ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«СлъэкI   хуэсщIащ  сэ  си  лъэпкъ  мащIэм»

2020-10-13

  • УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я артист, Абхъазым и цIыхубэ артист
  • Мысостышхуэ Пщызэбий Зэбэч и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу
  • Мысостышхуэ Пщызэбий Зэбэч и къуэр КъБР-м щыщ Псыгуэнсу (Жанхъуэтхьэблэ) къуажэм 1935 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м къыщалъхуащ.
  • 1953 гъэм ар ГИТИС-м щIэтIысхьащ икIи Сталиным и цIэр зезыхьэ стипендиер къихьу еджащ. А еджапIэ нэхъыщхьэр ехъулIэныгъэкIэ къиухыу 1958 гъэм къигъэзэжа нэужь Адыгэ театрым актёру, режиссёру илъэс куэдкIэ щылэжьащ, цIыхубэм ягу имыхуж лэжьыгъэшхуэхэр къыщехъулIэу. Мысостышхуэм театрым роль нэхъыщхьэу 120-рэ щигъэзэщIащ, художественнэ фильми 6-м щыджэгуащ. Езым Адыгэ театрым, телевиденэм, радиом спектакль 20-м щIигъу щигъэуващ.

  • Мысостышхуэм и Iэзагъэм, и зэфIэкIым хуэфащэ дыдэу къэрал гулъыти къыхуащIащ. Абы и лэжьыгъэфIым папщIэ къыхуагъэфэщащ Абхъазым Гулиа Д. и цIэр зезыхьэ и Къэрал саугъэтыр (1984 гъ.), Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЩIыхь тхылъыр (1965, 1996 гъгъ.), Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтыр (1998 гъ.). Пщызэбий къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артист» (1965 гъ.), «Абхъаз АССР-м и цIыхубэ артист» (1983 гъ.), «Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист» (1992 гъ.) цIэ лъапIэхэр.
  • Зэрыактёр гъуэзэджэм, режиссёр Iэзэм къыдэкIуэу, Мысостышхуэр икIи тхакIуэт, апхуэдэу езым зыкъилъытэжу щымытами. Абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ Iуэтэжу — 13, усэу — 100, уэрэду — 25, пьесэшхуэу — 5.
  • Лъэпкъым хьэлэлу хуэлэжьа, лъэныкъуэ куэдкIэ зэчий зыбгъэдэлъа цIыху щыпкъэр дунейм ехыжащ 2009 гъэм накъыгъэм и 28-м.
  •  
  • Мысостышхуэ къудейкъым
  • Псыгуэнсу къуажэм артистышхуэхэр къыдэкIащ. Абыхэм я лъагъуэм ири-кIуащ Пщызэбий. Мысостышхуэ къудейкъым ар икIи артистышхуэщ.
  • Ар апхуэдэу къыщIэслъытэр Пщызэ-бий режиссёрым щымыгугъыу езыр-езыру лажьэ цIыхуу зэрыщытырщ. Артистыр щыфIыр режиссёрым жиIэ къудейр щигъэзащIэм и дежкъым. Езыр зэгугъужу, зэгупсысыжу, мы ролым мыр хэлъыпхъэщ жиIэу, езым ролыр игъэщIэращIэу щигъэзащIэм, а ищI ролым игури и псэри иритауэ образым щитым дежщ артистыр щыартистыр. Мис апхуэдэу къызолъытэ Мысостышхуэ Пщызэбий.
  • Актёр курсыр къызэриухам къыщымынэу, режиссёр курсми щеджащ Пщызэбий. Ар дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъуащ и артист къулыкъур дагъуэншэу, режиссёрым и щIэгъэкъуэн мылъыхъуэу игъэзэщIэнымкIэ.
  • ЩыIэщ артист комикыу, нэгъуэщI ролхэр къемыхъулIэу, щыIэщ артист драматическэу, комикыу мыджэгуфу. Ауэ Пщызэбий тIури и зэхуэдэщ.
