2020-09-29
- Уаз
- Муслъымэн псоми ди зэхуэдэ
- мулид мазэр къоблагъэ
- Мухьэмэд бегъымбар лъапIэр (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуар) къыщалъхуа махуэр мы гъэм октябрым (жэпуэгъуэм) и 29-м тохуэ. Ар муслъымэн псоми ди зэхуэдэ махуэшхуэщ.
- Муслъымэн къэралхэм нэхъыбэрэ Алыхьым зэрыхуэпщылIыным, ЛIыкIуэ лъапIэм сэлэуат къызэрыхуахьыным хущIокъу мулид мазэм.
- Мухьэмэд бегъымбарыр (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуар) къызэралъхуар
- Япэ дыдэу къигъэщIа Iэдэм бегъымбарым деж щегъэжьауэ лIыкIуэ псоми ящIэу щытащ Мухьэмэд бегъымбарыр зэрыщыIэнур икIи а зэманым псэунухэр псори Мухьэмэд бегъымбарым и гъуэгум тетыну къыхураджащ. Абы и щыхьэту Iэят куэд къыщыкIуащ КъурIэн лъапIэм.
- Iэдэм бегъымбарыр иджыри жэнэтым кърагъэкIын ипэкIэ, хьэршым щилъэ гъуат Алыхьым и цIэм пэгъунэгъуу Мухьэ мэд цIэр зэрыщытыр. Абы щыгъуэм ЛIыкIуэм къыгурыIуат Мухьэмэд (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуар) Алыхьым къигъэщIыну псом нэхъри нэхъ лъапIэныгъэ зэригъуэтынур.
- Мэрем и къуэ Хьисэ бегъымбарми и тхылъым къыщыкIуащ Мухьэмэд бегъымбарыр (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуар) къызэригъэщIынур, а лIыкIуэ лъапIэми къыхуриджащ IисраIил и быныр псэууэ нэсмэ, Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэ-мэд и гъуэгум тетыну. Тхылъ къызыхуеха адрей лIыкIуэхэми я тхыгъэм къыщы кIуащ Му хьэмэд бегъымбар лъапIэр зэрыщыIэнур. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми Тхьэм къалэн ящищIат Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) и гъуэгум цIыхубэр хураджэну икIи лIыкIуэ псоми а къалэныр нэсу ягъэзэщIащ. Арщхьэ- кIэ, языныкъуэхэм а хъыбарыр зэхахыну хуеякъым.
- Мухьэмэд бегъымбарыр (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуар) ныбэм щилъым
- Мухьэмэд бегъымбарыр (Тхьэм и нэ фIыр зыщыхуар) ныбэ щилъым абы и анэ Аминэ зыхищIатэкъым сабий зэриIэнур.
- Зы махуэ гуэрым цIыхухъу сэфэтым иту мелыIыч къыбгъэдыхьэри, Аминэ къеупщIащ: «Узэрыуэндэгъур пщIэрэ?» «СщIэркъым», — жиIэу бзылъхугъэм жэуап щитым, лIым къыпищащ: «АтIэ бжы зоIэ Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа бегъымбар уи Iэпкълъэпкъым зэрилъыр». Абы щыгъуэщ Аминэ къыщищIар зэрыуэндэгъур икIи абы къыгурыIуат хъыбарыр къыхуэзы- хьар зэрымелыIычыр.
- КъищынэмыщIауэ, бзылъхугъэм пщIы хьэ пIэу илъэгъуат мы псалъэхэр къыж раIэу: «Хъыбар удогъащIэ Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа ЛIыкIуэ лъапIэ уи Iэпкълъэпкъым къызэрикIынумкIэ. Ар дунейм къытехьэ-мэ, Мухьэмэд фIэщ, сыт щхьэкIэ жы пIэмэ, абы и гъащIэ псор ихьынущ Тхьэм фIыщIэ хуищIу». («Мухьэмэд», «Ахьмэд» псалъэ хэм я мыхьэнэр «фIыщIэ» жиIэу аращ).
