ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ислъамым и нур

2020-08-27

  • Фирхьэун бзаджащIэмрэ и дзэ джаурхэмрэ я кIуэдыжыкIа хъуар
  • Фирхьэун бзаджащIэмрэ абы и дзэ джаурхэмрэ я кIуэдыжыкIа хъуар нэхъ гъэкIэщIауэ фи пащхьэ нитлъхьэнщ.
  • Япэми зэрыжытIащи, Мусэ бегъымбарыр иукIыну хуэмейуэ зы махуи дунейм тетакъым Фирхьэуныр.

  • Фирхьэуным и гъащIэр и кIэм щынэблэгъам, Алыхьым Iэмыр ищIащ а бзаджащIэр гъэкIуэдынымкIэ Мусэ лIыкIуэ лъапIэм дэIэпыкъуэгъу хуэхъуну.
  • Алыхь IэмыркIэ, Фирхьэуным къыхуигъэкIуащ цIыху сэфэтым иту дахэ дыдэу зэщыхуэпыкIа ДжэбрэIил мелыIыч лъапIэр. Абы и теплъэ гуакIуэм фирхьэуныр щтэIэщтаблэу къеплъри, къеупщIащ: «Ухэт уэ?». «Сэ уи чэнджэщ сыхуэныкъуэу сыкъыпхуэкIуауэ аращ, Iуэхур зыIутым укъедаIуэу, зы унафэ гуэр пщIыну сыхуейуэ» — жэуап итащ цIыху сэфэтым ит ДжэбрэIил мелыIыч лъапIэм. АдэкIи къыпищащ: «Си пщылIхэм зы яхэтщ, Iейуэ щыкIауэ. Хуитыныгъи естащ, хъугъуэфIыгъуэми хэзгъэтIысхьащ, итIанэми арэзы схуэщIыркъым. Сэ си цIэр езым и щхьэ фIелъхьэ, фIыгъуэу естауэ хъуар езым и фIыщIэу ебж. Сыт абы есщIэну хуэфащэр?». «Апхуэдиз хуэпщIэр зэхэзымыщIыкI а уи пщылIыр пщылI тэмэмкъым. Абы хуэфащэщ хым хэбдзэу ебгъэтхьэлэныр», — жэуап итащ Фирхьэуным. «АтIэ, апхуэдэу щыщыткIэ, сынолъэIу, Фирхьэун, уи унафэр мы пычахуэм схутетхи, уи Iэр схущIэдзыж», — жиIэри, пычахуэр Фирхьэуным иритащ. Фирхьэуным пщылIым трищIыхьа унафэр итхри, и Iэр щIидзыжащ. МелыIыч лъапIэр Мусэ и деж къакIуэри, Iуэхур зыIутым щыгъуазэ ищIащ икIи къыжриIащ IисраIил и быныр зыщIигъуу, Мусэ щIыналъэр ибгынэну Алыхьым унафэ зэрищIар.
  • Апхуэдэу щыхъум, IисраIил и быным Мусэ яжриIащ унагъуиплI, унагъуибл хуэди зэгурыIуэурэ, зы пщIантIэ щызэхуэсыну, щынэ яукIыурэ щызэхуэса пщIантIэу хъуам я куэбжэхэм лъыр щахуэну. Ар апхуэдэу щIаригъэщIам и щхьэусыгъуэр зыт: Мусэ ищIэрт а жэщым мелыIычхэр къехыу джаурхэм я щIалэгъуалэм кIуэдыр къызэрыхуагъэкIуэнур, зи куэбжэм лъы кIэрылъхэм я пщIантIэм мелыIычхэр зэрыдэмыхьэнур.
  • Пщэдджыжьым джаурхэм я щIалэгъуалэр псори зэтелIауэ нэху къекIащ (ахэр мин 70 хъурт). Ахэр зейхэр хьэдэ щIэлъхьэным иужь итыхукIэ, IисраIил и быну Iиман къэзыхьахэр гъусэ ищIри, Мусэ гъуэгуанэ техьащ (ахэр мин 600 хъурт).
