ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«ЦIыхум и цIэ лъапIэр къызэрилэжьар натIэм къратхахэм яку къыдищIыкIарщ»

2020-10-15

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ IутIыж  Борис
  • къызэралъхурэ нобэ илъэс 80 ирокъу
  • Уахътыншэ
  • ТхакIуэ, усакIуэ, драматург, щIэныгъэлI цIэрыIуэ IутIыж Борис псэужамэ, нобэ къыщалъхуа махуэр игъэлъапIэнут. И ныбжьэгъу бжыгъэншэхэмрэ фIыуэ къэзылъагъу и лъэпкъэгъухэмрэ, дауи, и закъуэ ирагъэгъэлъэпIэнтэкъым абы и илъэс 80-р, зэрылъэпкъыу дэтIэтынти, дызэриIэм дригушхуэнт, езыми и гуапэ мыхъуу къэнэнтэкъым ар…

  • Адыгэ мэкъумэшыщIэм и IутIыж лъэхъэнэу къалъытэ жэпуэгъуэ мазэм Борис къыдитри, тIихыжащ. Ауэ, IутIыжым и ныбжьэгъухэм зэрыжаIэмкIэ, ари ящыщащ къыщалъхуа махуэр «зыфIэкIуэдахэм». Арати, и паспортым махуэ гуэр иратхэн хуей щыхъум, езыр хэдэри… Хэдэри жэпуэгъуэм и кур къыхихащ (Тхьэм ищIэнщ абы щIытриухуар), ауэ хэт игугъэнт къыщалъхуа мазэм и гъусэу, щылIэжыну мазэми ар зэрытеIэбар (махуэ 13-т я зэхуакур).
  • Апхуэдэ гурыгъуазэ лъэщ зиIэ адыгэлIым, гъащIэм сытым зыщримыпщытми, сыт хуэдэ IэщIагъэ къимыгъэIурыщIэми, и фIыпIэм, лъагапIэм теIэбэрт.
  •  
  • Зэгуэрым нэху щыщынущ мы дуней
  • Ди Iуэхуи-дэлъи зыхэмылъыжынум,
  • Дэрыншэу зэIуихынущ и пщэдей
  • Зи нэхуи-хупси къытлъымысыжынур.
  • Илъэс 12 ипэ, жэпуэгъуэм и 28-р, апхуэдэ пщэдджыжьт. Пщэдджыжь щIыIэт, даущыншэт… Абы лъандэрэ махуэщIэ куэд зэIуихащ, ауэ Борис зэрытхэмытыжыр кIуэ пэтми нэхъ куууэ зыхещIэ адыгэ лъэпкъым. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэрэ, ар иджыри къэс тхуэпсэуамэ, тхуищIэнумрэ тхуилэжьынумрэ зихуэдизыр?! КуэдкIэ, куэд дыдэкIэ къигъэбатэнут абы адыгэ дунейр.
  • IутIыжым и IэдакъэщIэкIхэм я хуабэ зыхэзымыщIа, дэп хъуаскIэ нэхъ мыхъуми зылъэмыIэса зы адыги щыIэу си фIэщ хъуркъым (щыIэми — адыгэныкъуэщ). Ар апхуэдизкIэ лъэпкъым теубгъуат, апхуэдизкIэ абы хуэхъуапсэрти, зэуэ IэщIагъэ куэдым зрипщытат. ГъэщIэгъуэныр абы и гур пхъэру зэрыпсэуар аракъым, атIэ а псоми хурикъун лъагъуныгъэрэ Iэзагъэрэ зэрыбгъэдэлъарщ.
  • Борис и тхыгъэ къэс и гум и хуабагъэкIэ зэрыгъэнщIар зыхыумыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Дапщэрэ къытезгъэзэжу седжэжми, гупсысэ къуэпсыбэ гум щрагъэдз зэпытщ абы и IэдакъэщIэкIхэм. Апхуэдэ дакъикъэхэм деж я анэдэлъхубзэр яIурымылъу къэтэдж ди щIэблэр сфIэгуэныхь мэхъу. Абыхэм, дауи, тхъэгъуэу къащыхъу дуней телъыджэ яIэнущ, ауэ IутIыжым и адыгэбзэм къуит къарумрэ гушхуэныгъэмрэ абыхэм я лъыр зэи къызэщIигъэплъэнукъым. Пхъэ гъурымрэ цIынэмрэ я мафIэр зэрызэхуэмыдэм ещхьщ ар…
  • Абы адыгэбзэр «зэригъэпсэлъам», хьэрф 59-м къыхищIыкIа дуней телъыджэм сытепсэлъыхьыну си псалъэ хурикъун дэнэ къэна, си зэхэщIыкIи гупсыси пэлъэщыркъым. Мэлэчыпхъу и чысэ щIэншэр цIыхугум къыхэщIыкIамэ, Борис и творческэ чысэр гъуни нэзи имыIэу и лъэпкъым хузэIуха и псэм къыпыкIащ. А чысэр лъэпкъым къыпэщылъ гъащIэм и гъуэмылэщ.
  • Дунейр зи щIалэгъуэм ейуэ жаIэ. ПцIыщ! Дунейр зейр, IутIыж Борис хуэдэу, зэхэщIыкI лъагэ зиIэхэрщ. Абы и къэухьым къигъэщIа дунейм пэлъэщакъым езы лIэныгъэ дыдэри.
  • Уахътыншэ фIэпщыну гъащIэм хэлъыр
  • ЛIам, дыщIамылъхьэу, кIэлъыпсэу гухэлъхэрщ!..
  • Борис и уахътыншагъэм и щыхьэтщ абы и ныбжьэгъухэмрэ къэзыцIыхуу щытахэмрэ хужаIауэ нобэрей къыдэкIыгъуэм теддзэ гухэлъхэр.
  •  Щомахуэ  Залинэ.
  •  
  • Ныбжьэгъум  и  псалъэ
  • Адыгэ Леонардэ да Винчи, Шекспир, Аристофан
  • Хэт сымэ мыбы зи гугъу ящIынур — жызыIэн къыфхэкIынщ мы тхыгъэм и псалъащхьэм къеджэхэм. Зи цIэ къисIуэнур зы закъуэщ — IутIыж Борис Къуней и къуэрщ.
  • Япэрауэ, сэ ар зыкъомкIэ хузогъадэ адыгэ къуэж зиIэу къалъытэ, Возрождение лъагэкIэ зэджэм и лъабжьэр пкъыгъуэ зытхухкIэ зыгъэтIылъа Леонардэ да Винчи. КъыщIэзгъэлъауэ къащымыхъун щхьэкIэ, езым щIэщыгъуэ зэфэзэщу къикIуа гъуэгуанэм дриплъэнщ. Борис драматургщ, усакIуэщ, тхакIуэщ, щIэныгъэлIщ, публицистщ, журналистщ, редакторщ, режиссёрщ, сценаристщ, критикщ, сурэтыщIщ, скульпторщ (пхъэм къыхеIущIыкI, къэнжалым къыхещIыкI), жылагъуэ лэжьакIуэщ.
  • Апхуэдиз IэщIагъэ зэубыдылIауэ зи насып къихьа дуней псом тетари, тетри зырызщ, къытехьэнури нэхъыбэну къыщIэкIынкъым.
  • ЕтIуанэу. Борис псом хуэмыдэу Iуащхьэмахуэ елъэгэкIыу пIэрэ жозыгъэIэ зэчий наIуэ здыщиIар драматургиеращ. Ар сэ къызэрысщыхъур 2002 гъэм сIихауэ щыта «интервью-диалог» зыфIища жанрыщIэм щыжысIати, езым хигъэкIыжащ, и щэныфIагъэр къызыхэщ мыпхуэдэ псалъэхэр хитхэжри:
  • «Мыбдежым сэ стеухуауэ гум едэхащIэ псалъэ дахэ зыкъом итати, Сэфарбий къытхурегъэгъу, — къиздыгъукIащ, япэрауэ — си архивым хэслъхьэн мурадкIэ, етIуанэрауэ — симыIэ жагъуэгъу къысхуамыулъэпхъэщын щхьэкIэ. — Iу.Б.».
  • Гум едэхащIэ псалъэу щытми, лей жысIатэкъым, ауэ Борис и нэмысыфIагъэкIэ хигъэкIыжат. Зыхуэзгъадэр фIыуэ сощIэж — Шекспирт.
  • Ещанэу. Комедие жанрри сценическэ гъуазджэм къурш сыджу Борис хигъэувэну хузэфIэкIащ. Ар ехъулIэныгъэ ин дыдэщ. АбыкIэ щыхьэтщ «ГушыIэр Тхьэм и щIасэщ» адыгэ псалъэжьыр. ЩIасэу къыщIилъытам и щхьэусыгъуэр зыщ — гушыIэным акъыл, зэхэщIыкI куу, Iэзагъ хэплъыхьа хуейщ. Армырамэ, «улахуэр» хьэзырщ — зэрыжаIэщи, IэштIымщ.
