Псоми ди зэхуэдэ ТекIуэныгъэр
2020-10-24
- ЗэрытщIэщи, 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр ди къэралым и текIуэныгъэкIэ зэриухрэ мы гъэм илъэс 75-рэ ирикъуащ. Зы махуэ-махуитIкIэ дгъэлъапIэ мыхъуу, игъащIэ псокIэ ди гум илъыну зыхуэфащэ Iуэхугъуэщ ар, ди адэшхуэхэм я псэр щIатауэ. Аращ мы гъэр ТекIуэныгъэ Иным и илъэсу щIыщытри.
- ДэнэкIи щагъэлъэпIащ ар, къекIуэкI узыфэ шынагъуэм и зэранкIэ хуэфащэ гулъытэм хуэдэ дыдэ имыгъуэтами. Сэ IуэхукIэ иджыблагъэ сызыщIыхьа Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал Аграрнэ университетым и пэIущIэ пэшым щыслъэгъуащ мы тхыгъэ кIэщIым щIыгъу сурэтыр. СыкъэувыIэри гупсэхуу сеплъащ, сурэту фIэлъым ит дэтхэнэ зы цIыхуми и нэгум сиплъэу. Абыхэм зэрахьа лIыгъэрарэ зи хэкур фIыуэ зылъагъу щIалэгъуалэм «ЛIыхъужьхэм я блын» фIащауэ къызэрагъэпэща проектырарэ сщIэркъым гушхуэныгъэ нэхъыбэ къысхэзылъхьар.
- «Кавказ Ищхъэрэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэс студентхэм я ассоциацэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщу УФ-м и Президентым и грантыр къэзыхьа проектщ ар. ЩIэблэр хэкупсэу гъэсэным, и лIыхъужьхэр егъэцIыхуным, ди къэралым щыпсэу лъэпкъхэм, къанэ щымыIэу дэтхэнэми, ТекIуэныгъэ Иным хэлъхьэныгъэ зэрыхуащIам щыгъэгъуэзэным теухуауэ.
- Ди Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм ит еджапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм лIыхъужьхэм я блын къыщызэIуахахэм я зы щапхъэу аращ мыр. Тхыдэр ящымыгъупщэу, къыщалъхуа щIыналъэр фIыуэ ялъагъуу, абы пщIэ хуащIу къэтэдж щIалэгъуалэм ди къэралыр псэупIэ узыншэ хуэхъуну тхьэм къыщIигъэкI.
- ИСТЭПАН Залинэ.