- Аминэ и ныбэм ЛIыкIуэ лъапIэр (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуар) щихъуам, анэ хъунум и нэгу щIэкIырт телъыджэ куэд. Абы зэхихырт ар къэзыухъуреихь мелыIычхэм Тхьэм фIыщIэ зэрыхуащIыр.
- ЛIыкIуэ лъапIэм и гъащIэр зытхыжа дин щIэныгъэлIхэм я тхылъым итщ Му хьэмэд бегъымбарыр (Тхьэм и нэфIыр зы щыхуар) ныбэм щилъым, илъэс зыбжанэкIэ зэкIэлъыпыту уэгъуу щыта щIылъэр зэуэ щхъуантIэ хъуауэ, жыг хэм пхъэщхьэмыщхьэ куэду къапыкIауэ, къуа лэбзухэм Аминэ и щхьэщыгур къауфэрэзыхьу, бзылъхугъэр псыкъуийм псыхьэ кIуа нэужь, псыр езыр къыдэ кIуейуэ зэрыщытар, нэгъуэщI гъэщIэгъуэн куэди къызэрыхъуар.
- Мухьэмэд бегъымбар лъапIэр (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуар) ныбэм мазибгъукIэ илъащ. Мазэ къэс бзылъхугъэм къыхуэ кIуащ ЛIыкIуэхэм ящыщ зы, Алыхьым нэхъыфI дыдэу илъэгъуа ЛIыкIуэ лъапIэу Мухьэмэд бегъымбарым теухуа хъыбар дахэр къыхуахьурэ.
- А ЛIыкIуэхэр: Iэдэм, Шис, Идрис, Нухь, Хьуд, Ибрэхьим, Исмэхьил, Мусэ, Хьисэ.
- Мухьэмэд бегъымбарыр (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуар) къызэралъхуар
- Аминэ и тхьэмадэ Абдул-МутIэлиб и унэм щыIэт сабийр дунейм къытехьэну щыхъуа дакъикъэм. Унэм щIэсыр Аминэ и закъуэт. Ар гузэват дэIэпыкъуэгъу зэ рыщIэмысым къыхэкIыу, арщхьэкIэ, Алыхьыр гущIэгъущIщ, Ар псоми щы гъуазэщ. Асыхьэтым Аминэ къыхуэкIуащ Тхьэр зыхуэупса бзылъхугъиплI: Мэрем (Хьисэ бегъымбарым и анэр), Сарэ (Ибрэхьим бегъымбарым и щхьэгъусэр), Хьаджэр (Исмэхьил бегъымбарым и анэр), Асие (Музэхьим и пхъур. Ар фирхьэуным и щхьэгъусэу щытащ).
- ЛIыкIуэ лъапIэр (Тхьэм и нэфIыр зы щыхуар) къыщалъхум къуэкIыпIэм щегъэжьауэ къухьэпIэм нэс дунейр нур къэхъуат. ЛIыкIуэр дунейм къызэрытехьэу, адрей сабийхэм хуэдэу, гъатэкъым, атIэ гуфIат икIи асыхьэтым и натIэр щIым трилъхьэри, къиIэтыжат. ЛIыкIуэр къы щалъ хуа махуэм Алыхьыр зи фIэщ мыхъухэр зыхуэпщылI мафIэр ункIыфIат. Абы ипэкIэ ар илъэс 1000-кIэ ужьыхатэкъым.
- Рабихьил Iэууал мазэм и 12-м, блыщхьэ махуэм, Меккэ къалэм дунейм къыщы техьащ Мухьэмэд бегъымбар лъапIэр (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуар).
