ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Депутатхэр   зэхуосыж

2020-09-08

  • КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэкIуэкIащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и Президиумым и зэIущIэр.

  • Депутатхэм я зыгъэпсэхугъуэ зэманыр ямыухыу къыдэкIыжри, хэплъащ «Зыхуэфащэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэ егъэгъуэтын мурадкIэ, КъБР-м и пенсионерыр псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуеинур 2021 гъэм зыхуэдизынур гъэувыным и IуэхукIэ» законопроектым.
  • — Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ пенсионерыр псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуеинур 2021 гъэм сом 9722-рэ хъууэ ягъэувыну къыхыдолъхьэ, хуэныкъуэу къалъытэхэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэ иратын хуэдэу. Пенсионерыр псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуеинур УФ-м и Пенсэ фондым фокIадэм и 15-м и пэ къихуэу едгъэхьын зэрыхуейм къыхэкIыу законопроектым хуащI дагъуэхэмрэ къыхалъхьэ жэрдэмхэмрэ фокIадэм и 8-м и пэ къихуэу зэхуэхьэсын хуейуэ къызолъытэ икIи Парламентым и япэ дыдэ зэхуэсым дыщыхэплъэну сфIэигъуэщ, — жиIащ КъР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI Къэжэр Хъусен.
  • Законопроектым гупсэхуу хэплъа, зыхуэфащэ IуэхущIапIэ псоми я гъусэу зэпкъраха нэужь, абы щытепсэлъыхьынущ КъБР-м и Парламентым фокIадэм и 10-м иригъэкIуэкIыну зэIущIэм.
  • КъимыдэкIэ, «КъБР-м и Парламентым и регламентым и IуэхукIэ» унафэм и проектми елэжьын щIадзащ.
  • КъБР-м и Парламентым  и пресс-IуэхущIапIэ.