  • Мысостышхуэр артист IэкIуэлъакIуэщ. Къулыкъушхуэ зиIэми и къулыкъур игъэзэщIэфу, къызэрыгуэкI лэжьакIуэри къэгъэлъэгъуэным пэлъэщу.
  • Пщызэбий артист къудейм къыщымынэу, и щIэныгъэм, и къэухьым къиубыд тхыгъэфIхэр иIэщ. Ар усакIуэуи къызолъытэ сэ. ЩIалэ зеиншэ цIыкIум и гъыбзэр зэритхам уеплъмэ, абы ЖьакIэмыхъу Жансурэт макъамэ щIилъхьауэ уэрэду зэхэпхмэ, гурыIуэгъуэщ Пщызэбий усакIуэу жыIэн щIыхуейр. Абы ущедаIуэкIэ, пхузэфIэмыкIыу, уи гур къызэфIегъанэ.
  • Абы къыщымынэу, Пщызэбий диктор Iэзэщ. АпхуэдизкIэ гурыхуэщ, тхыгъэ куэд дыдэ гукIэ ещIэри, умыгъэщIэгъуэн пхузэфIэкIыркъым. «ИстамбылакIуэм» щыджэгум и деж абы и монологыр апхуэдизкIэ кIыхьщ, апхуэдизкIэ гущIыхьэщи, умыгъынкIэ Iэмал имыIэу укъызэщIещIэ. Уи нэгум къыщIегъэхьэж а зэман хьэлъэр зэрыщытар.
  • А псом ищIыIужкIэ, макъ дахи иIэщ, уэрэджыIакIуэу къэплъытэну. Ар артист куэдым яхузэфIэкIыркъым. Истамбыл ягъакIуэ щIалэм и уэрэдыр щыжиIэкIэ уегъагъ.
  • Сценэм укъихьэу уикIыжыныр аракъым Iуэхур. Ар тхакIуэм, пшынауэм хуэдэщ — ахэр мытхэмэ, Iэмэпсымэм иримылажьэмэ, IэщIагъэм зэрыщыужым ещхьыркъабзэщ. Артистыр махуэ къэсыху зэмылэжьыжмэ, зыкIэлъымыплъыжмэ, ролым емыгугъумэ, емыгупсысмэ, ар артисткъым, гъащIэми хэпщIыкIыу къыкIэроху.
  • Узыпэрыт IэнатIэм къыдэкIуэу, ар си Iуэхукъым жумыIэу, укъыщалъхуа, ущыпсэу щIыналъэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм артистыр жыджэру хэтын хуейщ. Апхуэдэщ Пщызэбий. А псом къыдэкIуэу, Мысостышхуэр лъагъугъуафIэщ, фIыуэ умылъагъункIэ Iэмал имыIэу. Абы театрым щигъэзащIэм къищынэмыщIауэ, ЖьакIэмыхъу КIунэ и гъусэу е и закъуэу радиомкIэ къыщыпсалъэкIэ си гумрэ си псэмрэ дахьэхыу содаIуэ.
  • КЪАРДЭНГЪУЩI Зырамыку.
  • 2005 гъэ
  •  
  • Щапхъэу  къахузохь
  • Сэ Мысостышхуэ Пщызэбий соцIыху 1953 гъэм къыщыщIэдзауэ. Курыт еджапIэр къэзыуха ныбжьыщIэ зыбжанэ Москва еджапIэ ягъэкIуэну къыщыхахым, Пщызэбий сригъусэу япэ этюдыр ищIауэ щытащ. Ар дзапэ уэрэд щIэлъу жиIэну чэнджэщ естат, макъ телъыджэ иIэу къэслъытэрти.