  • Апхуэдиз цIыху Мусэ гъусэ зэрыхуэхъуар къыщищIэм, Фирхьэун и дзэр (ахэр икъукIэ куэд хъурт) зыщIигъури, ЛIыкIуэм кIэлъыщIэпхъуащ, иукIын мурад иIэу.
  • Алыхь IэмыркIэ, хыр тIууэ зэгуэкIри, лъагъуэ 12 къэунэхуащ. Абыхэм техьэри, Мусэ щIыгъухэр хым зэпрыкIащ. Фирхьэун джаур гупыр и гъусэу а лъагъуэм техьэну щежьэм, ар зытес шыр щтэри, хым хыхьэфакъым. Апхуэдэу щыхъум, ДжэбрэIил мелыIычыр Фирхьэун зытес шым и пэ иувэри, ежьащ. ДжэбрэIил дзэм ипэ иту, ХьэзрэIил мелыIычыр иужь иту джаурхэм хы лъагъуэм трашащ. Мусэ и дзэр хым и адрей Iуфэм щынэсам, джаурхэр и кум нэсауэ арат. Хым зызэхуищIыжын щыщIидзэм, ДжэбрэIил мелыIычым Фирхьэун итхауэ щыта пычахуэр хуишиящ… Абдежым псори къыгурыIуат Фирхьэуным, гужьейри, шэхьади (АлыхьымкIэ фIэщхъуныгъэ) къихьыжат. «Уи псэр зэрыхэкIыр къыщыбгурыIуа дакъикъэратэкъым Iиман къэпхьын щыхуеяр, атIэ, «сэращ Алыхьыр» жыпIэу ущыщытарат», — жиIащ ДжэбрэIил. ЕтIуанэу Фирхьэун шэхьадэ къихьыну иужь щихьэм, ХьэзрэIил абы и жьэм пшахъуэ зыхэлъ псыр жьэдигъауэри, иригъэтхьэлащ.
  • Апхуэдизыр я нэгу щIэкIа пэтми, Мусэ и гъусэхэм ящыщ гуэрхэм я фIэщ хъуртэкъым Фирхьэуныр псым итхьэлауэ, апхуэдизкIэ ахэр абы щышынэрти, ар иджыри псэууэ къащыхъурт. Алыхьым имыщIэ щэху щыIэт? Шынэхэм я гур фIы ищIын папщIэ, Фирхьэуным и хьэдэр толъкъуным хы Iуфэм къытрыригъэдзэ-жащ.
  • Мэжджыт цIэрыIуэхэр
  • Индием и Бхопал къалэм дащIыхьа «Тадж-уль мэжджыт» Тхьэм и унэр а къэралым щынэхъ ин дыдэщ. Зи гугъу тщIы мэжджытым ислъам динымкIэ щIэныгъэ щрагъэгъуэт мыдрисэи хэтщ. Мэжджытыр, 1877 гъэм ухуэн щIадзат, ауэ, мылъку зэрамыIэм къыхэкIкIэ, лэжьыгъэр къагъэувыIэри, щаухар 1985 гъэращ. Нэхъ ин дыдэу Индием дэт мэжджытышхуэм и пащхьэ дыдэм къитщ нэхъ цIыкIу дыдэу а къэралым щыIэри.
  • Щапхъэ
  • Алыхьым япэ зыри игъэщыпхъэкъым
  • «Куэд къэзыгъэщIа нэхърэ — куэд зылъэгъуа» жеIэ адыгэ псалъэжьым. Куэд къэзмыгъэщIами, хьэкъыу спхыкIащ Алыхьым япэ зыри зэримыгъэщыпхъэр», — жеIэ Азэмэт.
