ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Макъхэр – сурэткIэ

2020-09-22

  • ФокIадэм и 11-м «Черкесский язык и трансформация квадрата Малевича» фIэщыгъэм щIэту су­рэтыщI Iэзэ Црым Руслан и IэдакъэщIэкIхэм я гъэ­лъэгъуэныгъэ Налшык къы­щызэIуахащ.

  • Нэхъ ипэкIэ тлъэгъуа гъэлъэгъуэныгъэхэм мыр куэдкIэ къазэрыщ­хьэ­щы­кIыр гурыIуэгъуэ ищIырт ар къыщызрагъэпэща щIы­пIэм. Куэд щIауэ ябгынэжа «Победа» киногъэлъэгъуа­пIэм Црымым псэ хилъхьэжат а махуэм (щIыпIэр гъэлъэгъуэныгъэм и хьэ­тыркIэ къызэIуахат). ЗэрытщIэщи, Малевич и «Черный квадрат» сурэт цIэрыIуэр «Победа над Солнцем» спектакль-оперэм хуищIа декорацэхэм щыщщ. Аращ Црымым и гъэлъэгъуэныгъэр «Победа» киногъэ­лъэгъуапIэм утыку къыщрихьэну щIытегушхуам и щхьэусыгъуэр.
  • Руслан и IуэхущIафIэкIи лэжьыгъэкIи адыгэ сурэ­тыщIу зэрыщытым куэд щыгъуазэщ. Иджырей IэдакъэщIэкIхэри абы и щы­хьэтщ. Гъэлъэгъуэныгъэм хыхьа сурэт 46-р адыгэ ­макъхэм я сурэтщ. Макъ къэс езым и сурэт, и къэIуэ­тэкIэ дегъэлъагъу Руслан.
  • Сурэтхэм ябгъурыт штрих-кодхэм телефонкIэ сурэт тепхмэ, макъыр щылажьэ псалъэхэр, абыхэм я къэIукIэр къыбжеIэ.
  • Црым Руслан гъэлъэ­гъуэныгъэр къыщызэIуихым къыдэIэпыкъуа псоми фIыщIэ яхуищIри, сурэтхэм я гупсысэр Бер Хьик­мэт и «Макъыбзэ» тхылъым къигъэушауэ, илъэс куэд щIауэ зэрелэжьыр къыхигъэщащ. Адыгэбзэм хуиIэ еплъыкIэр щIэныгъэлIым ей мыхъуу, сурэтыщI бгъэдыхьэкIэу зэрыщытыр жиIащ Црымым.
  • Адыгэбзэм и макъ къэс мыхьэнэ иIэу къэзылъытэр мащIэкъым, ар бзэм и зэ­хэлъыкIэр зыщIэ дэтхэнэми къыбжиIэфынущ. Гъуазджэм и плъыфэхэмрэ бзэм и щIагъыбзэмрэ екIуу щы­зэхэухуэна мы гъэлъэгъуэныгъэм гупсысэм щиIутIыжт. Руслан и плъы­фэ­хэмрэ дамыгъэхэмрэ ­«къопсалъэ», зыхэщIыкI гуэр пхэлърэ адыгэбзэр пIурылъмэ, ар «зыхыу­мы­хынкIэ» Iэмал иIэкъым. Сурэт къэс, макъ къэси хуэдэу, гупсысэм и псы­къуий лъащIэншэм уеIэбых хуэдэщ…
  • Гупсысэхэр нэхъри кърагъэблырт а гъэлъэгъуэныгъэм къеблэгъахэу Апэпш Бибарсрэ ХьэцIыкIу Ба­ширрэ ягъэзащIэ пасэрей уэрэдыжьхэм.
  • Црымым и IэдакъэщIэкIхэм, дауи, хужаIэнур мащIэкъым, ауэ сэркIэ мы лэжьыгъэхэр адыгэбзэм, лъэпкъ гъуазджэм, щэнхабзэм ипэкIэ яча лъэбакъуэ дахэщи, Тхьэм иригъэфIакIуэ!
  • Щомахуэ Залинэ.
  • Сурэтхэр Къарей Элинэ  трихащ.