ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Налшык и пIалъэр къэмысу щатынущ  яслъэр щылэжьэну унэр

2020-08-22

  • КъБР-м и къалащхьэ Налшык дэт прогимназие №52-м къыпащIыхь яслъэ ныбжьым ит сабийхэм щакIэлъыплъыну IуэхущIапIэр.

  • А лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI Къэбэрдей-Балъкъэрым «КъБР-м егъэджэныгъэ IэнатIэм зыщегъэужьын» и къэрал программэмрэ «ЦIыхубзхэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщын — илъэсищ иримыкъуа сабийхэр щаIыгъыну IуэхущIапIэхэр ухуэн» федеральнэ проектымрэ япкъ иткIэ. Ахэр хохьэ «Демографие» лъэпкъ проектым.
  • КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч А. Хь. зэрыжиIамкIэ, ухуэныгъэр йокIуэкI зэращIылIауэ щыта зэгурыIуэныгъэм къыщыгъэлъэгъуа пIалъэм ипэ иту. Апхуэдэуи абы къыхигъэ-щащ лэжьыгъэм и фIагъкIи дагъуэ зэрыхуамыщIыр.
  • Проектым ипкъ иткIэ, унэм дэтхэнэми сабий тIощI хэту гупитI щIэзэгъэнущ. Мардэм къызэригъэувым хуэдэу, дэтхэнэ гупми иIэнущ зы пэшышхуэ, щыжеину, сабийхэр щахуэпэну-щатIэщIэну щIыпIэ, шхапIэ, зытхьэщIыпIэхэр. КъимыдэкIэ, яслъэм хэтынущ медицинэ, методикэ пэш, щIыхьэпIэхэр, пэIущIэ пэшышхуэ, сабийхэм я Iэпкълъэпкъым зыщрагъэукъуэдиину зал.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.