  • — Дауэ пхузэдэхьрэ Алыхьым хуэпщылIынри уэ узэпэрыт апхуэдиз лэжьыгъэри? — жытIэу ди ныбжьэгъу щIалэщIэм дыщеупщIкIэ, къыдит жэуапым дэри куэдым дрегъэгупсыс. Абы жеIэ сыт щыгъуи: «Алыхьым хуэпщылIыныр ар си къалэн нэхъыщхьэщи, абы япэ зыри ибгъэщ зэрымыхъунур хьэкъщ. Алыхьым гукIи, IэпкълъэпкъкIи, лэжьыгъэкIи ущыбгъэдэтым и деж, Тхьэшхуэр лъэныкъуэ псомкIи щIэгъэкъуэн нэс къыпхуохъу. Алыхьыр уи гум имылъмэ, къэбгъащIэм мыхьэнэ лъэпкъи иIэкъым».
  • КIасэ Азэмэт ХьэкIэщей къуажэм 1987 гъэм къыщалъхуащ. Абы ислъам диныр къабзэу зэрихьэ къудейкъым, атIэ, ар икIи ди къуажэ администрацэм и унафэщIщ, щIалэгъуалэми я тренерщ.
  • ЕджапIэ нэхъыщхьэр къиуха нэужь, япэщIыкIэ МЧС-м щылэжьащ, иужькIэ физкультурэмкIэ егъэджакIуэу лэжьащ Азэмэт. ИлъэситIкIэ къуажэ Советым и депутату щытащ, илъэс зыбжанэ хъуауэ сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ бэнэкIэ хуитми сумоми хуегъасэри, абы и нэIэ зытет ныбжьыщIэхэм утыкум куэдрэ бжьыпэр щаубыдащ. КIасэм и гъэсэнхэу Абыдэ Идаррэ Хьэсанэ Имранрэ (килограмми 100 хъухэм) Урысей Федерацэм сумомкIэ и чемпионатым иджыблагъэ щытекIуащ икIи илъэсым и кIэм Европэм кIуэну я мурадщ абыхэм.
  • Хуабжьу дрогушхуэ ди ныбжьэгъу щIалэм, сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэ нэс тхуохъу. Унагъуэ къалэныр зэфIегъэкIри, къуажэ къалэным пэрохьэ. А Iуэхури и кIэм нигъэса нэужь, сыхьэтиххэм деж унэм мэкIуэж, тIэкIу йодзакъэ, и унагъуэ Iуэхухэр зэкIэлъегъакIуэри, сабийхэм ядэлэжьэну макIуэ.
  • Къуажэ унафэщI къалэныр Азэмэт и пщэ зэрыдалъхьэрэ лэжьыгъэ куэд зэфIигъэкIыфащ абы. Иджыри Iуэхугъуэ куэд кърихьэжьащ жылэдэсхэм я псэукIэр ефIэкIуэн папщIи, ди гуапэщ и мурад псори къехъулIэну.
  •  И ныбжьэгъу щIалэхэр.
  •  
  • Хъыбар телъыджэ
  • IисраIил и быным жэм фIагъэжын хуей  щIэхъуам и щхьэусыгъуэр
  • ЗэрыжытIащи, адэ-анэр арэзы щIыныр ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ. Абы теухуащ мы хъыбар щхьэпэри.
  • IисраIил и быным мылъкушхуэ бгъэдэлъу зы лIы гуэр яхэтащ, арщхьэкIэ, щIэиныр къызыхуигъэнэн бын иIэтэкъым. Iыхьлыуэ иIэр зыт: и адэ къуэшым и къуэрат.