  • Зэрылъэпкъыу къапщтэмэ, адыгэр гушыIэнрэ ауан щIынкIэ лъэрызехьэщ, ауэ Борис абыкIи къищта лъагапIэхэм нэсын дэнэ къэна, пэгъунэгъу хъуфын нобэкIи къытхэкIакъым. Аращ ар адыгэ гушыIэ-ауаным и адэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Аристофан зыщIыр. Си гугъэщ ди театрым и артистхэр мы зэгъэпщэныгъэм арэзы техъуэу.
  • ГъащIэ зиIэ дэтхэнэми уахътыи къыпэщылъщ. Ажалым цIыхур ебгъэрыкIуэ зэпытщ, ауэ абы зэрытекIуэн къару иджыкIэ зыми иIэкъым. Арати, Бориси 2008 гъэм, жэпуэгъуэм и 28-м дунейм ехыжащ. А махуэр къызэрысщыхъуам хуэбгъадэ хъун къэхъугъэ гуэр си тхыгъэ кIэщIым щIызгъужыну сфIэигъуэщ.
  • Инджылыз лIыхъужь цIэрыIуэ, лъэпкъыр зэрыгушхуэ адмирал Нельсон 1805 жэпуэгъуэм и 21-м Трафальгар зауэм Наполеон и флотыр щызэхикъутэри, тенджызым щытепщэныр Инджылызым къыхуихьащ, ауэ езыр хэкIуэдащ. Гуузрэ гуфIэгъуэу зэхэухуэна хъыбарыр зэрызэхихыу Лондон и газет нэхъыщхьэ «Таймс» абы пэджэжащ гукъинэж псалъэ хьэлэмэткIэ: «Дэ иджыри тщIэркъым дыгъынрэ дыгуфIэнрэ».
  • Адыгэ щэнхабзэм хуэфащэу, абы къыпищэну хущIэкъуу дунейм тет дэтхэнэ зыми мыхьэнэ куукIэ гъэнщIа, нэпс къезыгъакIуэ псалъэхэр дунейм щикъухьа адыгэхэр зэрыпагэ, лъэпкъым и щIасэу псэуа IутIыж Борис хужиIащ абы игъуэ нэмысу гъащIэр щиуха махуэм. Дауи, нэщхъеягъуэм диIыгъми, дигу щIэдмыухыжынур нэхъыбэт, дыгъын щIыхуейм нэхърэ: Борис сыт и лъэныкъуэкIи Адыгэ хэку мащIэу илъэс минхэр лIыхъужьыгъэрэ зэфIэкI хэIэтыкIакIэ къызэпызычар игъэлъагэу, игъэдахэу диIати, диIэти, диIэнути!
  • Бейтыгъуэн Сэфарбий,
  • тхыдэтх, философ, тхакIуэ.
  •  
  • Псынэм  и  IэфIагъыр зы  IубыгъуэкIэ  къыбощIэ
  • IутIыж Борис Къуней и къуэр Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Зэрэгъыж къуажэм къыщалъхуащ 1940 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м. А жылэм дэт курыт еджапIэр къиуха нэужь, абы дзэм илъэсищкIэ къулыкъу щищIащ. 1963 — 1968 гъэхэм Борис щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и адыгэ-урыс къудамэм. ЕхъулIэныгъэ иIэу КъБКъУ-р къэзыуха щIалэр ирагъэблагъэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым.
  • ПщIэ зыхуащI IэщIагъэлIу Борис абы илъэс 22-кIэ щылэжьащ. А зэманым къриубыдэуи IутIыжым къиухыжащ Тбилиси Бзэ щIэныгъэхэмкIэ дэт институтым и аспирантурэр. А институт дыдэм Борис утыку къыщрихьащ адыгэбзэм и Iыхьэ нэхъ гугъухэм ящыщ зым теухуа диссертацэр икIи зэдэарэзыуэ адыгэлIым къыфIащащ филологие щIэныгъэхэм я кандидат цIэр. Къыхиха бзэ щIэныгъэм ехьэлIауэ абы къыдигъэкIащ монографие, сборник щхьэхуэхэр, журналхэм тхыгъэ куэд къытрыригъэдзащ, адыгэбзэм и псалъалъэхэр зэхэлъхьэным, къыдэгъэкIыным и гуащIэрэ и щIэныгъэрэ ирихьэлIащ. Борис яхэтащ 1999 гъэм Москва къыщыдэкIа «Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ» тхылъышхуэр зэхэзылъхьахэм. 2001 гъэм дунейм къытехьащ еджакIуэхэм папщIэ зэхалъхьа «Адыгэбзэ фразеологизмэхэм я псалъалъэр». А тхылъ щхьэпэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа щIэныгъэлIищым язщ IутIыж Борис.
  • ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэу Налшык дэт институтым 1990 гъэм ирагъэблагъэри, лъэпкъыбзэхэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмкIэ абы къыщызэIуаха кафедрэм и унафэщIу илъэскIэ лэжьащ IутIыжыр. Зыпэрыува Iуэхум хъарзынэу хэзэгъа, дихьэха пэтми, аргуэру лэжьапIэхъуэж ищIыныр къыхудэкIат: 1991 гъэм адыгэ тхакIуэхэм я зэхуэсым ар зэдэарэзыуэ щыхахат «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэу. 2008 гъэм жэпуэгъуэм и 28-м нэсыху Борис пэрытащ а IэнатIэ мытыншым.
  • IутIыжым «Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ. Ар хэтащ Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэми Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм.
  • Литературэм ехьэлIауэ жыпIэмэ, IутIыж Борис и IуэхущIафэхэр мыпхуэдэурэ зэщхьэщыпх хъунущ: усэ купщIафIэхэр, новеллэ гъэщIэгъуэнхэр, «ГущIагъщIэлъхэр» зыфIища гупсысэ кIэщI хьэлэмэтхэр, гушыIэ, ауан зыхэлъ тхыгъэ шэрыуэхэр, пародиехэр, эпиграммэхэр, памфлетхэр, анэдэлъхубзэм, литературэм, театрым ятеухуа публицистикэ тхыгъэхэр, сабийхэм яхуитха усэхэр.
  • ИтIани, IутIыж Борис нэхъ къызэрацIыхуу щытар драматургыущ, цIэрыIуэ зыщIари и пьесэ купщIафIэхэрщ. Сценарийхэм нэмыщI, едзыгъуэхэурэ зэхэт пьесэу 30-м нэс итхащ IутIыжым. ЗыхуэкIуэ жанр елъытакIэ, ахэр гупищу бгуэш хъунущ:
  • трагедиехэр: «Тыргъэтауэ», «Дамэлей», «Эдип», «Мазэгъуэ», «Лъыгъажэ жэщ», «Гъуэбжэгъуэщ», нэгъуэщIхэри;
  • — драмэхэр: «Кушыкупщ», «Кхъужьеибэ», «Нартхэ я дыгъэ», «ГукъэкIыжхэм я гъатхэ»;
  • — комедиехэр: «Шэмхьун и фызышэ», «Гуащэмыдэхьэблэ», «Хьэцацэ дахэ», «Хьэпэщыпхэ», «ГушыIэ махуэ апщий!», «Дунейр театрщ», «Зиусхьэн Хьэжыбац!», нэгъуэщIхэри.
  • Iутыжым лъэпкъ драматургием хуищIа      хэлъхьэныгъэшхуэмрэ ирита зыужьыныгъэмрэ я щапхъэ наIуэщ илъэс 30-м щIигъуауэ абы и пьесэхэм Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и репертуарыр зэрагъэбжьыфIэр. Борис и пьесэхэм къытращIыкIа спектаклхэр щагъэлъэгъуащ Адыгейми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Абхъазми, Дагъыстэнми, Осетиеми, Къалмыкъми, Москваи. Ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу хамэ къэралхэми пщIэ щагъуэтащ абы и пьесэхэм. Псалъэм папщIэ, «Тыргъэтауэ» трагедиер хьэрыпыбзэкIэ зэрадзэкIри, 1990 гъэм тхылъ щхьэхуэу Щам (Дамаск) къыщыдагъэкIащ. 1996 гъэм «Дамэлей» пьесэм къытращIыкIа спектакль хьэлэмэтыр ехъулIэныгъэ иIэу щагъэлъэгъуащ Тырку къэралыгъуэм щыщу Истамбыл, Къайсэр, Османие, Мерсин, Гёксун къалэхэм. «Тыргъэтауэр» франджыбзэкIэ зэрадзэкIащ, Париж къыщыдэкIа «Кавказым ис лъэпкъхэм я театральнэ критикхэмрэ драматургиемрэ я антологием» хагъэхьащ. Апхуэдэуи зэрадзэкIащ иджырей гъащIэм теухуауэ IутIыжым иужьрейуэ итхауэ щыта «Олигарх гуащэ» пьесэ хьэлэмэтри. Езым и IэдакъэщIэкIхэм нэмыщI, пьесэ зыбгъупщI ди лъэпкъ театрым хузэридзэкIауэ щытащ абы.