- ЛIыкIуэр къыщалъхуам абы далъэгъуа телъыджихыр
- — Мухьэмэд бегъымбарыр (Тхьэм и нэ фIыр зыщыхуар) къызэралъхуу, Тхьэм сэждэ хуищIат («сэждэ» псалъэм и мы хьэнэр «щхьэщэ» жиIэу аращ);
- — и щхьэр къиIэтри, жиIащ: «ЛаIилахьэ Iил лэлахь ини рэсулуллахь» (Алыхь щыIэкъым, Тхьэ закъуэм фIэкIа, сэри Алыхьым срилIыкIуэщ);
- — щIыпIэр нуру къызэщIэблат;
- — щагъэпскIынум, зэхахат: «Дэ ар къабзэу дгъэпскIауэ къэдгъэщIащ»;
- — и бынжэр пыупщIауэ, сунэт щIауэ дунейм къытехьат;
- — сабийр хъыданым щыкIуэцIашыхьым, «ЛаIилахьэ Iиллэлахь Мухьэмэд рэсулул лахь» псалъэхэр ялъэгъуащ абы и бгым тету.
- ЛIыкIуэ лъапIэм
- (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам)
- и сабиигъуэр
- Мухьэмэд бегъымбарыр (Тхьэм и нэ фIыр зыщыхуар) къамылъху щIыкIэ зеиншэ хъуат — ар иджыри ныбэ илъу и адэ Абдуллахь дунейм ехыжат.
- ЛIыкIуэм и ныбжьыр илъэситI щыхъум абы Iуэху телъыджэ къыдэхъуат. ЛIыкIуэ лъа пIэмрэ быдзышэкIэ и къуэш цIыкIумрэ хьэблэ сабийхэм ядэджэгуу уэрамым здыдэтым, абыхэм къабгъэдыхьащ ме лыIыч ДжэбрэIил, цIыху сэфэтым иту. ЛIыкIуэр щIым игъэгъуэлъщ, и бгъэр зэгуихри, и гур кърихащ, гум хэлъ фIы цIагэр къыхихри, хыфIидзащ: «Мыр къиднэмэ, шейтIаным къигъэсэбэпынщ», — жи Iэурэ. ИужькIэ гур зэм-зэмыпскIэ итхьэщI ри, ирилъхьэжащ. Iэнэс ибн Малик къи Iуэтэжу жиIат абы и гум телъ уIэгъэм и дамыгъэр зэрилъэгъуар.
- Мухьэмэд бегъымбарым и ныбжьыр илъэсих щыхъум, и анэ Амини дунейм ехыжащ. ЛIыкIуэр (Тхьэм и нэфIыр зы щыхуар) и адэшхуэм зришэлIэжащ. Адэшхуэр икъукIэ хуэгумащIэт нурыр къы зыщ хьэщих сабийм. Ари дунейм ехыжа нэужь, щIалэ цIыкIур зришэлIэжащ и адэ къуэш Iэбу ТIалиб, абыи лъагъуныгъэшхуэ хуиIэт а сабий псэ къабзэм.
- ЛIыкIуэр дунейм къызэрытехьэрэ ад — рей цIыхухэм ещхьу щытакъым зэи. Ар апхуэдизкIэ цIыху зэпIэзэрытт, псэ къабзэт икIи цIыху пэжти, «IэминкIэ» еджэ-хэрт. «Iэмин» псалъэм и мыхьэнэр «пэж» жиIэу аращ.
- Аращи, дызэрыхьэр мазэ лъапIэщ, Алыхьым псоми яхиIэтыкIа цIыхур къыщигъэщIа мазэщи, абы хуэфащэу дыщытын зэрыхуейр зыщыдвмыгъэ гъупщэ!
- Мэжджыт цIэрыIуэхэр
- ЦIыху минибл щIохуэ
- Бахърейн пащтыхьыгъуэм и къалащхьэ Манамэ дэт «Аль-Фатихь» мэжджытышхуэр дунейм щынэхъ ин дыдэхэм хабжэ. Абы зэуэ нэмэз щащIыфынущ цIыху миниблым. Мэрем махуэхэмрэ хьид махуэхэмрэ къищынэмыщIа, мэжджытым туристхэри дагъэхьэ.
- Мэжджытым и щхьэм тонн 60 и хьэлъагъщ. Тхьэм и унэм библиотеки хэтщ.