  • Зы пщэдджыжь гуэрым къулейр яукIауэ къагъуэтыжащ. Ар зыукIар ящIэртэкъым, абы теухуауэ цIыхухэм жаIэхэри зэтехуэртэкъым. Языныкъуэхэм жаIэрт и адэ къуэшым и къуэм мылъкур зыIэщIилъхьэн папщIэ иукIауэ, адрейхэм жаIэр нэгъуэщIт. Апхуэдэу щыхъум, ахэр Мусэ бегъымбарым и деж кIуахэщ Iуэхур зэхагъэкIын мурадкIэ. ЛIыкIуэ лъапIэр лъэныкъуитIми я телъхьэ хъуакъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зы лъэныкъуэм хуагъэфащэу аркъудейт, ар и адэ къуэшым и къуэм иукIауэ, адрей лъэныкъуэм щыхьэт яIэтэкъым ар абы зэримыукIамкIэ. АрщхьэкIэ цIыхур а Iуэхум игъэпIейтеяти, жэуап гуэр зэхамыхыу ядэнутэкъым. «Уи Тхьэм зыхуэгъази, елъэIу Iуэхум щыгъуазэ дищIыну», — щыжаIэм, Мусэ Тхьэм зыхуигъэзащ абыкIэ. Тхьэм и лIыкIуэм жэуап къритащ, псом япэ IисраIил и быным жэм фIагъэжыну яжеIэ жиIэри. Жэуапыр зэхэзыха гупыр къэуIэбжьащ. «Дэ дыщIэлъаIуэмрэ жэм фIэгъэжынымрэ зыхуаIуэхур сыт, укъыддэгушыIэу ара уэ, Мусэ?!» — губжьащ ахэр. «Тхьэм и цIэкIэ соIуэ, унафэр апхуэдэкIэ!» — щыжиIэм, Алыхь Iэмырыр занщIэу ягъэзэщIэным и пIэкIэ, мыхьэнэ зимыIэ упщIэ куэдыIуэ ирату щIадзащ лIыкIуэм (Сыт хуэдэ жэм? И фэр сыт хуэдэу щытын хуей? И ныбжьыр-щэ?) Апхуэдиз упщIэ мыхьэнэншэ къомым Тхьэр игъэгубжьри, Iуэхур нэхъ гугъу ящищIащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, зи гугъу ящI жэмыр къэбгъуэтыну мытынш хъуащ.
  • Жэмыр къызэрыхаха щIыкIэр
  • Жэм фIагъэжынур къызэрыхаха щIыкIэм теухуауэ дин щIэныгъэлIхэм я тхылъым хъыбаритI къыщы-
  • кIуащ. Абыхэм ящыщу пэжыр Алыхьым Езым ещIэж. ХъыбаритIми дыкъызыхуриджэр зыщ: адэ-анэм я хьэкъыр гъэзэщIэнращ.
  • Адэм и жыIэм емыбакъуэ зы щIалэ цIыкIу псэурт. Зы махуэ гуэрым абы и адэр ешати, тIэкIу зигъэпсэхуну щхьэукъуащ. Абы хэту щIалэ цIыкIум къыбгъэдыхьащ налкъут зыщэ зы лIы гуэр. Налкъутыр динар мин 50 и уасэт. ЩIалэ цIыкIум налкъутыр къищэхуну мурад щищIым, щIалэр лIым елъэIуащ къыпэплъэну, сыту жыпIэмэ, налкъутыр къызэрищэхуну ахъшэр пхъуантэм дэлът, пхъуантэ IункIыбзэIухыр зызыгъэпсэху адэр зытелъ щхьэнтэ лъабжьэм кIэщIэлът.
  • — Си адэр къэушыхукIэ укъыспэплъэмэ, уасэм иджыри пхущIызгъунщ динар минипщI, — жиIащ щIалэ цIыкIум.
  • АрщхьэкIэ, ар имыдэу лIым жэуап къитащ:
  • — Сэ езым налкъутым и уасэм динар минипщI иджыри пхукIэрызгъэхунщ, уи адэр къэбгъэушмэ.
  • Аргуэру щIалэ цIыкIум жиIащ:
  • — Динар мин 20 пхущIызгъунщ уасэм, си адэр къэушыху укъыспэплъэмэ.
  • ЛIыр абы арэзы техъуащ.
  • Адэр къэуша нэужь, зэрыжиIам тету, щIалэ цIыкIум налкъутыр къищэхуащ. Iуэхур къызэрекIуэкIар и адэм щыхуиIуэтэжым, апхуэдизкIэ быным хуэарэзыти, Алыхьым елъэIуащ дунеягъэкIи ахърэткIи и сабийр насыпыншэ мыхъуну икIи зы жэм закъуэ иIэти, ар и щIалэ цIыкIум тыгъэ хуищIащ.
