Япэ текIуэныгъэр зыIэрагъэхьащ, ауэ упщIэхэр къонэж
2020-09-08
- «ЕсэнтIыгу» (ЕсэнтIыгу) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 2:3 (1:3). ЕсэнтIыгу. «ЕсэнтIыгу арена» стадион. ФокIадэм и 6-м. ЦIыхуи 100 еплъащ.
- «Спартак-Налшык»: Антипов, Мэкъуауэ, Шаваев, КIэдыкIуей, Шумахуэ, Бахъсэнокъуэ, Хьэшыр, Дэхъу, Пащты, Iэпщацэ, Гугуев.
- Топхэр дагъэкIащ: Соломатиным, 17 (1:0). Шумахуэм, 21 (1:1). Пащтым, 38-пенальтикIэ (1:2). Бахъсэнокъуэм, 40 (1:3). Турик, 67 (2:3).
- Вэсэмахуэ ЕсэнтIыгу къалэм щызэхуэзат Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020 — 2021 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм щрагъэкIуэкIа пэщIэдзэ джэгугъуиплIым зы очко закъуэ фIэкIа щызыIэрызымыгъэхьэфа «Спартак-Налшыкымрэ» иджыри къэс зыхуэза псоми къыхагъэщIа щIыпIэ командэмрэ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, зэпеуэм къыщыкIэрыху дыдэхэр. Къызэрызэрагъэпэщрэ куэд мыщIа хэгъэрейхэм папщIэ апхуэдэу жыIэгъуафIэми, ди щIалэхэм ар епэсыгъуейщ. Зы лъэныкъуэкIэ ущеплъмэ, налшыкдэсхэм гуп хъарзынэ зэхуашэса хуэдэщ. УакIэлъыплъыжмэ, я зэфIэкIыр мащIэ дыдэщ. Абы и щыхьэтщ, Урысей Федерацэм и кубокыр къэхьыным теухуа зэхьэзэхуэри хэту, иужьу ирагъэкIуэкIа джэгугъуитхум ящыщу плIым къызэрыщыхагъэщIамрэ зэм зэрытемыгъэкIуауэ зэрызэбгъэдэкIыжамрэ. А лъэхъэнэм къриубыдэу «Спартак-Налшыкым» и гъуэм топипщI (ику иту зэIущIэ къэс тIурытI) къыдагъэкIат, езым ар зэрыхузэфIэкIар щэ къудейт.
- Налшыкдэсхэм я унафэщIхэм а псори къалъытауэ къыщIэкIынщ, ЕсэнтIыгу щрагъэкIуэкIыну джэгугъуэм ирихьэлIэу зэхъуэкIыныгъэхэр къыщыхалъхьэм. Къапщтэмэ, гъуащхьэхъумэ Ольмезовым и пIэкIэ губгъуэм кърагъэхьащ Шумахуэр, Джатэрывэр Дэхъум ихъуэжащ, Ашум нэхърэ нэхъыфIу Бахъсэнокъуэр къалъытащ. Абыхэм фIы къазэрыпэкIуар зэIущIэм къигъэлъэгъуащ. ЖыпIэну ирикъунщ Шумахуэмрэ Бахъсэнокъуэмрэ я хьэрхуэрэгъухэм худагъэкIа топхэм я фIыгъэкIэ ди командэм япэ текIуэныгъэр мы зэхьэзэхуэм къызэрыщихьар.
- ФокIадэм и 6-м ЕсэнтIыгу щекIуэкIа зэIущIэм и щIэдзэкIам фIы лъэпкъ къытпигъаплъэртэкъым. Мазэ ипэкIэ тIэунейрэ дэджэгуу, тIэуми 5:0-у я нобэрей хьэрхуэрэгъухэр зэрыхагъэщIам «Спартак-Налшыкым» и футболистхэр игъэбэлэрыгъащ икIи къащигъэхъуащ, гугъу зрамыгъэхьыщэу, текIуэныгъэр зыIэрагъэхьэфыну. АрщхьэкIэ, хэгъэрейхэми зэман блэкIар пщIэншэу ягъэкIуэда хуэдэтэкъым икIи я Iэзагъым хагъэхъуат. Абы и щыхьэтт тхьэмахуэ ипэкIэ Новороссийск щыIэу щIыпIэ «Черноморец»-м зы топ закъуэкIэ фIэкIа къызэрыпимыкIуэтар.
