ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ГушыIэхэр

2020-10-15

  • Уи бохъшэр къащтэт
  • Хъыджэбзыр и анэм йоупщI:
  • — Мамэ, таурыхъ псори «ЩыIащ-псэуащ» псалъэхэмкIэ къыщIи-дзэу ара?
  • — Хьэуэ, си хъыджэбз цIыкIу. «Си щхьэгъусэ лъапIэ, ныщхьэбэ сэ лэжьапIэм сыщымыгувэу хъунукъым», жиIэу къыщIидзэхэри яхэтщ абыхэм.

  • *   *   *
  • УэрамдэкI кIыфIым деж лIым мыцIыху гуэрым зыкъыщыхуегъазэ:
  • — Ярэби, мыбдежым хабзэхъумэхэм уащыхуэмызауэ пIэрэ?
  • — Хьэуэ. Ахэр мы щIыпIэм щызэхэзекIуэркъым, — итыжащ мыдрейм жэуап.
  • — Абы щыгъуэм уи бохъшэр къащтэт мыдэ! — жиIащ хъунщIакIуэм ткIийуэ.
  • *   *   *
  • Фэтэрым хэлъ уэзджынэр къэвууащ. Бжэр щыIуахым, къыIухьам гуапэу сэлам къарихащ:
  • — Фи махуэ фIыуэ! Сэ пианинэхэр зэтызоухуэ…
  • — Дэ апхуэдэ къедджакъым! — къыжраIэ унагъуэм щIэсхэм.
  • — Пэжщ. Сэ сыкъезыджар фэракъым, атIэ зи Iэпэхэр щIэуа фи пианинэм и макъым зи щхьэр щIезыгъэхьа фи гъунэгъухэрщ, — ящIэгубжьащ абыхэм IэпщIэлъапщIэр.
  • *   *   *
  • — Тенджыз Iуфэ телъыджэщ! Мыбдежым зыщыбгъэпскI хъуну? — зыгъэпсэхуакIуэ  къэкIуахэр дыгъэ зезыгъэууэ щысхэм йоупщI.
  • — Хъунущ, — къат мыдрейхэми жэуап.
  • — КъегъэлакIуэхэр щыIэ мыбдежым?
  • — Хьэуэ. Ахэр акулэ-хэм щошынэри, мы щIыпIэм щылэжьэн ядэркъым.