  • Мис а жэмырат яукIын хуейуэ Алыхьым къалэн ящищIар. Жэмыр къызэрагъуэтам апхуэдизкIэ щыгуфIыкIат IисраIил и бынри, Iэщым и хьэлъагъым хуэдиз дыщэкIэ къащэхуащ. АдэкIэ, Алыхь унафэм тету, жэмыр фIагъэжри, абы и лыр яукIа лIым лъагъэIэсащ. Алыхь Iэмырти, хьэдэр къэхъужри, зыукIар жиIащ, асыхьэтми, и псэр хэкIыжащ.
  • Сабийм апхуэдиз мылъкукIэ Тхьэр къыщIыхуэупсар адэ-анэм я арэзыщIыныгъэм и гур зэретарат.
  • Аращи, адэ-анэм дазэрыбгъэдэтым хуэдэущ Алыхьри къызэрыдбгъэдэтыжынур.
  • Мис апхуэдэ хъыбар телъыджэ куэд къадэхъуащ ЛIыкIуэ лъапIэхэм.
  • Уаз
  • Зеиншэм и хьэкъыр зыщывмыгъэгъупщэ
  • Япэми зэрыжытIащи, нэхъ гуэныхьышхуэхэр 70 мэхъури, абыхэм ящыщу нэхъ гуащIэ дыдэхэм язщ зеиншэм лей ехыныр, абы и гур хэгъэщIыныр. КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ абы теухуауэ Iэят куэд. Хьэдисхэми зэпкърыхауэ щыгъуазэ дащI апхуэдэ гуэныхьышхуэ зылэжьхэм къапэщылъым.
  • БалигъыпIэ иувэхукIэ, сабий зеиншэм щабэу, дахэу бгъэдэтын хуейщ. Апхуэдэхэм гулъытэ хэха яхуэтщIын хуейуэ Алыхьым къалэн къытщищIащ. Зеиншэхэр я ныбэ изу бгъашхэ къудейкIэ уи къалэныр гъэзэщIа хъуркъым, атIэ, абыхэм ябгъэдэтын хуейщ щабэу, гуапэу, адэ-анэ зэрамыIэжыр, Iэмал зэриIэкIэ, апхуэдэ дыдэу захыумыгъащIэу. Ар, дауи, жэуаплыныгъэ ин зыпылъ Iуэхушхуэщ. Аращ а къалэныр зыгъэзащIэм щхьэхуэу псапэ щIыхуатхри. Алыхьым и псалъэу КъурIэным къыщыкIуащ: «Си зэфIэкIымкIэ Тхьэ соIуэ жэнэт хадэхэр я IэрылъхьэкIэ адэ-анэр зыфIэкIуэда си пщылI цIыкIухэм я гуауэр ящхьэщызыххэм».
  • Мухьэмэд бегъымбарым жиIауэ хьэдисым къыщокIуэ: «Мы си Iэпхъуамбэ зэбгъэдэтым хуэдэу дызэпэгъунэгъуу жэнэтым дызэдисынущ сабий зеиншэм игу фIы зыщIымрэ сэрэ, дауи, ар Тхьэм щышынэ цIыхуу щытмэ». Адрей хьэдисым щыжеIэ: «Сабий зеиншэ цIыкIум и щхьэм Iэ дэзылъэм а сабийм и щхьэм цыуэ тету хъуам хуэдиз гуэныхь къыхуагъэгъу». ЛIыкIуэ лъапIэм жиIащ: «Сабий зеиншэр щыгъкIэ, абы и гъы макъым зэредзэ Алыхьым и тахътэр. Тхьэр мелыIычхэм еупщIынущ: «Уа, мелыIычхэ! Хэт мо сабий зеиншэр зыгъэгъар?!» Абы и жэуапыр Езым ищIэ пэтми, мелыIычхэм жаIэнущ: «Уа, ди Тхьэ! Дыщыгъуазэкъым». АдэкIэ Тхьэм къыпищэнущ: «АтIэ, щыхьэт фытехъуэ: Сэр папщIэ зеиншэ зыгъэгуфIэр, гуфIэгъуэ щызгъэщIэнукъым Къемэт махуэм».