- 1987 гъэм мэжджытыр иригъэщIауэ щытащ Хьисэ ибн Сэлмэн аль хъалиф и мылъкукIэ. Бахърейныр къэзызэуауэ щыта Ахьмэд аль фатихь и цIэр Тхьэм и унэм фIащащ.
- МелыIычхэмрэ абыхэм я къалэнхэмрэ
- Дызэрыщыгъуазэщи, мелыIычыр нурым, жиныр мафIэм, цIыхур ятIэм къыхищIыкIащ Алыхьым. Абыхэм ящыщу нобэ зи гугъу тщIынур мелыIычхэм я къалэ н ращ. МелыIычхэм я бжыгъэр зыхуэдизым, Езы Алыхьым фIэкIа, нэгъуэщI зыри щыгъуазэкъым. Абыхэм ящыщу зыбжанэм я гугъу тщIынщ.
- ДжэбрэIил мелыIычыр. ДжэбрэIилщ Алыхьым и пащ хьэ къикIа тхылъ псори лIыкIуэхэм я деж къэзыхьар.
- МэчрэIил. Абы Алыхьым къалэн щищIащ къигъэщIа псоми ерыскъы яритыну икIи абы и жыIэм щIэтщ пшэхэри жьыбгъэхэри. Уафэм зы псы ткIуэпс къехкъым МэчрэIил и Iизыныншэу. Къищынэмы щIауэ, Тхьэм а мелыIычым къалэн щищIахэм ящыщщ лIы кIуэхэм ядэIэпыкъуныр. Мусэ лIыкIуэ лъа пIэми къыхуе хауэ щытащ МэчрэIил. Къищы нэмыщIауэ, ДжэбрэIил гъусэ зыхуищIри, цIыху сэ фэтым иту Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарми къыхуехауэ щытащ ар «Ухьуд» зауэр щаублам щыгъуэ.
- Исрафил. Ар бжьакъуэм епщэну мелыIычырщ. Алыхьым и IэмыркIэ, ар щэ епщэнущ бжьакъуэм. Япэу епща нэужь, абы и макъыр апхуэдизкIэ гузэвэгъуэу, ину щытынущи, псэ зыIуту дунейм тет псори гужьеинурэ зэбгрыжынущ, абы щыгъуэм деж дэтхэнэ зыми къыфIэIуэхунур и щхьэ закъуэщ. ЕтIуа нэу епща нэужь, дудейм тету хъуар лIэнущ. Ещанэу еп ща нэужь, псори къэтэджыжынурэ, Алыхьым и пащхьэ иувэжынущ.
- ХьэзрэIил. Ар псэхэхырщ. Абыи дэIэпыкъуэгъу хэр иIэщ.
- МуIэкъибат. Абыхэм Алыхьым къалэн ящищIащ цIыхур псэуху къахъумэну.
- Рэкъибрэ Iэтидрэ. Абыхэм я къалэнщ цIыхум и лэжьыгъэ псори ятхыну. Ди дамащхьэ ижьымкIэ тес Рэкъиб фIыхэр етх, сэмэгумкIэ тес Iэтид Iейхэр етх. Ди жьэм зы псалъэ закъуи къыжьэдэкIыркъым абыхэм ямытхыу.
- Мункэррэ Нэкиррэ. Кхъэм щIалъхьа цIыхум уп щIэ хэр езытыну яхуэкIуэхэращ.
- Ризуанрэ Маликрэ. Ахэр жэнэтымрэ жыхьэнмэрэ зыхъумэ мелыIычхэращ. Жэнэтыр зыхъумэр Ри зуанщ, жыхьэнмэр зыхъумэр Маликщ.