  • Щеджэм щыгъуэ жыпIэ хъунутэкъым ар зыхэсхэм нэхърэ нэхъыфIу Iуэхум хуэхьэзыру е нэхъыбэ ищIэу. Ауэ егугъурт, зыбгъэдэу- ва IэнатIэр къыгурыIуэрти, ГИТИС-м къыдыщIэсахэм япэ ищауэ зэреджами пцIы хэлъкъым. Сэ иджыпсту Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым щызогъаджэри, си гъэсэнхэм сытым дежи Пщызэбий щапхъэу къахузохь. НыбжьыщIэхэм яжызоIэ сэ езгъащIэр алыфбей къудейуэ зэрыщытыр. Абыхэм зыщагъэсэнур, я щIэныгъэм щыхагъэхъуэнур сценэрщ, ди театрым и нэхъыжьыфIхэм я дежщ. Феджэмэ, фылажьэмэ, къыхэфха IэщIагъэр фIыуэ флъагъумэ, Мысостышхуэм хуэдэу фыхъунщ яжызоIэ.
  • Мысостышхуэ Пщызэбий сэ ролыфI куэд дэсщIащ. Режиссёрми актёрми образу ящIу хъуар зэхуэдэу фIы-уэ къехъулIэркъым, ар икIи Iэмалыншэкъым. Ауэ гукъинэжу, гум имыхужу Пщызэбий роль куэд иIэщ. Абыхэм ящыщ зыщ Шолохов Михаил и «ЩIыщIэ къэIэтам» хэт Давыдовым и образыр. Ар абы къызэрыгурыIуар, къызэригъэлъэгъуа щIы-кIэр икъукIэ гъэщIэгъуэнщ. Абы и щыхьэтщ Шолоховым и тхыгъэм къытращIыкIа спектаклхэр Ростов щыщагъэлъэгъуам, ди лэжьыгъэр нэхъыфIу къалъытауэ зэрыщытар.
  • Мысостышхуэр актёр гъуэзэджэ къудейкъым. ИпэIуэкIэ сэ гу лъыстат абы режиссёр хъарзыни къызэрыхэкIынум. Ар къыхэслъхьэри, Пщызэбий 1970 гъэм ГИТИС-м и режиссёр курс нэхъыщхьэхэм ягъэкIуащ, егъэджакIуэ цIэрыIуэ Гончаров Алексей деж зыщигъэсащ. ИужькIэ Гончаровым сыхуэзауэ Пщызэбий и еджэкIэм сыщIэупщIати, ифI къызэрызжиIам хуабжьу сыщыгуфIыкIат. 1972 гъэм къэкIуэжри, Адыгэ къэрал драмэ театрым и режиссёру, режиссёр нэхъыщхьэу илъэс зыбжанэкIэ лэжьащ. Режиссёрым и къалэнщ сценэм къыщыхъу Iуэхугъуэхэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъыну, ахэр ныкъусаныгъэншэу зэкIэлъигъэкIуэну. Актёрыр зэлIэлIэн хуейр и щхьэ закъуэрамэ, режиссёрым сценэм щыджэгу дэтхэнэ зымкIи жэуап ехь. Пщызэбий хузэфIэкIащ режиссёрым и къалэнри актёр лэжьыгъэри щIыхь пылъу зэдихьын. Абы куэд пэлъэщыркъым.
  • Къыхэзгъэщыну сыхуейт Пщызэбий и Iэужь дахэ и щхьэгъусэ КIунэрэ ипхъу Маринэрэ я лэжьыгъэм зэрыхэслъагъуэр. Сэ абыхэм садэлэжьащ, театрым ехьэлIауэ куэд яхузэфIэкIыну зэрыщытыр хьэкъыу спхыкIащи, Мысостышхуэм и лъагъуэм ахэр гуфIэгъуэкIэ ирикIуэну си гуапэщ.
  • ТЕУВЭЖ СулътIан,
  • Урысей Федерацэми Къэбэрдей-Балъкъэрми
  • щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ.
  • ХьэIупэ ДжэбрэIил, Темыркъан Юрэ, КIурашын БетIал сымэ и хьэщIэщ. 1980 гъэ

  • Пщызэбий и унагъуэр.

