ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Iулыдж лъагэ зиIэ

2020-09-22

  • Жылагъуэ, политикэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Берд Хьэзрэталий илъэс 70 ирокъу
  • Хьэзрэталий ныбжькIэ дэ нэхърэ нэхъ щIа­лэми, илъэс бжыгъэ куэд щIауэ зы Iуэху иужь диту гъащIэ гъуэгуанэ къызэрыздэткIуам ­хуитыныгъэ къыдет ди ныбжьэгъу хуэдэу дытепсэлъыхьыну. Къыхэгъэщыпхъэщ ар сыт щыгъуи узыщыгугъ хъу цIыху нэсу зэрыщытыр, хуей хъумэ, занщIэу зыкъыпщIигъэкъуэну зэрыхьэзырыр.

  • Берд Хьэзрэталий 1950 гъэм Узбекистаным и Ташкент областым къыщалъхуащ. И адэшхуэр а щIыпIэм ягъэIэпхъуауэ щытащ. Зи хэку къра­хуауэ щхьэхуэу ягъэтIысахэм ящыщти, Хьэзрэталии щIыIэр, мэжэщIалIагъэр, нэмыплъыр зищIы­сыр къищIэну хунэсащ.
  • И адэр Хэку зауэшхуэм хэтащ икIи Вагъуэ Плъыжьым, Хэку зауэм я орденхэр, медалхэр къыхуагъэфэщащ. Илъэс куэдкIэ Брамтэ къуажэ советым и депутату щытащ, республикэм пщIэ зыхуищI и цIыхущ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къиуха нэужь,1972 гъэм  полупроводник Iэмэп­сы­мэхэр щагъэхьэзыр ­заводым IэщIагъэлIу лэжьэн щыщIидзащ Бердым, иужькIэ инженеруи лэ­жьащ. 1975 гъэм «Сель­хозтехника»-м инженеру уващ, иужькIэ абы Бахъсэн къудамэм и унафэщI хъуащ. 1984 гъэм щегъэжьауэ Бахъсэн щIыналъэм и мэ­къумэш IэнатIэр зэрихьащ Хьэзрэталий. Абы ­щыгъуэм депутатхэм я щIыналъэ Советым и исполкомым и унафэщIу хахащ. 1987 гъэм Що­джэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ колхозым и тхьэмадэ хъуащ. МэкъумэшыщIэхэм яхуищI пщIэм-рэ а IэнатIэм зэрыхуэIэзэмрэ я фIыгъэкIэ къэралым зэхъуэкIыныгъэхэр щыщыIа гъэхэм ди ныбжьэгъум Iулыдж зиIэ лэжьакIуэу зыкъигъэлъэ­гъуащ.
  • 1992 гъэм щегъэжьауэ 1997 гъэ пщIондэ Берд Хьэзрэталий Бахъсэн муниципальнэ щIыналъэм и Iэтащхьэу щытащ. Езым зэрыжиIэмкIэ, «гъащIэм и нэхъ IэфIыпIэр студентыгъуэращ, лэ­жьыгъэм щыщу колхозым щыщыIа лъэхъэ­-нэрщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, махуэ къэс пщIэ лэжьыгъэм и хъерыр нэрылъагъущ, ар зэфIэзыгъэкI Iэщыхъуэм, механикым, жэмышым ухуэа­рэзыщ». «Си ехъулIэныгъэхэр зи фIыщIэр си ущиякIуэхэращ. Сэ сытым дежи унафэщI хъар­зынэхэр сиIащ. ФIыщIэшхуэ хуэсщIу сигу къызогъэкIыж Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Ахъмэт Мусэбий. Арат Бахъсэн «Сельхозтехникэм» и унафэщIу сагъэувыныр зигу къэкIар, къыхэзылъхьар. УнафэщI къулыкъу сыпэ­ры­тынымкIэ си гъащIэм сэбэп къыщысхуэхъуащ КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерий. Политик Iущт ар, цIыхубэм я пашэу щытынымкIэ ди щапхъэт, и зы псалъэми, и IуэхущIафэми гуш­хуэныгъэ къытхилъхьэрт, я нэхъ махуэ гугъу дыдэхэми», — игу къегъэкIыж Бердым.
  • 1990 гъэхэм КъБР-м и щIыналъэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зым и Iэтащхьэу, Хьэзрэталий КIуэкIуэ Валерий бгъурыувэри, Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэтенэным, мамырыгъэр щыгъэ­Iэ­ным, лъэпкъ, дин зэгурыIуэныгъэр зэтеуб­лэ­ным щIэбэнащ. Валерий зэи лъэпкъым и пашэу зыкъыщыхъужакъым, атIэ бгырыс лIы хахуэм зэрихьэлу республикэ зэкъуэтыныгъэмрэ абы и хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымрэ и гуащIэ хилъ­хьащ.
  • Мис а зэманырщ Хьэзрэталий и политикэ, жылагъуэ гупсысэкIэмрэ IуэхузехьэкIэмрэ наIуэ щыхъуар. Республикэм и кIэн къикIащ: КIуэ-  кIуэм и гупыр текIуэри, Къэбэрдей-Балъкъэрыр зыу­жьыныгъэм и гъуэгум теуващ.