- Ныбэм ихъуа сабийр къэзыхъумэ мелыIычхэр. Тхьэм и псалъэу КъурIэным къыщыкIуащ: «Шэч хэ мылъу, фэ фщыщу дэтхэнэ зыри фи анэхэм я ны бэм жылэ ткIуэпс къудейуэ махуэ плIыщкIэ филъщ, итIанэ лъы фохъури, аргуэру махуэ плIыщIкIэ ныбэм филъщ, иужькIэ лы фохъури, аргуэру махуэ плIыщI кIэ апхуэдэу фыщытщ. ИтIанэ мелыIычыр ныфхудогъакIуэри, а лы тыкъырым йопщэ, мис итIанэщ псэ къыщыфхыхьэр. Мис абы щыгъуэм деж ме лы Iы чым етх а сабийм и ерыс къыр, и гъащIэр, и Iуэхугъуэу щытынур, и насыпыр».
- Алыхьым и тахътэр зыIыгъ мелыIычхэр. Ахэр 8 мэхъу. Абыхэм я тхьэкIумэм щегъэжьауэ я дамащхьэ къудейм нэс дэлъ гъуэгуанэр илъэс 700-кIэ цIыхум хуэкIунуращ. А зыр тхурикъункъэ Алыхьым и къарум дригъэгупсысыну?!
- Бгыхэр зэтезыIыгъэ мелыIычхэр. Абы теухуауэ щIэныгъэлIхэм я тэфсирым мыпхуэдэу къы щы кIуащ: «ДжэбрэIил ЛIыкIуэ лъапIэм къыхуэкIуэри, къыжриIащ: «Уа, Мухьэмэд, Алыхьым зэхихащ Iиманыншэхэм къыбжаIа псалъэхэр. Алыхьым къып хуигъэкIуащ бгыхэр зэтезыIыгъэ мелыIычыр». ИтIанэ а мелыIычым жиIэнущ: «Уа, Мухьэмэд, жыIэ узы хуей дыдэр, сыбдэIэпыкъунущ. Ятезгъэщэщэнщ абыхэм бгыхэр». ЛIыкIуэ лъапIэм жиIэнущ: «Хьэуэ, ятумыгъэщащэ бгыхэр, абыхэм яхэтынкIэ хъунущ Iиман къэзыхьахэр».
- ЩIэныгъэм и мыхьэнэр
- ЩIэныгъэ зыбгъэдэ лъымрэ щIэныгъэншэм-рэ зэи зэхуэдэ хъунукъым. ЩIэ ныгъэ зэзыгъэгъуэтыр Тхьэ лъапIэм нэхъ хиIэ тыкIащ. Абы теухуауэ Алы х ьым и псалъэу КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ: «Дауэ зэхуэдэн щIэныгъэ зыбгъэдэлъымрэ щIэныгъэншэмрэ» (Аз-Зумар су рэм и 9-нэ Iэятыр). Мы Iэя тым и мыхьэнэр щIэ ныгъэ зэгъэгъуэтын зэры хуей ращ, ар зыбгъэдэ лъым и пщIэр Тхьэ лъапIэм и деж зэрыщынэхъ лъагэращ. Алыхьым и псалъэу япэ дыдэу Къур Iэ ным къы щы кIуар «Еджэ» псалъэращ. Тхьэм цIыху псоми зыкъытхуигъэзащ а псалъэмкIэ. Хьэдисми къыщы кIуащ: Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщы хуам) жиIащ: «Дэнэ фы щы мыIами, щIэныгъэ къэф лъыхъуэ».
- Зи мылъкум псапэ хэзытыкIхэм папщIэ
- КъурIэным итщ: «Зи мылъкур Алыхьым папщIэ зыгъэкIуэду, а ялэжьар зымыхъуэныжхэм къапоплъэ Алы хьым и пащхьэ къикIыу тыгъэ лъапIэхэр».
- Мыхьэнэр: зи мылъкур Алыхьым и арэзыщIыныгъэм папщIэ зыгъэкIуэдхэм, псалъэм и хьэтыркIэ, дин щIэ ныгъэ къэзылъыхъуэм мылъкукIэ зыщIэгъэкъуэн и лъэныкъуэкIэ, е тхьэмыщкIэхэм, факъырэхэм ядэIэ пыкъункIэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, хуэныкъуэм щIэгъэ къуэн зыхуэзыщIхэм я псапэр мин бжыгъэкIэ яхуигъэбэгъуэнущ Алыхьым. Ауэ щыхъукIи, абыхэм ялэ-жьа IуэхугъуэфIыр яхъуэныжмэ, щIэгъэкъуэн зыхуэ хъуа хэм епэгэкIмэ, ахэр ягъэпудмэ, къапэщылъри гузэвэгъуэщ.