  • Ар зэи ди гум ихункъым
  • Сэ литературэ критикхэми, еджагъэшхуэхэми, адыгэбзэм елэжь щIэныгъэлIхэми сащыщкъым, сыщIэджыкIакIуэ къызэрыгуэкIыу аращ. Ауэ си къуажэгъухэри сэри дызэрыгушхуэ цIыху щэджащэ, зэчий куэд зэхуэхьэсауэ зыбгъэдэлъа Мысостышхуэ Пщызэбий и зэфIэкIым сыщыгуфIыкIыу си Iуэху еплъыкIэ тIэкIу къэсIуэтэну аращ.
  • Пщызэбий и зэфIэкIым и къигъэхъуапIэри къыдалъхуауэ хэлъа зэчийм зыщиужьари куэд мэхъу. Ар къыщежьащ щеджа ГИТИС-м. Нэхъ мащIэкъым нэхъыжьыфIхэу КъардэнгъущI Зырамыку, Акъсырэ Залымхъан, Болэ Мурат, Мысачэ Пётр, Щхьэгъэпсо Мухьэмэд сымэ къыхалъхьари, езыр зэгугъужу и IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ зэпымыууэ зэрыхигъэхъуари. Ар телевиденэмрэ радиомрэ щыщылэжьам щыгъуэ ди цIыху пашэхэм ятеухуауэ игъэхьэзыра нэтынхэр фIым и фIыжу къалъытэрт, куэдым я дежкIэ щапхъэт. Итха рассказхэр, хъыбархэр, ауанхэр, гушыIэхэр, новеллэхэр, усэхэр щIэджыкIакIуэхэр зыхуейт, щIэщыгъуэт, гъэсэныгъи зыхэлът. УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым дэтхэнэ и гукъэкIыж тхыгъэри бзэ къабзэкIэ зэрытхар, гушыIэ дахэкIэ зэрыгъэпсар.
  • ПщIэшхуэ яхуищIу Пщызэбий усэ яхуитхащ КъардэнгъущI Зырамыку, ЩоджэнцIыкIу Алий, Нало Ахьмэдхъан, ХьэкIуащэ Андрей, Нало Заур, IутIыж Борис, ДыщэкI КIунэ, ПащIэ Ленэ, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, МафIэдз Сэрэбий, Къэрмокъуэ Мухьэмэд, КхъуэIуфэ Хьэчим, Елгъэр Кашиф, Хьэх Сэфарбий сымэ, нэгъуэщIхэми. ЦIыху пажэхэм я IуэхущIафэ дахэхэм къыдэкIуэу, абы и усэхэр триухуащ гуфIэгъуэ Iуэхухэм, щIэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ, нэмысымрэ цIыхугъэмрэ, псапэмрэ гуапэмрэ, хахуагъэм, и хэкум. Абы цIыхухэр къыхура-джэ гущIэгъурэ гулъытэ-рэ хуэныкъуэм дэIэпы-къуным, сымаджэм, хуэмыщIам, ныбжьэгъум, гъунэгъум, щыуам Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэным. УсакIуэм илъагъу хъуртэ-къым къэгъэпцIэгъуафIэ щIалэгъуалэр зыгъэжакъуэу щIезыгъасэхэр, Iулъхьэшххэмрэ Iулъхьэтхэмрэ, пцIыупсхэмрэ Iужажэхэмрэ, щхьэхуещэхэмрэ нэпсейхэмрэ, хьэрэмхэмрэ дыгъуакIуэхэмрэ, убзакIуэмрэ фитIнэмрэ. А псор и усэхэм гъэхуауэ къыхощ. Пщызэбий и усэ «бжьыбжьхэр», «ткIыбжьхэр» узытепыхьэ хъун гъыбзэт, узыфэ зэрыцIалэу бийм къытхихьар зэрыбгъэхъужын хущхъуэт. Абы и «къэуал зэгуэтыжьыр» шэрыуэу тригъапсэрт ипэкIэ ды- зымыгъакIуэу къытпэув лъэпощхьэпомрэ хьэ- кIэкхъуэкIэ лъакъуитIхэмрэ.
