ТхакIуэ ныбжьыщIэхэм я школ къызэIуах
2020-09-08
- Кавказ Ищхъэрэм и хэгъэгухэм ис тхэн щIэзыдзагъащIэхэм папщIэ къызэIуахащ «Пиши не в стол» литературэ школыр.
- Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм и тхакIуэ ныбжьыщIэхэр а школым ирагъэблагъэ. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, усакIуэхэм я фестиваль зэмылIэужьыгъуэхэр хэгъэгум щрагъэкIуэкIащ, ауэ мыпхуэдэ япэу къыхалъхьауэ аращ.
- — Хэгъэгум тхакIуэ ныбжьыщIэ куэд зэрисым дыщыгъуазэщ, ауэ ахэр кIуэтэн папщIэ хуэныкъуэщ чэнджэщ езытынрэ абыхэм ядэлэжьэнрэ, — жеIэ проектым и унафэщI Джуккаевэ Баладжан. — Iуэхур къыщIыхэтлъхьам и щхьэусыгъуэр тхэным щыхуагъасэ еджапIэ Кавказым зэрыщымыIэрщ. НыбжьыщIэхэм я Iэзагъэм хагъэхъуэн, ябгъэдэлъ зэфIэкIыр къызэкъуахын, я тхыгъэхэр утыку ирахьэн щхьэкIэ гъэсакIуэ хуейщ.
- Iуэху щхьэпэм хэтыну ирагъэблагъэ илъэс 18-м щыщIэдзауэ щIыналъэм исхэм ящыщу лъэпкъыбзэкIэ, урысыбзэкIэ тхэхэр. Ахэр ирагъэджэнущ анэдэлъхубзэкIэ тхэхэми экспертхэми.
- — Ди школым къекIуэлIэну гукъыдэж зиIэхэм тхэн щIадзагъащIэу щытын хуейщ, ауэ сыт хуэдэ ныбжьым итуи тхэн щIэбдзэ хъунущ, — жеIэ проектым и Iэтащхьэм. — Критикэм щымышынэ, зызыужьыну хуей дэтхэнэри идогъэблагъэ.
- ФокIадэм и пэхэм школым и лэжьыгъэр ирагъэжьэнурэ щэкIуэгъуэм и кIэхэм зэхуащIыжынущ. Ябгъэдэлъ Iэзагъэм хагъэхъуэнущ цIыху 50-м нэблагъэм. ЯпэщIыкIэ егъэджэныгъэр онлайн Iэмалым тету ирагъэжьэнущ, вебинарщIыкIэу, мастер-классхэмрэ тренингхэмрэ къызэщIиубыдэу.
- — Зи щIэныгъэм нэхъ егугъуу хэзыгъахъуэхэр едгъэблэгъэнущ Домбей щекIуэкIыну къыкIэлъыкIуэ Iыхьэм, — жеIэ Джуккаевэм. — Абы махуищкIэ дащыдэлэжьэнущ тхакIуэ ныбжьыщIэхэм. Къызэдгъэпэщыну зэпеуэхэм къыхэжаныкIхэм саугъэтхэр къахьынущ. Школыр къэзыуххэм щыхьэт техъуэ сертификатхэр еттыжынущ. Лэжьыгъэ нэхъыфIхэр проектым и сборникым хэдгъэхьэнущ.Нэхъыщхьэращи, тхэн щIэзыдзагъащIэхэм Iэмал яIэнущ хэгъэгум ис ныбжьэгъу куэд зрагъэгъуэтыну. ИужькIэ къызэдгъэпэщыну ди мурадщ кIуэдыжынкIэ шынагъуэу къалъытэ бзэхэмкIэ тхэхэм я зэгухьэныгъэ. Ди курсым къекIуалIэхэм ящыщи абы хэдгъэхьэнкIэ хъунущ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.