  • Ислъам диным игъэхьэрэмакъым зи щхьэгъусэ зимыIэж бзылъхугъэхэр лIы дэкIуэжыныр. Ауэ щыхъукIи, и бын гугъу иримыгъэхьын папщIэ лIы дэмыкIуэж фызабэхэм папщIи щыIэщ хьэдис. ЦIыхухъур и мылъху быным къызэрыхущIэкIынур пщIэнукъым, ар абы и псэм темыхуэнкIи хъунущ, цIыху псори щызэхуэмыдэкIэ. Ахэр зэпалъыту, гугъуехь псори IэщIыб ящIу ятеубгъуауэ быныр зыпI фызабэхэм папщIэ Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым жиIащ: «Зи фэр пыкIа бзылъхугъэхэмрэ (зи гугъу ищIыр зи щхьэ хунэмысыжу быным ятегужьеикIа фызабэхэращ) сэрэ мы си IэпхъуамбитI зэгуэтым хуэдэу зэпэгъунэгъу дыщыпсэунущ жэнэтым». Бегъымбарым и гъунэгъуу жэнэтым псэупIэ ущиIэным нэхърэ нэхъ гущIэгъу сыт щыIэ? Аращи, зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым сабий зеиншэхэм тэмэму дахущытмэ, Алыхьым и арэзыщIыныгъэр къызэрыдлэжьыфынур!
  • Алыхьым и фIыщIэ
  • Зи дэрэжэгъуэм гъунэ имыIэ,
  • Гъусэ зимыIэу дунейр зи IэщIагъэ,
  • ЩIы щIагъым щIэсхэри зи нэрылъагъу,
  • Вагъуэхэр лъагъуэм дэзымыгъэх,
  • Мазэр дигъэх зэпытурэ езыгъэкIуэкI,
  • МазэкIэм и нэр зыгъэхьэфиз,
  • Дыгъэм къигъазэм гъуэгу хухэзыш,
  • Псыхэр зыгуэшу къуршыр зи гъэжалъэ,
  • Уэсыжьу телъым ар щызымыгъащIэ,
  • Дуней щIыгъуитIыр зыгъэужьых,
  • Мазэхэ унэм дыхуэзыгъэжь,
  • Жьымрэ псымрэ зи пелуан гуащIэ,
  • ГъащIэмрэ гуащIэмрэ зэщIыгъуу зыт,
  • Ар зэпта мелыIычхэр зи IуэхутхьэбзащIэ,
  • ГъащIэм и дэщIу щIыр зи гъуэмылэ,
  • Жэщымрэ жеймрэ зэзыгъэгъусэ,
  • ДжэдыкIафэр мыкъутэу хэзыш,
  • Акъыл насыпыр къытхуэзыгуэш,
  • Дунейр зыгуэшу хьэршыр зыIыгъ,
  • ГъащIэр зылъысам я Индыл пщалъэ,
  • Тенджызым и пщалъэр изи ныкъуи имыщI,
  • ХищIа хьеуанхэм я хьэкъыр зыщIэ,
  • Тенджыз ищIар псым имызакъуэт,
  • Алыхь зи закъуэм сейр и куэдщ!
  • Мы къуэщIий куэдхэр хэти икъутэ?
  • Къуршыжь зэпытхэр хэт иугъэж?
  • Богъэз дыхьэпIэр хэт къыдиутхъу?
  • Хьэм и уIэгъэм хэт еуIэзэ?
  • Алыхьым и щытхъум хэт и Iыхьэгъу?
  • Шэмрэ лымрэ зэщIимыгъакIуэу
  • Жэмым и шхуэлым шэ изыгъахъуэ
  • Алыхь зи закъуэм гущIэгъу и куэдщ!
  •  ПащIэ Бэчмырзэ.
  • УпщIэхэмрэ жэуапхэмрэ
  • ПцIы упсыным, пагэным, Iэзэным, адэ-анэм я арэзыныгъэм ятеухуауэ
  1. ПцIыр гуэныхьышхуэхэм ящыщ зыуэ жаIэ. Пэж ар?
  • Пэжщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, КъурIэн Iэятхэм къикIыр ямыщIэми, езыхэм къазэрыгурыIуам хуэдэу цIыхухэм я пащхьэ изылъхьэхэр щыIэщ. Ар пцIыщ. ПцIыр хьэрэмышхуэхэм ящыщ зыщ. ПцIым теухуауэ КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ Iэятхэр. Хьэдисми куэдрэ дыщрохьэлIэ. Абыхэм ящыщщ мы хьэдисри: «Сулеймэн и къуэ Сафат Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) еупщIащ: «Алыхьыр зи фIэщ хъухэм шынэкъэрабгъэ яхэтынкIэ хъуну?» «Хъунущ», — къитыжащ ЛIыкIуэ лъапIэм жэуап. «Алыхьыр зи фIэщ хъухэм нэпсей яхэтынкIэ хъуну?» «Хъунущ», — жиIащ бегъымбарым. «Алыхьыр зи фIэщ хъухэм пцIыупс яхэтынкIэ хъуну?» «Хъунукъым», — жэуап итащ ЛIыкIуэ лъапIэм.
  • Мы хьэдисым щыгъуазэ дещI муслъымэным и хьэлым сыт хуэдэ ныкъусаныгъэ хэмылъами, пцIыр псом я щхьэ къызэрыхъум. КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ мыпхуэдэ Iэят: «ИпэжыпIэкIэ, пцIыр къэзыгупсысыр Алыхьыр зи фIэщ мыхъухэращ. Мис ахэращ пцIыупсхэр». НэгъуэщI Iэятым ущрохьэлIэ: «Фэ фи бзэгухэмкIэ пцIыр зэбгрывох, зыри зыхэвмыщIыкIым фи жьэкIэ фытопсэлъыхь икIи фэ фи гугъэщ абы мыхьэнэ щIагъуэ имыIэу. Ауэ ар Алыхьым и пащхьэм щывлэжь гуэныхьышхуэщ». Мыри КъурIэным щыщ зы Iэятщ: «МелыIычитIыр тесщ (ди дамэхэращ зи гугъу ищIыр) ижьымрэ сэмэгумрэ икIи зэщIащыпэ (ди лэжьыгъэхэращ жыхуиIэр) зы псалъэ закъуэ къызэрывжьэдэкIыу, ятхыну хьэзыру».
  • ПцIыр щIэх дыдэу зэрыцIалэ узыфэщ, гуэныхьышхуэхэм ящыщщ. Зыщыдвгъэдзей а хьэл мыхъумыщIэм.
  1. Зыгъэпагэным ислъам диныр зэрыхущытыр дауэ?
  • Пагэнри гуэныхьышхуэхэм ящыщщ.
  • Фигу къэдгъэкIыжынщ: япэ дыдэу гуэныхьу ялэжьар ЛIыкIуэм епэгэкIыныращ. Алыхьым уафэхэри, щIылъэри, япэ цIыхури (Iэдэм) къыщигъэщIам, псоми Iэмыр яхуищIырт Iэдэм лIыкIуэ лъапIэм щхьэщэ хуащIыну. А Iэмырыр псоми ягъэзэщIат, Iиблис къищынэмыщIа. Абы жиIат: «Iэдэм ятIэм къыхэпщIыкIауэ аращ, сэ мафIэм сыкъыхэпщIыкIащ. Сэ сынэхъыфIщ, Iэдэм нэхърэ», — жиIащ. Iэдэм епэгэкIри, Алыхьым и унафэм ебэкъуащ. Пагагъэ хьэл мыхъумыщIэращ Iиблис джаур зыщIари, Алыхьым и нейр щIыщыхуари. Пагагъэм теухуауэ КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ мыпхуэдэ Iэят: «Шэч хэмылъу, Сэ зи фIэщ сымыхъухэм, Си Iэятхэм епэгэкIхэм папщIэ хьэршым и бжэхэр зэхуэщIащ. Абыхэм ялъагъунукъым жэнэтыр, махъшэр мастэнэм имыкIауэ». «Махъшэр мастэнэм имыкIауэ» жыхуиIэм и мыхьэнэр дин щIэныгъэлIхэм я тафсирым мыпхуэдэу къыщыкIуащ: «Махъшэр мастэнэм икIыфыну? ИкIыфынукъым. АтIэ, мис апхуэдабзэу, пагэхэми жэнэтыр ялъагъунукъым».
