ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Апхуэдэщ Бэрэгъуныр

2020-09-08

  • КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Илъэсым и цIыху — 2019» дунейпсо зэпеуэм и лауреат, «Дыщэ микрофон» саугъэтыр, «ЩIыхьымрэ напэмрэ» дыщэ орденыр, нэгъуэщI дамыгъэ лъапIэхэр зыхуагъэфэща Бэрэгъун Руслан щапхъэ зытрах унафэщIщ, къызэгъэпэщакIуэ Iэзэщ.

  • ЗэфIэкI зыбгъэдэлъ, жэуаплыныгъэ ин хэлъу зи IэщIагъэм пэрыт, зи лэжьакIуэхэр къэзыгъэдаIуэ, гупыр нэхъри зэкъуэзыгъэувэ унафэщI IэкIуэлъакIуэр республикэм и театр-концерт IэнатIэхэми жылагъуэми пщIэ щызиIэ цIыхущ. НэгъуэщI республикэхэм, къэралхэм щыщ куэдым пыщIэныгъэрэ ныбжьэгъугъэрэ яхуиIэщ Бэрэгъуным.
  • Ар Шэджэм районым хыхьэ Кэнжэ къуажэм 1952 гъэм щIышылэм и 27-м пщIэ зиIэ унагъуэм къыщалъхуащ. И адэ Ержыб Хэку зауэшхуэм жыджэру хэтахэм, ТекIуэныгъэ Иным Берлин щыIущIахэм ящыщщ. Зэрихьа лIыгъэм папщIэ абы къыхуагъэфэщащ Хэку зауэшхуэ орденым и етIуанэ нагъыщэр, Вагъуэ плъыжь орденыр, «За оборону Сталинграда», «За боевые заслуги», «За отвагу», «За победу над Германией» медалхэр. Хэку зауэшхуэ нэужьым IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я унафэщIу щытащ. И анэ Хъаний Налшык дэт педучилищэр къиуха нэужь, Кэнжэ къуажэм егъэджакIуэу щылэжьащ пенсэм кIуэху. Ар РСФСР-м цIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ и отличникщ.
  • Зэдэлъхузэшыпхъухэу Арсен, Руслан, Еленэ, Людмилэ сымэ адэ-анэр я щапхъэу къэхъуащ. Руслан зэрыцIыкIурэ макъамэм дихьэхат икIи Кэнжэ курыт еджапIэри музыкэ школри здихьащ. Курыт еджапIэ нэужьым, куэдрэ мыгупсысэу, Налшык и Музыкэ училищэм щIэтIысхьащ, иужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къиухыжащ.
  • Бэрэгъун Руслан и творчествэр иригъэжьащ дуней псом щыцIэрыIуэ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым и оркестрым и артисту икIи 1973 гъэм щыщIэдзауэ 1998 гъэ пщIондэ абы щылэжьащ, пIалъэ-пIалъэкIэ зэпигъэурэ. 1980 — 1985 гъэхэм Мэжэрым и къалащхьэ Будапешт щыIащ уэрэдымрэ къафэмкIэ зауэлIхэм я ансамбль щызэхэтым и артисту.
  • «Кабардинка» ансамблым щыхэтам Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуазджэм и фIыпIэр къэрал 50-м щIигъум щигъэлъэгъуащ. Апхуэ-дэщ Аргентинэр, Бразилиер, Колумбиер, Эквадорыр, Перур, Никарагуэр, Панамэр, Коста-Рикэр, Сальвадорыр, Мексикэр, Кубэр, Доминикан Республикэр, Германиер, Франджыр, Испаниер, Португалиер, Голландиер, Бельгиер, Австриер, Польшэр, Чехословакиер, Иорданиер, Сириер, Тыркур, Сенегалыр, Алжирыр, Мароккэр, нэгъуэщI щIыналъэхэми.
  • 1998 — 2009 гъэм Бэрэгъун Руслан пэрытащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и унафэщIым и къуэдзэ къулыкъум. 2009 гъэ лъандэрэ КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым и унафэщIщ. Абы къриубыдэу ягъэуващ Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ зэдатха «Мадинэ» лъэпкъ оперэр, адыгэ композитор Гъуэт Аслъэн и макъамэ зыщIэлъ «Волшебная свирель Ашамаза», «Гимн восходящему солнцу» балетхэр, дунейпсо классикэм щыщхэу «Иоланта», «Алеко», «Паяцы» оперэ цIэрыIуэхэр, «Валида» мюзиклыр, нэгъуэщI лэжьыгъэ щхьэпэхэр. ТекIуэныгъэ Иныр къызэрахьрэ илъэс 70 щрикъум ирихьэлIэу театрым щагъэуващ Листов Константин и «Севастопольский вальс» опереттэр.