  • Псынэм и IэфIагъыр зы IубыгъуэкIэ къыпхуэщIэнущ. ТхакIуэм и зэфIэкIыр здынэсри къэпщIэфынущ  и тхыгъэ нэхъ пажэхэм языхэзымкIэ.
  •  Абазэ Албэч,
  • КъБКъУ-м и доцент, критик.
  •  
  • Артистхэм  я  псалъэ
  • Зыми емыщхь
  • Нобэ сиIэ ехъулIэныгъэр зи фIыгъэр си творческэ гъуэгуанэм и пэщIэдзэм си насып къихьу зэрихьэлIа Iуэхугъуищырщ: си щIалэгъуэу театрым сыкъызэрыкIуарщ, IутIыж Борис и «Тыргъэтауэ» пьесэр щитха пIалъэрщ, Адисэ и ролыр къызэрызатарщ.
  • Мис ахэр мыхъуатэмэ, сэ апхуэдэ щIэдзапIэ дахэ сиIэнтэкъым, езым си увыпIэ хэхаи театрым щызгъуэтынтэкъым.
  • Къэбэрдей театрым сызэрыщылэжьа пIалъэм, шэч лъэпкъ хэмылъу, спектакль гъэщIэгъуэн куэд щагъэуващ, ауэ «Тыргъэтауэм» хуэдэу плъыфэбэ, гукъинэж, театреплъми артистхэми гулъытэ ин зыхуащIа димыIауэ схужыIэнущ. Ар адыгэ лъэпкъым дежкIи мыхьэнэ ин зиIэ спектаклт. НобэкIэ цIыхур нэхъыбэу къыздэкIуэр гушыIэ спектаклхэрамэ, абы щыгъуэ цIыхухэм къытрагъэзэжурэ «Тыргъэтауэм» еплъырт, еплъ пэтми, загъэнщIыртэкъым. Сытым хуэдэу тфIэфIу дыщыджэгурэт дэ абы! Псом хуэмы-      дэу IутIыжым и адыгэбзэрат дыдэзыхьэхыр.
  • ЩIымахуэт, дэ «Тыргъэтауэм» делэжьырт, спектаклыр утыку итхьэным къэнэжар мащIэ дыдэу, КъБКъУ-м студентхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ къыщытIущIат. Дэ Щукиным и цIэр зезыхьэ училищэм дыкъикIыжагъащIэти, хуабжьу дафIэгъэщIэгъуэнт, абы ищIыIужкIэ, зэпыу имыIэу ди спектаклхэм накIуэурэ фIыуэ дыкъэзылъэгъуа куэд яхэтт.
  • Арати, сытегушхуэри, абдеж Адисэ и монологым щыщ Iыхьэ сыкъыщеджащ. Абы щыгъуэ псалъэ дахэу къысхужаIамрэ я нэм IэфIагъыу щIэслъэгъуамрэ нобэми IупщIу сощIэж. ЕгъэджакIуэ гуэр къызбгъэдыхьэри: «Уэлэхьи, хъыджэбз, лIар къэбгъэтэджыжынмэ уэ!», — къызжиIат. Шэч хэмылъу, апхуэдэ дакъикъэхэм къару ин къыпхалъхьэ. Псом хуэмыдэу артист ныбжьыщIэм дежкIэ ахэр псалъэшхуэт. Ауэ а псалъэхэр зи фIыщIэр сэратэкъым, атIэ тхыгъэр зи къалэмыпэм къыпыкIа тхакIуэрт.
  • Псори зэхэту ролыр дакъикъэ 15 хъууэ арат. Ауэ ар апхуэдизкIэ гукъинэжт, дахэти, абы и ужькIэ къалъхуа хъыджэбз цIыкIу куэдым Адисэ фIащауэ щытащ.
  • Адисэ и монологым нобэр къыздэсым цIыхухэр къыщIолъэIу. ЗэращIынумкIэ сеупщIмэ, гукIэ зрагъащIэу фIыуэ ялъагъухэм, е гуп хыхьэмэ жраIэну яхуейуэ зыкъаумысыж.
  • Нобэми сигу имыхуауэ сощIэж ар. Япэ дыдэу Тыркум сыщыкIуам, гупышхуэ гуэр дыхэсу а монологым сыкъеджати, зэрагъэщIэгъуар пхужыIэнкъым. «Мыпхуэдэ адыгэ театрым щагъэлъагъуэр пэж?!» — жаIэрт яфIэтелъыджэу. Апхуэдэ дыдэщ Борис и усэхэр. Ди щIыналъэм къеблагъэ хьэщIэхэм адыгэбзэм и дахагъэр, къабзагъэр, абы и IукIэр зэхедгъэхыну Iэмал диIэмэ, сыт щыгъуи яжетIэр IутIыжым и усэхэрщ.
  • Телъыджэ дыдэр Борис адыгэбзэ шэрыуэ зэрыIурылъаракъым, атIэ абы и псалъэхэм артистым зэрызищIынур, зэрытыну образыр къызэрыбжаIэрт. Уеблэмэ, режиссёрми зыри къызжиIэн хуэмейуэ псори зыхэсщIэрт, си гум кърилъхьэрт. Театрым сызэрыщылажьэрэ зэи ролыншэ сыхъуакъым, ауэ апхуэдэ ехъулIэныгъэ зиIа спектакль ди театрым щагъэувауэ сщIэжыркъым, сэри сыхэтакъым.
  • А псор зи IэдакъэщIэкI IутIыж Борис хуэдэу цIыху къызэрыгуэкI уигъэлъыхъуэнт. Ар зэи къыдэшхыдакъым икIи къытщытхъущакъым, ауэ згъэзащIэ ролхэмкIэ зэрыарэзыр сщIэрт. Абы щыхьэт техъуащ сэ къысхуэгъэзауэ абы итхауэ щыта статья иныр.
  • Къызэрытхыхьам хуэдэу, дахэу, зэрымыщIэу, тхэкIыжащ. Сэ сызэреплъымкIэ, Борис и ужькIэ ди адыгэ тхакIуэхэм пьесэ ятхын мэшынэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы къищта лъагапIэм улъэIэсыну тыншкъым.
  • Хьэмыку Жаннэ,
  • КъБР-м и цIыхубэ  артисткэ.
  •  
  • Шортэным  къызэрилъытэмкIэ
  • IутIыж Борис адыгэ лъэпкъыр дызэрыгушхуэ тхакIуэщ, усакIуэщ, драматургщ. А псом къищынэмыщIауэ, ар къызэрымыкIуэу хуэIэижьт пкIыгъэм, пхъэр художественнэу ибзэным. ЖыпIэнура-
  • къэ, зэIусэм псэ хилъхьэрт.
  • «Си Дахэнагъуэ» циклым еджа дэтхэнэми ещIэ абы дахагъэу хэлъыр зыхуэдизыр. Апхуэдэу псэкIи, дуней тетыкIэкIи дахэт икIи гуапэт езы Бориси. ЦIыху пэжт, имыIуэху зэримыхуэу, гъащIэм къыщылъыс къалэн Iыхьэр нэгъэсауэ зэфIихырт.
  • Ауэ Борис и зэфIэкI псоми текIуэжащ абы пьесэ тхынымкIэ иIа Iэзагъэр. ЖыпIэ хъунущ IутIыжым и тхакIуэпсэр нэсу къыщызэIуихар, хуиту зыщиукъуэдияр драматургиерауэ. «Эдип» пьесэм тетхыхьу, журнал гуэрым: «Эдип — симфония кабардинской речи» псалъэ дахэхэр итхауэ щытащ. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым Борис и цIэр, и тхыгъэхэр щопэкIу. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIа «Кхъужьеибэ», «Хьэпэщыпхэ» пьесэхэм дапщэщи цIыхухэр яфIэфIу къокIуэ. Къыхэгъэщыпхъэщ IутIыжым и тхыгъэхэм ящыщ ди Музыкэ театрми, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым я театрхэми зэрыщагъэувар. А псом къищынэмыщIауэ, Борис тхыгъэ куэд адыгэбзэм дахэу къригъэзагъэрт.
  • Къэбэрдей драматургием и лъабжьэр зыгъэтIылъауэ къалъытэ Шортэн Аскэрбий «Тыргъэтауэ» спектаклым еплъа иужькIэ, IутIыжым зыхуигъазэри: «Сынохъуэхъу, къуэш, сэ нобэ схужыIэнущ адыгэ лъэпкъым Шекспир къыхэкIауэ», — псалъэ гуапэхэр жриIат.