- Хьэдисхэр
- Алыхьым нэхъ пэгъунэ гъур
- Алыхьым и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым жиIащ: «Сэ Алыхьым жыхьэнмэр сигъэлъэгъуащ. Ар зи псэупIэхэм я нэхъыбэр арэзы щIыгъуей бзылъхугъэхэращ. «Абыхэм Алыхьыр я фIэщ мыхъуу арат?» — жаIэу щы щIэупщIэм, жэуапу къаритащ: «Хьэуэ. Ахэр я щхьэгъусэхэм яхуэмыарэзыхэу арат (ялIхэр зэхащIыкIыртэкъым). Апхуэдэ бзылъ хугъэхэм увыIэгъуэ ямыIэу фIы яхуэпщIэурэ, зэ за къуэ пхузэфIэмыкIыжамэ, (Iэмал имыIэу) жаIэнущ: «Сыт сэ уэ игъащIэм къыс хуэп щIар?» (Бухъари)
- * * *
- Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым зэгуэрым уаз иту здэ щы сым, зы бедуин щIалэ къыщIыхьащ. ЛIыкIуэм и псалъэр зэпиудри, ар щIэуп щIащ: «Уа, ЛIыкIуэ лъапIэ! Дапщэщ Къемэт махуэр къыщысынур?»
- «ТIыс, уазым и кIэм нэс едаIуэ», — жаIэри, лIыр ягъэ тIысащ. АрщхьэкIэ, хуэ мышэчу аргуэру щIэупщIащ: «Дапщэщ Къе мэт махуэр къыщысынур?»
- «Сыт и лъэныкъуэкIэ зы хуэбгъэхьэзыра уэ Къе мэт махуэм?» — щIэуп щIащ ЛIыкIуэ лъапIэр». — «Сэ нэмэз схуэщIыркъым, нэщIи схуэIыгъкъым, ауэ Алыхь лъапIэр фIыщэу солъагъу, Мухьэмэд бегъымбарри фIыуэ узо лъагъу», — жиIащ бедуиным.
- Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщы хуам) абы пидзыжащ: «Дэтхэнэ зыри фIыуэ илъагъум дэщIыгъунущ. Уэри абыхэм уащыщщ».
- * * *
- — «Упсэлъэн ипэ къихуэу, сэлам хыпхъэщ».
- * * *
- «Япэу сэлам зыхыращ Алыхьым нэхъ пэгъунэ гъур».
- * * *
- «КъурIэн еджэми, абы щIэ дэIуми зэхуэдэу псапэ хуатхынущ».
- * * *
- «Фэ фщыщу нэхъыфIыр КъурIэныр зэзыгъащIэу, ар адрейхэм языгъэщIэ жырщ».
- Ислъам динымрэ унагъуэмрэ
- Ислъам диным унагъуэм хухих мардэхэр дэтхэнэ зыми къы зыхуэтыншэу дгъэзэщIэфатэмэ, дэтхэнэми ди къалэныр тщIэжатэмэ, унагъуэм къыщыхъу насы пыншагъэхэри (зэныкъуэкъу, зэ пыкIыж хуэдэхэр) щыIэнтэкъым. Хьэдисым къыщыкIуащ: «Алыхьым хьэлэлу къигъэщIахэм нэхъ фIэмыфI дыдэу яхэтыр зэпыкIы жы нращ». Зэщхьэгъусэхэр зэ пы кIыжыныр Алыхьым имыгъэхьэрэмами, икIи ифIэфIкъым, Iэмал зэ риIэкIэ, зэбгъэдэмыкIыжынращ тэмэмыр. Аращ ислъам диным унагъуэм мыхьэнэшхуэ щIритыр. Быныр балигъыпIэ иува нэужь, и чэзум щхьэгъусэ егъэгъуэтыныр суннэтщ.