  • КъищынэмыщIауэ, IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм гулъытэшхуэ хуащI ныбжьыщIэхэм я гъэсэныгъэм. Абы и щыхьэтщ театрым и репертуарым сабийхэм папщIэ хагъэхьа спектаклхэр. Ахэр 30-м щIегъу. Апхуэдэщ Гладковым и «Бременские музыканты», Дружининым и «Буратино», Спадавеккиа и «Золушка», Березиным и «Кот в сапогах», Баневич и «Остров сокровищ», Улановскэм и «Золотой цыплёнок», Къардэным и «Сын медведя — Батыр», Морозовым и «Доктор Айболит», Салиман-Владимировым и «Муха-цокотуха», Кулешовым и «Кошкин дом», Белиц и «Снежная королева» балет-псысэхэр. Абы къыдэкIуэу, гъэ къэс ИлъэсыщIэ теплъэгъуэхэр къагъэлъагъуэ, зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэмрэ курыт еджапIэхэм екIуалIэхэмрэ я зыгъэпсэхугъуэхэм ирихьэлIэу.
  • Бэрэгъуным республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зыхилъхьэ щыIэкъым. Тхыдэ дахэ зиIэ КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым нэхъапэм иIа пщIэр иригъэгъуэтыжащ. Театрым и уэрэджыIакIуэхэр щIэныгъэ зиIэ, зи IэщIагъэм хуэIэижь, Кавказым гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и цIыхухэщ. Махуэ щIагъуэ дэкIыркъым абыхэм республикэм и щэнхабзэ, гъуазджэ зэхыхьэхэр ямыгъэдахэу. IуэхущIапIэр иригъэфIэкIуа нэужь, ар къалэдэсхэмрэ щIыналъэм и хьэщIэхэмрэ я зыгъэпсэхупIэ хъуащ.
  • — Иджы хуэдэу зи ныбжькIэ зэщхьэщыха артистхэр диIакъым. Нобэ театрым нэхъыжьыIуэхэри щIалэгъуалэри зэдэIэпыкъуу щызэдолажьэ, — жеIэ Руслан. — Илъэс къэс шыщхьэуIум и пэхэм ГъуазджэхэмкIэ институтымрэ консерваторэмрэ къэзыухахэм я нэхъыфIхэр къыдощтэ. Ди лэжьакIуэхэм щIэхэр къахэдмыгъахъуэмэ, IуэхущIапIэм зыужьыны- гъэ иIэнукъым. Макъ гуакIуэ, дахэ зиIэхэм гъуэгу еттын зэрыхуейр гурыIуэгъуэщ.
  • Бэрэгъун Руслан зэпымыууэ Музыкэ театрым и лэжьыгъэм щIэхэр хелъхьэ, театреплъхэр къыдихьэхын, нэхъыбэу къришэ-лIэн папщIэ. Республикэм къыбгъэдэкIыу ар мызэ-мытIэу хэтащ, Санкт-Петербург щекIуэкIа дунейпсо щэнхабзэ зэхыхьэшхуэм, къэрал зыбжанэм я IэщIагъэлIхэр, властым и лIыкIуэхэр, политикхэр, хьэрычэтыщIхэр щэнхабзэм ехьэлIа я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмкIэ щызэхъуажэ, щызэпсалъэ зэIущIэ щхьэпэхэм.
  • Зи псалъэмрэ IуэхущIафэмрэ зэтехуэ цIыху зырызхэм ящыщ Бэрэгъуным и лэжьыгъэхэр къалъытащ. Абы къыхуагъэфэщащ КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ, УФ-мрэ КъБР-мрэ щэнхабзэмкIэ я министерствэхэм, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэм къабгъэдэкI щIыхь тхылъхэр.
  • Русланрэ и щхьэгъусэ, КъБКъУ-м нанотехнологиемкIэ и кафедрэм и доцент Бэрэгъун Iэминатрэ я бжэр сыт щыгъуи хьэщIэхэм яхузэIухащ. Я къуэ Аскэрбий зи адэм хуэфащэ щIалэ гъэсащ. Къалэ гъащIэм щытезашэкIэ Руслан Кэнжэ къуажэм зыгъэпсэхуакIуэ мэкIуэж. Абы гукъыдэж къезытхэм ящыщщ жыг, пхъэщхьэмыщхьэ хадэр, унэ ухуэныгъэр. ЦIыхум и ныбжьми, щIэныгъэми, щIыхьми емылъытауэ къуажэ лэжьыгъэм зэпымыууэ   пщIэ зэриIэр зыхещIыкI Бэрэгъуным. Абы и гъащIэр къэхъугъэ щхъуэкIэплъыкIэхэмкIэ гъэнщIащ икIи республикэм и щэнхабзэ лъапIэныгъэхэр къигъэщIэрэщIэжурэ цIыхухэм гуфIэгъуэрэ гуапагъэкIэ ядогуашэ.
  • Бейтыгъуэн Iэуес,
  • Дунейпсо Арткомитетым и вице-президент, ЮНЕСКО-м щэнхабзэмрэ егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм хэт.