  • ФIагъ куэд зыхэлъа цIыхущ Борис. Дызэгъунэгъуу дыпсэурти, унагъуэкIи дызэкIэлъыкIуэрт. АбыкIи щапхъэ зытепх хъун унагъуэ дахэ зэригъэпэщат, цIыху фIыуэ ялъагъурт, езыхэри къалъагъужырт.
  • IутIыжым и «Тыргъэтауэ» спектаклым Адисэ и ролыр щызыгъэзэщIахэм язщ си унэгуащэу щыта Щэрмэт Люди. Абы и цIэкIэ Людэ сэрэ ди пхъум Адисэ цIэр фIэтщащ.
  • IутIыж Борис хуэдэ зыхэщIа лъэпкъым хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ, ауэ абы къигъэна Iэужь дахэр зыхъумэн, абы и адыгэпсэр зэхэзыщIыкIын, итхахэм еджэн щIэблэ диIэну Тхьэм жиIэ.
  •  КIэмыргуей Валентин,
  • КъБР-м щIыхь зиIэ и артист.
  •  
  • ФIыщIэ мыухыж
  • Ди театрым къыщызджэгуа ролхэм ящыщу (ахэр 120-рэ мэхъу) нэхъыфI дыдэу къэслъытэр Тыргъэтауэщ.
  • Сэ Борис Iэмал къызитащ артистым хэлъын хуей зэфIэкI псори мы ролымкIэ къэзгъэлъэгъуэну: цIыхубзым хэлъын хуей щабагъри, щхьэгъусэм, адэм, хэкум яхуэгъэза лъагъуныгъэри, бийм къыхузэIуих пхъашагъри, лъагъумыхъуныгъэри, къарурэ лIыгъэу къылъыкъуэкIри.
  • ПсэухукIи си гум гуапэу хуилъащ, дунейм сытетыхукIи фIыщIэ хуэсщIынущ си насып къихьу а образыр къызэрызгъэщIыфам щхьэкIэ.
  •  ЖЬАКIЭМЫХЪУ КIунэ,
  • Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артисткэ.
  •  
  • Мыпсэужу  схужыIэнукъым
  • IутIыж Борис си дежкIэ щапхъэщ. И цIыхугъэкIи, и бзэкIи, и дуней тетыкIэкIи. Ар мыпсэужу схужыIэнукъым, сыту жыпIэмэ, абы къигъэна Iэужьыр псэущ, зы адыгэ дунейм тетыхункIи псэунущ.
  • IутIыжым и IэдакъэщIэкI пьесэхэм къытращIыкIа спектакль куэдым сыщыджэгуащ, и усэ купщIафIэхэр гукIэ зэзгъэщIауэ сфIэфIу сыкъеджэ зэпытщ. И тхыгъэхэм зы псалъэ хэткъым я пIэ имыту, гум къимынэу. «Тыргъэтауэм» фIэкIа имытхами, абы и цIэр лъэпкъым щымыгъэгъупщэну ирикъунт.
  • Щхьэхуэу сытепсэлъыхьыну сыхуейт абы бзылъхугъэм хуищI пщIэмрэ щIыхьымрэ. ЖыпIэнуракъэ, апхуэдэ къэгъуэтыгъуейт. Алыхьым ахърэт нэху кърит. Сыпсэуху си гум ихунукъым.
  • Адрей ди тхакIуэхэм я жагъуэ сщIыну сыхуейкъым, ауэ адыгэ театрым тхакIуэшхуэ тфIэкIуэдащ. И адыгэбзэр къабзэт, псалъэу итхым купщIэ ящIэлът. Артистым дежкIэ а псоми мыхьэнэшхуэ яIэщ.
  • Щэрмэт  Людмилэ,
  • КъБР-м и цIыхубэ  артисткэ.
  •  
  • Апхуэдэхэр  илъэсищэм  зэщлъэпкъым  къызэрыхэкIыр
  • Илъэс 17-м щIигъукIэ зи унафэм дыщIэта IутIыж Борис редактор нэхъыщхьэу къытхуэкIуэным ипэжкIэ, ар «Iуащхьэмахуэм» къуэпскIи псэкIи къытпыщIауэ дызэдэлажьэрт. И тхыгъэ купщIафIэхэр щIэх-щIэхыурэ къытеддзэрт.
  • Борис лэжьакIуэшхуэт. Гууз-лыуз иIэу бгъэдэтт и IэнатIэм. Гумызагъэт. Зи псэм щымысхьыж цIыхут. Зэман нэхъыбэIуэ иIэ хъуарэ: «Сэ дачэмкIэ сокIуэ», — жиIамэ, абы къикIыр гурыIуэгъуэт: жэзым, пхъэм, нэгъуэщI зыгуэрхэм сурэт къащыхищIыкI и лъэщапIэр здэщыIэр хадэрати, и нэм нэху имылъагъуж хъухукIэ абы щылажьэрт.
  • Борис сытми сытри къыхищIыкIыфырт. АпхуэдизкIэ IэпщIэлъапщIэти, ар зыхэмызагъэ щыIэу къыщIэкIынтэкъым. Псэ хилъхьэфыртэкъым, армыхъумэ, зэIусэр зыхуей сэфэтым иригъэувэфырт.
  • IутIыж Борис хуэдэхэр илъэсищэм зэщ лъэпкъым къызэрыхэкIыр. Аращ апхуэдэ цIыхухэр щыпсэум деж гъэлъэпIэн, яхуэфащэ пщIэ яхуэщIын щIыхуейр.
  •  ЕЛГЪЭР Кашиф,
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ
  • тхакIуэ.
  •  
  • Режиссёрым и  псалъэ
  • ГукIи псэкIи  зыхащIэ
  • Псом япэу, псом ящхьэу Борис ейуэ сэ згъэувар «Тыргъэтауэращ».
  • А зэманым ар зэрысхузэфIэкIамкIэ (Правительствэм и Унэм къикIа лIыщхьитI еплъри, къэдмыгъэлъэгъуэну унафэ къытхуащIауэ щытат) фIыщIэ хуэфащэщ абы щыгъуэ щэнхабзэмкIэ министру щыта Ефэнды Джылахъстэн. Спектаклыр Москва щыдгъэлъэгъуат, фIы дыдэуи къыщалъытат.
  • Ауэ сытми къызэрыгуэкIыу тхэртэкъым Борис. ЦIыхухэм гукIи псэкIи зыхащIэ абы и IэдакъэщIэкIхэр. Пьесэшхуэхэм нэмыщI, комедие цIыкIухэри гъэщIэгъуэну, дыхьэшхэну къэзыгъэщIу щыта драматургыр щыпсэуми жысIащ сэ, дунейм сытетыхуи жысIэнущ, Борис зыгуэрым ебгъэщхьынумэ — ар Мольерщ.
  • ТЕУВЭЖ СулътIан,
  • Урысей Федерацэмрэ КъБР-мрэ гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ.
  •  
  • Зи  бзэр  уэзджынэ
  • БлэкIа зэманым иту IутIыж Борис утепсэлъыхьыну Iэри гури есэркъым, ауэ утемыпсэлъыхьуи плъэкIыркъым.
  • ТхакIуэр блэкIа зэманымрэ дызэрыт зэманым и нэщэнэхэмкIэ къэкIуэнум IэкIуэу хуэгъэтIылъа цIыхущ. ГъэщIэгъуэныращи, тхыдэм и гъуджэм щиплъэкIэ, абы ирилъагъуэм ящIигъэлъадэ псэмрэ нобэрей цIыхум и IуплъэкIэмрэ апхуэдизкIэ зэтехуэртэкъыми, укъигъэуIэбжьырт. Дыгъуасэм гимн хуитхмэ, нобэм Iэпэпшынэ зэрагъэцIум щIэдэIуфи хуэдэт, ауэ Борис а псоми я кIэлъыплъакIуэ къызэрыгуэкIтэкъым. А зыкIэлъыплъым игъагърэ хьэмэрэ щыдыхьэшхрэт? Ар тхакIуэм и Iэзагъэм и щэхухэм ящыщт, дауи.
  • IутIыжым блэкIам и ажэгъафэр лIыхъужь лъыхъуэ иригъажьэмэ, нобэм къыщигъафэ ажэгъафэр кIэн джэгу игъэджэгуфырт. Апхуэдэу щIищIым и щхьэусыгъуэм зы тхылъ тептхыхьыфынущ, ауэ аракъым нэхъыщхьэр, атIэ зэман къэс зэрепсалъэ бзэ зэрыIурылъым щэджащэ зэрищIаращ.
  • Нэхъыщхьэр къэхъукъащIэхэм уащхьэщыплъыфынращи, IутIыжыр аркъудей мыхъуу, и бзэр уэзджынэрэ и псэр уэздыгъэу цIыхухэм яхуигъэлэжьэфащ. Арагъэнщ тхакIуэр гупсысакIуэ ин зыщIыжари. Хьэл зэщыщхъурэ псэ псыхьарэ зы адыгэ тхакIуэм иIэмэ, IутIыж Борис апхуэдащ. Къалэм къэзыщта ныбжьыщIэхэм я псэ макъамэр яIуримыгуэжу, гъуэгугъэлъагъуэ нэсу зэрыщытыфам абы пщIэ лей къригъэлэжьащ.