  • Уэрэд усынми къыхуигъэщIат си къуажэгъур. Къыпхуэбжыну пIэрэ абы уэрэду иусам, сценэм щыжиIамрэ гуфIэгъуэ пшыхьхэм щигъэIуамрэ я бжыгъэр? Уэрэд дахэу ди лъахэми ди гъунэгъу щIыналъэхэми щыжиIам, абы кинофильмхэм щигъэзэщIар хэтыжу, ар ящымыгъупщэж ищIащ.
  • Театрыр-щэ? Театрым Пщызэбий зэфIэкIышхуэ щиIащ, жыпIэнри зыри жумыIэххэнри зыщ, апхуэдизкIэ а псалъэхэр актёрым дежкIэ мащIэщи. И Iэдакъэм къыщIэкIа пьесэхэми уаущий, фIым укъыхураджэ, Iейм зыщыбдзеиным укъыхуагъэуш.
  • МащIэкъым Пщызэбий и зэфIэкIым пщIэ хуэзыщIу тетхыхьа цIыху щэджащэхэри, усэ мащIи хуаусакъым. «Дунейр чэзущ» и тхылъым и лъэтеувэ пшыхьым псалъэ гуапэ куэди щыжаIащ. Сэри си къуажэгъухэми Пщызэбий хуэтщIэжыфынуращи, дэ ар зэи ди гум ихункъым.
  • ГУМЭ БетIал.
  • Псыгуэнсу  къуажэ
  • Лэжьэгъухэм я псалъэ
  • Зы роль закъуэм щхьэкIэ
  • Хъыдзэдж Борис, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист:
  • — Артистым роль псори зэхуэдэу фIыуэ къехъулIэркъым, ауэ зы ролым щхьэкIэ дамыгъэ щрат къохъури, сэ слъэкIамэ, Шолоховым и «ЩIыщIэ къэIэтам» щигъэзэщIа Давыдовым и ролым щхьэкIэ СССР-м и цIыхубэ артист цIэ лъапIэр Мысостышхуэ Пщызэбий фIэсщынт.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Къэрэшей-Шэрджэсми, Адыгейми, дунейм текъухьа адыгэхэр щыпсэу щIыпIэхэми Мысостышхуэр фIыуэ къыщацIыхурт. Абы къигъэлъагъуэр зыщ: Пщызэбий цIыхубэм я артисту аращ.
  • Гугъэпсэху
  • Лу Рэмэзан,КъБР-м- щIыхь зиIэ и артист .
  • — Пщызэбийрэ КIунэрэ (а тIум я цIэр зэпэщхьэхуэу жыпIэну къезгъэзэгъыркъым) зи IэщIагъэм гурэ псэкIэ ета цIыхухэщ. Пщызэбий еш жыхуаIэр псэуху ищIакъым, гугъэпсэхут, лэжьыгъэм удригъэхьэхыф къудейм къыщымынэу, IэщIагъэр фIыуэ уигъэлъагъурт.
  • Бзэ къабзэ
  • Къэжэр Борис, КъБР-м и цIыхубэ артист:
  • — Мысостышхуэ Пщызэбий щыжаIэкIэ, япэ дыдэ си гум къридзэр адыгэбзэращ, артистым и бзэ къабзэрщ, ди бзэм и зэфIэкIырщ. Абы адыгэбзэр макъамэм хуэдэущ зэрызыхыуигъэхыр.
  • Зы IэщIагъэм ущрилажьэм деж тыншкъым епкуу цIыхум и дагъуэр ебгъэлъагъужыну. Ауэ Мысостышхуэр илъагъу мыхъумыщIагъэм ебэкъуэфынутэкъым. Ар лэжьыгъэ ирехъу е гъащIэрауи щрырети, зы псалъэ игу иримыхьыну къыбжьэдэкIамэ, ар зэригъэзэхуэжынут, зыщIыпIэ деж уи Iуэху щыдэмыкIарэ нэхъыфI хъуну Iэмал щыIэмэ, емыбакъуэу и ущие къуихьэлIэнут.
