад ящIыну, абыхэм къащIэхъуэну щIэблэм я анэдэлъхубзэр яIурылъу Хэкум и цIыху хъужыну.
- КЪАРЭНАШЭ Iэминат.