- Ислъам диным къигъэув мардэхэмкIэ цIыхухъум и къа- лэн нэхъыщхьэхэр:
- — ЛIыр и щхьэгъусэм псэ къабзэу, гуапэу бгъэдэтын хуейщ — Алы хьым и псалъэу КъурIэным къы щыкIуащ бзылъхугъэм щабэу зэрыхущытыпхъэр. КъурIэным къы зэ рыщыкIуамкIэ, бзылъхугъэр цIы хухъум и дзажэ нэхъ Iушэ дыдэм къыхищIыкIащ, ар захуэ пщIыну иужь уихьэмэ, зэфIэ щIы кIынущ. Аращи, бзылъхугъэм и хьэлым хэлъ ныкъусаныгъэ тIэ кIу хэри лIым ишэчыпхъэщ. Абы теухуауэ хьэдисым къыщыкIуащ и щхьэгъусэм и хьэлым хэлъ ныкъу са ныгъэ тIэ кIур зышэч лIыхэр жэнэт Iыхьлы зэрыхъунур.
- — Мылъку хьэлэл къилэжьу, унагъуэр зыхуей хуигъэзэныр.
- — ЛIыр и щхьэгъусэм и напэм зэи еуэ хъунукъым, хуэмыфэщэн цIэ лейкIэ еджэ хъунукъым. Пса лъэмакъ гуэр къыщымыхъей унагъуэ щыIэу къыщIэкIынукъым, абы щыгъуэхэм деж лIыр губжьу, бзылъхугъэр и закъуэу къыщIинэу езыр щIэкIыну къезэгъыркъым.
- — Ислъам диныр унагъуэм щызэ ра хьэным теухуа унафэ ищIыныр и къалэнщ лIым.
- — ИпэкIэ зэрыщыжытIащи, лIыр и фызым щабэу бгъэдэтын хуейщ, ауэ щыхъукIи, бзылъхугъэм и хьэ лым хэлъ мыхъумыщIагъэхэр хуигъэдахэ хъунукъым, атIэ, ахэр зэрызыхригъэныным тэлэжьэн хуейщ.
- — ЛIым и щхьэгъусэм тригъэ кIуэ дэну мылъкум щысхь хъунукъым, ауэ щыхъукIи, фызыр щигъэкIи хъунукъым.
- Ислъам диным къигъэува мардэхэмкIэ бзылъхугъэм и къалэн нэхъыщхьэхэр:
- — Бзылъхугъэм и щхьэгъусэм пщIэ хуищIын хуейщ, фIыуэ илъагъун хуейщ, абы и унафэм щIэтын хуейщ.
- — Унагъуэ къалэныр, сабий гъэ сэ ныр зи пщэ дэлъри бзылъхугъэращ.
- — Бзылъхугъэм щыгъупщэ хъу нукъым лIым и пщэ къалэныш- хуэ зэрыдэлъыр, мылъку къэ лэжьын и лъэ ныкъуэкIэ. Абы ипкъ иткIэ, цIы хухъур тIэкIу нэхъ тэмакъ кIэщI щыхъу къэхъуми, ар щхьэ гъусэм къыгурыIуапхъэщ. Къи щы нэ мы щIауэ, лIым и Iуэху зэхэ зэ рыхьрэ, унагъуэр зэригъэпсэун тэ мэму къри мыхьэлIэф хъумэ, абы щы гъуэ хэм дежи еныкъуэкъу хъунукъым, къэблэжьыр мащIэщ жиIэу.
- — Бзылъхугъэм и макъым зригъэIэтауэ и щхьэгъусэм епсэлъэ-ныр ислъам диным къезэгъыркъым.
- — Бзылъхугъэм и къалэн нэхъыщ хьэр зихъумэжу, быныр игъа сэу, лIым кърихьэлIэр тэмэму зэригъэзэхуэнырщ.