  • Къалэмри екIуу егъабзэ
  • Шекспир, Мольер сымэ я деж къыщыщIэбдзэу театрым и гъуэгуанэм уриплъэжмэ, актёр-драматург куэдым я цIэ къыпхуиIуэнущ.
  • Театрым, сценэм я щэхухэм хуеджа, ар зи IэщIагъэ адыгэ артист зыбжанэми хэлъхьэныгъэфI хуащIащ ди лъэпкъ драматургием. КъардэнгъущI Зырамыку, Тубай Мухьэмэд, Шортэн Аскэрбий, Щхьэгъэпсо Мухьэмэд сымэ я пьесэхэм къадежьащ икIи къадекIуэкIащ Адыгэ театрыр. Зы едзыгъуэу зэхэлъ пьесэ хьэлэмэтхэр ятхыу щытащ Сонэ Мухьэрбий, Шэру Азрум сымэ, нэгъуэщIхэми.
  • Нобэ сценэр зыгъэбжъыфIэ ди артистхэм пьесэ зытхыу яхэту дэ тщIэр Мысостышхуэ Пщызэбий и закъуэщ.
  • Пщызэбий и актёр зэфIэкI лъагэм димыхьэхыу, Тхьэм ирещIи, акъылбалигъ хъуа зы адыги щыIэу къыщIэкIынкъым. АтIэми, мащIэщ щыгъуазэр пьесэу, Iуэтэжу, усэу абы и Iэдакъэм куэд къызэрыщIэкIам. Шэч къытетхьэркъым ди литературэр абыхэм зэрагъэщIэрэщIэнум.
  • IУТIЫЖ Борис,
  • КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ.
  • 2005 гъэ
  •  
  • Адыгэ лъэпкъым и уардагъэр хэлът
  • ЛIэщIыгъуэ плIанэкIэ сызыщылэжьа Къэбэрдей-Балъкъэр телевиденэм и лъэхъэнэ нэхъыфI дыдэу щытауэ къызолъытэ Мысостышхуэ Пщызэбий режиссёр нэхъыщхьэу щыдиIар. Зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ актёр хьэлэмэтым хузэфIэкIат ди нэтынхэр зыкъомкIэ нэхъ щIэщыгъуэ ищIын.
  • Пщызэбий и лэжьэгъуу щыта, и ныбжьэгъуфIу театрым къыщигъэна артист «дыгъэл» къомыр телевиденэм нэхъыбэрэ накIуэ хъуат — дыкъалъагъурт, чэнджэщыфIхэр къыдатырт, «пщIэншэ уадэр Iэтыгъуейщ» жамыIэу, «Постановкэ» зи фIэщыгъэ спектакль кIэщI цIыкIухэм тхухэтт, роль зэмылIэужьыгъуэхэр ягъэзащIэу. Нэхъыбэ хъуат спектаклышхуэу дгъэлъагъуэхэр, щэнхабзэм, литературэм, гъуазджэм теухуа нэтынхэр, тележурналхэр, жылагъуэхэм ПТС-кIэ (къэзыкIухь телевизионнэ станцкIэ) къиттыкI зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэр.
  • Пщызэбий егъэлеяуэ гумызагъэт, ар щыплъагъурт зэм павильонышхуэм, зэм нэхъ цIыкIуIуэм, зэми режиссёр пультыр здэщыIэм. Куэдрэ къэхъурт «съёмкэ» жыхуаIэхэм щыкIуэ, «нэтын занщIэкIэ» дызэджэхэр щигъэхьэзыр, нэтын гугъу дыдэхэр щригъэкIуэкI, уеблэмэ дикторым и къалэнхэри щигъэзащIэ.