  1. КъурIэн зыIэщIэлъым, нэмэз зыщIым, дауи, Iей ищIэнукъым. Апхуэдэхэр бгъаплъэ хъуну?
  • Хьэуэ! КъурIэным еджэкIэ зыщIэ псоми а зэджэм къикIыр къагурыIуэу щыту фимыгугъэ. КъурIэным и мыхьэнэр къызыгурыIуэм и Iуэхум Iэзэ-гъуазэ зэи къыхигъэхьэнукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы къыгуроIуэ Iэзэ-гъуазэхэр жыхьэнмэ гъуэгум зэрытетыр.
  • Япэми жытIащ, иджыри зэ къытезгъэзэжыну сыхуейщ — Iэзэныр гуэныхьышхуэхэм ящыщщ. КъищынэмыщIауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, куэдрэ урохьэлIэ нэмэз зыщI псори дунейм пэжу тету къафIэщIу. Нэмэзыр дэтхэнэ зыми тщIыну ди къалэнщ, дымыщIмэ къытхуэгъунукъым. Нэмэзыр тщIы къудейкIэ жэнэтыр къытхуэлэжьынукъым.
  • Аращи, сыт хуэдэ Iэзэми зыкъевмыгъэгъапцIэ. Къэхъунур зыми ищIэркъым, Езы Алыхь закъуэм фIэкIа.
  1. Адэ-анэр, псом хуэмыдэу анэр, къыпхуэмыарэзыуэ Алыхьыр къыпхуэарэзынукъым жаIэ. Бзылъхугъэр унагъуэ ихьа нэужь, и щхьэгъусэми и псалъэр тIу ищI мыхъуну ислъам диным жеIэ. АтIэ цIыхубзым и анэмрэ и щхьэгъусэмрэ зэгурымыIуэмэ, хэт жиIэра бзылъхугъэр зэдэIуапхъэр?
  • Мы упщIэм и жэуапыр нэхъ куущ, ауэ Iэмал зэриIэкIэ нэхъ гъэкIэщIауэ фи пащхьэ нитлъхьэнщ. Пэжщ, жэщ-махуэ имыIэу Алыхьым ухуэпщылIми, адэ-анэр къыпхуэмыарэзымэ, Алыхьри арэзы пхуэщIынукъым. Адэ-анэм сыт хуэдэ дин зэрахьэми, сыт хуэдэ хьэл яхэмылъами, абы емылъытауэ, дэ ди къалэнщ абыхэм гуапэу, щабэу дабгъэдэтыныр. Арыншамэ, Тхьэр къытхуэгубжьынущ.
  • Фигу къэзгъэкIыжынщ Ибрэхьим бегъымбарымрэ и адэмрэ я зэхущытыкIар. Ибрэхьим лIыкIуэ лъапIэм цIыхубэр къыхуриджэрт Алыхьым и закъуэныгъэм, ауэ щыхъукIи, и адэр тхьэнэпцIхэм яхуэпщылIырт. Абы нэхърэ нэхъ хьэлъэ щыIэт ЛIыкIуэ лъапIэм и дежкIэ?! ИтIанэми, ар и адэм гуапэу, щабэу бгъэдэтащ.
  • АдэкIэ щхьэгъусэм теухуауэ ислъам диным къигъэува мардэхэмкIэ унагъуэ унафэр зыIэщIэлъын хуейр цIыхухъуращ. ЦIыхубзыр абы дедэIуэныр ди къалэн нэхъыщхьэщ. Ауэ щыхъукIи, цIыхухъум Алыхьым и гъуэгум утезышын Iуэхугъуэ къыппиубыд хъунукъым.