  • Лыкъуэжь Нелли,
  • тхакIуэ.
  •  
  • Ныбжьэгъум  и  псалъэ
  •  Зыхунэмысарщ хуэмыщIэу  къэнар
  • Борис драматург гъуэзэджэу, усакIуэшхуэу, тхакIуэ Iэзэу, сурэт щIыным хуэIэкIуэлъакIуэу, публицист гумызагъэу, бзэщIэныгъэлIу зэрыщытар куэдым ящIэ. Ауэ а псом ущыгъуазэ къудейкIи нэсу къыбгурыIуэфыну къыщIэкIынутэкъым IутIыжыр зищIыс дыдэр. Си щхьэкIэ ноби жысIэфынукъым ар фIыуэ сщIэуэ, сщIэн хуеяуэ зэ еплъыгъуэкIэ къыпфIэщIынуми. КъыщIыпфIэщIынум и щхьэусыгъуэри зэщыдбзыщIышхуэ щымыIэу, ди гухэлъ зэхуэтIуатэу, ди шыгъупIастэ зэIулъу, ди гуфIэгъуи гузэвэгъуи зэдэдгуэшу илъэс 40-м щIигъукIэ дыкъызэрызэдекIуэкIарщ.
  • Дэ дыкъыщыхъуар къуэпс куэдкIэ зэпыщIа зэгъунэгъу къуажитIти, дызэрымыцIыхуххэу щытауи пхужыIэнутэкъым, ауэ нэхъ зэныбжьэгъу дыщыхъуар университетырт. Си насып кърихьэкIыу студентхэм сакъыщыхэхутам, илъэс 18-м сынэблэгъа къудейуэ арами, колхоз лэжьыгъэм и IэнатIэ зыбжани, ухуакIуэ лэжьыгъэр зыхуэдэри згъэунэхуакIэти, зыгуэри слъэгъуауэ, зыгуэрхэри схузэфIэкIыну къысщыхъужырт. Ауэ апхуэдэу куэдрэ екIуэкIакъым: Борисрэ сэрэ зы фэтэр къатщтэу дыщIэтIысхьа нэужь, куэд дэмыкIыу, сэ къызгурыIуащ, си ныбжьэгъу нэхъыжьым елъытауэ, абгъуэм къилъэтагъащIэ бзу шырым сызэрещхьыр.
  • Борис и ныбжькIи, и дуней тетыкIэкIи лIыпIэ иува щIалэ Iэчлъэчт — абы илъэсищкIэ армэм къулыкъу щищIат, абы япэжкIи университетым щеджат. Сэ курыт еджапIэр къэзуха къудейт, ари пщыхьэщхьэкIэрэ сыкIуэурэ. ИужькIэ къызэрыщIэкIамкIэ, IутIыжыр ефIэкIырт адрей студентхэми. Пэжу, дэ тIур дызэрызэщхьэщыкI щIагъуэ щымыIэу дызэрызэщхьи щыIэт – ар ди стипендие тIэкIум фIэкIа дызыщыгугъын дызэримыIэрт. Абы къыхэкIыу IэфIыкIэ щащI фабрикэм жэщкIэрэ вагон щыдунэщIын хуей хъурт — Борис щIэх-щIэхыурэ, сэ нэхъ мащIэурэ. Щхьэусыгъуэ хъарзынэу сиIэт а къэдлэжь тIэкIури бэлыхьищэ пылъу фIэкIа къызэрыдамытыжыр. «IэфIу» ди Iуэхум хэлъыр зы закъуэт — фошыгъу зэи дызэрыщымыщIэрт. ЗэрыжаIэу, блэкIри къыблэкIыжри сытым щыгъуи шей едгъэфэфырт. Апхуэдэхэри мащIэтэкъым, дыщыпсэу фэтэрыр студентхэм я зекIуапIэ уэрамым тетти. Студентхэм я закъуэт?! Туфлъэ лъэдакъэ лъагэхэм я тIыркъэ-сыркъэ зэпымыужым къыпфIигъэщIырт ди щхьэгъубжэ лъахъшэ цIыкIумкIэ зэрызэ-тIорытIэ блэкIын хуейуэ къалэм хъыджэбз дахэу дэсым пщэрылъ щащIауэ.
  • Абдежырауэ къыщIэкIынт Борис и уэрэдыгур япэу къыщыушар. Пщэдджыжь гуэрым дыкъэтэджат, дзапэ уэрэд къришу: «Къэбэрдей уэрамым утехьау, уэ урокIуэр псори къэптхьэкъуау, туфлъэхэр мэпсалъэ: тIыркъ-тIыркъ-тIыркъ, си гури мэлъалъэ: дыргу-дыргу-дыргу…»
  • Уэрэдыр пэш бэнзэв цIыкIум куэдрэ щIэбэмпIыхьын хуэмейуэ Тхьэм иуха къыщIэкIынти, а зэманым цIэрыIуэ хъууэ хуежьа уэрэджыIакIуэ Уэтэр Толэ, пщыхьэщхьэ гуэрым ди деж къыщIыхьауэ зэхихати, и псалъэхэр къищтэри кIуэжащ. Тхьэмахуи дэкIатэкъым уэрэдыр радиом къиту цIыхухэм зэпадзыж щыхъуам. Устуденту а зэманым апхуэдэ къохъулIэныр Iуэху цIыкIуфэкIуу пхужыIэнутэкъым.
  • Борис и пщIэм занщIэу нэхъри зиIэтат. ФIы дыдэу зэреджэм, щIэныгъэ конференцхэм жыджэру зэрыхэтым, блын газетхэр гъэщIэрэщIэн хуей хъуамэ, ар хэмыту зыри зэрызэфIэмыкIым къыдэкIуэу, езы дыдэми гу лъимытэжурэ, IутIыжыр студентхэм я щхьэщыжакIуэ хъуат. Ар гукIи псэкIи елIалIэу ядэIэпыкъурт общежит зылъымысахэми, стипендие ирамыту емыджэфынухэми, уеблэмэ университетым щIадзыжыну Iуэху ящIахэр къыщызэтригъани къэхъурт. Апхуэдэу щытми, абы зэи зыкIи адрейхэм захиIэтыкIыртэкъым. ЗахиIэтыкIын дэнэ къэна, къысхуэвгъэгъу, кхъыIэ, жиIэу и псалъэхэм къыщIигъужыныр и хьэлт, иныкъуэхэм деж тIэкIуи иригъэлейуэ пIэрэ жыуигъэIэу. ГъэщIэгъуэнырати, ар зыкIи зэран хуэхъуртэкъым зэрыпэжщIэкъум. МыхъумыщIагъэу къилъытэ гуэрым пэщIэувамэ, хэт щхьэкIи пхуикIуэтынутэкъым.
  • А хьэлыр Борис къыдекIуэкIащ псэуху, сэбэп къыщыхуэхъу щыIэми, и зэран къызэрекIар нэхъыбэу.
  • IутIыж Борис аспирантурэм ягъэкIуэну къыщыхуагъэфэщам, университетыр къызэриухрэ илъэс зыбжанэ блэкIат, лэжьапIи уври, унагъуи хъужат. АдэкIи еджэну щIэхъуэпсми, гугъут абы дежкIэ апхуэдэ лъэбакъуэм утегушхуэну. Фэтэр хьэхум и унагъуэр къыщIинэрэ ежьэмэ, къигъэнахэр зыхуей хуэзэнутэкъым, щымыгугъыххауэ къыхукъуэкIа аспирантурэм елъэпауэми, и гъащIэ псокIэ игу къеуэжынут.
  • Сытми, зыкъомрэ чэнджэща нэужь, и унагъуэ Iуэхухэри зыгуэрурэ зэхуигъэхъури, ежьащ. Дауи, мылъкукIэ ухуэмыщIауэ, уи унагъуэм щхьэкIи уи гур ныкъуэ зэпыту, ехьэжьауэ псэу Тбилиси укъыдэхутэныр тынштэкъым. Ауэ абыи пэлъэщащ, зи мурад тегъэжхэм зэращымыщым къыхэкIыу. Аспирантурэри къиухщ, щIэныгъэхэм я кандидати хъущ, куржы художникхэм я деж чеканкэм, адыгэхэм пкIыгъэ жыхуэтIэм, зыщыхуигъасэри, и мурадхэри, и зэфIэкIри нэхъ иныж хъуауэ къигъэзэжащ.