  • КъБР-м и Правительствэм и унафэщIым и ­къуэдзэу, мэкъумэш хозяйствэмкIэ министру лажьэкIэрэ Берд Хьэзрэталий ди хэкум и мэ­къу­мэш IэнатIэр зыхуей хуэзэу зехьэным къа­ру­-       ушхуэ ирихьэлIащ. Сыт хуэдиз гугъуехьрэ ­лъэ­пощхьэпорэ и пащхьэ къимыувами, IэщIагъэлI къэмыланджэр пэлъэщащ. Адыгэ щIалэм фIы дыдэу къыгурыIуэрт зыпэрыт IэнатIэм ехьэлIауэ кърахьэжьа зэхъуэкIыныгъэхэм республикэр зэрыхуэмыхьэзырыр, итIани феде­ральнэ ухуэкIэм и зы Iыхьэу щыт щIыналъэр абыхэм ебакъуэ зэрымыхъунур. Ар сытым дежи хущIэкъуащ и Iуэхум пэжу пэрытын, а IэнатIэхэм щылажьэхэм я еплъыкIэр къилъытэу, ди цIыху­хэм я дежкIэ сэбэп нэхъ зэрыпылъым хуэдэу къалэнхэр зэфIихын. КъехъулIащ ар Бердым. А зэман гугъум псэемыблэжу и къулыкъум зэры­пэ­рытам щхьэкIэ Хьэзрэталий къыхуагъэфэщауэ щытащ «Урысей Федерацэм мэкъумэш Iэна­тIэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр.
  • 1999 — 2007 гъэхэм Бердым Налшык къалэ администрацэм и унафэщI къалэнхэр игъэзэщIащ. Мис абы щыгъуэми тхьэмадэ къызэрымыкIуэу зэрыщытыр псоми я фIэщ ищIащ. Хьэзрэталий къыхуэсэбэпыжащ цIыхухэм зэрадэлэжьам и пIалъэр, хэти зэрепсэлъэн бзэ къызэрыхуи­гъуэтыфыр. А лъэхъэнэм бюджетыр хуабжьу ­къузат, абы емылъытауэ къалэ Iэтащхьэм хузэ­фIэкIащ егъэджэныгъэ, медицинэ, цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ щыхуащIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр къызэтримыгъэувыIэн, абыхэм дэIэпы­къуэгъу яхуэхъун. КъищынэмыщIауэ, а къулы­къум пэрытыху КъБР-м и къалащхьэм гъуэгущIэ, унэщIэ куэд щаухуащ. Иджы ахэр нобэ цIыхухэм къахуэсэбэп, къалэр зыгъэдахэ ухуэныгъэщ.
  • Берд Хьэзрэталий Къэбэрдей-Балъкъэр ­АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату, ­КъБР-м и Парламентым и Зэхуэсыгъуитхум я депутату, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэ­дзэу, КъБР-м и Парламентым и комитетым и ­Iэтащхьэу щытащ. Абы и гуащIэ хилъхьащ ­                  ди ­лъахэм и парламентаризмэр зэфIэувэным, зиужьыным, апхуэдэуи иджырей Къэбэрдей-­Балъкъэрым и демократие институтхэр къы­зэгъэ­пэщыным. Абы папщIэ ди ныбжьэгъум, лэжьэгъум къыхуагъэфэщащ УФ-м и Къэрал Думэм и «Парламентаризмэм зегъэужьы­-          ным ­хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ» щIыхь ­да­мыгъэр, УФ-м и Къэрал Думэмрэ Федера­цэмкIэ и ­Советымрэ  я  ЩIыхь  тхылъхэр.
  • Илъэс бжыгъэ куэдкIэ щIыхь пылъу зэрылэ­жьам папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и дамыгъэ нэхъыщхьэр — ЩIыхь тхылъыр къратащ, республикэм и футболым и зыужьыныгъэм гумызагъэу иужь зэритам папщIэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ.
  • Иджыпсту Хьэзрэталий КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщIщ. Лэжьыгъэм и пIалъэ зэрищIэм, гупсысэ зэтеубыда зэриIэм, цIыхухэр зэрызэхихым, жаIэр къызэрыгурыIуэм я фIыгъэкIэ Жылагъуэ палатэм хэтхэми, республикэм исхэми пщIэ ин хуащI.
  • Езыми къалэн нэхъыщхьэу зыхуегъэувыж политикэ, жылагъуэ еплъыкIэ зэмыщхь зиIэ цIыхухэр зэкъуигъэувэныр, псоми я къарур рес­публикэм и зыужьыныгъэм хуегъэунэтIыныр, ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек цIыхубэр ­къуигъэувэныр, экономикэмрэ псэукIэмрэ ирагъэфIэкIуэным телэжьэныр.
  • Унагъуэ дахэ иIэщ Хьэзрэталий. И щхьэгъусэ Людмилэрэ езымрэ щIалитI зэдапIащ, абы­хэм я быныжу щIалищрэ хъыджэбзитIрэ яIэщ.
  • Ди ныбжьэгъум граждан жылагъуэм зегъэу­жьыным хэлъхьэныгъэ ин зэрыхуищIам, жыла­гъуэ лэжьыгъэм жыджэру зэрыпэрытым папщIэ иджыблагъэ къыхуагъэфэщащ «Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэм и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденыр. И илъэс 70-р щигъэлъапIэ махуэм дохъуэхъу гукъыдэжрэ гурыфIыгъуэрэ щымыщIэу иджыри илъэс куэдкIэ псэуну.
  •  
  • Зумакулов  Борис,
  • ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ.
  • Нэхущ Заурбий,
  • УФ-м и Жылагъуэпалатэм хэт.