  • Мызэ-мытIэу къысхуихуащ Пщызэбий и гъусэу сежьэну, нэтын щхьэхуэхэр згъэхьэзырыну, къуажэ клубхэри, Iэщыхъуэ, мэкъумэшыщIэ «хэщIапIэхэри» къэскIухьыну. Гу лъумытэнкIэ Iэмал зимыIэт: Мысостышхуэр куэдым къацIыхурт, IэплIэ- ешэкIкIэ ирагъэблагъэрт, ди нэтынхэри нэхъ зыхуей хуэзэрт. Апхуэдэ «гастролхэм» зэчий зыбгъэдэлъ ныбжьыщIэхэр къыщыщыхути къэхъурт. Пщызэбий фIэфIт артистым и «щэхухэм» а IэщIагъэм гу хуэзыщIахэр щIигъэдэIун, усэ къеджэкIэм, уэрэд жыIэкIэм, сценэм зэритыпхъэм ехьэлIа дерсхэр итын.
  • Сигу къинэжащ Куба къуажэм къиттыкIыну нэтыным хуэдгъэхьэзыра гъэпсыкIэр (сценарий жыхуэтIэр) къэзыкIухь станцкIэ ттхыныр къемызэгъыж щыхъум, Пщызэбий щIэрыщIэу икIи псынщIэ дыдэу зэхилъхьауэ, нэтыныр «къригъэлауэ» зэрыщытар, цIыху куэд зыхэта зэIущIэшхуэхэр псалъэмакъ купщIафIэкIэ, гушыIэ, уэрэд, къафэ, Iэгуауэ Iэджэхэр пкърилъхьэу телеэкраным зэпэщу зэрыригъэзэгъэфар. Сигу къокIыж къэхъугъэ цIыкIуфэкIу Iэджэ, а цIыху хьэлэмэтым и гу пцIанагъым, хьэлэлагъым, псэемыблэжагъым щыхьэт техъуэу. Пщызэбий сэ сыщрихьэлIащ гуфIэгъуэми, гуауэми, Iуэхушхуэми, зэ-рыхьзэрий гуэрхэми — зэи къэхъуакъым абы хабзэр, нэмысыр, цIыхугъэр, зыIыгъыкIэ дахэр, адыгэ лъэпкъым и уардагъэр, щыпкъагъыр щыдэзмылъэгъуа.
  • Зэчиишхуэ бгъэдэлът абы — актёр инт, режиссёрт, уэрэджыIакIуэт, тхакIуэт, усакIуэт, драматургт, егъэджакIуэт, жылагъуэ лэжьакIуэт. А лIэужьыгъуэ къомым щыщ дэтхэнэми абы щиIэ зэфIэкIым гупсэхуу утепсэлъыхь хъунущ. Пщызэбий Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуазджэм и къэхъугъэ гъуэзэджэщ. Абы щыхьэт тохъуэ и лэжьэгъухэр, щэнхабзэм фIыуэ хэзыщIыкIхэр, журналистхэр.
  • Си унагъуэ архивым щызохъумэ КъБР-м и цIыху пэрытхэм ятеухуауэ газет зэмылIэужьыгъуэхэм къытрадза тхыгъэхэм ящыщ зыкъом. Си гуапэу щIызоджыкIыж Мысостышхуэм и лэжьыгъэм, и IуэхущIафэхэм, и хьэл-щэнхэм теухуахэр.
  • ГУРТУЕВ Эльдар,
  • балъкъэр  тхакIуэ.
  •  
  • СыткIи  сыдэплъейрт
  • Театрым сыкъэкIуэну си пщIыхьэпIэ къыщыхэмы-хуэ лъандэрэ Пщызэбий и лэжьыгъэм сыщыгъуазэщ. Жагъуэ тщымыхъуу къанэркъым иджыпсту цIыхухэм, къытщIэхъуэ щIэблэм артистхэр зэрамыцIыхур, абыхэм я гуащIэм зэрыщымыгъуазэр. ИпэкIэ артист цIэрыIуэхэр псоми яцIыхурт.