  • Борис хъуапсэу куэдрэ тепсэлъыхьыжырт и лъэпкъым къыхэкIа цIыхушхуэхэм, абыхэм я лъэужьым ирикIуэну гугъэ уэзыгъэщIхэм куржыхэм я деж щагъуэт пщIэмрэ гулъытэмрэ. АрщхьэкIэ хъуэпсэным уасэ зэрыщIамытым нэхърэ нэхъыбэ абы къызэрыпэмыкIуэнур гурыIуэгъуэт. Къызыхыхьэжар зыхэкIарати, IутIыжыр пэрыувэжащ фэтэр хьэхухэр илъэс къэс жыхуаIэм хуэдэу зэхъуэкIынымрэ унагъуэр зыхуей хуэгъэзэнымрэ я бэлыхьым. Дауи, ди Iуэхури нэхъ щIагъуэтэкъым.
  • А псор зэбгъэзэхуэну ухуежьэмэ, иджы уемыгупсысын плъэкIыркъым: ярэби, сыту пIэрэт къэхъунур Бориси, абы хуэдэ адрей ди щIалэхэми ахэр зылъагъупхъэ ди къулыкъущIэхэм гулъытэ гуэр хуащIамэ? Абы шэч къыщIытепхьэжын щымыIэу, лъэпкъым лъэныкъуэ куэдкIэ нэхъ зиужьынт. АрщхьэкIэ, псэкIэ ущытхьэмыщкIэм деж дэгуи нэфи уохъу, гу лъумытэжурэ факъырэлъым уи нэр къыщепхъуэри, лIыгъэшхуэ зепхьэ къыпфIэщIыжурэ, уэр-уэру лей зыбохыж. Лъэпкъ цIыкIу куэдым къадекIуэкI мыгъуагъэщ ар. «Ущыпсэу хэкум бегъымбар ущымылъыхъуэ» жызыIар, дауи, адыгэхэракъым. Ауэ пхужыIэну пIэрэ а гупсысэм дэ нэхъ мащIэу дилъахъэу?!
  • Гукъеуэхэр нэхъ къысфIыдрихьейуэ сыпсалъэми, жыпIэ хъуну къыщIэкIынкъым Борис и Iуэхур дэгъэзеигъуэ защIэу щытауэ. ИкIэм-икIэжым, абы фэтэр зэпэщи къратат, лэжьапIэкIи и Iуэхур зэтеуват, и пьесэхэри театрхэм ягъэувырт, и тхыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ къыдагъэкIырт, и лэжьыгъэхэр щагъэлъагъуэ выставкэхэр къыхузэрагъэпэщырт, уеблэмэ, езым имыщIэххэу, и документхэр ягъэхьэзырри, «Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIрагъэщат. Ауэ куэдкIэ Тхьэр зыхуэупсам и псэм хьэлъэу къытрилъхьэжри нэхъ мащIэкъым. Абы щхьэзакъуэ къарукIэ пэмылъэщыжыфхэр нэхъыбэщ. Уегупсысмэ, лъэпкъым къылъысын хуей зэфIэкIым щыщ Iыхьэшхуэ зэхуэхьэсауэ зы цIыхум къыщыхуэкIуэм деж, абы езы лъэпкъми зыщIигъэкъуэн хуейт. Къалэн куэдыIуэ зи пщэ къыдэхуар абы щIипIытIэу езы лъэпкъри а къыхуагъэфэщам хэмыкIыжын щхьэкIэ. Ауэ а псор зэгъэзэхуэным е дынэмысарэ, е дыблэкIыIуауэ къэдмыгъэзэжыфу ара? Сыт ухуейми фIэщи,  лъэпкъым къылъысын хуей уи Iыхьэр щыхэбгъэкIуадэм деж, абы узэрыгушхуэн цIэ къыхуэбгупсысыфынутэкъым.
  • Сэ фIыуэ сыщыгъуазэт Борис и лэжьэкIэм. Ар зы сыхьэти Iуэхуншэу пхущысынутэкъым. Зы Iуэхур игъэтIылъмэ, адрейр занщIэу къищтэрт. ХузэфIэкIынум щыщу имыщIаIауэ къигъанэмэ, абы иужькIэ зэрылъэмыIэсыжынур фIыуэ къыгурыIуэрт. Ауэ уи деж къыщыщымыни щыIэщ. Бэдж абрагъуэм зэрихъа бэджыхъым уихуам ещхьу, Iэпхлъэпх ухъурэ, пщIэнур умыщIэу укъанэу.
  • Апхуэдэ дакъикъэ гуэру къыщIэкIынт IутIыжыр Тыргъэтауэ и хъыбар гуузым щрихьэлIар. Тхыдэм зи цIэр ихъума а мэуэт цIыхубз телъыджэм теухуа хъыбар кIэщIым Борис хилъэгъуат и гурыгъузхэри, и бампIэри къызэриIуэтэн Iэмал. Жей имыIэж жыхуаIэм хуэдэу зэлэжьа пьесэр иухыу театрым ярита нэужьи, абы и гур загъэу тIысыжакъым. Режиссёрми, художникми, артистхэми ядэлэжьат, пьесэр спектакль хъуху. Псоми дощIэж абы цIыхухэр зэрыIущIауэ щытар. Театрым кIуэ зи хабзи, зи мыхабзи къэнагъэнтэкъым абы емыплъа.
  • СощIэж Прибалтикэм къикIа си цIыхугъэ журналист гуэр а спектаклым сшауэ зэрыщытар. Абы зэригъэщIэгъуэнури зэрыжиIэнури ищIэртэкъым зыми ямыцIыху драматург гуэрым итхауэ Налшык къалэжь цIыкIум апхуэдэ спектакль зэрыщагъэувар. «Апхуэдиз Iэзагъэрэ лIыгъэрэ къызыкъуэкIа щIалэр сыбгъэцIыхун?» — щыжиIэм, а пщыхьэщхьэм тIэкIуи дызэбгъэдэсат. Абы къытригъэзэжурэ игъэщIагъуэрт тхыдэ телъыджэ зиIэ адыгэр иджыри къэс зэримыцIыхуар.
  • АрщхьэкIэ а пьесэм Борис къыхуихьа дэрэжэгъуэр кIыхь хъуатэкъым. «Мыпхуэдизу мы цIыхухэр зытепсэлъыхьым дэри деплъынщ», — жаIэу республикэм и унафэщI гуп театрым щыIа нэужь, спектаклыр къамыгъэлъэгъуэж хъуат. Псалъэмакъ зэхуэмыдэ Iэджэ кърахьэкIырт абы теухуауэ, пьесэр зытхам и гур фIы зыщIын гуэри хэмыту. Ауэ, иужькIэ къызэрыщIэкIамкIэ, унафэ пыухыкIа гуэри щыIатэкъым спектаклыр къамыгъэлъэгъуэну. ФэрыщIагъкIэ гъэнщIауэ дгъэлъапIэ махуэшхуэхэм ящыщ гуэрым ирихьэлIати, «Иджыпсту дыдэ фымыгъэлъэгъуамэ, мынэхъыфIу пIэрэт?!» — жаIа къудейуэ арат. Ари хурикъуат спектаклыр зэман кIыхькIэ бжэ къуагъым къуагъэувэным.
  • ПхужыIэнукъым IутIыж Борис и пьесэхэр ди театрым щамыгъэуву щытауэ. ТIу-щы зэкIэлъхьэужьу щагъэлъагъуи щыIащ, псом хуэмыдэу гушыIэхэр. Ауэ театрыр абы къыдэлажьэу щытауи жыпIэфынукъым. Абы и зэранкIэ ди театреплъхэр Борис итхыфыну щыта куэдым хэкIыжащ. Уеблэмэ итхыу театрым щIилъхьахэм ящыщ зыкъоми ямыгъэуву къэнащ.
  • Пщэрылъ инкIэ Тхьэр зыхуэупса цIыхушхуэхэм куэд яхэтауэ къыщIэкIынкъым псэкIэ гугъу емыхьа, зыхуей хуэзэу псэуа. IутIыжри ящыщт абыхэм. Ауэ, сыт хуэдиз лъэпощхьэпом ямылъэхъами, фэрыщIагъ лъэпкъ хэмылъу жыпIэмэ, абы и яужь дыдэ махуэм нэсыху хузэфIэкI псори хьэлэлу илэжьащ. ХуэмыщIэу къэнар зыхунэмысарщ…
  • Ар къызэрымыхъунур фIыуэ сщIэми, сэ ноби къысфIощI Борис къигъэзэжу, моуэ зыщIыпIэ зыкъомрэ щыIа хуэдэ, гушыIэжу къытхыхьэжыну. Си закъуэуи къыщIэкIынкъым апхуэдэу къызыщыхъур.
  • Джэрыджэ Арсен,
  • «эльбрус» тхылъ тедзапIэм и адыгэ къудамэм и унафэщI.
