Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъу Налшык дэтым деж удз гъэгъахэр щагъэтIылъ
2020-10-15
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэмрэ 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м къэхъуа гузэвэгъуэр илъэс 15 зэрырикъумрэ теухуа Iуэхухэм икIи удз гъэгъахэр щигъэтIылъащ хабзэхъумэхэм Налшык щыхуагъэува мемориалым деж.
- А дауэдапщэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Т. Б., КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А. ТI., КъБР-м щыIэ федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Т. Э., республикэм и хабзэхъумэ, къарузехьэ органхэм я унафэщIхэр.
- КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ а махуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым дежкIэ нэщхъеягъуэу зэрыувар. Илъэс 15-кIэ узэIэбэкIыжмэ, террористхэр Налшык къытеуащ. Абыхэм я Iэр къыхуаIэтащ нэхъ лъапIэ дыдэм — цIыхухэм я гъащIэхэм, республикэм и къэралыгъуэм, Хэкум и къэралыгъуэм. Ауэ хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэм къагъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэмрэ ахэр къэмыланджэу абыхэм зэрапэщIэувамрэ я фIыгъэкIэ бзаджащIэхэм я мурадхэр къайхъулIакъым.
- «Нобэ дэ дигу къыдогъэкIыж Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ щыпкъэхэр, республикэм щыпсэухэм я гъащIэхэр зыхъумахэр. Абыхэм я фэеплъ нэхур дэ зэи тщыгъупщэнукъым. АтIэми дэ дылэжьэн, дыпсэун хуейщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэми, дунейм и нэгъуэщI щIыпIи апхуэдэ гузэвэгъуэ къыщыдмыгъэхъуным дыхущIэкъуу», — къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ К. В.
- КъБР-м и IэтащхьэмрэПравительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.