- Тхьэмахуэ махуэм зэхэта зэIущIэм щIидзэри, дакъикъэ пщыкIубл дэкIауэ арат налшыкдэсхэр уафэм къыщрагъэувэхыжам. «ЕсэнтIыгум» и ебгъэрыкIуэныгъэ закъуэтIакъуэхэм ящыщ зым Соломатин Павел и командэр япэ иригъэщащ. Ар куэд зыпэмыплъа Iуэхугъуэт, езы хэгъэрейхэри яхэту. «КъаIэщIэщIам» игъэшынэжауэ ахэр икIуэтыжащ, я къару къызэрихькIэ я гъуэр яхъумэжыну я мураду. АрщхьэкIэ «Спартак-Налшыкым» и губжьым зэрыпэщIэтыфар дакъикъищ-плIыщ. ЕбгъэрыкIуэхэм къахыхьа ди гъуащхьэхъумэ Шумахуэ Заур псынщIэу бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжащ.
- Налшыкдэсхэр абы тригъэгушхуащ икIи «ЕсэнтIыгур» я гъуэм ирагулIыпащ. Зэман кIэщI дыдэм къриубыдэу абыхэм яхузэфIэкIащ текIуэныгъэр къахуэзыхь бжыгъэр къызэрагъэпэщыну. 38-нэ дакъикъэм, хэгъэрейхэр ди гъуащхьауэхэм пэмылъэщыжыххэу, футбол хабзэр я гъуэм пэгъунэгъуу къызэпаудащ. Пенальти! Сыт щыгъуи хуэдэу, ар Iэзэу игъэзэщIащ «Спартак-Налшыкым» и капитан Пащты Руслан икIи зи пашэхэр япэ иригъэщащ. ДакъикъитI дэкIауэ арат ди гъуащхьауэ щIалэщIэ Бахъсэнокъуэ Алихъан бжыгъэр 3:1-м щынигъэсам.
- ГурыIуэгъуэт «ЕсэнтIыгум» апхуэдэ удыныр зэрыхуэмыгъэвыфынур икIи зэрыхуа щытыкIэ гугъум къызэримыкIыфынур. Ар хьэкъыу япхыкIащ налшыкдэсхэми, икIи джэгум и етIуанэ Iыхьэм къихьащ, текIуэныгъэ я Iэрылъхьэу къащыхъужу. Абы гу лъызыта хэгъэрейхэр ипэкIэ кIуэтащ икIи бжыгъэр 2:3-м нагъэсащ, джэгур иухы-ным иджыри и Iыхьэ плIанэр къахуэнэжауэ. ЕсэнтIыгудэсхэм къагурыIуащ зы очко нэхъ мыхъуми къызэрырагъэлыфынур икIи я къарур къанэ щымыIэу а Iуэхум хухахащ. Ди щIалэхэм я зэфIэкI псори къызэкъуахын хуей хъуащ тыншу къызэрагъэпэща текIуэныгъэр яхъумэфын папщIэ. ЕрагъкIэ ар абыхэм яхузэфIэкIащ.
- «Спартак-Налшыкым» япэ текIуэныгъэр зэхьэзэхуэм къыщихьащ, ауэ дызыгъэпIейтей упщIэхэр къэнэжащ. Дапщэщ абы и джэгукIэфIыр щызэтеувэнур икIи и очко бжыгъэхэм хэгъэхъуэн щыщIидзэнур?
- Зэпеуэм япэу къыщыхагъэщIащ иджыри къэс зыри къапэмылъэщауэ бжьыпэр зыIыгъ Краснодар крайм и командэхэм. АрщхьэкIэ «Кубань»-ми «Кубань-Холдинг»-ми зэкIэ пашэныгъэр яутIыпщакъым, къакIэлъеIэхэр гъунэгъу дыдэ къахуэхъуами.
- Иджы щыгъуазэ фыхуэтщIынщ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ иужьу зэхэта джэгугъуэм кърикIуа бжыгъэхэм: «Легион Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — «Мэхъэчкъалэ» (Мэхъэчкъалэ) — 1:1, «Биолог-Новокубанск» (Прогресс) — «Черноморец» (Новороссийск) — 0:1, СКА (Дон Iус Ростов) — «Кубань» (Краснодар) — 3:2, «Дружба» (Мейкъуапэ) — «Интер» (Черкесск) — 3:3, «Кубань-Холдинг» (Павловскэ) — «Анжи» (Мэхъэчкъалэ) — 0:1, «Форте» (Таганрог)- «ТIуапсы» (ТIуапсы) — 6:0. «Краснодар-3» (Краснодар) — «Динамо-Ставрополь» (Ставрополь) зэIущIэр щекIуэкIар дыгъуэпшыхьщ.
- ФокIадэм и 13-м къыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр зэхэтынущ. А махуэм «Спартак-Налшыкым» и стадионым къыщригъэблэгъэнущ Прогрессым и «Биолог-Новокубанск»-р.
- Жыласэ Заурбэч.