  • «Iуащхьэмахуэ» журналым щылажьэхэр.2008 гъэ

  • IутIыж Борис и унагъуэр.1984 гъэ

  • Пхъухэм  я  псалъэ
  • Хьэкъ лъагэ
  • Зи адэ-анэ фIыуэ зымылъагъу цIыху мы дунейм тет хъункъым. Абыхэм дащыщщ дэри. Илъэс бжыгъэ мэхъу ди адэр дунейм зэрехыжри, зы махуэ дэкIакъым дигу къэмыкIыу, депсэлъарэт жыдмыIэу.
  • ДыщыцIыкIум ди адэм и жыпым сытым щыгъуи илът газетым къыхэгъэжа ди лъакъуапIэхэр — щыгъын, вакъэ къэбгъуэтыну гугъути, хьэзыру иIыгъыу арат. Тыкуэнхэр нэщIрэ езым бынитху ихуэпэн, игъэшхэн хуеймэ, къыхуэнэжыр сытыт? Гугъу ехьу ди адэ-анэм дапIам пцIы хэлъкъым.
  • И псэм емыблэжу, къыттеубгъуауэ къытщхьэщытащ ди адэр, дунейм ехыжыху. Абы дригъэсащ диIэм пщIэ хуэтщIу, дымынэпсейуэ дунейм дытетыну. Бынитхуми IэщIагъэ дигъэгъуэтащ, пхъухэр унагъуэ дригъэхьахэщ, ди дэлъхуми къригъэшащ. А гугъуехь псом хэтми, ди адэм зэи и лъэпкъыр щыгъупщакъым.
  • ЦIыху къэс хьэкъ зыбжанэ иIэу дунейм къытохьэ — абыхэм ящыщщ адэ-анэ хьэкъри, дэ догугъэ ди адэм и цIэр ину тIэтыфыну, абы хуэфэщэн щIэблэ дгъэсэфыну.
  • IутIыжхэ Дадий, Дисэ, Лацэ, Лалуцэ.
  • Къуэм и псалъэ
  • Фэеплъ лъапIэ
  • «Псом япэ сызэрылъаIуэращи, фымыгужьей». А псалъэхэращ и бынхэм къытхуэгъэзауэ ди адэм итхауэ къытхуигъэна уэсятыр къызэрыщIидзэр. АтIэ сыхуейт фIыщIэ яхуэсщIыну а уэсятыр дгъэзэщIэфынымкIэ къыддэIэпыкъуа, унагъуэм и гузэвэгъуэр къыддэзыгъэпсынщIа ди адэм и ныбжьэгъуфIхэм, нобэр къыздэсым и пщIэр зыгъэлъапIэхэм, зыцIыхуу щытауэ и лIэныгъэр гущIыхьэ зыщыхъуа псоми.
  • ЩыIэ хъункъым зи бын фIыуэ зымылъагъу, ауэ фIыуэ дыкъилъагъум къыщымынэу, ди адэр къыттегужьеикIауэ псэуащ, апхуэдэуи дунейм ехыжащ. Зыхуей дыхуэзэу, фIым дыхуагъасэу бынунагъуэшхуэр (иджырей зэманымкIэ къапщтэмэ, апхуэдэу жыпIэ хъунущ, зэрыбынитху дохъури) дапIащ ди адэ-анэм. Тхьэм и шыкуркIэ, ди анэр узыншэу къытщхьэщытщ.
  • Си адэр гум къинэжащ лэжьыгъэшхуэ зэфIэзых, емытIысэх, гу мызагъэ-псэ мызагъэ зиIэ, сыткIи щапхъэ схуэхъу цIыхуу. Хуабжьу дгъэлъапIэу, пщIэ хуэтщIу унагъуэм къинащ и IэдакъэщIэкI сурэт, хьэпшып, тхыгъэ, пкIыгъэ, нэгъуэщI-къинэмыщI Iэджэ. Ахэр зыхъумэфын щIэблэ абы и бынхэр дызэрыхъуным яужь дитынщ. Ауэ псом нэхърэ нэхъ фэеплъ лъапIэу ди адэм къытхуигъэнар и щхьэми дэри къытхуилэжьа пщIэращи, ар тхъумэныр ди къалэнышхуэу къызолъытэ.
  • Зыщымысхьыжу, фэрыщIагъ лъэпкъи абы хэмылъу и гъащIэ псом зыхуэлэжьар адыгэрт, пцIы хэмылъуи, куэди хузэфIэкIащ. Хъуапсэрт лъэпкъыр бэгъуэну, абы зиузэщIыну, адыгэбзэ дахащэр бзэрабзэу дунейм тетыну.
  • «Зыхэдвгъалъхьи
  • щымыIа лIыгъэ,
  • ДыкъыщIэвгъэкIхэ
  •  зэрамыгугъэу» —
  • псалъэхэм, и IэдакъэщIэкI Iэджэми къазэрыхэщым ещхьу, си щхьэкIэ купщIэшхуэ, мыхьэнэ ин хызолъагъуэ, икIи ар сэркIэ ди адэм и уэсятхэм ящыщ зыщ.
  • IутIыж Шумахуэ.
  • ТхакIуэхэм,  щIэныгъэлIхэм  я  псалъэ
  • Уасэ  зимыIэ  фIыгъуэшхуэ
  • Мы тхыгъэр зытеухуа IутIыж Борис адыгэ тхакIуэ псоми къахощ. Абы ди литературэм хэлъхьэныгъэ абрагъуэ хуищIащ. Борис итха псоми (кIуэ, закъуэтIакъуэ блэзгъэкIами сщIэркъым) сыкъеджащи, узыщIишэу, узэщIиубыдэу апхуэдэхэщ.
  • IутIыжым и гуащIэр ди лъэпкъ цIыкIум дежкIэ уасэ зимыIэ фIыгъуэшхуэщ. Абы щхьэтечу епсалъэу щытахэм, и тхыгъэхэм ящыщ куэдым япэу еджахэм, и псэлъэгъуу, и гушыIэгъуу щытахэм сэри сащыщщ.
  • Сэ Борис нэхърэ илъэси 10-м щIигъукIэ сынэхъыжьщ, ар щыстудентым щыгъуэ сэ газетымрэ радиомрэ сыщылэжьащ, пасэу итхахэм седжащ, абыхэм зэрысхузэфIэкIкIэ гъуэгу естащ.
  • Пэжыр жысIэнщи, IутIыжым и гушыIэ тхыгъэ телъыджэхэр зигу иримыхь гуэрхэри щыIащ, езым и ныбжьэгъухэри хэтыжу. Ауэ абы зы щхьэкIи къигъэзакъым, и щIалэгъуэм къыщыщIэдзауэ и къарум къихьыфынур ищIэжу, тегушхуэныгъэ ин хэлъу щытащ.
  • «Мы си тхыгъэм сыт ефщIэми сыарэзыщ, сытми зыгуэр къыхэфхи схутевдзэ» жызыIэхэм Борис ящыщтэкъым. Абы итхам езым нэмыс хуищIыжыфырт икIи ухэIэбащэу идэнутэкъым. Пэж жыпIэнумэ, ущIеIэбыжыни щымыIэу тхэфырт ар, щыщIалэ дыдэми къыщыщIэдзауэ.
  •  КЪЭРМОКЪУЭ Мухьэмэд,
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ.
  • 2015 гъэ
  •  
  •  Лъэпкъым и IутIыжщ
  • Абырэ дэрэ зы фэтэр дыздыщIэсащ — Къэбэрдей уэрамым тет унэ лъахъшэ цIыкIухэм ящыщ зым дыщыпсэуащ. ДызыщIэс пэш цIыкIум куэд къыщызэхуэсырт — къыддеджэхэр, тхакIуэхэр, усакIуэхэр. Литературэм дытепсэлъыхьырт, тхыгъэщIэ зытха къытхэтмэ, дыкъеджэрт. Нобэ сызыхуэзэш гуапагъэ гуэр щызекIуэрт абы щыгъуэм къызэдгъэпэщу щыта утыку цIыкIум, абдеж псэр хуиту «щыбауэрт».
  •  
  • Пщыхьэщхьэ гуэрым Къэбэрдей уэрамымкIэ дыкъыдэкIуеижырт. Дызытепсэлъым дыдихьэхауэ дыкъыздэкIуэм, ипщэкIэ уэрэд макъ къыщыIуащ, ар жызыIэ щIалэ гупри куэд мыщIэу къэтлъэгъуащ. ЖаIэр Борис и псалъэхэр зыщIэлъ, Къэбэрдей уэрамым теухуа уэрэдырт. ЩIалэ гупыр, ди деж къэсри, къэувыIащ. «Зэран фыкъытхуэхъуу ди уэрамым щхьэ фытет?» — жаIэри дахэ-дахэу къаймыдаIуэ урысыбзэмкIэ къытфIэнащ гужану къытщыхъуа гупыр. Борис зыри жимыIэу щытт, сыт щыгъуи хуэдэу пыгуфIыкIыу. Iуэхур куу хъуну къыщысфIэщIым, Борис сеIущэщащ: «Мыбыхэм зыгуэр яжесIэ хъуну?» «Мыхэр адыгэщ», — жиIащ тхьэкIумэ жану къыщIэкIа зы щIалэм. «Дыадыгэ къудейкъым, — сыкъызэрыгъуэтыжащ сэ, — иджыпсту жыфIа уэрэдым и псалъэхэр зытхари мы си гъусэрщ — IутIыж Борисщ».