  • Сэ си насып кърихьэкIащ Мысостышхуэм и гъусэу сценэм ситыну. Американ драматург О,Нил Юджин и «Лъагъуныгъэ, лъагъуныгъэ» спектаклым Пщызэбийрэ сэрэ зэадэзэкъуэу дыщыджэгуащ. Абы щыгъуэ сыщIалэ дыдэт, апхуэдэ роль ин згъэзэщIэну япэу къысхуихуэу арат. Пщызэбий сызэригъусэм Iуэхум сызэрытригъэгушхуам пцIы хэлътэкъым. Сценэм сыкъихьэн ипэ къихуэу, ар зэрыджэгум, и псэлъэкIэм, и зыIыгъыкIэм сыкIэлъыплъырт, абы къару къысхилъхьэуи къысщыхъурт. Сыт и лъэныкъуэкIи сыдэплъейрт, щапхъэ схуэхъу зэпытт.
  • Мысостышхуэ Пщызэбий хуэдэ актёрхэм щхьэкIэ «мастер» жаIэ.
  • ДЭБАГЪУЭ Роман,
  • Музыкэ театрым и режиссёр нэхъыщхьэ.
  •  
  • Мысостышхуэ Пщызэбий и усэхэр
  • Псэм и уаз
  • Жылэм я тхьэмыщкIагъэр цIыху закъуэм ейм нэхърэ нэхъ хьэлъэщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, псоми къулейсызыгъэ къащылъыскIэ, дэIэпыкъуэгъу умыгъуэтыжынкIи хъунущ.
  • Демокрит
  •  
  • ЦIыхупсэр сыту махэ!
  • Ем и фэр сыту Iув!
  • Зэхэзмыхыжмэ дахэ,
  • Псэхэхыр къыспоув!..
  •  
  • Къару къысхэлъхьи, Тхьэшхуэ,
  • Гуапагъэ сыгъэлэжь!
  • Си хъушэщ мурадышхуэ,
  • СащIами егъухэм лIыжь.
  • Ихуащ цIыхугъэр лIапIэ,
  • Напэншэм и пхъэр къокI,
  • ЯщIащ гулъытэр уапIэ,
  • Нэмысым и псэр хокI.
  •  
  • ПащIыжкъым цIыхур ахъшэм!
  • Хъуэж-щэжыр мардэ мэхъу!
  • ЛIэщIыгъуэр къэмыхашэм,
  • ЩIэблэщIэр мэунэхъу.
  •  
  • ЩIесыкIыр си нэр нэпсым,
  • Гупсысэм псэр ехуз!
  • Нэжэсым бжьыпэр лъысым —
  • ГуфIэнур сыт хуэдиз?!
  •  
  • Уо-у, Тхьэшхуэу псэм хуэзгъадэ,
  • Насыпыр зи Iэпэгъу!
  • Сэ гъащIэр сIыпхми содэ,
  • Хэплъхьэжмэ бэм гущIэгъу.
  •  
  • Уи щIыхуэ стелъщи, Тхьэшхуэ,
  • Гуапагъэ сыгъэлэжь!
  • Си хъушэщ мурадышхуэ,
  • Сыхъуами нобэ лIыжь.
  •  
  • Артистымрэ зэманымрэ
  • Артист жумартхэм
  • ЖыпкIэ къытхуэдалъэм
  • ПсэкIэ дефIэкIмэ,
  • КъыткIэлъоубэж…
  • И гум илъ фIейхэр,
  • Мылъкум къыжьэдихуу,
  • Псалъэу дэт цIыхуми —
  • ЛIыуэ зелъытэж.
  •  
  • Мывэ пхъуантэ
  • Ей, ди къуршыжь уардэу
  • ЛIэщIыгъуэ блэкIхэм я лэдэх
  • фIыцIэ,
  • Лъэпкъ пыхьэ макъым
  • и джэрпэджэж,
  • Адыгэ тхыдэм и мывэ пхъуантэ,
  • Зэман гугъу псоми я бампIэдэх.
  • КъахузэIухыт а уи щыгу къабзэр,
  • Насып хуэпабгъэу уи бгъафэ
  • щIэлъхэм!