  • ЩIалэхэм зэуэ дыкъаухъуреихьащ. «Уи паспортыр дыгъэлъагъу», — жиIащ зыгуэрым. Борис зэрыстудентымкIэ щыхьэт тхылъым фIэкIа имыIыгъыу къыщIэкIащ, ауэ ари ярикъуащ щIалэхэм жысIэр я фIэщ ирихъуну.
  • Арати, си Борису плъагъур къащтэри, драдзейуэ щIадзэ. Мо щIалэшхуэр къаIэпыхунурэ зэгурагъэудынущ жызоIэри, согузавэ. Ерагъыу къаIэщIэсхыжащ. ДызыщIэс фэтэрым нэс дашэжащ щIалэхэм, адыгэбзи къыджаIащ, яхуэдгъэгъунуи къыдэлъэIуащ…
  • IутIыж Борис ди литературэм хищIыхьам дяпэкIи тхылъ Iэджэ зэрытратхыхьынум сэ шэч къытесхьэркъым, ди лъэпкъыр щыIэху, абы и тхыгъэхэр зэрымыкIуэдыжынури фIыуэ сощIэ.
  • Нобэ адыгэ лъэпкъым и IутIыжщ, ар езым фIыуэ къыгурымыIуэжми. Абы иIэщ IутIыж Борис и тхыгъэ телъыджэхэри, нэгъуэщI куэдым я IэдакъэщIэкI купщIафIэхэри. ДиIэр тхъумэжыфу, абы пщIэ хуэтщIыжыфу нэхъри зедгъэсэнырщ къытхуэнэжыр.
  • Ацкъан Руслан,
  • КъБР-мрэ КъШР-мрэ я цIыхубэ усакIуэ,
  • КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат.
  • Къытхуигъэнащ  и псынэр
  • Борис и псалъэр псэм къыбгъэдэкIырт, псынэпс къабзэу уигъэнщIырт. Къэнащ и тхылъхэр, къызэгуэпхмэ — езыр къопсалъэм хуэдэщ, ауэ щыхъукIэ — къытхуигъэнащ и псынэр. Ауэ езым и макъ дэнэ щызэхэтхыжын? ТхьэкIумэм итщ и гушыIэ дахэр, и фIэхъус сэлам гуапэр. ДигукIэ тхъумэнщ…
  • И плъэкIэр нэщхъейт, ауэ езыр гушыIэрейт. Зэ закъуэ жиIа ауаныр яIуэтэжурэ, цIыхум яхэз хъурти, зэи ящыгъупщэртэкъым. Зыгуэрым щIэнакIэмэ, ар цIыхум къилэжьыжауэ арат, армыхъумэ IутIыжым и нэфI-нейтэкъым къызыхэкIыр.
  • УкIытэ къэзыгъэушыр пщIэшхуэ зиIэращ. УкIытэшхуэ цIыхум щыдэдмылъагъуж зэманым хэпсэукIми, Борис куэд къыщыукIытэрт. Абы зэхихыу пцIы зыупсым зищIэжырт зэрыпцIыупсыр. Ар щыгъуазэу хьилагъэ зезыхьэм и гур къеныкъуэкъужырт, «узахуэщ» псалъэр IутIыжым къыпихын папщIэ и Iуфэлъафэр къижыхьми, къехъулIэнутэкъым зыхущIэкъур…
  • Езым и ныбжь лIыи, ныбжьыщIи, нэхъыжьыIуи – куэдым ящIырт ар чэнджэщэгъу. Борис и щытхъу псалъэ къэзылъыхъуари мащIэкъым. ЩIыщытхъун щыIэмэ, псалъэм хущысхьынутэкъым, ауэ апхуэдэ щхьэусыгъуэ и пащхьэм иралъхьа тхыгъэм къримытмэ, фэрыщIагъэм зригъэхьыртэкъыми, къыхуэкIуар пщIэншэрыкIуэт. Абы фIэкIа хэмылъу къэзыгъэбии щыIащ, ауэ Борис и бийхэми пщIэ къыхуащIырт…
  • ПщIэр къилэжьыжащ и дуней тетыкIамкIэ. И напэ емыплъыжу зы лъэбакъуэ ичауи къыщIэкIынкъым. «Хабзэшхуэ хэлъащ», — хужаIэ абы. Хэлъа къудейкъым – адыгэ хабзэрат абы и дунейр, адыгэбзэрат и псэр зыхэлъыр. И хъуреягъым къыщекIуэкIыр нэгъуэщI зыгуэрми, IутIыжым и дунейр апхуэдизкIэ лъэщт, лъагэт, уэрти, мыдрейуэ хъуар ефэгъуэкI къудейтэкъым, атIэ пцIы зэфэзэщ щIэхъукIырт. Пэжыр зи нэгум къищ куэдрэ урихьэлIэрэ? Абы и нэгум къытещыр и псэ зэхэлъыкIэрат – ар нэхут…
  • Сыту куэдымкIэ щапхъэ тхуэхъуа ар дэ! IутIыжым и псалъэ зэхэпхауэ, и лэжьэкIэр плъэгъуауэ, и цIыху хэтыкIэм гу лъыптауэ ар щапхъэ умыщIыныр щыуагъэшхуэт.
  • Сыт злэжьми, сыт стхыми, а нэхъыжьыфIым къызэрыщыхъунум, си Iуэху фIы хъуауэ къищIэмэ, зэрыгуфIэнум согупсыс. И макъыр тхьэкIумэм ит зэпытщ, и теплъэр нэгум щIэтщи, сызэрегупсысыр псэужым хуэдэущ. Ауэ зэрыщымыIэжыр къызощIэжри, дунейр нэщI сфIохъу. Мы бжьыхьэ уафэр къогъыхри, си гур нэхъри хегъэщI…
  •  Къаныкъуэ Заринэ,
  • «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ.
  • Гупсысэ  куу
  • IутIыж Борис япэ дыдэ итха «Тыргъэтауэ» трагедиер къысхуихьри, къызэлъэIуат сыкъыхуеджэну. Абы и сюжетыр хьэлэмэтщ, тхыдэм жыжьэу хэIэбэщ, зыхуейхэр «къыхилъэфри», и тхыгъэм лъабжьэ хуищIауэ.
  • КупщIэм нэмыщI, драматургием къегъэув лIыхъужь къэсыху псэ яIутын хуейуэ, я психологие яIэжыпхъэу. Мис абыхэм сегупсысурэ сыкъеджащ сэ а тхыгъэм. Хуабжьу сигу ирихьат.
  • Апхуэдэу тхыдэм, нобэрей псэукIэм теухуа пьесэ куэд итхащ Борис. Абы ипэкIи диIащ дэ драматургхэр — Акъсырэ Залымхъан, Шортэн Аскэрбий, Тубай Мухьэмэд сымэ, нэгъуэщIхэри, ауэ апхуэдиз зи кууагъыу гупсысэ, апхуэдиз купщIэ зиIэ тхыгъэхэр къызэзынэкIа яхэтакъым. IутIыж Борис и цIэр жытIэу, и фэеплъыр тщымыгъупщэу екIуэкIын хуейщ.
  • НАЛО Заур,
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ. 2010 гъэ
  •  
  • Зэманым   тщигъэгъупщэркъым
  • Ди лъэпкъым и куэдкъым «ар лIакъым» зыхужытIэн цIыхухэр. А мащIэм ящыщщ IутIыж Борис. Абы и щыхьэтщ ди ныбжьэгъуфIым и IэдакъэщIэкI сурэт, пкIыгъэ дахэхэмрэ и тхыгъэ купщIафIэхэмрэ. Си гугъэщ зэман гущIэгъуншэм Борис тщимыгъэгъупщэфыну.
  • Си гум схуигъэхужыркъым Борис и «Тыргъэтауэ» пьесэм къытращIыкIа спектаклыр Истамбыл зэрыщагъэлъэгъуауэ щытар, абы Тыркум щыпсэу адыгэхэм я гур къызэриIэтар, гуимыхуж зэращыхъуар. Апхуэдэуи сщыгъупщэркъым «Си бзэ — си псэ, си дуней» зэпеуэм Борисрэ сэрэ дызэрызэдыхэтар. ЖыпIэнурамэ, хэкум сынэкIуэжыху е езы Борис Тыркум къэкIуауэ дызэIущIэху, сфIэгъэщIэгъуэн хъун гуэрхэр дэслъагъу зэпытт, махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу хэхъуэрт хуэсщI пщIэм.
  • Чурей Алий,
  • ЩIДАА-м и академик, хеттолог.
  • Истамбыл  къалэ